Гуащэнэ насыпыфIэ дыдэу зилъытэжырт. Унагъуэ насыпкIэ Аллыхьыр къысхуэупсат», – жиIэрти, фIыщIэ хуищIынуи зэи зыщигъэгъупщэртэкъым. ФIыуэ илъагъу, лIы лъэрызехьэ, утыку зэи укъизымынэн, укъэзыгъэпэжын щхьэгъусэ хуэхъуат. Абыхэм зэдагъуэтат бынищ: зы хъыджэбзрэ щIалитIрэ. Гуащэнэ езыр егъэджакIуэт, и щхьэгъусэр агрономти, жэщи махуи губгъуэм итт. ТIуми лэжьыгъэкIи губгъэн къахьыртэкъым, я унагъуэри зыхуей зэрыхуагъэзэным иужь итт. Гуащэнэ и сабийхэм унэми еджапIэми и нэIэ щатет зэпытт.
Хъыджэбз нэхъыжь Зурят еджапIэр къиухри щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну щIагъэтIысхьащ, дохутыр IэщIагъэм хуеджэну. ЕтIуанэ щIалэр IэпщIэлъапщIэти, зэIусэм псэ къыхигъакIэрт. «ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, и адэм и адэшхуэ Тембулэт ещхь хъужащ», – жаIэрт цIыхухэм.
ЗэраIуэтэжымкIэ, Тембулэт бжэ, щхьэгъубжэ, набжэ зыхуимыщIа щIагъуэ дэстэкъым къуажэм. Сыт хуэдизым я унащхьэ трилъхьауэ жаIэрэ а лIы Iумахуэм. «Аскэр зы дипломщ къыхуэтыр, уэлэхьи, диплом плъыжь зиIэм ехьэехуэнум ар», – иригушхуэрт къуэм Мурат. ЩIалэ нэхъыщIэри мыхуэмыхуу еджэрт. Унагъуэ насып жыхуаIэжыр аракъэ, бынкIэ, узыншагъэкIэ гукъеуэ уимыIэмэ? Адэ-анэр, анэкъилъхур гуащIэщ, узижагъуэм абыхэмкIэ гукъеуэ иуIэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гуащIэщ кIэтIий кIапэр. АбыкIэ гуныкъуэгъуэ Тхьэм хэти къримыткIэ. Апхуэдэ гуныкъуэгъуи ямыIэу лажьэ тхъэжу псэурт мы унагъуэр.
Гуащэнэ и IэщIагъэр игу ирихьырт, фIыуэ илъагъурти, IэхъуэтегъэкIыу лажьэхэм ящыщтэкъым. «Мы дунеишхуэм адэ-анэм дежкIэ щынэхъ лъапIэ дыдэр анэмэт къыщыпхуащIакIэ, дауэ уи къару уеблэжын», – жиIэрти, и гуащIэ дэкI къигъанэртэкъым. И гъэсэн сабийхэми, абыхэм я адэ-анэми Гуащэнэ щхьэкIэ щIы лей якIунут. КIэщIу жыпIэмэ, унагъуэ хъуэпсэгъуэт, къуажэм я щапхъэт, я гъуазэт.
Адэ-анэм дежкIэ бын псори зэхуэдэщ, абы уахэдэфынукъым. Iэпхъуамбитхум дэтхэнэр лей? Апхуэдэти, я быным иригуфIэу, иригушхуэу, я напщIэм телъу псэурт унагъуэр. Бын гурыфIыгъуэм нэхърэ нэхъ уи лъэ щIэзыгъэкI сыт щыIэ! Сыт хуэдизкIэ я быныр ямылъагъуми, къуэ нэхъыщIэм нэхъ ягу хупихыу щытт Муратрэ Гуащэнэрэ. «Гур зэрыгъум дыгъур ирожэ», – жыхуаIэр пэжу къыщIэкIынт. Иужь зэманым Залым нэхъ зихъуэжауэ, зэрыщымыт хъуауэ гу лъитэрт анэм. И псэри пIейтейт, щIэгузавэри имыщIэу и гур зыгуэрым икъузырт.
– Я зы Алыхь закъуэ, гущIэгъу къытхуэщI, ди быныр къытхуихъумэ, – лъаIуэ зэпытт Гуащэнэ.
– Щхьэ хъийм сикIа, щхьэ сыугъурсыз, Iей щхьэ сигу къэзгъэкIрэ, – зыхуэшхыдэжырт ар зэми, ауэ игу инатыр IэщIэкIырт, къедаIуэртэкъым.
«Ущыджэлэнур пщIатэмэ, упщIэ бгъэтIылъынт», – жиIаи пасэрейм. ЕджапIэ бжэщхьэIум къызэрыщIэбэкъукIыу нэгъуэщI хъуащ Залым. Хьэмэрэ нэхъ пасэу пIэрэ? Абы еджапIи IэщIагъи идакъым, и чэзум унэм къемыкIуэлIэжи мэхъу. ЗдэщыIамкIэ еупщIмэ, «зыщIыпIи» псалъэр и жэуапщи, нэгъуэщI ищIэжу пщIэркъым.
– Хэт гущэр пэшэгъу хуэхъуа, хэт мыгъуэм сигъэунэхъуа»? – мэгузасэ анэр.
Залым къэжанауэрэ кIасэу пщыхьэщхьэкIэ къокIуэж, и адэ-анэм я нэгу зыкъыщIимыгъэхуэну иужь итщ, ауэ абы фIэкIа къалэн зимыIэу къэна анэр къыпхуэгъэпцIэн. Зы махуэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм фадэм нэхъ дишэхыурэ макIуэ Залым.
Анэм и нэгу къыщIегъэхьэж и щIалэ кIасэм и сабиигъуэр, еджапIэм щыщIэса зэманхэр. ЕджапIэм иIэт зы тыкуэн цIыкIу, IэфIыкIэ тIэкIу сыт худэхэр щащэу. Залым и анэм бгъэдохьэри жеIэ:
– Мамэ, браныч къэзгъэщэху.
– Иджыпсту ахъшэ сIыгъкъым, си къуэ цIыкIу.
ЩымыувыIэм анэм тхылъымпIэ кIапэм зыгуэр третхэри жеIэ:
– Мэ, мыр ети, къыуатынщ.
Махуэ зыбжанэ докIри, аргуэру и анэм деж къокIуэ ахъшэ, жери. Анэм имыIыгыу щыжиIэм, Залым жеIэ:
– А зымахуэрей тхылъымпIэм хуэдэми содэ.
Зэгуэрым еджапIэм цIыхубзхэм я махуэшхуэм ехьэлIа той зэхаублат. Гуащэнэрэ Муратрэ зэгъусэу абы кIуат.
– Уи адэмрэ сэрэ Iэнэм деж дызэгъусэу уэрэд щыжытIащ, уи адэм макъ дахэ зэриIэр пщIэжыркъэ, сэри тIэкIу тезгъэгушхуэну сыдежьууащ, – жиlат Гуащэнэ.
– Си напэр тефхащ, пщэдей еджапIэм дауэ сыщIыхьэну иджы, – аращ къигъуэтар анэм пидзыжыну Залым.
ЩIалэ нэхъыщIэм и сабиигъуэ махуэхэм аргуэру хотIэрэзэж Гуащэнэ. ЕгъэджакIуэм и дерсым зыхуейм хуэдэ сурэт ящIыну къалэн къащищIат, игу къегъэкIыж анэм. Залым цIыху сурэт ищIат. Щхьэ, пщэ итхри, адэкIэ лъакъуэ хуищIыжащ. ЕгъэджакIуэр къыбгъэдыхьэри жиIащ:
– Мыр сыт, Залым, мы птхам ныбэ иIэкъыми.
– Ар ди гъунэгъу Исмелщ, зыкIи хуейкъым ныбэ, иIэми, аркъэ ирикIэну аращ. Ар зэпадзыжу куэдрэ иридыхьэшхауэ жиIэжырт анэм.
Гуащэнэ щIепщытыкI и бын нэхъыщIэм и сабиигъуэ махуэхэр.
– Дэнэ деж сыщыщыуа, сытым гу лъызмыта, дапщэщ сIэщIэкIа хъуа мы Залым? Ярэби, ди зэран хэлъу пIэрэ мы сабийм иIэ хъуа гъащIэм?
Анэр мэгупсысапэри, и сабийр Iэпэдэгъэлэл щищIа зы махуэ къыхуэгубзыгъыжыркъым. И щхьэр зыфIеудыж.
– Ярэби, зыгуэру сымыщIэжу сытеплъэкъукIауэ пIэрэ? – аргуэру мэгупсысэ, къуаншагъэ езым деж къыщелъыхъуэ. – И чэзум гу зылъыттэн хуея гур тIэщIэкIауэ пIэрэ, – аргуэру мэгупсысэ, мэгузасэ.
Iуэху мыщхьэпэм и хэкIыпIэ хъун яфIэщIу, Залым кърагъашэ. Пэжу, абы къиша цIыхубзым ар хуэгущIыIэтэкъым. Марьяни щIалэр фIыщэу къилъагъурти, и дагъуэхэр ищIэ пэтми, къыдэкIуат.
«ФIым щымыгугърэ, гъэ къакIуэ бей сыхъунщ жызымыIэрэ щыIэкъым», жыхуиIэрати, фIым щыгугъат мыгъуэ зи мыгъуа адэ-анэр. Абыхэм бынитI зэдагъуэт: щIалэрэ хъыджэбзрэ. Ипхъу нэхъыжьыр еджапIэм щыщIэтIысхьэ зэманым ирихьэлIэу, Залым зэIохьэпэ. Ар иджы гъэпщкIуауэ ефэжыркъым. Йофэ, псалъэмакъ къеIэт, лажьэ зимыIэ унагъуэм яхозэухь, хьэлэбэлыкъым хигъэкIыркъым.
Залым и бынитIыр балигъыпIэ иувэным иIэж шыIэкъым. И пхъур и адэмкIэ нэхъуеиншащэщи, и IеицIэ зэрыпхужиIэн щыIэкъым. И класс гъэсакIуэмрэ абырэ я псэ зы чысэ илъщи, хъыджэбз цIыкIум игу щыныкъуэр занщIэу абы къещIэ. Мо гумащIэ цIыкIур пхъэшыкъум дэкIауэ жэуап иту къыщиудурэ щытIысыж къохъу. И адэр иджы зэфэр аркъэ къудейкъым, ар афьянми дишэхащ. Я гъунэгъур иримыгъэфэн щхьэкIэ, ныбэ имыIэу ищIами, езым и Iуэхур аркъэми къыщынакъым Унагъуэм гуIэр я махуэщ. НысащIэр лэжьэну Iэмал игъуэткъым. Гуащэнэ егъэджакIуэ IэщIагъэр хыфIедзэри, бэзэрым тоувэ. И IэкIэ пщыхьэщхьэ къэс Залым зыхуейр къыхуехь. Анэр унэм нэсыжыху хуэмышэчу къыпожьэри, анэм махуэм къилэжьар зытригъэкIуэда щхъухьыр къыIех. Къыхуэшхыди щыIэщ, къыхуихьурэ ирегъафэ жаIэу.
«Нэм и узыр нахуэщи, гум и узыр щэхущ», – жыхуиIэращи, сыт хащIыкIрэ абы анэм и гум щыщIэм. Сыт хащIыкIрэ зыхуейр Iэрымыхьэмэ, унагъуэм я фэм ирихыр зыхуэдизым? «Адэ щIэин мылъку хъурэ? – жаIэ. Мэхъу, ар Залым хуэдэм къыхуэмынэмэ. Пщэ хъун лъапсэм къринакъым. Унэжьыр иричу ищэфакъым, ахъумэ, адэ лъапсэжьым зыри къыхинакъым. Иджы къиублауэ зыхуей имыгъуэтмэ, къыIэрыхьэр екъутэ, Ани, быни, фызи и нэм зыри илъагъужыркъым. «Удафэ и акъыл ирефыж» жыхуаIэм хуэдэ дыдэщ. Ахэр и нэгу щIэкI нэхърэ нэхъ къещтэри, Гуащэнэ абы толажьэ.
Гуащэнэ и щхьэгъусэ Мурат и къуэ нэхъыщIэм и дуней хъуам гууз ирихъури абы ихьыжащ. Гуп зыгъэгупу, дунейм екIуу тета и адэ-анэм уэрэд жыфIэри си напэр тефхащ яжриIауэ щытат, ар напэтехтэкъым, езы мыгъуэрат напэтех дыдэу дунейм къытенар. «Хьэм ихьми къеIыпхыжынкъым», жыхуаIэм хуэдэу къэнащ Гуащэнэ. Фэмрэ къупщхьэмрэ къыхуэнащ, и щхьэц тIэкIур уэс чэсейуэ тхъуащ. Зыхуэпсэури зыхуэлажьэри и къуэм зрихьэлIэ щхъухьырщ.
ГурыфIыгъуэу иIэр и къуэ нэхъыжьымрэ и нысэ, Залым и щхьэгъусэмрэщ. Аскэр анэм и гум, и псэм къытохуэ, и губампIэ хуеIуатэ. И щхьэкIи, и унагъуэкIи и Iуэху зэпэщщи, анэр абы щогуфIыкI. И нысэр-щэ! Ар нэгъуэщI гуэрмэ, куэд щIат зэрежьэжрэ. Абы ишэчым и залэ зымышэч дапщэ щыIэ? «Бадзэ къытелъэмэ, и шхулъэр йопкI» зыхужаIэхэм, шэч хэмылъу, Марьянэ ящыщкъым. ФIым щыгугъыурэ и хьэлъэр ирехьэкI. Сыту шыIэныгъэшхуэ зыхэлъ нысащIэ! ИкIыхьагъкIэ тэмакъщ. И щхьэгъусэр иубу зыхэзыха щыIэкъым. И бынитIми я адэм щхьэкIэ зыуагъэукIынущи, дауи, ар зи фIыщIэр я анэ Iущырщ.
«Къуэм уилIынщ, лIым уипIынщ» псалъэжьыр Гуащэнэ деж щынэрылъагъут. Ажалыр ныбжьэгъукъым, къыпхуеймэ, къоупщIыркъым. КъеупщIакъым ар Гуащэни. Зы махуэ гурым къуажэр хъыбар гуауэм къыщIэтэджащ:
– Гуащэнэ тхьэмыщкIэр дунейм ехыжащ…
ЦIыхур лIа нэужьщ и цIэм мыгъуэ, тхьэмыщкIэ щыпыувэр. Гуащэнэ и цIэм а псалъэ дыджхэр псэу щIыкIэ пыуват. «Псэу лIа нэхърэ, лIа псэу» жыхуиIэм хуэдэ ищIат анэ тхьэмыщкIэм и гъащIэр бэкIэ зыщыгугъа и кIэтIий кIапэм. Апхуэдизу псэкIэ илъэгъуа щIалэ нэхъыщIэр ажалым дэIэпыкъуэгъу хуэхъуащ анэпсэ хейр хихынымкIэ.
Зи псэ еджэу телъ Гуащэнэ щхьэщыт и бынхэм къажриIэрт:
– Залым фи анэмэтщ. ТхьэмыщкIэщ, ягъэ кIынкъым фи нэIэ тевгъэт.
Ярэби, зыкъищIэжыну пIэрэ Залым, къыгурыIуэжыну пIэрэ и щыуагъэр, хьэмэрэ и адэ-анэ тхьэмыщкIэм бэнми я щхьэ щраундэкIыну пIэрэ? ДунеягъэкIэ дамыгъуэтами, ахърэтым псэ тыншыгъуэ щыдагъуэтыжыну пIэрэ бын кIасэм?
Сыт мыгъуэр къигъэщIа Залыми, сытыр къагъэщIа абы и унагъуэми, сытыр къагъэщIа и адэ-анэми! Дауи дунейм утетыжыну, Залым, гъащIэ къозыта уи адэ-анэм я лIэныгъэм уи зэран хэлъу. А тхьэмыщкIитIым, шэч хэмылъу, къыпхуагъэгъунущ уи гуэныхьыр, ауэ гъащIэм, гъащIэм къыпхуигъэгъуну пIэрэ, напэм къыпхуидэну пIэрэ?
Къардэн Аулинэ,
УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэм
Бытырбыху къалэ дэт педиатриемкIэ и университетым и еджакIуэ.