Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

ФIы зыщIэм псапэу къретыж

Унагъуэм щыщращ гу къабзэрэ фIылъагъуныгъэ пэжрэкIэ цIыхур къэзылъагъур, гузэвэгъуэ гуэр щихуэкIи, адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэщ япэ дэIэпыкъуэгъуу игъуэтыр. Унагъуэр зыгуэркIэ ебгъэщхь хъунущ бжьэ шырыр къызэрыкI безынэм, сыту жыпIэмэ, щIэблэм и дуней еплъыкIэр щызэфIэувэр, зыщыщ лъэпкъым и бзэр, щэнхабзэр, хабзэхэр къыщищтэр абдежращ.    

Мы гъэм илъэс 50 ирикъуащ Гуэгуэхэ Мухьэрбийрэ Хъэджаррэ унагъуэ зэрызэдащIэрэ. Ар зи анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ лей яхуэзыщI, зи псэукIэкIи, цIыху хэтыкIэкIи пщIэшхуэ зыхуафащэ абазэ унагъуэщ. Дауи, я бжэщхьэIу узэрыфIэкIыу, зыхыбощIэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, зэхуэгуапэрэ зэрылъытэу зэрызэдэпсэур.  

Гуэгуэ Долэт и къуэ Мухьэрбий 1942 гъэм Тэпэнтэ къуажэм къыщалъхуащ. И адэр — Хэку зауэшхуэм и ветеранщ, Берлин къэзыщтахэм языхэзщ. Къуажэм дэт илъэсибл еджапIэр Мухьэрбий къиухри, Черкесск къалэм кIуэуэрэ пщыхьэщхьэ еджапIэм щеджэжащ. 1961 гъэм Эркен-Щыхьэр училищэм щIыхьэри, ар тху защIэкIэ къиухащ. Абы иужь, шофер IэщIагъэм илъэскIэ хуоджэри, советыдзэм даш, взводым и командиру зенит-хьэрэкIытIэ полкым и къулыкъу щрехьэкI, щытхъу пылъу и зауэлI къалэнхэр егъэзащIэ.   

Хэкум къызэригъэзэжу, Мухьэрбий областым и радиокомпанэм шофер-оператору щолажьэ. Абы къыкIэлъыкIуэу, КПСС-м и обкомым илъэс 17 гуащIэ хуегъэтIылъ. ДэнэкIэ зимыгъэзами, сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, и лэжьыгъэхэм жэуаплыгъэ ин пылъу бгъэдэтщ, зыхэт гупым къалъытэу.   

1972 гъэм Мухьэрбий унагъуэ дищIащ Дэхъутэхэ япхъу Хъэджар. Абыхэм къащIэхъуащ зы къуэрэ зыпхъурэ — Мухьэмэдрэ Фатимэрэ. Зы махуи къэхъуакъым я быныр зыгуэрым щыхуагъэныкъуа, нэхъыфIу щыIэр зэрылъагъэIэсыным пылъащ, тIуми ищхьэ щIэныгъэ ирагъэгъуэтащ, къуэм кърагъэшащ, пхъур унагъуэ ирагъыхьащ.  

Фатимэ и унагъуэр нобэкIэ Санкт-Петербург къалэм щопсэу, бынитI иIэщ — Элинэрэ Давидрэ. «ТНТ» телекомпанэм и лэжьакIуэщ. Мухьэмэдрэ абы и щхьэгъусэ Лилианэрэ къуиплIкIэ Тхьэшхуэр къахуэупсащ: Ахьмэд, Малыч, Долэт, Абдул сымэ.   

     — Ди сабийхэр лъэ быдэ тедгъэувэфмэ, жылагъуэм дежи езыхэм я утыку щаIэжынущ, дэри адэ-анэм ди къалэн нэхъыщхьэр дгъэзэщIауэ зытлъытэж хъунущ. Гулъытэ хэха худощI ди цIыкIухэм абазэбзэр ягъэщIэным. Зи бзэ зыIэщIэхуа цIыхум иджыри зы щхьэусыгъуэ къыует «апхуэдэм ди лъэпкъыр ирегъэкIакIуэ» хужыпIэну. Дапщэщи ягу къыдогъэкIыж абазэбзэр зэрыкуур, зэрыбейр, ар нобэ яхъумэу, пщэдей къащIэхъуэжыну щIэблэм яхъуэжэныр къазэрыпэщылъыр. Аращ ди унагъуэм щыщ дэтхэнэри абазэбзэ къабзэкIэ щIызэпсалъэр, — жиIащ Мухьэрбий.  

Пенсэм тIысыжа щхьэкIэ, Мухьэрбий жыджэру холэжьыхь абазэ лъэпкъым и жылагъуэ гъащIэм. Ар «Апсадгьыл» абазэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Ассоциацэм и нэхъыжь Советым хэтщ икIи абазэ ефэндыхэм чэнджэщэгъу яхуохъу, я лэжьыгъэр пылъхьэншэу егъэкIуэкIынымкIэ.   

    — Ди лъэпкъэгъухэм я гъащIэр нэхъыфI щIыным хуэгъэзауэ Ечзэч Муссэ  къытхилъхьэ хьэрычэтхэр зэрыдэтIыгъынум дыпылъщ. Ефэндыхэри согъэгъуазэ, сакIэлъоплъ я дин къалъэнхэр хьэрэмыгъэншэу ягъэзащIэрэ ямыгъэзащIэрэ. ЗыкъомыфI щIауэ сэдэкъэхэм ягуэш, кърахьэкI сэмбхэр зэрыщамыгъэIэжыным къыхудоджэ зэпыт. Псоми дахуэзэурэ допсалъэ, ягурыдогъаIуэ егъэлеиныгъэ щымыIэу, цIыхухэм сэдэкъэр къыдахын зэрыхуейм. АтIэ, зэрытлъагъущи, и нэхъыбэм, я Iуэхур зэфIагъэкIын щхьэкIэ, щIыхуэ къащтэ, а нэхъ мылъку зыбгъэдэлъхьэм зыдащIурэ, заулъэпсыж. Ар ауэми тэрэзкъым, — и гупсысэхэмкIэ къыддогуашэ лIыр.  

Абы зэрилъытэмкIэ, абазэ лъэпкъым зиужьын папщIэ, япэрауэ, ныбжьыщIэхэм игъуэу унагъуэ ящIапхъэщ. Иджырей щIалэгъуалэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр нэгъуэщIщи, зыри епIэщIэкIыжкъым къэшэным. Хъыджэбзхэм — къуажэм щыпсэуныр я ажалщ, хуейкъым къызэрыкIуэ мэкъумэшыщIэ гъащIэм хуэкIуэну. Къуажэдэс щIалэхэри къэтщтэнщи, иужьрей илъэсхэм, нэрылъагъу тщохъу щIыгу лэжьыным, Iэщыхъуэным зэрызратыр, абы къыхэкIыуи, къадэхъун, къадэгъуэгурыкIуэн, я гугъэхэр къадэзыгуэшын псэгъу зэрамыгъуэтыр. Я хьэл-щэнкIи, гъэсэныгъэкIи псэм къищтэу щыIэ пщащэхэр  закъуэтIакъуэщи, унагъуэ ямыщIэфу къызэхонэ. А псом мыхьэнэуэ хэлъыр къызыгурымыIуэхэм яIущIэурэ, я ущие псалъэ ирахьэлIэн хуейщ, армыхъумэ, щIэблэ узыншэрэ къэкIуэныфIрэ щымыIэныфэщ.    

Мухьэрбийрэ Хъэджаррэ зэгурыIуэу, сыт щыгъуи зэдэIэпыкъуу зэрыщытыр хэт и дежкIи щапхъэ къызэрымыкIуэщ. Абыхэм я унагъуэм щытепщэщ пщIэ зэхуэщIыныгъэр, инми цIыкIуми гукъэкIрэ гугъэу иIэр Iуэхум къыхэлъытащ, зыр адрейм зэрыдэIэпыкъуным пылъщ. Сабийхэр щыгъуазэщ лъэпкъ щэнхабзэм, ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэфIхэм, нэхъыщхьэр аращи — абазэбзэр ягъэшэрыуэ. Мухьэмэдрэ Фатимэрэ я къуэхэм, телефонхэм ириджэгуу зэхэскъым, тхыхъ еджэным я зэман куэд трагъэкIуадэ, сэбэп къазэрыхуэхъужынур къагурыIуэу.  

    — Дадэ-нанэм ди ущиер ди цIыкIухэм я гъуазэщ. Хуабжьу фIыщ уи махуэр гукъыдэжрэ гугъэфIрэкIэ щIэбдзэныр. Зэгуэрми зыми ди унагъуэм къыщыддилъэгъуакъым ди макъ зэхуэтIэтауэ дызэпсалъэу. АтIэ, унэм деж щIэблэм щызэхих, щилъагъуращ къищтэнур, езыми и напэм къригъэкIунур. Аращи, арэзы сытохъуэ си гъащIэм, — жеIэ Мухьэрбий.  

Гуэгуэхэ я унагъэм илъщ псэ хуабагъыр, зэIузэпэщу, щхьэж и къалэн ищIэжу мэпсэу. Унагъуэм и нэхъыжьым — Мухьэрбий, и сабийхэм я къэкIуэнум зэрытегузэвыхьым хуэдэу, егъэгумэщI абазэм и дунейр зэрыхъунуми. Ауэ сытми жаIакъым: «ФIы зыщIэм, псапэ тIуащIэу Тхьэм къретыж» жэуэ.  

  

Зыгъэхьэзырар  

Лыхь Тимурщ 

Yazarın Diğer Yazıları

Уи бзэр бгъэлъэпIэныр гурыфIыгъуэщ

«Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэкъым» жи адыгэм. ЦIыхум щIэныгъэу бгъэдэлъым, гъащIэ зэхэщIыкIыу иIэм, и зэчиймрэ и гуащIэдэкIымрэ хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ игъуэу зэрагъуэтыпхъэр шэч зыхэмылъщ. Къэрэшей-Черкес къэрал...

Илъэс щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ…

Мы гъэм илъэс 55-рэ ирикъуащ куржы усакlуэ щэджащэ Руставели Шота и цlэр зезыхьэ, Тбилиси дэт театр институтым Къэрэшей-Черкесым щыпсэу адыгэхэмрэ къэрэшейхэмрэ папщlэ лъэпкъ труппэхэр...

КъэфакIуэщ, уэрэджыIэщ

Адыгэм и дунейр къэзыхъумэр, зыгъэдахэр гъуазджэрамэ, цIыхупсэр къахъумэ икIи къахутэ лъэпкъ макъамэхэм, уэрэдыжьхэм, хъыбарыжьхэм. Ауэ, цIыхур цIыху зыщIыжыр лъэпкъым къыхэкIаращ, бэм игу дыхьаращ, Тхьэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img