Тэубичэ Сонер: «Зэпымыууэ си гум жиlэрт: Сэ зы махуэ гуэрым си Хэкум згъэзэжынущ!»

0
443

Тыркум къиlэпхъукlыжри, Хэкур зэригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущl зэмылlэужьыгъуэхэм елэжь lэпщlэлъапщlэщ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу, адыгэ щlалэм и lэрыкlхэр цlэрыlуэ хъуащ. Абы ещl къэлътмэкъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспортртелъхьэхэр, шабзалъэхэр, сампlэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, lэлъынхэр, пщэрылъхэр, lэпщэхъухэр. lэпщlэлъапщlэм и lэрыкlхэр адыгэпсэкlэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещlыхь. Сонер тедгъэпсэлъыхьащ Хэкум къызэрыкlуэжам, и lэрыкlхэм, лъэпкъым теухуа и гупсысэхэм.  

  

-Сонер, укъыщыхъуамкlэ къыщlэдгъадзэ… 

-Тыркум, Эскишехир къалэм сыкъыщыхъуащ. Псыхуабэщ ди лlакъуэм и къежьапlэр. Зауэжьым щыгъуэ Тыркум кlуауэ щытащ ди нэхъыжьхэр. Зэбгырпхъа дыхъуащ апхуэдэурэ. Иджыпсту ди благъэхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ Инжыджышхуэ, Беслъэней къуажэхэм.  

  

-Хамэщlым анэдэлъхубзэр дауэ щыпхъума? Ущыцlыкlу лъандэрэ пlурылъ, хьэмэрэ балигъ ухъуауэ зэбгъэщlэжа? 

-Си адэр фlыуэ адыгэбзэкlэ псэлъэфыркъым, езыр цlыкlуу и адэр дунейм зэрехыжам къыхэкlыу. Си анэм анэдэлъхубзэр ещlэ, иропсэлъэф, ауэ дэ анэдэлъхубзэр дигъэщlэным апхуэдэуи егугъуакъым – къыгурыlуакъым и лъапlагъыр зыхуэдизыр. Си къуэш нэхъыжьитlыр псалъэркъым адыгэбзэкlэ. Сэ сыщыцlыкlу лъандэрэ Адыгэ Хасэхэм сыкlуэу щытащ. Нэхъыжьхэми хъыбар куэду къыджаlэрт, дэри тхылъхэм деджэрт. Апхуэдэурэ, зыхэсщlащ бзэм и lэфlыр, си гур абы хуэныкъуэ хъуащ. Адыгэбзэ алфавитыр къысlэрыхьати, гугъу сыдехьу зэзгъэцlыхуащ хьэрфхэр. Итlанэ, тхыгъэ гуэрхэри зыlэрызгъэхьэри нэхъ сигу хуэзагъэу зыщызгъэгъуэзащ. Къызгурымыlуэхэр си анэм къызжиlэурэ, къызгуригъаlуэурэ сыпсэлъэфу сесащ. Си анэм и псэлъэкlэр хьэжрэт псэлъэкlэщ, къэбэрдейр абы тlэкlуи къыщхьэщокl. Къэзгъэзэжа нэужь, нэхъыфl хъуащ си адыгэбзэр, дауи. Ауэ иджыри куэд къыспэщылъщ, ар згъэшэрыуэу сыпсэлъэным щхьэкlэ. Сэ нэхъ пасэу сыкъэкlуэжрэ, мыбдеж университетым сыщеджауэ щытамэ, си адыгэбзэр фlы дыдэу щытынут. Микроэлектроникэм сехъуапсэу щытащ мыбы сыщыхуеджэну, си анэм сыкъиутlыпщыфатэкъым. Зи еджапlэ щlэтlысхьэгъуэ адыгэ щlалэгъуалэр мыбы къакlуэурэ щеджэу щытамэ, адыгэбзэри яlурылъынут, урысыбзэри зэрагъэщшlэнут, абыхэм ящыщ гуэрхэри Хэкум къинэжынут. Уи ныбжьыр нэхъ кlуэтэху, уи гурыхуагъэм кlэрохури, бзэр зэбгъэщlэныр нэхъри гугъу мэхъу. 

  

-Узыхуеджар, уи lэщlагъэр сыт? 

-Курыт еджапlэ нэужьым Эскишехир университетыр инженер lэщlагъэ сиlэу къэзухри, зы зэманкlэ срилэжьащ. 

  

-Сыт щыгъуэ Хэкум япэу укъыщыкlуар? 

-2014, 2015 гъэхэм сыкъакlуэурэ тхьэмахуэкlэ сыщыхьэщlащ, ещанэ къэкlуэгъуэм къэзгъэзэжащ. Зэпымыууэ си гум жиlэрт: «Сэ зы махуэ гуэрым си Хэкум згъэзэжынущ!» Ауэ зэхуэмыхъуурэ къекlуэкlырт. 20l5 гъэм къэзгъэзэжыну сыхуеящ. Кхъухьлъатэм и билет къэсщэхуащ, си егъэблагъэ тхылъри, сызригъэжьами, къысlэрыхьащ. А зэманым ирихьэлlэу урыс-тырку зэхущытыкlэхэр тэмэмтэкъым. Аэропортым сыкlуэри, кхъухьлъатэр темыкlыу сыкъэнэжауэ щытащ. Аргуэру билет къэсщэхужри, къыкlэлъыкlуэ кхъухьлъатэри лъэтакъым. Ещанэуи ардыдэр къыщысщыщlым, «иджыпсту мы lуэхур къэзгъэнэн хуейуэ пlэрэ…» жысlэу сэр-сэру сегупсысыжри, Тыркум лэжьыгъэм сыщыпэрыувэжащ… Илъэсищ дэкlри, 20l8 гъэм къэзгъэзэжащ.  

  

-Хэкур уи нэгум къызэрыщlэбгъэхьэмрэ плъэгъуамрэ зэтехуат?  

– Космос хуэдэу къысщыхъурт Хэкур, моуэ си гупсысэм нуру хэтт. Сигу занщlэу дыхьащ адэжь щlыналъэр, зы къару абрагъуэ гуэрым абы сызэрыпищlэр зыхэсщlащ. Налшык япэу сыкъыщыдыхьам, цlыхухэр адыгэбзэкlэ зэрызэпсалъэр зэхэсхырти, ар насыпт сэркlэ. Бэзэрым сытехьэри – си анэдэлъхубзэр куэду зэхэсхырт, маршруткэм ситlысхьэрти – аргуэру адыгэбзэ седаlуэрт. Сигу дыхьати, къыкlэлъыкlуэ илъэсми къытезгъэзащ. Абы щыгъуэ къызгурlуащ Хэкум епха си гупсысэхэм хамэщlым сызэрыщамыгъэпсэунур. Сыкъыщыкlуэжагъащlэм, адыгэ сабий слъэгъуамэ, зыбгъэдэсшэурэ щызэзгъэпсалъэ къэхъурт, абы сигъэгушхуэу. Хэкум си гур щопсэху! Адыгэ фащэ ящыгъыу щlалэхэмрэ пщащэхэмрэ солъагъу! Мыбдежым хабзэ щызокlуэ, къуажэхэр инщ. (Тыркум щыlэ адыгэ къуажэ цlыкlухэр унагъуэ 15-20 хъууэ аращ). 

 

-Къэралитlым щыlэ псэукlэр зэтехуэркъым. Уэ мыбдеж укъэlэпхъуэжа нэужь, гъащlэм дауэ ухэзэгъа? 

-Тlэкlурэ сыщыпсэури, мыбдеж щыlэ гъащlэми дагъуэхэр зэриlэр къэслъэгъуащ. Къэзыгъэзэжхэм псом япэу къыдгурlуэн хуейт мыр зэры -Урысейр. Къэрал щхьэхуэм и хабзэхэри щхьэхуэщ. Тыркури жэнэткъым, Урысейри жэнэткъым. Мыбдежми щыlэщ бзаджэри зэранри. Ауэ гуапагъэр нэхъыбэщ. «Сонер, уэ къэбгъэзэжагъащlэщ», – жаlэурэ сэ куэд къыздэlэпыкъуащ. Сэ цlыхуфlхэм сыкъаухъуреихь иджыпстуи. Куэд къыскъуэуващ, сэбэп къысхуэхъуащ, псэуным сытрагъэгушхуащ. 

  

-Уэ уlэпщlэлъапщlэщ. Куэдым яцlыху, зыlэрагъыхьэ уи lэрыкlхэр! Апхуэдиз дахагъэ пщlыным сыт щlэдзапlэ хуэхъуар?  

-Тыркум сыщыщыlэм шы сиlэт. Адыгэ фащэ е афэ джанэ сщыгъыу, адыгэ lэщэхэр скlэрылъу зекlуэу къэскlухьын сфlэфlт. Сышабзауэт. Шабзэ гъэуэнымкlэ зэпеуэхэм сыхэтт: лъэсуи шууи шабзэр згъэlэкlуэлъакlуэрт. Апхуэдэурэ, шабзэшэхэр, шабзалъэхэр сэ езым сщlын щlэздзащ. Сигу ирихьащ фэм елэжьыныр. Уеблэмэ зэгуэр инженер lуэхур къэзгъанэри, абы селэжьу щlэздзауэ щытащ. Ауэ ахъшэ къыщысхуэмылэжьым, инженер lэнатlэм сыпэрыувэжат. Ауэ си lэр есащ хьэпшып гуэрхэр къигъэщlыным, lуэхум нэхъри фlыуэ хэсщlыкl хъуащ. Лэжьыгъэ нэужьым, абыкlэ унэм зыщытезгъэурт. lэщэ-фащэхэм елэжьу ныбжьэгъу сиlэти, тыкуэнхэм сишэурэ хьэпшыпхэр сщlыуэ зезгъэсэн папщlэ сызыхуеинухэр къысхухихыурэ къызигъэщэхуащ, lэпщlэлъэпщlэным и щэху гуэрхэмкlи къыздэгуэшащ. Интернетымкlэ зыхуезгъэсащ куэдым – сытри къыщыбогъуэт абы. Сэ интернетыр къызогъэсэбэп адыгэбзэр зэзгъэщlэным, фэ лэжьыгъэхэм теухуауэ, афэ джанэхэм я щlыкlэм зыщызогъэгъуазэ. Интернетым щlэныгъэшхуи къуитыфынущ, lэпщlэлъапщlи уищlыфынущ, хьэбыршыбыри урихъуфынущ. Зэплъынумрэ къызэригъэсэбэпынумрэ щхьэж къыхехыж…  

Хэкум сыкъэкlуэжри, инженер lэщlагъэр мыбдей къыщысэбэпыртэкъым, урысыбзэ зэрызмыщlэм къыхэкlыу. Итlанэ си псэм фlэфlу зэрызытезгъэур лэжьыгъэ схуэхъуащ. Япэщlыкlэ Крем-Константиновкэ сыдэтlысхьауэ щытащ, къуажэ гъащlэр фlыуэ слъагъути. Ауэ си закъуэти, сапэлъэщакъым къуажэ лэжьыгъэхэм. Хадэм хэссэlамэ, дунейр уэлбанэрилэ хъурти, удзыр псынщlэlуэу къысфlэкlырт. Апхуэдэу щыхъум, къалэм сыкъэкlуащ, фэтэр къасщтэри. lэрыкlхэр сщlыуэрэ «Адыгэ унэм» щlэслъхьэу щlэздзащ. Интернетымкlэ иджыри зыгуэрхэм зезгъасэрт, хьэпшып сщlыхэм къыхэзгъахъуэрт, нэхъ екlуу къызэхъулlэ зэрыхъуми гу лъыстэжырт. Ауэрэ, гъущlым лазеркlэ тхыпхъэ зэрытращlыхь станок къэсщэхуащ. Тхьэгъухэм, lэлъынхэм, пщэрылъхэм, сэшхуэхэм, къамэхэм тхыпхъэхэр тызощlыхь. lутlыж Мэжид къыздэlэпыкъуащ къыщызгъэзэжынуми, Хэкум щыlэ гъащlэм зыщыхэзгъэгъуазэми. Иджыпстуи и гулъытэ сыщыщlэркъым. Тэмэму къысхуэlуэтэжу къыщlэкlынкъым Мэжид фlыщlэу хуэсщlыр. 

 

-Уи шыр дэнэ щыlэ иджы? 

-Си шыр инджылыз шы лъэпкъщ. Шы спорт щащl клубым сыкlуэрти, сигу ирихьри къэсщэхуауэ щытащ. Сыкъэкlуэжын щыхъум, клубым къыхуэзгъэнэн си гугъащ, унафэщlми ар жесlат. Ауэ си къуэш нэхъыжьым имыдэу губжьащ: «Уадыгэу, уи къуэшыр зыгуэрым дауэ ептыжын?» – жиlэри. Езым къишэжащи, и гъусэщ.  

  

-Шабзэрыуэным мыбы щыпыпща?  

-Шабзэрыуэнымкlэ дерсхэр къызэдгъэпэщауэ щытащ Къэбардэ Астемыр и гъусэу. А lуэхур къэдгъэнэжащ, дыхущlэмыхьэурэ. Ар спорт лlэужьыгъуэ гугъущ, мылъку зытекlуадэхэми ящыщщ. Мыбдеж цlыхухэр апхуэдэуи хыхьэркъым а спортым, фlыуэ яцlыхуркъым.  

Шабзэрыуэным и lуэхухэм сызэрыхэтам и фlыгъэкlа къэсцlыхуащ шабзащlэ телъыджэ дызэриlэр. Емкъуж Арсен шабзэ лlэужьыгъуэ куэд ещl, и адыгэ шабзэхэр егъэлеяуэ сигу ирохь.  

 

-Адыгэу ущытыным сыт нэхъыщхьэу хэлъыр?  

-Япэрауэ, бзэр. Бзэр тlурымылъу адыгэ гупсысэкlэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыlэщ хабзи цlыхугъи. Ауэ абдеж бзэр щокlуэдыжыр. Бзэр пlурымылъми къэфакlуэ е джэкlуакlуэ нэс ухъуфынущ. Ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым.  

Етlуанэрауэ, лъэпкъыу зытхъумэжын щхьэкlэ куэду дылэжьэн хуейщ. Мылъкукlэ ди къарур щlэткъузэн хуейщ адыгэхэм.  

  

-Сонер, щlалэм хэт фlэфщар? 

-Сосрыкъуэ! 

  

– Лъэпкъылl Тхьэм ищl! 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz