Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Тамбийхьаблэ / Хьагъундокъуей

Къуажэр хэкум Тамби хьэблэ къикlа хэмрэ тlыуэщlэдэс къэбэрдейхэм (хьагъундокъуей) зыдаухуауэ, къуажэкум ежэх псым адрыщl мыдрыщlым тlысауэ къуэжитl щыздопсэур. 

Къуажэр хэкум къищикlэр 1872 гъэращ. Нэхъ гувауэ къикlа къуажэхэм ящыщщ. Къуажэм хэкум и къикlыкlэр вгу шыгущ. Зэгъусэуэ къакlуэри Аушэр псэупlэм я гъуэгущхьэlум къахэтlысхьахэщ. Кайсери къэлэм 110 км. Азей районым 22 км пэжыжьэщ. 

Къуажэр къуажэшхуэу щтащ. Хьэщlэ ягъэхьэщlэфу лъэпкъым пыlудзауэ щыса щхьакlэ Адыгэ къуажэхэм якlэлъыкlуэу къакlэлъыкlуэу щтащ. 

Ар щlыжысlэр Кабактепе къуажэр Адыгэ къуажэхэр здыщыпсэу узняйлэ пыlудзаурат. Ахэр Аушэр къуажэхэмкlэ къэуфэрэзыхьауэ зы щlыналъэ къэтlысащ. Шыпшхьаблэ, Маргъущей, lэпщохьаблэрэ Кучук Къабактепэ (Кушмэзэкъуей) нэхь япэгъунэугъ къуажэхэращ. 

Адыгэ къуажэ зэпсоми къащыщlар мы къуажэми къащыщlащ псори къалэхэм къэlэпхьуащ. Я сабийхэр ирагъэджэнрэ езыхэри лэжьэн я унафэу Кайсери, Анкара, Истамбыл къалэхэм кlуахэщ. Псэукlэ хъарзынэ яlэу къалэхэм щопсэухэр. Гъэмахуэхэм къуажэм унэ щырагъэщlауэ къэкlуэжри куэдщ. Къуажэр мэзым зэрыхэсым щхьакlэ мэз къуажэу къэралым елъытэр. Удзыпцlэ дэхащэу щхъуэнтlагъэ икуэду дэхащэу зы мэз къуажэщ. 

Къуажэм ипэдыдэ къэтlыса къуажэр зуухуа лlыцlэхэр Тамбий Хъатукьщыкъуэ, Ажгэри Кушук, Кlэрэф Тыкъуэ, Шакь Нэгъуей, Зыхуэхъу Хьажы, Кейсын Батl, Хьагъундокъуэ Якъуб, Нэгъуей Яхьящ, Иту (Хьажбрам) Аслан. 

Думэныщ Махьмуд азейым и меру иужъкlэ Кабактебэ къыдэтlысхьау щтащ. Абы и бын Проф. Хьайри Доманич хуабжьу цlэрыlуэу псэуащ. 

Лlы цlэрыlуэу щыпсэуахэр. 

Хьагъундокъуэ Ислам, Алий, Мэмдухь, Хьасан, Дэмэлей Нури, Михьрали, Зеки, Лъэпщыкъуэ Кемал. Шакь Сами. Хьилми, Уэхьби Къоддзокъуэ Зия, Жамбылэ Гази, Фикрэт, Тамбий Фозэдин, Тlэщ Нэжат, Изэт, Думэныщ Махьмуд, Хьайри, Зеки. 

Кабактебэ къуажэ, 1965. Сэмэгумкӏэ щыщӏэдзауэ; Тӏэщ Нэжат, Шыкуэ Мемдухь, Къодзокъуэ Зия, Хьагъундокъуэ Хьасан, Кӏэрэф Рыфат. Сурэтыр къызыкъуэкӏар; Хьагъундокъуэ Юджэлщ.

Yazarın Diğer Yazıları

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Тохъ Хьэблэ / Ташлыгечит

Тохъ Хьэблэ къуажэр 1859-хэм хэкур я бгынэу къикlа Анзорей къуажэм я хэсу хэкум Анзорей щlыналъэм къикlахэм къахэкlри Тохъ Хьэжы Темрыкъуэ, и щхьэгъусэ Гущэрэ и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img