Къазым хэлъа пэжыгъэр

0
458

Пщыхьэщхьэ хуэкIуэу, пшапэ зэхэуэгъуэм и деж, Джырандокъуэ Раехэ я куэбжэпэм къаз шыритI къыIухьащ. «Мы къаз шыритIыр хэтхэ ейуэ пIэрэ? КIыфIи хъуащ, дэгъэхьэ ди деж, Замирэ, армырамэ хьэм яшхынщ», – жреIэ Рае и пхъум. Замирэ къаз шыритIыр дигъэхьащ, джэдкъаз щахъумэ шыгъуэгу хадэм иригъэхьэри езыр унэм щIыхьэжащ. Нэху щащ, етIуанэ махуэм Замирэ унагъуэ-унагъуэкIэ хьэблэр къикIухьащ: «Ди деж дыгъуэпшыхь къаз шыритI ныIухьащ, къаз шыр «хьэщIэ» диIэхэщи, фыфымейуэ пIэрэ?» – жиIэурэ. АрщхьэкIэ зейр къыхуэгъуэтакъым. Къаз шыритIыр зыхыхьа гупым занщIэу яхэзэгъат, джэдкъаз уэрым я гъусэу щIапIэшхуэ къэхухьам махуэ псом итт. Шхынри псыри я куэдт. КIэщIу жыпIэмэ, «хэгъэрейхэр» фIыуэ къахущытти, зы щхьэкIи гузавэртэкъым.  

Михаил къуажэ еджапIэм щылажьэт, есэпымкIэ класс нэхъыжьхэм щIэс сабийхэр иригъаджэу. Ар осетинт, еджапIэ нэхъыщхьэр къыщиухам, илъэсищкIэ щылэжьэн хуейуэ Джылахъстэнейм и къуажэ пхыдза ИслъамейкIэ зэджэм къагъэкIуат. А еджапIэм щылажьэрт Джырандокъуэхэ япхъу нэхъыщIэ Рае. Ар хъыджэбз гуакIуэт, и щхьэцышхуэр ухуэнарэ едзыхыжауэ. Михаилрэ Раерэ ягу зэрихьри унагъуэ дахэ зэдаухуат, я псэукIэкIи я зэхущытыкIэкIи цIыхур къехъуапсэу псэурт. Я нэм хуахьу, я псэм хуахьу зы пхъу закъуэт Тхьэшхуэм къаритар. Унагъуэм ис цIыхуищыр зэхуэгумащIэт егъэлеяуэ, зыр щIэкIам адрейм къыщIэмыхьэжын фIэщIу. 

Апхуэдэ унагъуэ гумащIэм, мы дунейм псэущхьи къэкIыгъи фIыуэ зылъагъум къаз шыритIыр зрагъэсащ. Псом хуэмыдэу а цIыкIухэм гулъытэ езытыр Михаилт: ядэуэршэрырт, ягу ирихь шхынкIэ яIурыуткIапщIэрт. Зэман дэкIри къаз шыр цIыкIуитIым зыр кIэрыхуащ. Къэна зы къазыр Михаил и ныбжьэгъу дыдэ хъуащ, Гуся фIищауэ, зэрылъэкIкIэ егъафIэ. Махуэ лэжьыгъэр кърихьэлIа нэужьым, мыдэ зы гурыфIыгъуэ гуэр хуэдэу, къыхуопIащIэ, къызэрыпэплъэр ещIэ. Зы махуэ гуэрым унэм щIыхьэжауэ и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ яжреIэ: «Мы ди къуажэм сыту къаз куэд щызекIуэрэ! Ауэ мы ди Гуся абыхэм зыкIи ещхькъым. Си фIэщ хъукъым мы ди къазыр зэгуэрым цIыхуу щымытауэ, апхуэдизкIэ жысIэр къыгуроIуэри. И цIэр зэрыжысIэу, и щхьэ цIыкIур Iушэ ищIурэ къысхудоплъей. ЖысIэ псалъэхэр зэхищIыкI фIэкIа умыщIэну, езыри «къа-къа» жиIэурэ «къызопсалъэ».  

Раерэ Замирэрэ Михаил и къазым зэрыригушхуэм йодаIуэ, пыгуфIыкIыурэ. 

Гъэмахуэр икIри бжьыхьэри блэлъэтащ. Иджы щIымахуэт. Уэс хужьыбзэм ещхьу Гуся и щIыбым и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр хужьт, къазыц фIыцIафэ тIэкIу хэтми ар игъэдахэрт. Сыт хуэдэу фIэфIт Гуся уэс къыщесымрэ уэшх къыщешхымрэ. Апхуэдэм и деж пщIантIэкум иувэнт, и пэр дригъэзеинти, уэшх зытригъэшхэнт, е уэс цыIэрылъхьэхэр зытригъэсэнт. Ауэ махуэр щIыIэ дыдэ хъуамэ, и лъакъуэ лъэныкъуэр и ныбэм кIэщIиупщIэнти, игъэхуабэу иIыгъынт. 

Михаил еджапIэм къикIыжмэ, куэбжэр зэрыIуихыу Гуся къыпежьэнущ. Езыри абы гуапэу, щабэу йодэхащIэ. Къыпожьэри махуэ псом къызэрыхуэзэшар «къыжреIэ», Михаил мэтIысри и Iэр хуеший. Къазым и дамитIыр зэIуехри Мишэ бгъэдолъадэри IэплIэ хуещI. Апхуэдэщ махуэ къэси. 

Унагъуэр еджапIэм къикIыжри къыдыхьэжахэщ, сыт щыгъуи хуэдэу, Гуся къапежьащ. Сыт-тIэ къаз гъэфIэным ищIэр? Лъахъшэу етIысэха Михаил и жыпым илъ авторучкэр и пэмкIэ кърех, ар щIым егъэтIылъ, итIанэ и документхэр кърех. Зэанэзэпхъур мэдыхьэшх. «Ар нэгъуэщI зыгуэру щытамэ, Тхьэ, ауи йомыгъэIусэнт, – жи Рае. 

Унагъуэр щыпсэури щылажьэри Курп Ипщэщ. ЗэщхьэгъуситIри япхъури лэжьапIэм лъэсу макIуэ, пщэдджыжь жьы къабзэм хэту, лъэсуи къокIуэж. Зы махуэ гуэрым Михаил и закъуэу дэкIат школым кIуэну. Зы къэувыIэпIитI хуэдиз икIуауэ ижьырабгъумкIэ зыгуэр къыщетIысэха хуэдэу къыщыхъури еплъэкIащ. Гуся бгъурыту лэжьакIуэ кIуэуэ арат. «Мыбы нэс щхьэ укъэкIуа, гъази кIуэж!» – жиIэ щхьэкIэ хъуртэкъым. Ар хуейт Михаил пщэдджыжь къэс здэкIуэм еплъыну. «Иджы жыIэ уэ ар къызэрыгуэкI къазу», – жиIэурэ Мишэ къигъэзэжащ, къазыр къишэжри пщIантIэм дигъэхьэжащ. А пщэдджыжьым фIэкIа Михаил Николаевич еджапIэм зэи къыкIэрыхуакъым. 

Зы махуэ гуэрым Михаил и анэ къилъхуа и къуэшыр Къущхьэм къикIри и хьэщIапIэ къэкIуащ, тIэкIурэ яхущыIэну. Тимофейрэ Михаилрэ зэгъусэу къалъхуа зэтIолъхуэныкъуэу фIэкIа пщIэнтэкъым, апхуэдизкIэ зэщхьти. 

ПщIантIэм къыдыхьа Тимофейр Михаилу и гугъащ къазым. Махуэ псом Тимофей дэнэкIэ кIуэми, Гуся абы яужь итащ. ХадэмкIэ ихьэм кIэлъихьэрт, пщIантIэм къыдыхьэмэ, и гъусэу дэтт. Пщыхьэщхьэ хуэкIуэ щыхъум, я куэбжэпэм и деж къэувыIа автобусым Михаил къикIыжащ. Михаил и къуэшыр игу къэкIащи, IэплIэ зэхуащI, зэдоуэршэр, зэроутIыпщыжри зэпыIуокIуэт, зоплъ, зызыщамыгъэнщIу зэщIоупщIэ. 

Къазыр тIэкIу моуэ къыIукIуэтауэ зэкъуэшитIым еплъу зыкъомрэ щыта нэужь, икIуэтщ и дамитIыр зэкIэщIихщ,з иутхыпщIри, Тимофей бгъэдэлъэдащи, йозауэ, и дамитIымкIэ лIышхуэм йоуэ, «сыкъэбгъэпцIащ» жыхуиIэу. ПщIантIэм дэту хъуам яфIэхьэлэмэтащ къазым хэлъ пэжыгъэр. АбыкIэ Гуся къигъэлъэгъуащ Михаил пищIын дунейм зэрытемытыр. 

Абы и ужькIэ Михаил къыбгъэдыхьэнуIауэ, къыдэуэршэрыну хуимытыхэ хъуащ. ПщIантIэм къыдыхьар унэм щIаша нэужьт фIэхъус щрихыр. 

Зэманым упэлъэщыркъым. Ауэрэ гъащIэр макIуэ, Михаил сымаджэ мэхъу. Махуэ гуэрым ар ипхъумрэ и щхьэгъусэмрэ къыщIашат бжэIупэ дыгъэпсым тIэкIурэ хагъэсыну, жьы къабзэкIэ ягъэбэуэну. Къазыр цIыхум хуэдэт абдеж. И щхьэр къихьри Михаил и куэщIым кърилъхьащ, и сымаджагъэр зыхищIэу, лIым къыдэнэщхъейуэ.  

Иужьрей тхьэмахуэм ар унэм къыщIэкIыхакъым, пIэм хэлъащ. Абы и кIуэцIкIэ къазыр унэ щIыбагъымкIэ хэлъ щхьэгъубжэ щIагъым никIукI-къикIукIыу кIэщIэтащ. Михаил дунейм щехыжа жэщым унэм щIэсхэми гъунэгъухэми зэхахат къазыр и гуащIэм къызэрихькIэ зэрыкIияр. Абы и псэм ищIат апхуэдизу фIыуэ къэзылъагъу Михаил зэрыщымыIэжыр. 

Къазыр нэщхъейуэ, яхуэмышхэу зыкъомрэ екIуэкIащ, цIыхум хуэдэу хуэщыгъуащ имыIэж и ныбжьэгъум.  

Джырандокъуэ унагъуэм абы иужькIэ зэи къаз къахуэхъуакъым, адрей джэдкъаз лъэпкъхэр куэду яIами. 

Къазым и хъыбарыр зэщIэлъысащ къуажэми жылэми, благъэми Iыхьлыми. Псори къыщIэупщIэт: « Къазыр иджыри псэу?» – жаIэти. «Псэущ, – иратырт жэуап, – ауэ и фэм зихъуэжащ. Къазыц фIыцIэу хэтар нэхъыбэ хъуащ.  

Илъэс тIощIрэ блыкIэ псэуащ Михаил и къазыр. 

  

Тхыгъэр зейр: Тамбовскэ дэт курыт еджапIэм и егъэджакIуэ Щомахуэ Дусэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz