Бжьыхьэ пщэдджыжьым дыгъэ нэбзийхэр щIылъэм щоджэгу. Къалэшхуэм дэс сабийхэр гуп-гупурэ еджапIэм кIуэрт. А сабий гупым зы хъыджэбз цIыкIу яхэтт псоми къахэщу: и щхьэц сырыхуфэхэр тIууэ ухуэнат, и нэ удзыфитIым нурыр къыщIихт . Уэршэру здэкIуэм, къызэщIэувыIыкIти бзу цIыкIухэм я бзэрабзэ макъхэм щIэдэIут, зыгуэр игу къэкIыжа нэхъей, и нэхэр ятеплъызауэ щыму щытт зы тIэкIурэ. ИужькIэ зричти, пщIащэ къелъэлъэхахэр дрипхъейрт, гухэхъуэу дыхьэшхыурэ. Ар зылъагъу сабийхэр зэрехьэжьэрти езыхэми апхуэдэ дыдэу ящIэрт. А тхьэIухудым и цIэр Сэтэнейт.
Сэтэней гуфIэжу еджапIэм кIуэрт, зы удз гъэгъа Iэрамэ IэщIэлъу, дэлъей-къелъыхыу. Мы дунейм теттэкъым а хъыджэбз цIыкIум гуауэшхуэ игъэвауэ къызэрыпщIэн. Сэтэней и анэ ФатIимэ илъэситI ипэкIэ дунейм ехыжат. Уз Iей зэрыпкърытыр къащIа нэужь, куэдрэ псэужакъым. Анэмрэ пхъумрэ апхуэдизкIэ зэщхьти, зылъагъухэм «фяку джанэ дэвгъэсыкI» къыжаIэрт. ФатIимэ цIыху щабэт, губзыгъэт икIи тхьэIухудым хуэдэу дахэт. И сабий закъуэм щыгуфIыкIырт. ФIыуэ илъагъу и щхьэгъусэмрэ и сабиймрэ гу ящихуакъым. И псэугъуэу, гурылъ дахэ куэд ищIам и зы пычыгъуи къемыхъулIауэ, ФатIимэ дунейм ехыжащ.
Сэтэней игъащIэкIэ щыгъупщэнукъым и щхьэгъусэр щылIа махуэм и адэм телъа гуIэгъуэр. Уэшхыр къежэхт, пэгункIэ къракIыхым хуэдэу. И адэм и нэпситIыр къелъэлъэхыу ФатIимэ и хьэдэм щхьэщытт. ЦIыхухэм : «Артур, абы зыри пхуещIэжынукъым!» -жаIэхукIэ нэхъри и гур пикъузыкIырт, зыми и псалъэ зэхихыну хуейтэкъым. И сабий ныкъуэпIымрэ къытепсыха гуауэмрэ зэрыпэлъэщынум и акъылыр триухуэфыртэкъым. И пэшым къыщIэкIыртэкъым, зыми емыпсалъэу, и щхьэгъусэм и сурэтым махуи жэщи еплъу щыст. Сабийр гуэныхьщ жиIэри, быф анэ къыхуищтащ , Сэтэней дэджэгун , дэIэпыкъун , игъэсэн папщIэ. Езы Сэтэней и жагъуэ хъурт и адэр куэдрэ къызэремыпсалъэр, ауэ итIани абы нэхърэ нэхъыфIу илъагъу мы дунейм теттэкъым.
Илъэсхэр псынщIэ дыдэу блэлъэтри, Сэтэней школыр къиухащ. «Хитро» аэропортым къыщетIысэха кхъухьлъатэм и трапым къытеуващи, Сэтэней игу щызу мэбауэ. Мис зыщIэхъуэпсари къехъулIащ: Лондон и еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьащ. Ауэ и адэ къигъэнам и деж и гур щыIэщ. Гуауэм щхьэлажьэ ищIа и адэм къримытыфа лъагъуныгъэм и гур хущыщIэрт. Ауэ и псэм пэгъунэгъу, и сабиигъуэр дахэ къыщызыщIа Джек мы къалэм зэрыщыIэр и гурыфIыгъуэт , а еджапIэ дыдэм зэрыщIэсым гукъыдэж къритырт .
Сэтэней и нэр техуащ удз гъэгъа Iэрамэ зыIэщIэлъ, гуапэу къыхуэгуфIэ щIалэм. Ар Джект. Зэримылъэгъуа илъэсищым къриубыдэу щIалэм и теплъэм зихъуэжат: нэхъ плIабгъуэ хъуат, нэхъ балигъ хъуауэ уIуплъэрт, зэщIэкъуэпат, екIуу хуэпат.
Сэтэней занщIэу и нэгу къыщIэувэжащ япэ дыдэу Джек къызэрицIыхуар: мэжэлIауэ, езэшауэ, зи къэлътмакъыр ерагъыу «къэзылъэфыж» Сэтэней зы щIалэ къамылыфэ цIыкIу къыбгъэдыхьэри урысыбзэ ныкъуэкIэ къыжриIащ: «Давай я носить твой груз»
-Пожалуйста,только не убегай с рюкзаком.
-Почему ты ходить один?
-А я привыкла к одиночеству…
-А давай дружба, мне тоже один, тут я никого не знаю. Я Джек.
-А я Сатаней, приятно познакомиться!
Сэтэней абдеж къищIащ Джек зэрыинджылызыр, Лондон зэрыщыпсэур икIи гушыIэ хэлъу «Джек-Лондон»-кIэ еджэу щIидзащ.
Гуапэу фIэхъус зэрахри зэщIэупщIахэщ.
-НакIуэ, уезэша хъунщ. Уи адэр щIэлъэIуа фэтэрри къыпхуэзгъуэтащ , еджапIэм пэмыжыжьэу упсэунущ,-жиIащ Джек
Хъыджэбзым иIыгъ хьэпшыпхэр и машинэм иригъэзагъэри ежьахэщ къалэшхуэм и уэрам бгъуфIэм тету.
Иужь дыдэу Джек Сэтэней щилъэгъуар илъэсищ ипэкIэт. Абы щыгъуэ сэлам кърихыжу кхъухьлъатэм къизыгъэтIысхьэжа хъыджэбз сырыху цIыкIуратэкъым иджы Джек къыбгъэдэсыр, атIэ IэпкълъэпкъкIэ зэкIуж, зи щхьэцыр дахэу зэщIэкъуа, зи нэхэм вагъуэ щылыду къеплъ хъыджэбз щхьэпэлъагэт.
Сэтэней зыщIэтысхьа еджапIэр ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ. АпхуэдизкIэ бзэм хуэIэзэти, езыгъаджэхэр нэ лекIэ къеплъырт.
Дипломыр къыщыIэрыхьа махуэ дыдэм щылэжьэну лэжьапIэри убзыхуа хъуащ.
Здеджа университетым архитектурэмрэ ухуэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым ириджэри къыжриIащ: «Уэ пхуэдэ IэщIагъэлI хуэныкъуэу лъэIукIэ зыкъытхуагъэзащ ди къудамэм пыщIауэ лажьэ компаниешхуэм. Уарэзымэ, архитектору удогъакIуэ».
-СэркIэ ар насыпышхуэщ. ЩIэныгъэу къызбгъэдэфлъхьар слъэкI къэзмыгъанэу къыщызгъэсэбэпыну укъызогъэгугъэ», -и нэхэр къилыдыкIыу, кIэщIу бауэу, гуфIэгъуэм зэщIищта Сэтэней зыкIэлъигъэпIащIэу псалъэрт.
-Аращ, Сэтэней, сызэрыпщыгугъри . Иджы пIалъэ къыхыумыгъэкIыу уи документхэр хьыи, узэрылэжьэнумкIэ лъэIу тхылъ тхы.
Жэщыр хэкIуэтэху Сэтэней жейм езэгъакъым . И адэм епсэлъа нэужь, хъыджэбзым и нэпсхэр къекIуауэ, анэм и сурэтым бгъэдэсащ куэдрэ и ехъулIэныгъэхэр хуиIуатэу .
Мис иджы, и гур зэгъауэ, жей IэфIым хелъафэ пщащэр.
Зэрихабзэу, Сэтэней жьы дыдэу къэушащ , и документхэр къищтэри жыхуаIа лэжьапIэм кIуэну къыщIэкIащ. Пщащэм лъэсу къикIухьын фIэфIти, паркым кIуэцIрыкI лъэс лъагъуэм тету здэкIуэм гу ялъитащ тетIысхьэпIэм хэплъэу, нэщхъейуэ тес лIымрэ гуфIэу абы и хъуреягъыр къэзыжыхь сабиитIымрэ. Хъыджэбз цIыкIур илъэсих-блы хъунт, щIалэ цIыкIур илъэситI-щы хуэдэкIэ нэхъыжьынт. Зи щхьэцыр тIууэ пыпхыкIа хъыджэбз цIыкIур сырыху цIыкIут, щIалэ цIыкIур къамылыфэт. Сэтэней къызэщIэувыкIащ, и нэхэр тетIысхьэпIэм тедияуэ и гукъэкIыжхэм зэщIаIулIауэ щытщ…
-Сэтэней, си хъыджэбз цIыкIу, сэ сыныппежьащ, умыгузавэ -Артур и макъыр лъахъшэу къиIукIырт телефоным.
-Хъунщ, папэ, сэри сыкъызэфIэкIащ.
Адэмрэ пхъумрэ щыму зэбгъурыту макIуэхэр. Артур къыхуэкIуэ щIалэ нэфIэгуфIэ цIыкIур къабгъэдыхьащ «фи пщыхьэщхьэ фIыуэ» жиIэри.
-Папэ, зэгъэцIыху, мыр си ныбжьэгъущ, и цIэр Джекщ. Лондон къикIащ, мыбы гъэмахуэ мазищым зыщегъэпсэху.
-Сэ сы-Артурщ, си гуапэщ.
-Сэтэней сыкъыпежьауэ арат – ерагъыу къыдришеящ Джек.
-Упсэу, щIалэфI, фынакIуэ атIэ, паркымкIэ дыкIуэцIрыкIыжынщ.
Джек тепсэлъыхьырт Къэбэрдейм фIэфIу къызэрыкIуэм, Налшык къалэр хуабжьу игу зэрырихьым, щыпсэуну зэрехъуапсэм. Артур зыри жимыIэу щIалэм едаIуэрт, икIи, имыцIыху пэтми, и гум, и псэм дыхьэрт и псалъэкIэр,зыIыгъыкIэр.
ЕтIуанэ махуэм Джек Сэтэней къеупщIащ: «Уи адэм и шыфэлIыфэр сигу ирихьакъым, къеузIарэ хьэмэрэ фIэфI мыхъуауэ ара сыкъызэрыппежьар?»
-Хьэуэ, Джек. ИлъэсиблкIэ узэIэбэкIыжмэ ди унагъуэм гуауэшхуэ къихъуащ – си анэр дунейм ехыжащ. Абы лъандэрэ папэ гъащIэм гукъыдэж хуиIэжкъым.
-Сэтэней, уи адэм фIыщэу укъызэрилъагъур и нитIым къыщIих хуабагъымкIэ къыбощIэ…
Зыгуэр къыщIэрыIам ещхьу, Сэтэней къыхэскIыкIащ, и гукъэкIыжхэм къаIэщIэкI хуэдэ, и лъэбакъуэр псынщIэ ищIащ.
ЗыщIыхьэну кабинетым деж щытщ и гур пIейтейуэ. Секретаршэм «ущIыхьэ хъунущ» къыжриIащ. Бжэр хуэму Iузыха Сэтэней и пIэм ижыхьащ: къыщогуфIыкIри Джек стIолым бгъэдэсщ.
-Къеблагъэ, Сэтэней,-къэджащ ар.
-ФIым дыхуиблагъэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, уэращ зи фIыщIэр си къэкIуэныр.
-Хьэуэ, Сэтэней, сэ уи цIэ къисIуакъым, къикIуэт имыIэу зи IэщIагъэм хэзыщIыкIщ къытхуагъэкIуэну сылъэIуауэ аркъудейщ. ИкъукIэ си гуапэ хъуащ, Сэтэней, апхуэдэ IэщIагъэлIу укъызэрыщIэкIар.
Джек и лэжьакIуэхэр къызэхуишэсри Сэтэней яригъэцIыхуащ.
Япэ лэжьэгъуэ махуэр и кIэм нэблэгъащ. Гупым ящыщ щIалэ щхьэпэлъагэ нэкъуэлэныр пыгуфIыкIыу Сэтэней къыбгъэдыхьащ.
-Cэ си цIэр Томщ. Си гуапэу унэсшэсыжыфынущ.
Абы хэту Джек къыжреIэ:
-Сэтэней, дызэрызэгурыIуам тету, сыножьэ. Мами папи узрагъэцIыхуну къытпоплъэ.
-Том, укъызэрысцIыхуар си гуапэщ, къысхуэгъэгъу, зэрызэхэпхащи, хьэщIапIэ сокIуэ.
Зэщыгуфlыкlыжу щIэкIыж Джекрэ Сэтэнейрэ кIэлъыплъурэТом игукIэ жеIэ: «Си гъусэу ущыщIэкIыжын махуэри къэсынщ мыгувэу».
Апхуэдэурэ махуэхэр кIуэрт. ПроектыщIэ зэлэжьхэм гупыр зэпэгъунэгъу ищIат. Сэтэней къыдэлажьэхэм занщIэу ягу дыхьащ: и гупсысэкIэр пыухыкIат, и псалъэхэр кIэщIт, купщIафIэт. Псом хуэмыдэу Том нэхъ нэ лейкIэ къеплъырт. Сэтэней Том хуэгуапэт, ауэ нэгъуэщI гукъэкI зыри хуиIэтэкъым. Езы щIалэм Сэтэней гъащIэ гъусэ ищIыну щIэхъуэпст. Абы гу лъызыта Эмми Сэтэней къыжриIэт мыбэлэрыгъыну: «Сакъ, Том и гум ирилъхьаIамэ, Iэрымыхьауэ увыIэнукъым».
-Сыт атIэ абы Iейуэ хэлъыр? -пыдыхьэшхыкIащ Сэтэней.
-Уэ къыбгурыIуэркъым, абы зыхуейр къыIэрыхьэн щхьа, сытри хуэщIэнущ.
-Мис абдежым дыкъыщыувыIэнщ, -жиIэри, Сэтэней Эмми зришэкIащ, дыхьэшхыурэ.
А махуэ дыдэм Том Сэтэней зыщIэс фэтэрыр зей цIыхубзым зыхуигъэзащ, щхьэусыгъуэ ищIу Сэтэней къыщIигъэкIыжыну елъэIури, ахъши иритащ.
Том зыхуейр къехъулIащ, етIуанэ махуэм Сэтэней нэщхъейуэ лэжьапIэм къыщIыхьащ.Том занщIэу Сэтэней къеупщIащ щIэнэщхъеймкIэ.
-Фэтэрым сыкъыщIагъэкIыжащ, и пхъум и унагъуэр и гъусэу загъэпсэхуну къокIуэжхэр.Сэ лей сыхъуащ.
-Абы щхьэкIэ умынэщхъей,зыгуэр къэдгупсысынщ.АпщIондэху си деж ущыIэнщ. Унэр инщ, пэш лейхэр сиIэщ.
-Сыт уздэщыIэн ущIимыIэр? – Джек и макъыр къэIуащ. ЗэплъэкIхэмэ, гупым ягъэхьэзыра проектыр иIыгъыу Джек къыщытщ.
-Папэрэ мамэрэ сыдагъэхьэжынкъым узимыгъусэу.
Сэтэней пыгуфIыкIащ, занщIэуи арэзы хъуащ. Том нэщхъей къэхъуащ: аргуэру и мурадыр къехъулIакъым.
Сэтэней Эмми къыжриIар игу къэкIыжащ, гурыщхъуэ гуэрхэми и щхьэм щызэрызехьэу щIадзащ. Джек и адэ-анэм пщащэр фэтэр ягъэкIуэн ямыдэу, я унэ къыщIанащ. Махуэхэр блэлъэтащ, илъэсри кIуащ. Джек и адэ-анэм адыгэ пщащэ цIыкIур ягу ирихьат, фIыуи ялъэгъуат хъыджэбз нэмысыфIэр. Къахуэмыгъэсу пэплъэхэрт ныбжьыщIитIым я насыпыр щызэрапхыну махуэм.
Сэтэней зи пашэ гупым ящIа проектым ипкъ иткIэ ухуэныгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIым кIэлъоплъри щыIэщ Том. Телефоныр къеуащ. Джект къэзыщIыр: «Том, ди лъэмыжым деж сыщыножьэ».
Том къыгурыIуащ хъыбар гуэр зэрыщыIэнур. Зэклассэгъуу щыта, зы партэ дэса, еджапIэ нэхъыщхьэр зэгъусэу къэзыуха щIалитIым «я псэр зы чысэм илъщ» жыхуаIэм хуэдэт. Зэрысабийрэ а тIум зэхуэзапIэу а лъэмыжыр яIэт, я гурыфIыгъуи, ехъулIэныгъи, гурыгъузи щызэхуаIуатэу.
ПIалъэ къыхимыгъэкIыу Том ежьащ. Дунейри къызэщIиуфат, пшэ фIыцIэхэр къытехьэрт. Том хуэпIащIэт и ныбжьэгъум къыжриIэнум.
Джек куэд щIауэ хуейт Сэтэней а лъэмыжым ишэну. Мис иджы а лъэмыжым тетщ, лъагъуныгъэ зыхуищIа пщащэр и гъусэу, куэд щIауэ хуищIа гухэлъыр хуиIуэтэну къригъэблэгъауэ.
-Сэтэней, фIы дыдэу узолъагъу,сыхуейщ ди насыпыр зы тщIыуэ дызэдэпсэуну, -жиIэри, мыщIэ дахэ зэрылъ Iэлъыныр Джек Сэтэней къыхуишиящ.
Сэтэней и нитIым нэпсхэр къытелъэдауэ зы тэлайкIэ ищIэнур имыщIэжу щытри, гуфIэгъуэм зэщIищтауэ щэхубзу жэуап итащ:
-Сыарэзыщ…
Лъэтэным хуэдэу лъэмыж дзакIэм теувауэ Джек кIийрт:
-Арэзыщ!!!
Сэтэней гузавэу «къех, уехуэхмэ-щэ» жиIэу елъэIурт.
Мис Том къэсауэ лъэмыж кIапэм къытохьэ. Уэшх ткIуэпс пIащэхэр къригъэжьащ щIыфэм зыпхидзу. «Арэзыщ!» -зэхех Том гуфIэгъуэ зыщIэт макъыр, икIи маплъэри къелъагъу: Джек лъэмыж дзакIэ дыдэм тетщ и Iэхэр ину зэкIэщIэхауэ, и нэгур уафэмкIэ Iэтауэ. НапIэзыпIэкIэ Джек дзакIэм гуэлъэтри, лъэмыжым ехуэхащ.
Сэтэней и кIий макъыр къэIуащ. Том зречри лъэмыжым йолъэ. Сэтэней псэ гузэвэгъуэр телъу лъэмыжым къежэхри, псыхъуэмкIэ дэлъэдащи, кърикIыхыу къешх уэшхыр зыхимыщIэу гъуэгыу псы Iуфэр къызэхежыхь.
Мес, Том Джек и IэплIэм илъу псым къыхокIыж.Сэтэней абы ябгъэдэлъэдащ, Джек и щхьэм къежэха лъыр щилъагъум, зэфIэмэхащ. Том къриджа дэIэпыкъуэгъу псынщIэр щIэх дыдэу къэсащ, арщхьэкIэ зи щхьэ удын хьэлъэ зыгъуэта Джек сымаджэщым нэмыс щIыкIэ и псэр хэкIащ…
… Уэшхыр кърикIыхыу къешхырт. КъыпфIэщIынт, Сэтэней зыщIэхъуэпса насыпыр илъэсыжу…
Илъэсибл и пэкIэ къызэрыкIа кхъухьлъатэшхуэм Сэтэней йотIысхьэж.
Илъэс хъуащ Джек зытемытыж дунейм Сэтэней зэрыщыпсэурэ, зы махуэм нэхъ адрей махуэр нэхъ къытехьэлъэу. ХэкIыпIэу игъуэтар зыщ: хэкум къигъэзэжынырщ. Къанэ жаIэу къелъэIуа Джек и адэ-анэри, Томи, Эмми Iэ къыхуащIурэ кърагъэжьэж.
Кхъухьлъатэр уэгум ихьэжащ. КъыпфIэщIынущ Сэтэней Iурихауэ жейуэ, арщхьэкIэ пщащэм и нэгу щIэтщ и адэм и теплъэр, и псалъэ пэжхэри и тхьэкIумэм щоIу: «Мы дунейм зы щIыналъи теткъым ущалъхуа хэкум хуэдэ! ГуфIэгъуэр къыбдэзыIыгъри, гуауэр къыбдэзыIэтри, гум и уIэгъэм хущхъуэгъуэ хуэхъури -ущалъхуа Хэкурщ. Аращ, си хъыджэбз, адыгэм «Бланэ щалъхуа йокIуэлIэж» щIыжаIэр».
Тхыгъэр зейр:
Мамбэт Лизэ Казбек ипхъу, Абзыуанхьэблэ дэт езанэ курыт еджапIэ.
ЕгъэджакIуэр: КъуэщIысокъуэ Мадинэ Борис ипхъу.