Анэдэлъхубзэр зи псэм хэлъ

0
596

Щоджэн (Къущхьэбий) Заремэ Зулымбий и пхъур Тэрч щlыналъэм хыхьэ Хьэпцlей къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр фlы дыдэу къиухри, и щlэныгъэм щыпищащ Бэрбэч Хьэтlутlэ и цlэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэм. 

Еджэныр ехъулlэныгъэкlэ зэфlиха нэужь, Заремэ щалъхуа щlыпlэм игъэзэжащ икlи Махъсидэ Залымхъан и цlэр зэрихьэу я къуажэм дэт курыт школым лэжьэн щыщlидзащ, адыгэбзэмрэ литературэмрэ класс нэхъыжьхэм яригъэджу. Щlэныгъэфl зыбгъэдэлъ егъэджакlуэр, щlэблэм я гъэсакlуэ lэкlуэлъакlуэр илъэс 33-кlэ пэрытащ а lэнатlэм, ехъулlэныгъэфlхэр зыlэригъэхьэу. Егъэджакlуэми и гъэсэнхэми мызэ-мытlэу жыджэру зыкъыщагъэлъэгъуащ республикэ, щlыналъэ зэпеуэхэм, увыпlэфlхэр къыщахьу. Жэуаплыныгъэр зыхищlэу зыпэрыта лэжьыгъэм къыдэкlуэу, Заремэ щlыналъэм щекlуэкl жылагъуэ lуэхухэми жану хэтащ. Апхуэдэ лэжьыгъэфlхэм щыхьэт тохъуэ Щоджэным къыхуагъэфэщауэ щыта щlыхь, фlыщlэ, щытхъу тхылъ куэд. Абыхэм яхэлъщ егъэджэныгъэмкlэ щlыпlэ lэнатlэм, курыт школым я унафэщlхэм, профсоюз зэгухьэныгъэм, КъБР-м и Хэхакlуэ комиссэм къабгъэдэкlахэр. 

Заремэ унагъуэщ, щхьэгъусэ, бынищрэ къуэрылъху-пхъурылъхухэмрэ иlэщ. 

Щоджэныр усэ тхыным куэд лъандэрэ дехьэх. Хэкупсэ зыlут бзылъхугъэм и къалэмыпэм къыпыкlахэм ящыщ фи пащхьэ идолъхьэ «Адыгэ псалъэм» и щlэджыкlакlуэхэм. 


Адыгэбзэ

Адыгэбзэу бзэ дахащэ,
Къуршыпс цlыкlуу зи гур къабзэ,
Нэхущ бзууэ уобзэрабзэ,
Уи бзэ lэфlми куэд етхьэкъу.
Анэм и бзэу сэ сlурылъ
Сропагэ уи дахагъэм.
Адэм и бзэу си псэм хэлъ,
Гъэр сэ сещlыр узэхэсхым.
Уэ узиlэм зыхызощlэр
Ди Тэрчыжь и гумащlагъыр,
Ди Къуршыжьхэм я дахагъыр,
lуащхьэмахуи и лъагагъыр.
Узимыlэм си нэр набгъэщ,
Сэ сырещхьщ цlыху дэхуэхам.
Усlурылъым си лъэр жанщ,
Си лъэпкъ уардэри мыкlуэдынщ.


Си щlыналъэ

Мывэжь къырхэр зэжьэхэуэу,
Тэрчыжь уэрым ирехьэх
Илъэс щитlым унэсами,
Си къуажэжьыр псэм ухэлъщ.
Сыт и уасэ ди бгы щхъуантlэм,
Сыт и уасэ ди псы уэрым,
Насыпышхуэ къызыдэкlуэу
Ди нэхъыжьхэу унэм щlэсхэм.
Мэзым укlуэмэ, пэу щхъуантlэм
Удехьэхыр и дахагъым,
Тэрч къыхихуу жьыбгъэ къабзэр
Хуохъур хущхъуэ узу lэджэм.
Уезэшами – уегъэпсэху,
Уи гур узу къыпщыхьами,
Шэч хьэмылъу уещl нэхъыфl
Си псэм хуэдэу си Тэрчыжь.
Илъэс минкlэ уежэхами,
Уи псыр зэи имыухын,
Гъащlэу сиlэр сухами,
Си гум зэи уимыхун.
Къуажэ дахэу си Хьэпцlей
Къуажэу щыlэм уралейщ.
Гъагъэ, хэхъуэ, зыкъэужь.
Жылэжь lумахуэу си Хьэпцlей.

 

(Адыгэ Псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz