Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бзурэ пэт и абгъуэр къелъыхъуэж

Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэр ди лъэпкъэгъухэм тIууащIэу къазэрытехьэлъам шэч хэлътэкъым – едэпщанэу Iэпхъуэшапхъуэхэм хэхуэн хуейт?!


«ГУГЪУЩ, дауи, уи пщIэнтIэпскIэ унэ-лъапсэр зэфIэбгъэувауэ «иджы сыпсэунщ» щыжыпIэ дыдэм псори къыщызэтещэхэжым деж. Дэ Тхьэм и нэфI къытщыхуащ, зауэм дыкъыхэкIыу мыпхуэдэ жэнэт дыкъыхэхуэжыну Iэмал зэрыдгъуэтамкIэ», – игу къегъэ­кIыж зауэ лыгъэм зи унагъуэр къыхэзышу Хэкум къэIэпхъуэжа Шымыгъашхэ Зигъу. Ди псэлъэгъум хуэдэу зи щхьэр зи лъахэм къе­зыхьэлIэжахэм абы щыгъуэм зыщIагъэкъуат Дунейпсо Адыгэ Хасэми республикэм щыпсэухэми. 

Зигъу и унагъуэр хъуэпсэгъуэщ. Унагъуэшхуэм дащыхыхьам, ахэр нэшхуэгушхуэу къызэрытIущIар сыт и уасэт?! Зигъурэ и щхьэгъусэ Маисэрэ (абазэхэщ, Гъышхэ япхъущ) я быниблыр дыгъэ-щыгъэ зыхужаIэм хуэдэщ. Нэрылъагъущ унагъуэм хабзэрэ пщIэрэ зэрилъыр. И щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ нэхъ гъунэгъуу къыдигъэцIыхуну Зигъу дыщелъэIум, уеблэмэ унэгуащэм и цIэр, езыри щысу, къриIуэну фIэемыкIу хъуат. Зигъу и бынхэм адыгэцIэ дахэхэр яфIищащ: Азер, Нэхунэ, Маржэ, Димахуэ, Аслъэн, Синэ, Сипсэ (иужьрей цIыкIуитIыр зэтIолъхуэныкъуэщ).  

Зигъу илъэс куэдкIэ инженеру щылэжьащ щIыдагъэ къы­щIэ­зыш IуэхущIапIэм. 

-ДыкъыщыкIуэжагъащIэм цIыхухэм хъарзынэу зыкъытщIагъэкъуащ. Мы зэманым щIым тIэкIу долэжь, и пIалъэр зыдогъащIэ. Джэдкъаз догъэхъу. Гъунэгъухэм я гугъу пщIымэ, цIыху хъар­зынэ дыдэхэщ, ауэ щхьэж и Iуэхумрэ зэрыпсэунымрэ егъэ­быдылIащи, сэлам зэтхыф къудейщ, – жеIэ Зигъу.  

«ФыхущIегъуэжакъэ фыкъызэрыкIуэжам?» – жыпIэу ущеупщIкIэ, абы къыхегъэщ: «Иджыри къэс сыкъызэрымыкIуэжаращ сызыхущIегъуэжыр. Нэхъ пасэу зэфIэдгъэкIын хуея Iуэхущ. Сэ жысIэращ: Сирием щыдлэжьар Хэкум деж щытщIауэ щытамэ, куэдкIэ нэхъыфIу иджыпсту дыпсэунт. Зауищым дыкъелащ, щэнейрэ зэхэзехуэн дащIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъапсэ бухуэныр Iуэху псынщIагъуэкъым. КъызэрыгуэкI цIыхум и гъащIэм къриубыдэу зы щхьэегъэзыпIэ иухуэф къудейщ. Дэ апхуэдэ гъэунэхуныгъэ щэ дихуащ. ЦIыхум и къаруми гъунапкъэ иIэщ. Иджы дэ ди ныбжьыр кIуащ. Ауэ жыгым лъабжьэ едгъэгъуэтмэ, адэкIэ ди бынхэм абы псы щIакIэурэ хъер къыпахынщ. Дызыщыгугъыр аращ. Ди адэ тхьэмыщкIэр хамэщI дыщыпсэун хуейуэ ди натIэ зэрыхъуам ирибампIэурэ дунейм ехыжат. Дауи мыбэмпIэнрэт, бзу цIыкIурэ пэт и абгъуэр къелъыхъуэж. 

Зигъу и шы нэхъыжь Пэрыти Кременчуг-Константиновкэ къуа­жэм дэтIысхьэжащ. Щыгъуазэ дызэрыхъуамкIэ, Пэрыт Сирием егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу илъэс 11-кIэ лэжьащ, хьэрып-нэмыцэ псалъалъэ зэхэзыгъэувахэм яхэтащ. Япэ дыдэ ар Урысейм къихьауэ щытащ Дунейпсо Олимп джэгу­хэр Москва къалэм щыщекIуэкIам. Ауэ нэхъыбэу ар нобэ зытепсэлъыхьыр къызыхэкIа лъэпкъымрэ я нэхъыжьхэмрэщ.  

-Ди адэм и адэшхуэращ Хэкум иIэпхъукIауэ щытар. Абы щIалитIрэ зы пщащэрэ къыхуэхъуат, арщхьэкIэ зыр пасэу дунейм ехыжащ. Шымыгъашхэхэ зэи къыщыхъуакъым я щIэблэм адыгэ­цIэ фIамыщу. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ иритырт ди адэми, – жеIэ Пэрыт. – Сэ къыскIэлъыкIуэр хъыджэбзхэрати, абы зым Iыхьэмахуэ, адрейм Дыщэмахуэ яфIищащ, си къуэш нэхъыщIэхэм – ­Зигъу, Нарт, Щауэмахуэ. Ар дэ хабзэ нэхъыщхьэ дыдэ тхуэхъури, дэ къытщIэхъуэжахэми зыми хьэрыпыцIэ еттакъым. Зэпымыууэ жызоIэ адыгэм лIэщIыгъуэкIэрэ зэтриухуа и гупсысэм къытекIуэн зэрыщымыIэр. Зи гугъу сщIыр цIыхум ухэзышэ икIи укъыхэзышыж ди хабзэ-бзыпхъэрщ. Уэрамым дэт сабийхэр адыгэбзэкIэ псалъэу зэхэсхамэ, апхуэдизкIэ ар си гум йодэхащIэри, IэфIыкIэ хъуми, ахъшэ тIэкIуми зыгуэр язот. Сотхъэж абы­хэм я макъыр зэхызохри. Зэрыхабзэщи, псы цIыкIур псыш­хуэм здехь. Дэри дызыхэс лъэпкъышхуэм ди гупсысэр хэшып­сы­хьыж хъуащи, аращ нэхъыбэу дызыгъэгузавэр.  

Пэрыт быниплI иIэщ: хъыджэбзищыр унагъуэ хъужауэ Сирием щопсэу, и щIалэ Бибарс езым и Iуэху къызэригъэпэщыжауэ Тыркум щыIэщ. 

Хэхэс гъащIэр зылъэгъуар нэхъ хэкупсэ мэхъу жыхуаIэрщи, Пэрытрэ и щхьэгъусэмрэ къызэрыкIуэжа къудейм щогуфIыкI, щIым хуаIэ лъагъуныгъэр я хадэмкIэ нэрылъагъущ. Жыг хадэр пхъэщхьэмыщхьэм къекъутэ, хадэхэкIхэмкIи къулейсызкъым, уеблэмэ гъэщIэгъуэн тщыхъуащ СириемкIэ шхыныгъуэхэр ирагъэIэфIу къагъэсэбэп «млюхие» удз лIэужьыгъуэри унэгуащэм и хадэм къызэрыщигъэкIыр. Арагъэнщ Хэкур зи плъапIэм сыт хуэдэ лэжьыгъэри фIэIэфIынущ, щIыжаIэр. 

  

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ. 

Yazarın Diğer Yazıları

Бзэр лъэпкъым и фащэщ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Бжыгъэ технологиехэмрэ зэхэщlыкl lэрыщlымкlэ и институтым и магистратурэм щlэс Шэшэн Лацэ зэхигъэуващ адыгэбзэр тыншу яджынымкlэ «Псалъэ» зыфlища сайтыр. Ар иджыблагъэ абы...

Тхыдэмрэ хьэпшыпымрэ зэрызэпыщlар

Сыт хуэдэ лъэпкъми иlащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкlыфам дунейм увыпlэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икlи дэтхэнэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img