Щоджэнцlыкlу lэдэм, Туркум къыщыкlуам щыгъуэ!

0
468

(БлэкIа мазэ тхыгъэм кIылъыкIуэу) 

…ЩоджэнцыкIу Iэдэм Туркум къыщыкIуам Бурса, Дузджэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Адыгэхэр зэхилIэгъуэну, Занилэ Фэййаз игъусэу (гъуэгу гъэлъагъуэу) къыщакIуэхьащ, къызыхалъэгъуащ. Гъуэгум тIэкIу гугъу щырагъэхьами… (Ипэрей тхыгъэм нэхъ кIыхьыу хэфлъагъуэфынущ.)  

Кайсэри, Сивас Къалэ лъэныкъуэм, Iэдэм сэ сыригъусащ, дызыдэщыгъуащ. Къайсэри Адыгэ Хасэм щызыхуэса нэхъыжхэм, хэку псэукIэ щIыкIэм теухуа, ягу илъхэр, упщэ гъэщIэгуэнхэмкIэ Iэдэм еупщIахэщ. УпщIэхэм пэкIуэжу жиIэжахэри ипэрей тхыгъэм фыщIеджэжыфынущ… 

Кайсэри Къалэм етIэнэрей махуэм дыхэту, Къурмэн Сами, Тегулэн Сами зэIуэхъуэгъу, итхъакIуэхэм (архитэк, эндженэр) я Iуэху щIапIэм Iэдэм ирагъэблэгъауэ дахуэкIуащ. Iэнэ зытырагъувам щыджагъуащхэр дыгъэзэщIащ. УэрщIэр Iэфым псэукIэ упщэхэри къыхэхьащ. Ауэ, мы упщIэ щIыкIэхэри, зытепсэлъыхь псалъэхэри, дыгъуасэ хасэм щIэса нэхъыжхэм я щIэупщIэкIэм хуэдэтэкъым. Зы щIэныгъэм хуеджа, ди щIалэ нэхъыжьхэм я упщIэхэри, упщIэкIэри, щIэупщIэкIэхэри, щIэныгъэм хуегъэзэкIа щIыкIэу зэрыщхьэхуэр нахуэу къыхэщу хэплъагъуэт. Щыджагъуэ нэужьыф хъуауэ дыкъыщIэкIыжащ, дезгъэблэгъа СамийитIым я IуэхущIапIэ лэжьапIэм… Лъэсу, зытплъэхыурэ хьащIэщымкIэ дыкъэкIуэжыну…  

Кайсэри Къалэкум йт утыкушхуэм тету щытащ зы щэхуапIэ тукуэнышхуэ (мэркэз Баккалийэси), Абы бгъэдэту, тхылъымпIэ, тхылъ, газет хуэдэу, ахэм дэгъусэну Iэмэпсымэ, хьэпшып щащэу, нэхъ кумбыпIэм иту зы тукэн цIыкIу цIэрыIуэ кIэщIэтт. И цIэри лъэбакъуэ зы тIущкIэ узребакъуэхым папщIэ, кумбыпIэм ит къикIыу (Чукур Китабэви) а цIэр фIащат. Ауэ махуэрей газетхэр, блэкIхэм ялъагъуфын щхьэкIэ шэрхъиплI щэту зы гу цIыкIум и щIыIум нэхъ теIэтыкIауэ трагуэщауэ телт.  

Тукуэнит зыбгъэдэтым и пщIантIэм дыкъыщыблэкIыжым, плыфэ дахэхэмкIэ, нэм къыщIэуэ газетхэр зытелъ гу цыкIум дей дыкъэсауэ:  

-Адин, зэ къэувыIэт! жиIащ Iэдэм. 

Сыту пIэрэ зэплъынур? жысIэу газетхэм хэплъэу щIидзэри, газетитI къыхихащ. Ауэ къыхиха газет плъыфэ дахэхэмкIэ тедзахэм тетхэр, ныкъуэ пцIанэу цIыхубзхэрат. ТIури зыкIуэцIилъхьэри, щыгъ и цакIуэ гуфIакIэ жыпым дилъхьащ. И уасэр сыпшына газетхэм я цIэхэр, зыр «Шэй», адырер «Тан» магазин газетэхэрат.  

Куэдыщэ дымыкIуауэ, си дейкIэ зыкъигъазэри:  

-Уэ ущIалэщ, мы къэтщэхуа газетхэм папщIэ нэгъуэщ зы гуэрэхэр уигу къIэкIыныри хэлъщ! Сэ къыщIэсщэхуар яужькIэ ныбжесIэжынщ. ЖиIэри зытплъэхьыурэ хьэщIэщым дыкъекIуэлIэжащ. 

КъыкIэлъыкIуэ Махуэхэм Сивас КъалэмкIэ IовтобоскIэ дыкъэкIуащ. ДызэрыкIэнур зэзгъэщIа нэхъыжь, щIалэхэр Iэдэм къыпежьэхэри, хьэщIапIэу зыдыщыIэну Бэлэдийэм и тысыпIэ/щIэсыпIэ газином Дырагъэблэгъащ.  

Уэрщэрышхуэ щIекIуэкIым, хузрагъэпэща Iэнэм ещхэ/ефэр дэщIыгъужауэ, Зы Адыгэ щIалэ къытхэхьащ. БзэмкIей щэрыуэу, ари уэрщэрым къыхэхьэурэ, къапсэлъхэри зидигуэшащ. Ауэ, къеджэурэ, куэдырэ щIашащ, къыщIэхьэжащ. Къралыгъуэм щэху хуэлажьэ щIалэхэхэм зэрыщыщыр яужкIэ къыдгурагъэIуэжащ. А щIалэр зэрыдигъусам и тыншыгъэри зетхьащ…  

Сивас лъэныкъуэ лъагъунлъагъухэри зыфэдгъэкIауэ, Кайсэри Къалэ къэгъэзэжыгъуэми IовтобоскIэ къыщыдгъэзэжым, тлъэгъуахэм, къапсэлахэм дытепсэлъэхьыжыурэ; псалъэр Кайсэри Къалэм къыщытщэхуа газетитIым псалъэр екIуэлIауэ, КъызжиIэжащ Iэдэм: 

А кэтщэхуа газетитIыр кэсщэхуным щхьэусыгъуэ хуэхъуар мыращ, жиIэри къыригъэжьащ:  

-Кайсэри Адыгэ хасэм некIуэлIа нэхъыжъхэм я упщIэу хъуар зыхэпхащ. Псори Муслымэныгъэм теухуат. Ахэр зыщIыпсэу, щIыпIэм къыдагъэкI газетхэм тырадзэ сурэтхэмрэ, муслъымэныгъэ хабзэр, зэрызэмыкIум и нэщанэу зыдэсхьыну къозгъэщэхуащ. Ди лъэныкъуэм къыщыдэкI газетхэм итхэр хъыбарщ, ТхыгъэкIэ ягъэлъэгъуэнщ. Хужь/фIыцIэуэ традзэнщ. Зэ жыпIамэ мыбы хуэдэ цIыхубз пцIанэ сурэт хэплъэгъуэфынкъым. 

-Иджыыы, уэ къыжыIэ Адин! Дэнэ лъэныкъуэр нэхъ Муслумэныуэ къыпщыхъурэ?.. сэри щымы сыкъанэри зыри схужыIатэкъым…  

КъызжиIахэми сытегупщысэхьыурэ зы гуэрэхэри къыхэсхат. 

Зы къомырэ дымыпсалъэу, зытплъэхьыурэ дыкъэкIуащ.  

-Адин! жиIащ. Къайсэри дынэсыжмэ, Абы аткIэ АнкаракIэ дыщыкIуэжкIэ кхъуэхьлъатэкIэ дыкIуэжмэ хъуну пэрэ? – зэ щIэупщэт? жиIащ. 

Истанбыл лъэныкъуэм гъуэгу гъэлъагъуэу и гъуса Джэрыджэ Сэлахьаттин, сэ сыригъусау Анкара/Кайсэри/Сивас кIуэгъуэм дыкъагъэувыIэу гугъу дехьакъым, Ауэ Занилэ Фэййаз и гъусэу Бурса/Дузджэ лъэныкъуэм гугъу зырагъэхьам къыхэкIыу, кхъуэхьлъатэкIэ Анкара кIуэжмэ зэрыфIэфыр къыхэщт.  

А сызэрыт ныбжьым къэсыху Кхъуэхьлъатэм симытIысхьауэ; ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сыригъусэу, си щыпэ лъатэу, Кайсэри дыщикIыжым, Анкара Къалэм дыщелъэтыхыжат.  

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм дунейм ехыжащ, Жэнэтыр хапIэ хухъу. Iэфыу ди гу къинахэм ящыщ зы пычыгъуэу, тхыжащ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz