ЩIэныгъэр дэнкIэ щIыэ?

0
452

Илъэс щэныкъуэм фIэкIами, пэгъунэгъуу, гъэ куэд блэкIащ. Си щIалэгъуэу, Анкъара Къалэм дыдэсыу, Адыгэ Хасэм дыщыхэта гъэхэращ. Дызырэзэпсалъэр Туркубзэу, Ауэ Хасэм, ди бзэр нэхъ щызетхьэу, ЕджэкIэ/тхэкIэ зими имыщIэу хужыпIэ хъуну гъэхэрат, а гъэхэр. 

ДызылъэмыIэсыфын тфIэщIыу дыгъэлъапIэ «хэкIу»м ди лъэпкъэгъу зы гуэрэхэр къикIыу къэкIуауэ зыхэтхымэ; ахэр тлъагъун папщIэ, ди Iэ къызэрихьэкIэ, тлъагъуну дыхуеIэу.  

А гъэм, Анкара Хасэм къэкIуауэ зыхэтхар, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм’т. Iэдэм, а лъэхъэнэм, хэкум, и цIэрыIуэ тхакIуэхэм ящыщт. Абы нэмыщ, ТхакIуэ Хасэ зыхэтхэм, я нэхъыщхьэми, хэхауэ и тхьэмадэт. Туркум щIыпсэу Адыгэхэр и лъагъумэ фIэфу, адыгэ нэхъыбэ щыпсэу къэлэхэм кIуэмэ и гуапэ зэрыхъунур къыхигъэщу… 

Хэкум, къэбэрдейм къикIа хьэщIэм гъусэ хуэхъуфыну, гъуэгу гъэлъагъуэу дэщIыгъуну, щIалэ куэди щыIэт, Хасэм къекIуалIэу. Ауэ къэбэрдейыбзэр зезыхьэхэр нэхъыбэу Iузунйайлэ лъэныкъуэм къикIахэрати; Тхьэзэплъ Фэузи, Чэпар Саид, Занилэ Феййаз, Тохъу Iумит, Токъмакъ Музаффэр, ЖыгкIыхь Тахир хуэдэу я цIэхэр сигу къимынэжа щIалэ куэд щыдиIэт Iунивэрситэм щеджэ щIалэхэу. Занилэ Феййаз Урысыбзэ Филологиям зэрыщIэджэм папщIэ, гъусэ хуэхъуну абы унафэ тыращIыхьат. 

Бурса, Дузджэ лъэныкъуэм щIыIэ Адыгэхэр ялъагъуну, ЩодъэнцIыкIу Iэдэм и гъусэй Занилэ Феййаз гъуэгу гъэлъагъуэу ОвтобускIэ гъуэгу техьахэт… 

Бурса Къэлэм епхауэ зы къалэ цIыкIу Инэгол, пэгъунэгъу зы щIыпIэ дей я овтобусур полисхэм къигъэувыIауэ, Феййаз гум ирашау, зы тIэкIу дэкIа нэужь, Сэри сыраджэну лIитI Овтобусум Iуха и плIэ бжэмкIэ; къыщызэджащ, жэIэ Iэдэм: 

– Бурайа гэл! ЖаIэу, Гур зезыхуэм (шофор) и щыбагъым дэт тIысыпIэм, щхьэгъубджэмкIэ сыдэплъ хуэдэу зыфэзымгъэщIыу сыщытащ. Ауэ къызгурыIуат, Ди лъэныкъуэм щыIэ Балкъэрхэми я псэлъафэми хэтт, «Бурая джэл» жаIэу. ЕтIэнэрейуэ нэхъ ткIиуэ къыщызжиIэм, сызэплъэкIыри, гум сырашэхащ. Пхъуантэр зытырахауэ, зыIащIауэ, сытым лъыхъуэми зыIагъэзэрыхьат. Зыри, сытми зыхуейхэр щамыгъуэтым, къалэм дэт Полис ЛэжьапIэм дашэри, УпщIэ кIуэдкIэ щIэупщIахэщ. ХэкIыпIэ щамыгъуэтым; блыным дыкIырагъувэри, лъэныкъуищкIэ сурэт тырахыри, Пхэнджу къагурыIуахэм къытэхъукIауэ, зы мыхъу мыщIэ хъуащ хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ, къытхуэгузэвэжауэ, ди гъуэгум дыкъытехьэжащ…жиIэу яужькIэ сэ сыщырищигъусам, убгъуауэ къысхуиIуэтэжауэ щытащ. Мыбы хуэдэу, Феййаз дейи, я шэка гугъуехьхэр щызыхэсхыжат. 

Бурса, Дузджэ лъэныкъуэм къикIыжауэ, Кайсэри, Сивас лъэныкъуэм папщIэ гъусэ сыхуэхъуну; бзэкIэ ушэрыуэщ, Ди лъэныкъуэ Iэгъуэблъагъуэхэри ощIэ, жаIэу, унафэ ящIауэ, сэ къыслъысат сыригъусэну. 

Кайсэри дыкъэсауэ, пщыхьэщхьэми Адыгэ Хасэм дырагъэблэгъэну, нэхъыжь, нэхыщIэхэри къыраджат. Хасэм дыкIуауэ фIэхъус, зыщIэупщэнхэр зыфIэкIауэ упщIэхэр, зыхуэнэрыгъхэм щIэупщIэу, еупщIыу щIадзащ хьэщIэм. Сэри гуп зыхэсым саринэхъыщIэми, къысхуэныкъуэ хъууэ, тэрмэшыу сыбгъурысащ Iэдэм. Зы нэхъыж къэпсалIэри:  

– Фи псэукIэр сыт хуэдэ Iэдэм? ЖиIэри къеупщIащ. Iэдэми и бзэм къызэрихькIэ къажыриIа пэтми, КъеупщIам игу иримыхьауэ, къыпищащ. Уэ апхуэдэу жыпIэми, фи псэукIэр мыпхуэдэщ, жиIэу щIидзащ.  

– Уэллихи Iэдэм, уэ унэи, жэгуи диIэщ, зыми дыхуэмыныкъуэу зы псэукIэ диIэщ жыпIэми; зытетыр мырам, жиIэри пищIащ:  

– Зы лъэгагъэ зиIэ, мывэкIэ къэщIыхьа, зы Iуэшхуэм; Iуэхум фыкъыщырашыжым, Iус зыхэщIа хуэдэ гуэрэ къыватыри, ар фщхьа нэужь, хъури, бзыри зыхэкIутауэ филъщ. А Iуэ иным и тепхъуэм, цIыху къару пэмылъэщыу, ТракторитI кIэрищIауэ фтралъафэри, абы фыщIэлъщ… Тепсэлъыхьащ зэры хузфIэкIкIэ Iэдэм… Зы упщэм, адырей упщIэр кIэлъыкIуэуэ…  

Нэгъуэщ зыр къэпсалъэри, Iэдэм и ныбжьым щIэупщIащ.  

– Уи ныбжьыр дапщэ? ДапщIэм уит Iэдэм? жиIэу.  

Ипэм тощI тIощIыурэ ирибжэт, ирипсалъэт. Кэпсэлъащ Iэдэм:  

– Сэ си ныбжьыр, илэс тIощищым зы и лъэс кIэмщ. Бжыгъэ зырамыхьэж хъуам, зэгурыIуэри ХыщIым зэрынэмысар ягурыIуауэ, щIидзащ упщэр зытам: 

– Еууей, еууэй, щыжиIэм. Iэдэм къэпсалъэри:  

– Сыт апхуэдэу жыпIэн хуей щIэхъуар, Тхьэмадэ! щиIащ…  

– Мыпхуэдэу ущIалэ къуданыу, теплъэ къекIу уиIэу, убзакIуэу; … щытхъ кIыхьыр иуха нэужь:  

– Зи лъэс нэмыщ гъащIэ къыпхуэмынэжауэ, жиIау:  

– Ар сыт щхьэкIэ? жиIэри щIэупщIащ, Iэдэм.  

– НыбжькIэ хыщIым нэсахэр, хьэкум ирадзэу, абы къыщIэжымкIэ сабын иращIкъэ, фыздыщыIэм?.. 

ТIэку щымы щыта Iэдэм, пащIэ лъабжьэ щIэдэхьэшхыкIэу, псалъэм щIидзащ:  

– Ухуеймэ уи фIэщ щIы! Ухуеймэ уи фIэщ умыщI! дыщIигъуащ псалъэм:  

– Мыдэ къэдаIуэ Тхьэмадэ! МыбыкIэ сыкъэкIуэну сыкъыщежьэм, си анэм Iэплъэ есшэкIыри жесIар мыращ:  

– Сэ Мэччэ-Мэдинэ сыкIуэу «Хьэжышхуэу» сыкъыпхуэкIуэжынукъым, ауэ, Исламбол (истанбыл) сокIуэри «ХьэжцIыкIуу» сыкъыпхуэкIуэжынус жэсIэри апхуэдэу сыкъежьащ. Сабын къыхащIыкIыну щытамэ, си янэ нобэ псэун хуеякъым.  

– Си анэм и ныбжьыр, илэсищэм илэлэсиплъ фIэкIауэ гъащIэ игъуэтащ!  

Псоми заущIэхуауэ, щIым хъуахэт.  

Зыр къэпсэлащ:  

– НытIэ, Iэдэм, абы къурIэн Басмыщ щащIырэ? жиIащ. Iэдэм сыдекIэ зыкъыгъазэри: 

– Адин, (сэр папщIэ «Адин»т жиIэр, сэри, и ныбжым папщIэ и цIэр занщIэу схужымыIэу «Дотэ»кIэ сэджэт.) КъурIэныр къызгурыIуащ, ауэ «басмыш»ым къикIыр сыт?  

– ФызыдыщыIэм «КъурIэн щытырадзэрэ» къыригъэкIыу аращ Дотэ.  

– Азэрибайджаным щытырадзэ, КъурIэни диIэщ, Ефэндыйи. Абы, ефэнды хъуну еджапIей щыдиIэщ. ЕджапIэр къэзыуххэр ефэндыуэ къытхуэкIуэжу…  

Зы тхыгъэ кIэщIым темыхуэн хуэдиз упщIэрэ-пэкIуэжхэр къапсэлъу сахэдэIуэхьащ.  

Шэй ефэгъуэм хуэзэу, нэхъыжхэми игъуэу схуалъэгъуауэ, дызыщIэсым сыкъыщIэкIауэ, си щIыбагъым дэт щIалэ зытущыр Тхьэ яIуэу зэпсалъэт:  

– Уэллихи мыр «къомынисту» сифIэщ мыхъун! Къоминисту щытамэ и натэм, «Вагъуэ дамыгъэр» тырадзэнтэкъэ? ЖаIэу.  

Зы илъэс щэныкъуэ дэкIауэ, мы гукъинэм хэфлъэгъуа фэщхъуныгъэм епхахэр, щIэныгъэмкIэ зикI загъэзауэ пэрэ?  

Хьэмэрэ, мыпIэтIауэу, ипIэ итыжхэ?  

ЩIЭНЫГЪЭМКIЭ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫКЫФЫР ЯПЭ ЙОЩ!!! 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz