Благъуэжьым и хъыбар

0
486
Батыр Марят

Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Благъуэжьым мурад ищIащ пащтыхь лъэщым зэрыхуэлэжьар и бынхэм яжриIэжыну. Пащтыхь Кургъуокъуэ езыр хахуэт, зытемыгушхуэ щыIэтэкъым. Ар благъуэр зыщIэс бгъуэнщIагъым къезэуэну къэкIуат. ИгъэщIэгъуащ благъуэм зэуакIуэм игурэ и щхьэрэ зэрызэтелъыр, икIи арэзы хъуащ абы езэуэну. Зэхэуэр яублэри куэдми мащIэми махуищрэ жэщищрэкIэ зэзэуахэщ, Кургъуокъуэр къытекIуащ благъуэм.  

– УкъыстекIуащ, щIалэ. Сыт ухуейми жыIэ, пхуэсщIэнщ, – жызоIэ.  

– Лэжьыгъэшхуэщ уи пщэм дэслъхьэнур, – къитащ жэуап пащтыхьым. – сэ пхъу сиIэщ МелижанкIэ еджэу. Ар ин хъууэ и ишэгъуэр къэсыхукIэ укIэлъыплъыну, схуэпхъумэну уи пщэ изолъхьэ.  

– Хъунщ, абыкIэ укъызогъэгугъэ, – изотыж жэуап. 

Абы иужькIэ илъэс пщыкIух блэкIащ. Пащтыхьым и пхъур быдапIэм щысхъумэрт. ЗэгурыIуэ-зэдэIуэжу дыпсэуащ пащтыхьымрэ сэрэ зэдухылIа зэманыр къэсыху. 

Хъыджэбзым и ишэгъуэ къыщысым, пащтыхьым унафэ ищIащ сэ къарурэ IущыгъэкIэ къыстекIуэфым и пхъур иритыну. 

– Мелижан, – жриIащ и пхъум Кургъуокъуэ,- сэ уэ гъуджэ хьэлэмэт уэстынущи, къыплъыхъу щIалэхэм абыкIэ уакIэлъыплъыфынущ. Благъуэжьым къытекIуэфыр арщ уи насыпыр зыхэлъри якIэлъыплъ, яхуэсакъ. Зыгуэр Благъуэм къытекIуэху, мы быдапIэм укъыщIэмыкI. 

Щхьэныкъуэ Аминэ

– Хъунщ, си адэ лъапIэ, – щхьэщэ хуищIащ и адэм Мелижан. 

Мазэ зыбжанэкIэ къэкIуащ быдапIэм щIалэ хахуэхэр. Дэтхэнэри акъылкIэ, бзаджагъэкIэ къыстекIуэну яужь итт. Зыри къыстекIуэфыртэкъым. Мелижан псоми гъуджэмкIэ и нэIэ тригъэтт, бзаджагъэ зехьэпIэ яримыту. Апхуэдэу екIуэкIыурэ зы махуэ гуэрым зауэлI цIэрыIуэ Къаплъэн-Джэрий бгъуэнщIагъым гъунэгъубзэу къекIуэлIащ. Къиуващи ар си пащхьэм, дыхьэшхыпцIу псэлъэн щIедзэ: 

– ИIэ, сыкъэпщытэ, пащтыхьым и пхъум щхьэкIэ сыппеуэну сыкъэкIуащ! 

– Ар куэдрэ? – изот жэуап. – Уи къарура къэдбгъэпщытэнур хьэмэрэ акъылкIэ укъыспеуэну, къыхэх? 

– Сэ псоми сыпэлъэщыфыну сыкъегъэгугъэ! Уэ узыхуейр къыхэх. 

– Уей, уэ сэ слъагъум уи гурэ уи щхьэри зэтелъмэ. ИIэ-тIэ, уи къарур къэспщытэнщ. Мо-одэ мо бгым и лъабжьэм мывэ хъуреишхуэу плIыщIрэ хырэ щылъщ. Ахэр псори бгыщхьэ дэхьей. 

– Хъунщ, ауэ гъуэгу кIыхьым сригъэшащ. СыкIуэнщи япэ щIыкIэ сыжеинщ, зызгъэпсэхунщи итIанэ згъэзэщIэнщ жыпIар.  

Ар жиIэри Къаплъэн-Джэрий бгы лъапэм деж гъуэлъащ. 

ДауикI, ар сэ гъэщIэгъуэн сщыхъуащ, ауэ и гугъу сщIакъым. Жэщыр фIыуэ хэкIуэтауэ къэуша Мелижан и гъуджэм иплъэмэ, телъыджэ елъагъу. Къаплъэн-Джэрий етIыркъыурэ зэкIэлъхьэужьу мывэхэр бгым дрегъэжей. Илъагъур и фIэщ мыхъуу, езыр плъэну кIуащ, зы мыви щымылъыжу ирихьэлIащ. 

Хъыджэбзым гу къылъитэри щIалэр бгым къехыжащ: 

– Уэ пащтыхьым урипхъу хъунщ. Сэ си цIэр Къаплъэн-Джэрийщ. 

– Си цIэр Мелижан. КъызжомыIэ псори дэпхьеяуэ.  

– Дэсхьеящ! Иджы уи хъумакIуэм укъысхуиутIыпщын хуейщ. ЗэщIэкъуэ уи хьэпшыпхэр. Уэ тхьэIухудыр узимыгъусэу сыкIуэжынукъым! 

– Лэжьыгъэр бухамэ, пщэдджыжь благъуэр къэкIуэнурэ еплъынущ. 

Арэзы хъуащ щIалэр. 

Нэху къекIри згъэщIагъуэу сеплъащ мывэ къомыр бгым зэрытелъым. Хуит сщIри хъыджэбзымрэ щIалэмрэ сутIыпщащ. Хъыджэбзым щэхуу си кIапэм телъ фэм щыщ къезгъэщтащ. «Укъысхуэныкъуэ хъумэ, мафIэм хуэхьи, занщIэу сынэлъэтэнущ» – жысIэри. Зэрежьэжыр и жагъэу къеплъэкIыурэ Мелижан ежьащ, Къаплъэн-Джэрий и гъусэу 

Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, къалъэгъуащ абыхэм хамэ къэрал къикIа сондэджэр, икIи мурад ящIащ абы еупщIыну: 

– Уи махуэ фIыуэ, сатуущI. Си цIэр Къаплъэн-Джэрийщ, мыр – Мелижанщ. Дэнэ ущыщ? Дэнэ укIуэрэ? ПщIэуэ пIэрэ, пащтыхьым и къуажэр жыжьэ щыIэ, щIэх дынэсыну? 

– Сэ си цIэр Къарэщ, Мысырым сыкъокI. Иджыпсту фи пащтыхьышхуэм и деж сокIуэ. ФыкъитIысхьэ, фыздэсшэнщ, – къажриIащ сатуущIым. 

-Тхьэм уигъэпсэу, щIалэфI,- фIыщIэ хуищIащ абы Мелижан. 

Жэщым хъуауэ къуажэ зэхэкъута гуэрым нэсахэщ. Къэхъуам щIэупщIэурэ абыхэм къащIащ къалэм къаплъэн фIыцIэшхуэ къыдыхьэу зыкъэмнэ зэтрикъутэу зэрыбзэхыжар. ФIэфI хъуакъым ар пащтыхьым и пхъум, Iуэхур нэгъэсауэ зэхигъэкIыну игу ирилъхьащ. Къаплъэн-Джэрий жэщым къыздэувыIэн лъыхъуэну IукIащ. Къарэ и гъусэу Мелижан къуажэкум ит шхапIэм щIыхьати, шхын къахуэзыхьа унэгуащэм еупщIащ: 

– Уи махуэ фIыуэ, сэ сы-Мелижанщ, мыр си ныбжьэгъу Къарэщ. Къаплъэн фIыцIэм теухуауэ сыноупщIынут. 

– НэхъыфIыжу. А-а, а махуэм сэ сылажьэти, псори ди Iэхъуэ Музрэч деж къыщысщIащ. Фыхуеймэ феупщI абы, ар мыбдежым гъунэгъуу щопсэу. 

– Упсэу, нанэ, – жиIащ Къарэ, – къэдгъуэтынщ Музрэч. 

Къарэ ищIэт Iэхъуэр здэщыпсэури, абы и унэм нэсащ. ФIэхъус зэрахащ. 

– Къеблагъэ. Куэд щIауэ услъагъуэкъым, Къарэ. Сытым укъысхуихьа, си ныбжьэгъу? 

– СыноупщIынут къаплъэным къызэрыфтеуам теухуауэ. 

– А-а, сощIэж… Ауэ сэ Iэщхэм сахэтти, псори и кIэм нэблэгъауэ сыкърихьэлIэжауэ ара. ЕупщI щхьэлтет Асчэр. Ар нэхъ щыгъуазэщ. 

Iэхъуэм здэкIуэнур къаригъэлъагъури, тIури адэкIэ ежьэжащ. 

– Пэжщ, слъэгъуащ къаплъэн фIыцIэр, – къаритащ жауэп Асчэр. – Ар езыр езыру зыщIыпIи кIуэркъым. ЩIалэ гуэрым къигъэкIуауэ арат ар, и цы налъэ мафIэм хуихьри. Пщымрэ а щIалэмрэ зэщыхьат, щIалэр къызэрыIэрыхьэу, пщым щхьэпылъэ ищIынут. Арати благъуэ фIыцIэжьыр къриджэри езыр щIэпхъуэжащ, къаплъэным къалэм и ныкъуэр хьэбэсабэу игъэщэщащ. 

– Сыт щыгъуэ ар къыщыхъуар? – щIэупщIащ Мелижан. 

– Махуищ блэкIащ абы лъандэрэ, тхьэIухуд. 

– Сыт а щIалэм пщым ирищIар? Сытыт ар къыщIалъыхъуэр? 

– Тэмэму хэсщIыкIкъым. Ауэ пщым и цIыхухэр иукIауэ, ихъунщIауэ ягъэкъуаншэт. 

-Тхьэм куэдрэ уигъэпсэу, Асчэр, – Къарэрэ Мелижанрэ щхьэлтетым фIыщIэ хуащIащ. 

– Сыт адэкIэ тщIэнур? Дауэ къэдгъуэтыну а щIалэр? – йоупщI сондэджэрыр Мелижан. 

– Сэ ар хэтми къэсщIауэ си гугъэщ. Иджы бзаджэнаджэр къыщIэгъэщын хуейщ. 

– Дауэ ар къызэрыщIэбгъэщыну уи гугъэр? Уэ абы упэлъэщыну? 

– Умыгузавэ, Къарэ. Сэ сиIэщ къыздэIэпыкъун ныбжьэгъу. 

– Хъунщ-тIэ. Ауэ зыгуэркIэ иджыри укъысхуеймэ, хъыбар сыгъащIэ. Сэ мы къалэм сыкъэнэнущ. 

– Хъунщ. Узыншэу ущыт. 

Зэныбжьэгъухэр зэбгъэдэкIыжри, Мелижан и Iуэхум яужь ихьащ. Сэ естауэ щыта си кIэм и фэр къищтэри мафIэм хуихьащ, сэри напIэзыпIэм сынэсащ. Си хъыджэбзым Iуэхур зыIутыр къызжиIэжри, сэри къызгурыIуащ Къаплъэн-Джэрий тIури дыкъызэригъэпцIар. Сызэрыщыуар къызгурыIуэжат, ауэ уэшх блэкIам щIакIуэ кIэлъумыщтэж жыхуиIэрати, къыпхуегъэгъэзэжынутэкъым. ДызэгурыIуащ дауэ тщIыми бзаджэнаджэр къэдубыдыну. Сэ зызгъэпщкIуащ. Абы хэту Къаплъэн-Джэрии къэсыжащ.  

– Дауэрэ ухъуа? – щIэупщIащ щалIэр. 

– ЩIалэ гуэрым къаплъэн къриджэу ялъэгъуат. 

– Пэжуи? – игъэщIагъуэ нэпцI зещI Къаплъэн-Джэрий, и нэхэр игъэпщкIуурэ 

– Ар хэт уэ уи гугъэмкIэ? 

– Cэ сщIэрэ? Мы къалэм сэ зэи сыщыIакъым. Зыри щысцIыхукъым.  

– АтIэ дауэ къэпщIа пащтыхьыр малъхъэ зэрылъыхъуэр? Си адэм и хэкум нэмыщI, ар зыщIыпIи щыжаIакъым, зыми ищIэкъым. 

– Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр? – жиIэу щIалэр Мелижан щекIуэталIэм, сэ занщIэу яку зыдэздзащ: 

– ПсынщIэIуэу укъэзутIыпщащ. Мывэ къомыр бгым дэзыхьеяр уэрамэ, сэри укъыспэлъэщынущ, къызэзауэ. ИтIанэ уи текIуэныгъэм зы шэч къытесхьэнкъым. 

– Сэ псори жыфIау хъуар згъэзэщIащ. Иджы Кургъуокъуэ пащтыхьым и пхъум срищауэщ. 

– Къызэзауэ, армырамэ, усшхыжынущ! 

ЗауэлI цIэрыIуэр и гъащIэм щхьэкIэ шынагъуэм зэщIиубыдати, и жыпым щхьэц фIыцIэ кърихри мафIэм хуихьащ, къаплъэнышхуи си пащхьэм къыщыхутащ. Сэ къаплъэным сезэуэхукIэ щIэпхъаджэр щIэпхъуэжыну еIат, ауэ пащтыхьым и зауэлIхэр и гъусэу къэсри къэрабгъэр япхащ. 

– Сыт мыбдежым щыфщIэр? – еупщIащ Мелижан и адэм. 

– Зы щIалэфI къызжиIат си пхъур бэлыхь хэхуауэ. ЗэрыслъагъумкIэ, пцIы иупсакъым. 

– Сыт хуэдэ щIалэфI? – и упщIэр нимыгъэс щIыкIэ пащтыхьыпхъум мыжыжьэу къилъэгъуащ шым тес Къарэ. ЗыхуэгуфIэт тIури. 

Мелижан и адэм жриIэжащ къэхъуа псори, сатуущI щIалэр къызэрыдэIэпыкъуари, сэ сыкъриджэн хуей щIэхъуари. 

– Апхуэдиз илъэскIэ пхъумэфа си хъыджэбзыр дауэ занщIэу бутIыпща? Вгъэзэж быдапIэм, – жиIащ пащтыхьым къэгубжьауэ. 

Ар щызэхихым Къарэ япэкIэ къыхэкIуэтри пащтыхьым елъэIуащ и пхъу закъуэр дзыхь къыхуищIыну, езы хъыджэбзыр арэзымэ, щхьэгъусэуи къритыну.  

– Хуит сыпщIмэ, сэри а щIалэр къыхэсхынут, си адэ. Благъуэри утIыпщыж, – елъэIуащ хъыджэбзри и адэм. 

– Сыарэзыщ жыпIэмкIэ, си хъыджэбз. Мы щIалэр мыхъуамэ, илъэс куэд хъуауэ къытхуэмыубыд бзаджэнаджэр иджыри тIэщIэкIынут, – жиIащ пащтыхьым.- Ар уэ щхьэгъусэ тэмэм пхуэхъунущ. 

Апхуэдэу къэзухауэ щытащ пащтыхьышхуэм хуэлэжьэныр. 

– Хъыджэбзыр дауэ хъуа? – щIэупщIащ благъуэм и бынхэр. 

– Мелижан зэгуэкIуа щIалэм дэкIуащ. Къарэ пащтыхь акъылыфIэ хъуащ, цIыхухэми фIыуэ ялъэгъуащ. Мелижанрэ Къарэрэ щалIэ губзыгъэ ягъуэтащ. Куэдрэ къэкIуащ Мелижан си бгъуэнщIагъым. Сэри абыхэм жыжьэу сакIэлъыплъу, сахуэсакъыу сыпсэуащ. Пащтыхьым хуит сищIами, сэ Мелижан схуэбгынакъым. Фи гум ивгъэлъ: япэ къэсым фи дзыхь евмыгъэз, псори фи фIэщ фымыщI, уемыгупсысу блэжьам къыпхуегъэзэжынукъым, дэтхэнэ зы Iуэхуми дерс къыхэфх. 

Апхуэдэу иухащ благъуэжьым и хъыбарыр. 

  

Тхыгъэр зейр: Щхьэныкъуэ Аминэ Рэмэзан ипхъу, Налшык къалэ дэт Къудей Елбэздыкъуэ зи цIэр зэрихьэ 14-нэ гимназием щеджэ. 

ЕгъэджакIуэр:  

Батыр Марият. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz