Ди ныбжэгъу лъэпэхэр, япэрэуэ нобэ ди анэдэлъхубзэм я махурэщl. Cынохьуэхьу махуэшхуэмкlэ. Ди адыгэбзэм тэухэуэ, анэдэлъхубзэми лъэжыгъэ ин къэдгъэсэбэпар цыхlу лъэщlыгъуэ усакlуэ, Адыгэ lуэрыlуатэм шlэныгэлъ мащlэкым. Араши илъхэс пщыкlух ипэгэ сэ Анкарэ къэлэм зы типографиям кыдэжьэ Щоджэн Леонид и lэдакьэщlэкl сэ абы лъэжыгэмгьэ зи тхылъ дихьэзыращ. 2005гъ. Тхылъ хьэзырыгъэ заманым, ди бзэм еджагъэшхуэ Хьэкlуащэ Андрэй куэдрэ дычэнжэшэщ. Щlэблэр и бзэм, и тхыдэм дэгъэхьэхыным теухуауэ Леонид лъэжыгъэ пыукlа мы тхылъым зэригъэзащlэр къыщыхьащ филологие щlэныгъэхэм я доктор, профессор Хьэкlуащэ Андрей. Нобэ сэ архив материалъхэм яхьэзырщl ди Андрей, ди Леонид папщэ. Сэ нобэ сыжэсыфынкым абыхэм жьыщхьэ махуэ ухьу. Ауэ сыжэсыфын мы аращl, псом шlхэдгъэ тхьэм уигъэпсо ди нэхыжьхэр. Сэ сошlэ лъэпкъым псэр и бзэрэщ.
Сабийгъэгуфlэ
Лъэпкъым и цlыхухэм я гупэр анэдэлъхубзэм, пасэм зэрагъэпща хабзэ телъыджэхэр къэгъэщlэрэщlэжыным щыхуагъэзэжа, ахэр ялэжьыным хуит щыхуэхъуа ди зэманым нэхъыжьхэм я пащхъэм къалэн нэхъ ину къиувэр къэхъу щlэблэщlэр къекlуу гъэсэнырщ, абыхэм я бзэм и дахагъэр, и къулеягъэр къагурыгъэlуэнырщ, ар нэсу егъэщlэнырщ, гурэ псэкlэ егъэлъагъунырщ. Ар къыдэхъулlэн папщlэ дызыхуей псори нобэ диlэщ: унагъуэм нэмыщl, сабий гъэсапlэхэм, пэщlэдзэ, курыт, нэхъыщхьэ еджапlэхэм анэдэлъхубзэр щадж, цlыкlухэм щхьэкlэ «Нур» журналыр мазэм зэ, тхылъ зыбжанэ илъэс къэс къыдокl. Радиомрэ телевиденэмрэ, анэдэлъхубзэкlэ къыдэкl газетхэм нэхъыщlэхэм я гъэсэным, я бзэм зегъэужьыным теухуауэ нэтынхэмрэ тхыгъэхэмрэ гулъытэ нэхъ хуащl хъуащ.
Бзэм и къэкlуэныр, и пщэдейр зэпхар къэхъу щlэблэщlэрщ, ахэрщ къэкlуэну зэманым абы ирипсэлъэнур, зезыгъэужьынур, ар езыгъэфlэкlуэнур. Ауэ ар абыхэм езыгъэщlэжыр адэ-анэхэрщ, бзэм и лъэкlыныгъэ, дахагъ псори къыхузэlузыхыр художественнэ литературэрщ. А тlум къалэн ягъэзащlэхэри апхуэдэкъым – унагъуэм сабийр и бзэкlэ псэлъэф, къызэрыгуэкl зэхэщlыкl, гупсысэхэр къиlуэтэф щыхъу къудеймэ, художественнэ литературам бзэм и къулеягъ псори цlыкlум къыхузэlуех, ирегъэлъагъу, абы и lэфlыр псэкlэ зыхрегъащlэ. Литературэм къыхыхьэ тхыгъэхэр тхакlуэ-усакlуэхэм я lэдакъэщlэкlыу щыщыткlэ, шэч хэлъкъым а тхыгъэхэм я бзэр сыт и лъэныкъуэкlи нэхъ зэрыузэщlам. Я зэфlэкl псори абыхэм зэрыхэпщам. Арагъэнущ анэдэлъхубзэр сабийм нэсу ищlэн папщlэ литературэм къалэн ин, дыдэ игъэзащlэу къыщlалъытэр, апхуэдэ лэжьыгъэхэр зэрыщыту анэ-адэхэм я закъуэ я пщэ дэплъхьэныр щlыщыуагъэр, къыщlемызэгъыр.
Лъэпкъ сабийм анэдэлъхубзэр ди зэманым къуажэ дыдэми щебгъэщlэныр тыншкъым, ар куэдкlэ нэхъ хьэлъэж щохъу къалэм. Ауэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр пымылъми, ар гулъытэншэу къэбгъэнэнри къезэгъыркъым, ар сабийм егъэщlэнри къыщалъхуа махуэм щlэдзэн хуейщ, а ныбжьым щитым бзэр абы гугъуехьышхуэ пымылъу, тыншу, псынщlэу зэрызригъащlэфым куэд щlауэ щlэныгъэлlхэм гу лъатащ. Адэ-анэхэм езыхэм ирагъащlэм и щlыlужкlэ апхуэдэм дежым сабийр тхыгъэ цlыкlухэм щыгъуазэ ящl, ар lуэрыlуатэм щыщми, литературэм къыхахами. А lэмалыр нэхъ ехьэжьауэ иужькlэ къыщагъэсэбэп сабий гъэсапlэмрэ еджапlэмрэ.
Къэхъу щlэблэщlэм бзэр егъэщlэнымкlэ художественнэ псалъэм и зэфlэкlхэр къызыгурыlуэ лъэпкъхэм арагъэнущ я lуэрыlуатэмрэ литературэмрэ сабий тхыгъэхэм щlыпlэ ин щlыщаубыдыр, абыхэм зегъэужьыным егъэлеяуэ сыт зэмани я нэlэ щlытрагъэтыр. Адыгэ сабийм анэдэлъхубзэм и дахагъэр пасэм къыгурызыгъаlуэу щытар лъэпкъ lуэрыlуатэрщ, а къалэнри абы ехъулlэныгъэфlхэр иlэу зэригъэзэщlам шэч хэлъкъым. Ауэ ди лъэхъэнэми а зым и закъуэ ар илэжьыну и пщэ иплъхьэныр щхьэгъэпцlэжщ, къезэгъыркъым. lуэрыlуатэри lэщlыб мыщlауэ ар иджыкlэ нэхъ зыхузэфlэкlыну, зылэжьыфыну щыlэр сабий литературэрщ, аращ абы и зыужьыныгъэм гулъыта лей щlыхуэщlыпхъэри.
Адыгэ тхакlуэ – усакlуэхэм куэд яхэткъым лъэпкъ сабийхэм папщlэ тхыгъэ зымытха, абыхэм я lэдакъэщlэкlхэрщ къэбэрдей сабий литературэм лъабжьэ хуэхъуар, нобэр къыздэсым сабий гъэсапlэхэмрэ еджапlэхэмрэ зыубгъуауэ къыщагъэсэбэпыр. Сабий литературэм лъэпкъ тхакlуэхэм хуащlа хэлъхьэныгъэри зэхуэдэкъым – языныкъуэхэр зэзэмызэ фlэкl абы емыжэлlамэ, адрейхэм къару нэхъыбэ абы ирахьэлlащ. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ лъэпкъ сабий литературэм и къызэгъэпэщакlуэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ, хэлъхьэныгъэфlхэр абы хуэзыщlа Щомахуэ Амырхъан и творчествэр.
Нэхъыжьхэм я щапхъэм иджыкlэ фlэкlыфакъым нобэрей адыгэ тхакlуэхэри. Бжыгъэкlэ ахэр куэд хъу щхьэкlэ, нобэр къыздэсым абыхэм дахэ-дахэу къахэкlакъым пыухыкlауэ сабийхэм зи творчествэр тезыухуа, абыхэм я гъащlэ, щытыкlэ, ээхэщlыкlхэр нэсу зыщlэу тетхыхьын мурад зыщlа. Абыи къикlыркъым ар зылэжьыфын, зыхузэфlэкlын абыхэм яхэмыту, сытхуэдэ гугъуехьхэр абы пымылъми. Абы и щхьэусыгъуэр нэгъуэщlщ, зэрыхуэбгъэфэщэнкlэ, куэдым абы нэмыплъ ират, сабийм уахуэтхэным пщlэ, щlыхь пымылъу къафlощl, уи къаруи lэзагъи зытебгъэкlуадэ мыхъун lуэху жьгъей къызэрыкlуэу языныкъуэхэм ар къалъытэ. Ар зэрыщыуагъэр, цlыкlухэм тхыгъэ яхуэптхыныр куэдкlэ нэхъ зэрыгугъури щlыхь лей абы зарыпылъри апхуэдэхэм яжепlэкlэ къапхугурыгъэlуэну къыщlэкlынкъым. А жытlахэм гупсысэу щlэлъыр, къыхэпх хъунур мы зырщ: лъэпкъ тхакlуэхэм сабий литературам зегъэужьыным гулъытэ нэхъ ин хуэщlыныр зэраборшырщ, щlыхь зыпылъ а къалэныр гъэзэщlэным зи творчествэр зэрыщыту хуэзыунэтlа тхакlуэ усакlуэхэр къытхэкlыну, диlэну игъуэ зэрыхъуарщ. Нэхъыжьхэр абы ешэлlэжыгъуафlэ хъункъым, иджыкlэ ар зыщlапхъэри нэхъ зыхузэфlэкlынухэри лъэпкъ литературам къыхыхьэ тхакlуэ-усакlуэ ныбжьыщlэхэрщ.
Псоми я цlэ къытхуимыlуэми, апхуэдэ тхакlуэхэр иужь зэманым къэбэрдей литературэм къыхыхьэу зэрыщlидзар абы и ехъулlэныгъэу къэплъытэныр щыуагъэкъым. Абыхэм ящыщщ сэ зи цlэ къисlуэну си мурадыр, ар иджыри къыздэсым критикхэми, ауэ къызэрыгуэкl лъэпкъ тхылъ еджэхэми гулъытэ зыхуамыщlа Щоджэн Леонидщ. Абы хузэфlэкlахэм ящыщу щытхъу зыхуэщlыпхъэщ пэщlэдзэ еджапlэхэм папщlэ анэдэлъхубзэкlэ абы зэридзэкlа тхылъхэмрэ адыгэбзэкlэ сабийхэм яхуитха и тхылъхэмрэ. Зэрымыщlэкlэ щыгъуазэ дызыхуэхъуа а тхыгъэхэм я нэхъыбэм гъэпсыкlэ хьэлэмэт яlэщ, псэм дохьэ, гум къонэ, къеджэгъуафlэхэщ, бзэ къабзэ шэрыуэкlэ тхащ, зэ еплъыгъуэкlэ lуэху цlыкlухэм, къызэрыгуэкlхэм теухуауэ къыпщыхъу щхьэкlэ, абыхэм сабийр зытхьэкъу, абы и дежкlэ гурыlуэгъуэ гупсысэ гъэщlэгъуэнхэр абыхэм ящlэлъщ. Зи зэхэщlыкlым, гупсысэхэм махуэ къэс зиужь сабийр набдзэгубдзаплъэу, фlэгъэщlэгъуэну гъащlэм, къэзыухъуреихь дунейм кlэлъоплъ, абыхэм я зэхэлъыкlи, я щытыкlи, я щэхуи къызэрихутэным, зэрызэхигъэкlыным сытым щыгъуи хущlокъу, ауэ а псор абы езым и закъуэ къарукlэ хуалэжьынукъым, апхуэдэм и дежым абы дэlэпыкъуэгъу хуэхъур, чэнджэщэгъу пэжу къигъуэтыр нэхъ куууэ а lуэхухэм хэзыщlыкl усакlуэрщ, абы и къэхутэныгъэ гъэщlэгъуэнхэрщ. Ахэри къехъулlэн папщlэ усакlуэм сабийр фlыуэ илъагъун, зи гугъу ищlхэр, зытепсэлъыхьхэр пэжу, игу къабзэм къыбгъэдэкlыу, хуабагъэкlэ гъэнщlауэ, ахэр къызэриlуатэ псалъэхэр нэхуу, гъэхуауэ, къэпсэлъыгъуафlэу щытын хуейщ. Апхуэдэ зэфlэкlхэр, къэхутэныгъэ гъащlэгъуэнхэр гъунэжу хыболъагъуэ Щоджэн Леонид и сабий усэхэм.
Къэхъу щlэблэщlэм, цlыкlухэм ятеухуа тхыгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэу щытыр сабийхэм lэщ, хьэкlэкхъуэкlэ, къуалэбзу, псэ зыlут дэтхэнэ зы хьэпщхупщми фlылъагъуныгъэ хуаlэу, гущlэгъу хуащlу, лей ирамыхыу, зыхуей хуагъазэу сытым щыгъуи хущытынырщ. Апхуэдэ гуапагъ абыхэм яхузиlэ, гупцlанэу яхущыт сабийр лlыпlэ иува иужькlэ пса зыlутым мыхъумыщlагъэ ирипэсынукъым, гущlэгъуншэу хущытынукъым. А lэмалыр Щоджэным и тхыгъэхэм lэкlуэлъакlуэу къыщегъэсэбэп, абыхэм ехьэжьауэ уащыхуозэ лъэпкъ сабийхэм я нэlуасэ lэщхэм, джэдкъазхэм, хьэкlэкхъуэкlэхэм, хьэпщхупщхэм. Гъащlэгъуэныракъэ, а псоми lэджэ тетхыхьа, ахэр куэдрэ ягъэныщкlуа щхьэкlэ, усакlуэр абыхэм езым и нэкlэ йоплъ, щlэ, гъэщlэгъуэныгъэ гуэрхэр къахуегъуэт, ари псалъэ шэрыуэкlэ къеlуэтэф. Гуэгушым и гугъу зымыщlа сабий усакlуэ къъэгъуэтыгъуейщ, ауэ Щоджэн Леонид абы хужиlэр а псоми къащхьэщокl, нэгъуэщlхэм жаlахэм жыжьэрэ-гъунэгъуу екlуалlэркъым. «Гурэ» усэ цlыкlум гуэгушыхъум и щытыкlэр усакlуэм мыпхуэдэу гъэщlэгъуэну къыщигъэлъэгъуащ:
Гурэ
И пэр
Щыгъэ кlыхьщ.
И пщэ пцlанэр
Нэхъ кlыхьыжщ.
Ицей
Фlыцlэр
Щlым
Елъэфыр,
Мэуфафэр,
Къэфэрейщ,
Хьэгъуэлlыгъуэм
Хэтярейщ,
Зыкъегъазэ,
Зынегъазэ,
Малъэр
Чыну
Мэджэрэз,
Мэджэрэзыр
Жиlэу«цыкъ»,
Дегъэлъагъур
Пщlэншэу…
Цирк.
Джэдкъазхэм я мызакъуау усакlуэр куууэ щыгъуазэщ хьэкlэкхъуэкlэхэм я псэукlэм, я щытыкlэм, lэзагъ хэлъу, гукъинэжу абыхэми ар тотхыхь. Фlыуэ псоми ди нэlуасэ кlэпхъым усакlуэм дилъагъур, абы хужиlэр мыращ:
Си кlэпхъ цlыкlуу
Зи кlэр бацэ
Бацэ цlыкlуу
Си нэlуцэ,
Зи нэ цlыкlухэр
Мафlэ дэп.
Дам и lэфlыр
Зи шхыныгъуэ,
Жыгыжь щхьэкlэр
Зиджэгупlэ,
Жыгыжь гъуанэр
Зи псэупlэ.
Псыхъуэ мэзыр
Зыгъбжьыфlэ
Цlыкlуи Ини
Зыгъэгуфlэ,
Мыдэ
Къаплъэт,
Бацэ цlыкlу,
Уэсхъуэжынущ
Сэ дэ цlыкlу,
Абы щхьэкlэ
Уи сурэт
Сэ
Фэеплъу
Уэ къызэт.
Джэдкъаз, хьэкlэкхъуэкlэхэр цlыкlухэм яригъэцlыху, фlыуэ яригъэлъагъу къудейкlэ сабий усэм и къалэныр зэфlэкl хъунукъым, абыхэм lэмал имыlэу гъэсэныгъэ мыхьэнэ ящlэлъын, цlыкlухэр зэрыщытын хуейхэм, я щlапхъэхэм хуиущииныр и пщэ къыдохуэ. Ари къызэрыгуэкl къыхуеджэныгъэкlи хъуэхъу пцlанэкlи зэфlэкl хъунукъым, а щlагъыбзэри мынаlуэу, щабэу, хэгъэзыхь хэмылъу езы тхыгъэм щlэлъын хуейщ. А lэмалри Щоджэн Леонид куэдрэ къегъэсэбэп, ар абы къызэрехъулlэми щыхьэт тохъуэ «Бабыщ бын» мы усэ цlыкlур:
Къыздащтауэ сабын
Псыхъуэм макlуэ
Бабыщ бын.
Я анэжьыр
Япэ итщ,
Къэгубжьауи
Тlэкlу фэ тетщ.
Пэжщ, шыр цlыкlухэр
Тlэкlу делащ,
Ятlэпс фlейкlэ
Зацlэлащ.
Иджы шырхэр
Напэ фlейщ,
Напэ фlейхэр
Гъэпскlын хуейщ.
Анэр шырхэм
Тоlуэтыхь,
Анэр шырхэм
Толъэщlыхь.
Шырхэр къабзэмэ
Нэхъыфlщ.
Къабзэ шырхэр
Хэти фlэфlщ.
Я мыхьэнэм, къапыкl фlыгъуэм фlыуэ щыгъуазэ усакlуэм гулъытэншэу къигъанэркъым пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэри, къэкlыгъэхэри. Пэжщ, абы и тхыгъэхэм ахэр щынэхъ мащlэхэщ, ауэ абыхэми усакlуэм гъэщlэгъуэнагъ куэд къыщегъуэт, узыпэмыплъэ гупсысэщlэхэр къыщиlуатэ щыlэщ. Ар зэрыпэжым и щыхьэту къэпхь хъунущ «Дей» усэ цlыкlур, псалъэмакъ кlыхь хэмылъу дейм къыпыкl фlыгъуэм хуэдэ сабийхэми нэгъуэщlхэм хуащlэныр зэракъалэныр наlуэу къахуэзыlуатэр:
Дэ ди хадэм
Зы дей жыг
Сэ хэссащ,
Си дей жыгыр
Угъурлыуэ
Къыщlэкlащ,
Къикъутэжу
Къыпыкlащ.
Псоми ягъэщlагъуэ
Дэхэм я инагъыр.
Псори ирогуфlэ
Дэхэм я lэфlагъым.
Сэри согупсысыр:
Ещхьу а ди дейм,
Сыткlэ згъэгуфlэну
Цlыкlухэр сэ дунейм.
Щоджэн Леонид и усэхэм сабийм къыхузэlуах ар езыр зыщыгъуазэ, къигъэсэбэп хьэпшыпхэм я щытыкlэхэр, къэзыухъуреихь дунейм и къэхъукъащlэхэр, lэщlагъэм и мыхьэнэр, псэемыблэж лэжьыгъэм къыдэкlуэ фlыгъуэр. Я зэхэщlыкlым зэрызрагъэужьым нэмыщlкlэ апхуэдэ тхыгъэхэм къэхъу щlэблэщlэр зыхуей, зыхуэныкъуэ куэд къыхуаlуатэ, къыхузэlуах, гъэсэныгъэ къалэн ягъэзащlэ, гушыlэ къекlу абыхэм щыщlэлъи щыlэщ. Абы и лъэныкъуэкlэ гу лъытапхъэщ «Уафэгъуагъуэщ, псыхьэлыгъуэщ», «Псынэ», «Уадэмрэ lэдэмрэ», «Кран», «Вакъэжь» усэхэм. Вакъэ зэщlэхуам усакlуэм къриlуатэ гупсысэр дэтханэ зыми тыншу къыхуэгъуэтыфынукъым, ар зыхузэфlэкlынур цlыху набдзэгубдзаплъэрщ, гушыlэ зыхэлъырщ. Узыпэмыплъэ, гукъэкl зыхуумыщl щlагъыбзэ гъэщlэгъуэн щlэлъщ а усэ цlыкlум:
Вакъэжь и жьэр
Иущlащ.
Вакъэжь къавэуэ
Къежьащ,
Абдеж уадэр
Къэгубжьащ,
Вакъэр къупхъэм
Трикъуащ.
Удын хьэлъэкlэ
Икъуащ,
И пэм lуни
Хиукlащ.
Вакъэжь мыгъуэри
Къэгъащ,
Пэгъым хъуауэ
Мыр жиlащ:
«Си пэм lунэ
Хыумыукlэ,
Сэ уэ нэхърэ
Сынэхъыкlэ!»..
Сабий тхыгъэхэм езы цlыкlухэм я гъащlэр, lуэхущlафэхэр, я lуэху еплъыкlэхэр, еджэкlэр занщlэу къимыгъэлъэгъуэнри lэмал зимыlэщ, Щоджэн Леонид и тхыгъэхэм иджыкlэ ар ехьэжьэщауэ щыщымытми. Абы и тхыгъэхэм узыщыхуэзэ сабий образхэри зы къупхъэм къигъэжакъым, абыхэм языхэзми зы хьэл пыухыкlа щыгъэлъэпlащ е щlэнэкlалъэ щыщlащ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр къэрабгъэщ, Мыщэ «мышынэ» хуэдэу, хэти жейнэдщ, «Жьынду, шырым» хэт щlалэ цlыкlум ещхьу, ещанэр гъыринэщ, еплlанэм и дадэм и щапхъэм тету пшахъуэ унэ ещl е хадэ бэв къегъэкl. Сабийхэм я психологием усакlуэм нэсу хещlыкl, ахэр гум, псэм дохьэ, языхэзми и хьэл, и щэн иlэжу ди пащхьэм къоувэ. Хыджэбз цlыкlум и образ телъыджэ усакlуэм щызэригъэпэщащ «Си гуащэм» усэм:
Сэ си гуащэм
Хуэбзэн хуейт.
Сэ си гуащэм
Хуэдэн хуейт.
Сеувалlэри – сыбзащ,
Сетlысылlэри – сыдащ,
Ауэ гуащэм
Си гугъуехьыр
Зи фlэмыlуэхуа,
Здахэм щыщу
А ерыщым
Зыри хуэмыхъуа.
Пыlэр инщи
Щхьэролэл.
И бостейри
Кlэрылъэфщ.
Зызгъэгусэри жысlащ:
«Сеlусэнкъым афlэкlа».
Ауэ ба щыхуэсщlыжам,
Сыхьэт ныкъуи дэмыкlат.
Анэдэлъхубзэр лъэпкъ сабийм нэхъыфlу ирагъэщlэн папщlэ lуэрыlуатэм лlэщlыгъуэ блэкlахэм къигупсысащ къуажэхь, псынщlэрыпсалъэ, псалъэрыджэгу хуэдэхэри. Иджырей адыгэ усакlуэхэм абыхэм нобэр къыздэсым гулъытэ зэрыхуащlышхуа щыlэкъым, нэхъыбэуи дызыкъуэсар, ехьэжьауэ къэдгъэсэбэпар лъэпкъ lуэрыlуатэм зэригъэпэщахэрщ. Куэд щlауэ нэмыплъ зрат а жанрым «псэщlэ хэзылъхьэжар «Нур» журналым дэлажьэ усакlуэ ныбжьыщlахэмрэ Щоджэнымрэщ. Усакlуэм и тхыгъэхэм, абыхэм нэхъ зыубгъуауэ уащыхуозэ, ахэр абы къызэрехъулlэм шэч хэлъкъым, ар зэрыпэжым щыхьэт техъуэ тхыгъэ зыбжанэ абы итхахэм яхэтщ. Жыпlэ хъунукъым ахэр псори ныкъусаныгъэншэу, сыт и лъэныкъуэкlи зэпэща хъуауэ, ауа абыхэм я нэхъыфlхэм наlуэ ккъыпщащl усакlуэм абы и лъэныкъуэкlи зэфlэкl зэрыбгъэдэлъыр, а жанрхэри абы lэкlуэлъакlуэу къызэригъэlурыщlэфыр. Къуажэхь хъарзынэхэр абы къызэригъэщlыфым и щапхъэу къэпхь хъунущ ауэ къызэрыгуэкl щхьэгъубжэ абджым абы къыхуигупсыса мыпхуэдэ сатырхэр:
Уеплъмэ – псы къабзэщ,
Уеlусэм – быдабзэщ.
И зы джабэр унэм щlэсщ,
Унэм щlэсыр хуабэм
хэсщ.
И зы джабэр щlыбым
дэсщ.
Щlыбым дэсыр щlыlэм
хэсщ.
Ауэ хуаби зыхимыщlэ,
Ауэ щlыlэми имыс.
Адыгэ lуэрыlуатэм хэтхэм йохьэ-йохуэ, зыкlи къыкlэрыхуркъым Щоджэн Леонид и lэдакъэщlэкl, lэзагъ хэлъу макъ зэщхьхэр къыщыгъэсэбэпа мы псынщlэрыпсалъэри:
Шыщlэр щыщу
Шэщыш щlашэ,
Щынэр щылъу
Гуэщым щащыр.
Щоджэн Леонид и япэ сабий тхыгъэхэр дунейм къытехьэу зэрыщlидзэрэ куэд щlакъым илъэсипщlым нэблэгъа къудейуэ арщ. Иджыкlэ усакlуэм и гъуэгу мытыншым ар теува къудейщ, нэсу псори къызэремыхъулlэм щхьэкlэ бгъэкъуэншэнуи къезэгъыркъым. Абы и тхыгъэхэм нэмытхыса, нэсу зыкlуэцlрымыплъахэр яхэтщ, зэзэмызэ жыпхъэр щыкъутэ къохъу, сабийхэм къагурымыlуэн псалъэ щхьэхуэхэм уащыхуозэ. Арэзыщэ укъащlыркъым усакlуэм и тхылъхэр зэрызэгъэпэщами: тхылъхэм я цlэхэмрэ тещlыхьа сурэтхэмрэ зэтехуэркъым, усэр эытепсэлъыхьымрэ сурэт хуащlамрэ зыкlи щызэмыкlуалlэ е щызэпыlудза щыlэщ, усакlуэмрэ сурэтыщlымрэ зэтlысылlэу зэрызэдэмылэжьам гу лъумытэнкlэ lэмал иlэкъым, а тхылъхэм я тиражыр цlыкlу дыдэщ, ахэр хэку еджапlэхэмрэ сабий гъэсапlэхэмрэ я закъуэ ярикъунукъым, унагъуэхэм яхуэщlэным и гугъу умыщlыхи.
Адыгэ литературэр нобэ икъукlэ хуэныкъуэщ сабий усакlуэхэм. Ауэ иужь зэманым апхуэдэхэри лъэпкъ усыгъэм къыхохьэ, щызэфlэувэ зэрыхъуам ехъулlэныгъэхэр я щыхьэтщ. А lуэху иным гурэ псэкlэ хуэлэжьэну мурад зыщlахэм ящыщ зыщ Леонид. Усакlуэм жиlэн иlэщ, lэзагъ, зэфlэкlхэр бгъэдэлъщ, ди гуапэт дяпэкlи лъэпкъ сабийхэм ягу – я псэм дыхьэн, зыщыгуфlыкlын, къекlуу зэвгъэсэн тхыгъэфlхэмкlэ ар абыхэм яхуэупсатэмэ.
Хьэкlуащэ Андрей,
филологие щlэныгъэхэм я доктор, профессор.
Пэублэ псалъэ
Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр джыным епха lуэхугъуэхэр ящыщщ иджырей гуманитар щlэныгъэлlхэм ягъэнэхъапэхэм. Анэдэлъхубзэр къабзэу къызэтегъэнэныр абыхэм я зы пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ, ар зи пащхьэ къиувэри щlэныгъэлlхэм я закъуэкъым, атlэ адыгэу зызылъытэж псоми я зэхуэдэ къалэнщ.
Иджыпсту дызыхэпсэукl лъэхъэнэм къегъэув адыгэбзэр джыным, ар егъэфlэкlуэным къудамэ куэду зыщхьэщыкl бгъэдыхьэкlэщlэхэр къыхуэдгъуэтын зэрыхуейр. Гулъыптэ къудейуэ къэмынэжу, хуабжьу уегъэпlейтей къыдэкlуэтей щlэблэр адыгэбзэм зэрыпэlэщlэр, ар зэригъэщlэну зэрыхуэмыпабгъэр къыщыпщlэкlэ. Апхуэдэу щытми, адыгэ щlалэгъуалэ куэдым ядыболъагъу къызыхэкlам зэрырипагэр, лъэпкъщlэж (самосознание) зэраlэр. А щытыкlэ дыдэр щыболъагъу хэхэс адыгэхэм я дежи, ауэ анэдэлъхубзэр зыщlэжу абыхэм яхэтхэм я бжыгъэр кlуэ пэтми нэхъ мащlэ мэхъу.
Цlыхур зыщыщ лъэпкъыр япэу зэрагъэбелджылыр ар зэрыпсалъэ бзэращ. Абы ипкъ иткlэ къалэнышхуэ и пщэ дэлъщ анэдэлъхубзэкlэ щыlэ литературэм, псом хуэмыдэу сабийхэм папщlэ щыlэм. Ныбжьыщlэхэр еджэным дегъэхьэхын, анэдэлъхубзэр фlыуэ ялъагъунымкlэ а гъуэгур къэгъэсэбэпын аращ адыгэбзэр нобэ зэрытщытыкlэ гугъум къизышыну хэкlыпlэр.
Адыгэ лъэпкъым и узэщlакlуэ куэд елэжьащ анэдэлъхубзэм и зегъэужьыным, адыгэбзэкlэ егъэджэным. Абы и лъэныкъуэкlэ ехъулlэныгъэ мымащlэ зиlэхэм ящыщщ Щоджэн Леонид. Ар усакlуэщ, тхакlуэщ, гъэсакlуэщ, щlэблэр зэрырагъаджэ тхылъ, пособие зэмылlэужьыгъуэхэм я авторщ. Адыгэбзэр егъэджынымкlэ, абы и пщlэр lэтынымкlэ лэжьыгъэ пыухыкlа къызэхъулlа цlыхухэм ящыщщ ар. А къалэныр Леонид нобэр къыздэсым егъэзащlэ. Абы пагагърэ щхьэщытхъугъэрэ зэрыхэмылъыр и lэдакъэщlэкlхэм гъэщlэгъуэну хыболъагъуэ, и гур сабийхэмрэ анэдэлъхубзэмрэ зэрыхуэкъабзэр зэхыбощlэ. А гурыщlэхэм къыподжэж щlэджыкlакlуэхэр, икlи ахэм я гум лъэпкъ гурыщIэхэр фlэкlыпlэншэу къыщоуш.
Сабийхэр нэхъ гурыхуэщ, сытри нэхъ тыншу, псынщlэу ягу ираубыдэф, щыцlыкlум я нэгу щlэкlар, зыхахар цlыхухэм игъащlэкlи ящыгъупщэжкъым. Аращ Щоджэн Леонид и творчествэр щlэблэщlэ къэхъум щlыхуиунэтlар, сабий уэрэдхэм я псалъэхэр щlитхыр. Абы къызэрилъытэмкlэ сытхуэдэ бзэри нэхъ тыншу зэрызэбгъэщlэнур уэрэдщ.
Щоджэным усэ 500-м щlигъу иlэщ сабий уэрэд цlыкlухэм пкъы яхуэпщl хъуну. Ар ядэлэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ макъамэтх lэщlагъэлlхэу Даур Аслъэн, Къардэн Хьэсэн, Согуэ Данил, Балэ Мухьэдин, Къэбэрдокъуэ Борис, Къул Амир сымэ. Ахэр дэlэпыкъуэгъушхуэ хъуащ сабий уэрэд зэмылlэужьыгъуэхэр къэунэхунымкlэ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейт Щоджэн Леонид и творчествэм гулъытэ щхьэхуэ щlыхуэтщlам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр: зи гугъу тщlы тхакlуэм и lэдакъэщlэкlхэм lэкlуэлъакlуэу къыщегъэсэбэп куууэ зыхищlыкl адыгэ lуэрыlуатэм щыщ пкъыгъуэхэр, ар дыдэмкlи лъэпкъыбзэм хуэунэтlа гурыщlэхэр къегъэуш. А къалэн нэхъыщхьэм икlи мытыншым игъуэта художественнэ гъэпсыкlэм сызэрыдихьэхарщ къалэмыр къызэзыгъэщтар.
Зи гугъу тщlы усакlуэм и lэзагъым къилэжь пщlэмрэ гулъытэмрэ зэпалъытыну щlэджыкlакlуэхэм lэмал кърет фи пащхьэ къихьа «Лэгъупыкъу» уэрэдылъэм. Тхылъыр хуэгъэзащ макъамэ еджапlэхэм щылажьэхэм, егъэджакlуэхэм, гъэсакlуэхэм, адыгэ сабий литературэмрэ макъамэмрэ дихьэххэм, адэ-анэхэм.
*Aбхаз Республикам я кьэрэль университетым lуэрlуэтэ, фольклор, филологиэм шlэныгэм я докторщl.