Зи бзэм хуэсакъ лъэпкъыр зэманым токlуэ

0
582

Щ1ы хъурейр къызэригъэщ1рэ абы лъэпкъ куэд щопсэу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ехъулIэныгъэ иIэу зиужьын, и щэнхабзэм зыкъиIэтын, къыщ1эхъуэ щ1эблэм гъащ1э хъуэпсэгъуэ яхуиухуэн папщIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ абы и тхыбзэр къызэгъэпэщыным. Адыгэ лъэпкъми нобэ бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щ1эныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэр ди анэдэлъхубзэращ. «Ди бзэр ди псэщ» – жыдо1э дэ, дунейм дыкъытезыгъэхьа анэм къыт1урилъхьа а ф1ыгъуэм дыщытепсэлъыхьк1э. Бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуа зэрыхъу тхыбзэри аращ. Анэдэлъхубзэр зей лъэпкъым къыдек1уэк1ыу, къыщ1эхъуэ щ1эблэм ар 1урылъу къэтэджыныр уасэ зимы1э ф1ыгъуэшхуэщ. Аращ ар лъэпкъыр зы1эт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэц1ыху дамэу, хэкупсэ зы1ут ц1ыхухэр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ, я напщIэм телъ лъап1эныгъэу къыщ1алъытар. 

Тыншу пхужыIэнукъым адыгэ лъэпкъым и тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр. Щ1эныгъэл1хэм зэрыжа1эмк1э, илъэси 170-м нэсащ адыгэхэм тхыбзэ ди1э зэрыхъурэ. Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и ц1ыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр ироп1ейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщ1ыным и 1уэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ узэщ1ак1уэхэу Хъан-Джэрий Сулът1ан, Нэгумэ Шорэ, Хьэт1охъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа 1уэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэф1эгъэувэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм дунейм къыщытехьауэ щытащ абы и къалэмыпэм къыпык1а «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр. А махуэр къалъытэ адыгэ тхыбзэм и щ1эдзап1эу. Ар и тегъэщ1ап1эу, ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм – Дунейпсо Адыгэ Хасэм – 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэп1эным ехьэл1ауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщ1эрэ гулъытэрэ и1эн папщ1э, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ и1эщ. 

Япэ адыгэ егъэджак1уэу къалъытэ Бырсей Умар езыр щ1эныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гъащ1эм гъуэгуанэ гугъу къыщызык1уа ц1ыхут. И ныбжьыр илъэсибл ф1эк1а мыхъуу ар ядыгъури, Тыркум щыщ пэщэ гуэрым иращауэ щытащ. Щ1алэ ц1ык1ур акъылыф1эу зэрыщытым гу лъитэри, пэщэм абы егъэджак1уэ къыхуищтащ, щ1эныгъи иригъэгъуэтащ. Зэман к1эщ1ым къриубыдэу Умар зригъэщ1ащ хьэрыпыбзэри, тыркубзэри, франджыбзэри. Иужьк1э и щ1эныгъэм хригъэгъэхъуэну Бырсейр Франджым ягъак1уэри, абы илъэсищым нэск1э щеджащ. Еджап1эр къиуха нэужь Тыркум имыгъэзэжу и адэжь щ1ыналъэм къэк1уэжащ ик1и 1843 – 1850 гъэхэм урысыдзэм къулыкъу щищ1ащ. Бзэ куэд зэрищ1эм и ф1ыгъэк1э ар Ставрополь дэта гимназием ягъэк1уащ адыгэбзэр щригъэджэну. А зэманым ирохьэл1э ар адыгэбзэм и япэ алыфбейр зэхэгъэувэным щелэжьар. Абы и лъабжьэр хьэрып графикэрат. Нэхъ иужьы1уэк1э абы зэхигъэуващ адыгеибзэм и грамматикэ ик1и кавказыдж Услар Петррэ Бырсеймрэ къэбэрдеибзэм и азбукэ 1862 гъэм къыдагъэк1ащ, урыс графикэм тету. А лэжьыгъэм хагъэхъуащ Бырсейм и ужь ита щ1эныгъэл1хэм, къэхутак1уэхэм. 

1917 гъэм ек1уэк1а Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужьк1э адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэк1уауэ щытащ. Илъэсит1-щы нэхъ дэмык1ыу бзэм и макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм трагъэувэжащ. Абык1э къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэк1э. А зэманым бзэм елэжьахэм ящыщщ Фэнзий Мэжид, Щэрэл1окъуэ Талъустэн сымэ. 

1923 гъэм и пэщ1эдзэм Псыхуабэ щрагъэк1уэк1ащ адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэт1а зэ1ущ1э ин. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэ алфавитыр дяпэк1э латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А лэжьыгъэм яужь ихьауэ щытащ адыгэ щ1эныгъэл1, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Абы и алфавитым ц1ыхубэр щыгъэгъуэзэн мурадыр я1эу адыгэ щ1эныгъэл1хэу Елбэрд Хьэсэнрэ Къэшэж Т1алибрэ 1923 гъэм къыдагъэк1ауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. Совет псэук1э хабзэм и лъабжьэхэр ди щ1ыналъэм щагъэт1ылъу динымрэ ц1ыхубэ егъэджэныгъэмрэ зэпэ1эщ1э ящ1а нэужь, Елбэрд Хьэсэн яхэтащ апхуэдэ 1уэху бгъэдыхьэк1эр ди хэкум япэу щызэтезыублахэм. Нэхъапэ1уэк1и апхуэдэ еплъык1эт абы армырами и лэжьыгъэм тегъэщ1ап1э хуищ1ари, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ 1уэхур къэралым иригъэк1уэк1 политикэм и зы 1ыхьэ щыхъум, зи лъэпкъыр ф1ыуэ зылъагъу, абы и къэк1уэнур дахэ хъуным зи гупсысэри 1уэхущ1афэри хуэунэт1а Хьэсэн нэхъ жыджэрыжу иужь ихьащ 1энат1эм хуи1э хъуэпсап1эхэр нахуап1э щ1ыным. 

Абы хуэдэу псэемыблэжу 1уэхум хэтащ адыгэл1 пэрытхэу Цагъуэ Нурий, Щоджэнц1ык1у Алий, Борыкъуей Т1ут1э сымэ, нэгъуэщ1хэри. Къалэмыр тхылъым дэщ1ыгъуу зи 1эдэж а хэкупсэхэм ялъэк1 псори ящ1ащ адыгэ лъэпкъыр щ1эныгъэм и нурым хашэнымк1э. Ахэр хьэлэлу хуэлэжьащ ц1ыхубэр к1ыф1ыгъэм къыхэшын 1уэхушхуэм. Къык1элъык1уэ илъэсым, алыфбеищ1эм хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэк1уэжщ, зыхущыщ1эхэр хилъхьэжри, Хъуран Батий 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэк1ауэ щытащ. Абы зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм илъэс бжыгъэк1э яхуэлэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. А лэжьыгъэм а зэманым хэлъхьэныгъэ ин хуищ1ауэ щытащ К1ыщокъуэ Алими. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмк1э къэгъэлъэгъуэн щ1адзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ. 

Адыгэбзэм и хабзэхэр зэтегъэувэным, ар къабзэу, шэрыуэу 1уным, къытщ1эхъуэ щ1эблэм анэбзэм и 1эф1агъыр зыхащ1эу псэуным лэжьыгъэшхуэ ирахьэл1ащ зи лъэпкъым и къэк1уэнум щхьэк1э зигури зи псэри уз ди еджагъэшхуэхэм. Апхуэдэхэщ Урыс Хьэталий, Къумахуэ Мухьэдин, Шагъыр 1эмин, К1эрашэ Зейнэб, Бырсыр Батырбий, Мамрэш Ким, К1уащ Тамарэ, Тау Хьэзешэ, Багъ Пётр, Абрэдж Ачердан, Темыр Рае, нэгъуэщ1хэри. 

Блэк1а л1эщ1ыгъуэм и 60 гъэхэм адыгэбзэм и пэжырытхэмрэ нагъыщэ гъэувык1эм епха хабзэхэмрэ жыпхъэ пыухык1ам ирагъэуващ, хьэрфхэм алыфбейм ща1э зэк1элъык1уэк1эхэри яхъуэжащ. Щ1эныгъэл1 ц1эры1уэхэу Урыс Хьэталийрэ Зэхъуэхъу Лиуанрэ я нэ1эм щ1эту зэхалъхьа «Адыгэбзэ орфорграфиемрэ пунктуацэмрэ я хабзэхэр» тхылъыр 1963 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищтауэ щытащ. Абы ипкъ итк1э, 1980 гъэм дунейм къытехьащ «Адыгэбзэ орфографическэ псалъалъэр», псалъэ мин 90 къызэщ1эзыубыдэр. Къыхэгъэщыпхъэщ СССР-м а зэманым щыпсэу лъэпкъ ц1ык1ухэм ящыщ гуэрми апхуэдэ псалъалъэ л1эужьыгъуэ зэрамы1ар. 

Ноби лъэпкъ щ1эныгъэл1хэр йолэжь ди анэдэлъхубзэм и хабзэхэр зэпэщ щ1ыным, бзэм хэт псалъэхэр гъэкъэбзэным, лексикэм нэхъри зегъэужьыным. Ди бзэр хъумэным елэжьыр щ1эныгъэл1хэм, къэхутак1уэхэм, егъэджак1уэхэм я закъуэкъым – абы ирогузавэ къэрал унафэщ1хэри. КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэк1и зегъэужьыным хуэунэт1а унафэ зэмыл1эужьыгъуэхэр ди Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщ1эдзэ классхэр адыгэбзэк1э щрагъаджэ. Анэдэлъхубзэр къэк1уэну щ1эблэхэм яхуэхъумэнымк1э ари зы хэк1ып1эщ. 

Дуней псом щызэлъащ1ыса Интернетми нобэ щыди1эщ адыгэ сайтхэр. Ди анэдэлъхубзэк1э къыдэк1 газетхэм – «Адыгэ псалъэм», «Адыгэ макъым», «Черкес хэкум» – адыгэбзэк1э укъыщеджэфынущ, ущыпсэу щ1ыналъэрэ къэралрэ емылъытауэ. «Адыгэ псалъэ» газетыр махуэ къэс къыдок1 электрон жыпхъэми иту. Ф1ыгъуэшхуэщ таурыхъ ц1эры1уэхэм ящыщ куэдым хэт, ди сабийхэм ф1ыуэ ялъагъу л1ыхъужьхэри адыгэбзэк1э «зэрагъэпсэлъар». 

Лъэпкъым и блэк1ари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэк1уэну щ1эблэхэм яхуэзыхъумэу щы1эр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщ1ыпхъэщ. Зи бзэм хуэсакъ лъэпкъращ къэк1уэну дахэ зи1эр, щ1эблэ узыншэ къызыщ1эхъуэнур, зэманым тек1уэнур. Ар зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. 

Жыласэ Маритэ, 

«Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э и къудамэм и унафэщl, КъБР-м щ1ыхь зи1э  

и журналист. 

(Адыгэ Псалъэ)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz