Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адыгэ Iуэхум – гуащIэ ин

ЧЫРЖЫН (Дохъушокъуэ) Куклэ Жамбэч и пхъур илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ пэрытщ егъэджакIуэ ІэщІагъэм. Арами, Куклэ дохутыру еджэн и мурадащ. Ауэ гъащIэм апхуэдэу зэблихри, и мурадыр къыдэхъуакъым, абы ипIэкIэ щIыхьащ Къэрэшей-Черкес къэрал пединститутым филологиемкІэ и къудамэм. Ар къиуха нэужь илъэсипщIкIэ щылэжьащ Черкесск къалэм дэт лъэпкъ интернатым. Иужьым, республикэ къалащхьэм дэт етхуанэ курыт еджапIэм къэкIуэжащ. Абдеж урысыбзэмрэ урыс литературэмрэ щригъэджащ.  

Илъэс куэд хъуауэ адыгэ сабийхэм анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ ягъэщIэным и гуащІэ хуегъэтІылъ. Абы щIыгъуу, езым къызэригъэпэщауэ егъэлажьэ лъэпкъ музей къызэрымыкIуэ. Абы ущIыхьэмэ, таурыхъым ухыхьам хуэдэщ. ЖыпIэ хъунущ егъэджа-кIуэр зи ужь ит Iуэху псори фIы дыдэу къехъулIауэ. Абы и щыхьэтщ егъэджакIуэм и ехъулIэныгъэ бжыгъэр.  

Иджыблагъэ Москва щекIуэкIащ музейхэм я «Без срока давности» Урысейпсо фестивалыр. Абдежым «Общеобразовательные организации» категориемкIэ зи цIэ фIыкIэ ираIуэу призер хъуахэм ящыщщ Чыржын Куклэ и лъэпкъ музей къызэрымыкIуэр. 

ЕгъэджакIуэм зэрыжиIэмкIэ, мыр Урысейм щылажьэ адрей музейхэм ящхькъым. Мыр сабийхэм я нэІэм щІэтщ, махуэ къэси мэлажьэ, мыбдежым сабийхэр щоджэ. АдыгэбзэмкIэ дерсхэм деж музейм щIэлъ тхылъхэмрэ хьэпшыпхэмрэ къагъэсэбэп.  

Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр здадж кружок цIыкIуу къыщIидзар мыпхуэдэу псори зыдихьэх Iуэху дэгъуэ хъужащ. Музейуэ ягъэпсыжри, иужькIэ «къэрал» нагъыщэри къыхуагъэфэщащ. Иджы мыбдежым сабийхэр щеджэ къудейкъым, атIэ я егъэджакIуэм и унафэм щIэту, адыгэ тхыдэм, щэнхабзэм, гъуазджэм теухуа къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI. Апхуэдэу щыщыткIэ, Чыржын Куклэ Жамбэч и пхъур егъэджакIуэ, гъэсакIуэ къудейкъым, ар икIи лъэпкъым и къэхутакIуэщ. Музейм адыгэ студие къыщызэIуахри, еджапIэм и педсоветым и унафэкIэ ар лъэпкъ студие, иужьым кафедрэ ящIыжащ. Езыри абы и унафэщIу ягъэувыжащ. 

Чыржын Куклэ и гъэсэнхэм сыт щыгъуи зэпеуэхэм бжьыпэр щаубыд, нэхъыфIхэм хабжэ, саугъэтхэр къалъэщ. Мы музейм щIыхь тхылъу щIэлъыр гъунэжщ, дапхъэхэм техуэкъым.  

А псоми я щхьэжу егъэджакIуэм ипэ иригъэщыр адыгэбзэр джын Iуэхуращ, абы хуэгъэзауэ зыпэщIэхуэ гугъуехьхэращ. КъызэрилъытэмкIэ, еджапIэм къыщIыхьэ къалэ сабийхэм я адэ–анэхэм я быным адыгэбзэ ирамыгъэщIауэ къахуокIуэ.  

-Псори зэхуэдэкъым, зи унагъуэм деж зи бын адыгэбзэкIэ епсалъэхэри щыIэщ, урысыбзэр «къызытекIуэхэри» гъунэжщ. «Анэдэлъхубзэ» жэуэ леймкIэ жаIэкъым, анэ быдзышэм щIыгъуу сабийм зыщIишэн хуейщ адыгэбзэри, адыгэ гупсысэкIэри. Сабийм анэдэлъхубзэр Iурылъмэ, ар нэхъыщхьэу икІи нэхъапэу зи фIыщIэр и адэ– анэращ, и унагъуэмрэ къыдалъхуахэмрэщ. Адыгэбзэр здызекIуэ унагъуэм ар зэгуэрэми щащыгъупщэнукъым.  

ГурыIуэгъуэщ мы Iуэхум деж еджапIэмрэ егъэджакIуэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэри. Ауэ адэ-анэр пымылъмэ, сабийхэм бзэр ящIэнукъым. Телевизорыр урысыбзэкIэ мыхъумэ мыпсалъэмэ, иджы сабийхэр интернеткIэ «иужьгъауэ» зэрыс телефонхэм урысыбзэ нэхъ щамылъагъумэ, щызэхамыхмэ, хэт абыхэм я бзэр языгъэщIэнур? Сабийр махуэ къэс адыгэбзэкIэ псэлъапхъэщ. Ар зэрыжытIэр зыгуэрхэм я жагъуэ иремыщI, ауэ адыгэбзэ къыбгурымыIуэмэ, къыбгурыIуэпэми, адыгэбзэкIэ умытхэфмэ, уемыджэфмэ, умыпсэлъэфмэ, адыгэу зыкъэплъытэж хъунукъым, – жеІэ егъэджакІуэм.  

Чыржын Куклэ сабийхэр адыгэбзэкIэ игъэпсалъэ, игъатхэ закъуэкъым, абы иригъаджэхэм я пащхьэ ирелъхьэ зэпыт «Черкес хэку» газетыр, адыгэбзэкIэ къыдэкI хэгъуэгу журналхэр, къегъэсэбэп нэгъуэщI Iэмал зэхуэмыдэхэр. 

-Мис иджыблагъэ Москва лъэпкъхэм я Институтым онлайн–конференц иригъэкIуэкIати, сыхэтащ. Абдежым щхьэихауэ щыжысIащ сабий садхэм нанухэр «зэрыщагъэкIуэдыр», нэгъуэщIу жыпIэмэ, я анэдэлъхубзэр зэрыщагъэгъупщэжыр. Зыгуэрхэми къыздащтакъым, псалъэм къыдэзгъакIуэу, фэрыщIыгъэкIэ жысIэу къыспалъхьэри. Ауэ мы Iуэхум фэрыщIыгъэ хэткъым. Бзэр къызэтенэмэ, лъэпкъри хъума хъунущ. ДяпэкIэ къалэщхьэгуэжькIэ дызыщыгугъ сабийхэм я анэдэлъхубзэр яIурытчмэ, сыт дэ къытпэплъэр? – щIоупщIэ егъэджакIуэр. 

Абы игу къызэригъэкIыжымкIэ, адыгэбзэм хуригъэджэн щыщIидзам, еджапIэм программи сыти щыIэтэкъым. Программэри къратащ, тхылъхэри къыдэкIащ. «Зэредгъэджэн диIэкъым» жаIэу тхьэусыхэну я Iуэху тетыжкъым. Илъэс зыбжанэкIэ адыгэбзэр факультативу ирагъаджэу щытащ. Апщыгъуэращ Куклэ и лъэпкъ кружокыр, иужькIэ музей хъужар, къыщызэIуихари. Ар хуабжьу къыщхьэпа, зыщыгуфIыкIыжа, нобэр къыздэсым и гур зыгъэфI Iуэхущ.  

Апхуэдэщ и гупсысэкIэр, и лэжьэкIэр, и дуней тетыкIэр, и ехъулІэныгъэхэр Къэрэшей-Черкесым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Урысейм и егъэджэныгъэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, е 5-нэ Черкесск къалэ гимназием анэдэлъхубзэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, Черкесск къалэм адыгэбзэкIэ щезыгъаджэхэм я методическэ зэгухьэныгъэм илъэс куэдкIэ и унафэщIу щыта, ди лъэпкъыр зэрыгушхуэ Чыржын Куклэ. 

Yazarın Diğer Yazıları

Адыгэ журналистхэр – текlуэныгъитlкlэ

ДАГЪЫСТАНЫМ и къалащхьэ Махъачкъалэ шыщхьэlум (августым) и 25-27 махуэхэм лъэпкъ телевиденэ нэтынхэмкlэ «Голос Евразии» зи фlэщыгъэцlэ, е 5-нэ Урысейпсо фестиваль щекlуэкlащ.  Абы хэтащ УФ-м и...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img