Хэку уиIэныр – насыпышхуэщ

0
453

КъуэкIыпIэ Гъунэгъум – Щамым къикIыу – Кавказыр, адэжь щIыналъэр екIуэлIапIэ зыхуэхъуахэм ящыщщ Хьэбэз къуажэм унагъуэ хъарзынэ щыдэхъухьыжа Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ (Уэтейхэ япхъущ). 

ИлъэсипщIым зэрынэхьэсауэ унагъуэу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм пщащитI – Таерэ Зоерэ – зэдапI. 

-И гъащIэ псом си адэм Кавказым къэкIуэжыныр и гум щигъафIэу, щIэхъуэпсу дунейм тетащ. Ауэ апщыгъуэм Урысейм укъихьэжыныр гугъу дыдэт, дэфтэрхэр зэгъэпэщыным лъэпощхьэпо куэд пыщIат, гъунапкъэхэри къузат… Арати, и хъуэпсапIэр нахуапIэ хуэмыхъуурэ дунейм ехыжащ… 

Сэ сыкъыщежьэжам Щамым зауи-бани щыIэтэкъым. Мыбы сыкъыщыIэпхъуэжа 2012 гъэм ипэ, илъэситхукIэ Хэкужьым сыкъэкIуэн си мурадащ. Ауэ, Iуэху гуэрхэм сыкъызэтрагъэувыIауэ щытащ… Сыкъежьэным ма-зитI – щы фIэкI къэмынэжауэ, лажьи-хьэкъи зимыIа си щхьэгъусэр зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ, – игу къегъэкIыж Данил. 

Къардэнхэ Данилрэ Бусейнэрэ

Къапщтэмэ, Щамым деж Данилрэ Бусейнэрэ здэпсэуар Дамаск къалэращ. Ауэ, абдежым ахэр зэи щызэIущIакъым, щызэрылъэгъуатэкъым. Бусейнэ зэрыжиIэмкIэ, Данил и гугъу зэхихат, и шыпхъум и щхьэгъусэм и ныбжьэгъуу зэрыщытымкIэ. 

Апхуэдэу, мазэ бжыгъэ я зэхуакуу, Бусейни къыдалъхуахэр, и бынхэр щIыгъуу Урысейм къихьэжауэ щытащ. Апщыгъуэм бзылъхугъэм и щхьэгъусэр иIэжтэкъым. Дамаск щыIэу, ари зэуэзэпсэу дунейм ехыжат. Арати, Данилрэ Бусейнэрэ нэIуасэ здызэхуэхъуар, я насыпыр зы здэхъуар Налшык къалэм дежщ, зыгъэпсэхупIэ санаторэ щIэсущ. 2012 гъэм щегъэжьауи, Тхьэм урелъэIуну, хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ Къардэнхэ я унагъуэр узэхъуэпсэн быну зэдопсэу. 

-Япэхуным Налшык къалэм дыкъыщызэтеувыIащ. Иужьым ЧеркессккIэ дыкъэIэпхъуащ. Зы илъэс иримыкъукIэ Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм фэтэр къыщытхуаубыдри, дыщIэсащ. ИтIанэ, Хьэбэз къуажэм дыщыпсэуну дыкъашащ. АбыкIи, япэрауэ, фIыщIэшхуэ ябгъэдэлъщ апщыгъуэм лъэпкъым и Адыгэ Хасэм тетахэм, къинэмыщIауэ, Даур РэIуф. АтIэ, Хьэбэз къуажэм дэт и унэм РэIуф дыщIигъэтIысхьэри, и щIыгури хуит къытхуищIат. Ар дэркIэ насып зэрыримыкъу щыIэтэкъым! Ноби- ныжэби фIыщIэ хуэтщIын щыдгъэткъым апхуэдэу къытпыкъуэкIа РэIуфи, нэгъуэщI щIалэхэми. 

ИлъэситхукIэ а унэм пщIэншэу дыщIигъэсащ. Мес, унэшхуэщ (дегъэлъагъу), хадэ хъарзыни иIэщ. КIэртIоф, нартыху, нащэ, пIэтIрэжан хэтсэт. Жыг хадэ диIэт, пхъэщхьэмыщхьэр сабийхэм пэрыхьэту яшхт. Джэди тхьэкIумэкIыхьи зетхуэт. Ди Iуэхухэр фIы дыдэу екIуэкIт… Ноби нэхъыфIыжщ, – къыддогуашэ Данил. 

ИлъэсиплIкIэ узэIэбэкIыжмэ, мы унагъуэ дахэр унэщIэ Iэпхъуэжащ. Уеблэмэ, я гумрэ я псэмрэ здыдэтыншыхьа Даур РэIуф и пщIантIэм пэжыжьэ кIуакъым: абы къыпэщыт дыдэщ Къардэнхэ кърата хапIэр. 

Къардэнхэ Таерэ Зоерэ

-А пIалъэм Хьэбэз районым и унафэщIу тетахэр дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъури, адыгэ щIалэхэми я щIэгъэкъуэнкIэ, мы къуажэм щIыгу къыщытхупачауэ щытащ. «Зэ щIыгу фиIэ хъумэ, адэкIэ унэми дегупсысынщ, лъабжьэр едгъэгъэтIылъынщ…» къыджаIат. Тхьэм игъэпсэу, къытхуамыщIа щыIэкъым. Ауэ мы хапIэратэкъым япэхуным къытлъысар. Нэхъ жыжьаIуэу пыIудзат. Арати, мы хапIэр зейм зыхуагъазэщ, епсалъэри, къыдахъуэжауэ щытащ… 

Иужьым, сыздэлажьэ IуэхущIапIэм и унафэщI Аргун Олег зы махуэ гуэрым сриджэри, «ЩIыгу къыуатауэ зэхэсхай?» къызэупщIащ. 

-Пэжщ, Хьэбэз къуажэбгъум щIыгу сотэ 15 къыщысхупачащ, – естыжащ жэуап. 

-Тхылъхэр зэтегъэпсыхьа? 

-Сэ а тхылъхэм хэсщIыхьыща щыIэкъым, бзэр щомыцIыхукIэ… Ауэ, щIалэхэм ягъэхьэзырауэ аращ зэрыщытыр, – естыжащ жэуап. 

-Мыдэ къысхуэхь а тхылъхэр, – къызжиIащ Олег. 

Хуэсхьри, хэплъащ. Зыри къызжиIакъым. А зэпсэлъэныгъэм иужь махуитI текIауэ, ди хапIэм зыгуэрхэр иту ялъэгъуащ. Тхьэмахуэ текIри, унэм и проектым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, лъабжьэр иратхъащ… Мис, апхуэдэу, Аргун Олег и фIыщIэкIэ, и мылъку защIэкIэ, мы унэ дахащэр ди хапIэм къиуващ, – гуфIэгъуэм и гур зэщIиIэтэу игу къегъэкIыж Данил. 

Унагъуэм и тхьэмадэм лэжьапIэ IэнатIэ зэриIэри зи фIыщIэр Аргун Олегщ. Хэкужьым къызэрихьэж лъандэрэ, Данил и унагъуэр зэригъэпсэун гуныкъуэгъуэ иIэкъым, Хьэбэз жыпс заводым щолажьэ, абы хуабжьу ирогуфIэ. 

Унэгуащэ Бусейнэ лэжьапIэ IэнатIэ епхауэ щымытми, махуэ псом Iуэхуншэ хъукъым. Япэрауэ, хапIэщIэм илъ хадэр халъхьащ, хадэцIыкIухэкIхэр я куэдщ. Къапщтэмэ, унагъуэ Iуэхур зэи мащIэ хъукъым. Щамым щаупщэфIу щыта ерыскъыхэкIхэр гъэхьэзырыным Бусейнэ и махуэ ныкъуэр токIуадэ. Данил фIэфIщ адыгэ ерыскъыхэкIхэр: хьэлывэр, пIастэр, шыпсыр, кхъуейжьапхъэр Бусейнэ гугъу демыхьу еупщэфI, я Iэнэм ахэр текIкъым. Зи лъапсэр адыгэ хабзэкIэ гъэтIылъа хъуа унагъуэ хъарзынэщ. 

А псоми къинэмыщIауэ, Бусейнэ дэрбзэр IэщIагъэми пыщIащи, и псэр дэзыхьэх Iуэхум сыхьэт бжыгъэ щытригъэкIуадэ мэхъу. Сыт иIысри ед. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, унэм пылъ щхьэгъубжэIупхъуэхэр хуэIэзэу, екIуу и Iэпэм къыщIэкIащ. Дэр-бзэр IэщIагъэм хуэIэрыхуэ бзылъхугъэр къуажэм щыщу къэзыцIыхуахэри къыхуокIуэ, ягъадэ. 

Зыхэс къуажэр, гъунэгъухэр къазэрыхущытым теухуауэ унэгуащэм мыр жеIэ: 

-Щамым дыщыщыIам хуэдэу, мыбдеж апхуэдиз зэкIэлъыкIуэшхуэ щыIэкъым. АтIэ, узэкIэлъыкIуэн хуей хъумэ, Iэмал имыIэу зыгуэр зэхуэхьыпхъэу къалъытэ. Арами, ди гуфIэгъуи, гузэвэгъуи къыддэзыIыгъын гъунэгъуфI дыдэхэр диIэщ. ДыхуэныкъуэIауэ щысынукъым, Тхьэм и шыкуркIэ, къытлъогъуазэ, къытщIоупщIэ. Къуажэри, щIыпIэри дигу ирохь, ди псэр егъэтынш, дэнэкIи удзыпцIэщ, бгыщ, хьэуар къабзэщ, – гуфIэу жеIэ Бусейнэ. 

Тхьэм зыри къатримыгъэфыгъуэкIэ! Быным нурыр къащхьэщех: балигъхэр зэрызэгурыIуэр, анэ-адэ жьауэм щIэт пщащэхэр зэрынасыпыфIэр я нэгум иболъагъуэ. СыткIи уазэрехъуэпсэнщ: я цIэкIэ щIатха я хапIэм исыжщ, я унэм щIэсщ, лэжьапIэ яIэщ, быныр йоджэ, уеблэмэ, пщащитIри щIэныгъэм хуопабгъэ. АтIэ, зыми имыгъэпIейтейуэ пIэрэ мыхэр? 

-Ди адэжь щIыналъэ дисыжщ, мамыру допсэу, Тхьэм и шыкурщ жыдоIэ. Жагъуэ зэрыхъущи, Щамым къикIыжахэм ящыщу, дэ тхуэдэу псэупIэри лэжьапIэри зи насып къихьар мащIэщ. Пэжщ, дэри дызыгъэгумэщI Iуэху гуэрхэр щыIэщ. Ар зэхьэлIар Урысейм и цIыхуу дыщытын папщIэ, «гражданство» къыдэтхынращ. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэпощхьэпор куэдщ. НобэкIэ ди унагъуэм щIэсым сэ гражданство сиIэщ, Тае и тхылъхэр къэкIуэжыным дыпоплъэ. Бусейнэрэ Зоерэ яIэр «вид на жительство»-щ. Тае и тхылъхэр зэфIэкIмэ, и анэми и шыпхъуми яритыфынущ… 

Гугъущ Урысейм укъихьэныр. Абы къыхэкIыуи, ди лъэпкъэгъу куэд нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ. Ахэр унэ щIагъэтIысхьэ, зыхуэныкъуэну дэфтэрхэр щIэх дыдэ къыхузэрагъэпэщ, егъэзыгъэкIэ а къэралым и бзэ нэхъыщхьэр ирагъащIэ, абы папщIи ахъшэ кърат. Къэрал программэ хэхахэр мэлажьэ. Апхуэдэу Урысейм деж зэрыщамыщIым ди Iуэхур къелъахъэ… 

Ауэ, сыт хуэдиз лъэпощхьэпо мы Iуэхум хэмытми, дезэшынукъым, ди лъабжьэр ирамытхъмэ. Дэ нэхъыщхьэу дызыщIэгупсысыр къытщIэтаджэ ди сабийхэращ. Ди пщащэ нэхъыжь Тае Хьэбэз къуажэм дэт лицейр нагъыщэфI защIэкIэ къиухащ. ЕГЭ-р фIыщэу итащ. Зои ебгъуанэ классыр къызэринэкIащ, ОГЭ-р щIыхь хэлъу итащ. Пщащэ нэхъыщIэри фIы дыдэу йоджэ. ДагъэгуфIэ. Иджы Тае ищхьэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыным иужь итщ. И гражданствэ тхылъхэращ Iуэхур къэзылъахъэр, – къыхагъэщ зэщхьэгъусэхэм. 

Аращ – тIэ. Анэ-адэм я гусыс нэхъыщхьэр зэхьэлIар я быным я къэкIуэнуращ, абыхэм Хэкум лъабжьэ быдэ зэрыщагъэтIылъынращ. Пщащэхэр, шэчыншэу, гурыхуэщ, Тхьэм узэрелъэIунщ, гъэсащ, творческэ зыужьыныгъэшхуэ ябгъэдэлъщ. ТIури фIы дыдэу урысыбзэкIэ мэпсалъэ. Абы къыдэкIуэуи, пщащитIми адыгэбзэр, хьэрыпыбзэр, инджылызыбзэр ягъэшэрыуэ. 

Еджэным, есэпым, «точнэ щIэныгъэхэм» ерыщу зэрыдихьэхым къинэмыщIауэ, сурэт щIыным тIури хуэIэзэ дыдэщ. Тае и мурадщ графическэ, щыгъын дизайным, архитектурэм хуеджэну. Абы зыхуегъэхьэзыр. Къуажэм дэт художественнэ еджапIэми щеджащ, сурэтыщI цIэрыIуэ Щохъужь Мухьэмэд Черкесск къалэм щиIэ и студием дежи зыщегъасэ. Зои бгъэдэлъ гупсысэ куур зыхыбощIэ. Ар нэрылъагъущ пщащэм и IэдакъэщIэкI сурэтхэм деж.  

А псоми я щхьэжу, Данилрэ Бусейнэрэ я пщащэ цIыкIуитIри адыгэ хабзэм зэрыщIапIыкIыр нэрылъагъущ: Iущабэхэщ, гъэсэныгъэ дахэ яхэлъщ. Тхьэм насып защIэ ищIхэ! 

Зэщхьэгъусэхэм Iыхьлыр я куэдщ, къапщтэмэ, зэгъусэу Хэкум къэIэпхъуэжахэщ. Ахэр Налшыки, Мейкъуапи, Абхъазми щопсэу. Пэжщ, псэупIэ щIыпIэкIэ тIэкIу зэбгрыдзахэщ. Ауэ зэкIэлъокIуэ, я зэпыщIэныгъэр ягъэкIуэдкъым. Псом нэхъыщхьэр аращи, я нэхъыжьхэм я хъуапсапIэу щыта адэжь Хэкум дэтхэнэми лъабжьэ быдэ щигъэтIылъащ. 

Къардэнхэ я унагъуэ дахэм уи псэр бгъэдэзышэ зы хьэл гъэщIэгъуэн ядэтлъэгъуащ – я нэгур зэрызэIухам хуэдэу, ягури къабзэщ, инщ. Абы къыдэкIуэу, я гур ягъэкIуэдкъым, Тхьэм щогугъ, фIым щIолъэIухэ. Шэч къызытрамыхьэр аращи, Хэкужьым къызэрыкIуэжам зэи хущIегъуэжынукъым. Тхьэм гу щаригъахуэ! 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz