Узбекистаным и Намаган къалэм щек1уэк1ащ бгырыпх бэнэк1эмк1э дунейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэрал 32-м къик1а спортсмен 350-рэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщ1ыгъуу зэпеуэм зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.
Зи хьэлъагъыр килограмми 100-м щlигъухэм я гупым щригъэкlуэкlа зэпэщlэтыныгъищми щытекlуа Щхьэщэмыщl Рэмазан дунейпсо зэхьэзэхуэм и абсолютнэ чемпион хъуащ. Лэскэн муниципальнэ районым и ДЮСШОР-м и гъэсэныр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ и адэ икlи и тренер лъэпкъ бэнэкlэмкlэ РСФСР-м и чемпион Щхьэщэмыщl Ахьмэдхъан.
-Финалым ипэ къихуэу зэпэщlэтыныгъитlым сыщытекlуащ. Етlуанэ бэнакlуэм дезгъэкlуэкlа зэlущlэр нэхъ къыстехьэлъащ, ауэ абы кърикlуам зэхьэзэхуэм кlэух хуэхъунур игъэбелджылащ. Финалым хьэрхуэрэгъу къыщысхуэхъуар и бэнэкlэм фlыуэ сыщыгъуазэт, езыри сцlыхут. Пэщlэдзэ зыгъэсэныгъэхэр зэгъусэу едгъэкlуэкlащ, а лъэхъэнэми абы сыщыкlэлъыплъурэ тактикэ щхьэхуэ хуэзгъэхьэзыращ. Мазэ бжыгъэкlэ зызыхуэзгъэхьэзыра зэlущlэм секунд 40-м къриубыдэу сыщытекlуащ, – жиlащ фокlадэм и 12-м Налшык и къухьлъатэтедзапlэм къыщрагъэблэгъэжа Щхьэщэмыщl Рэмазан.
Дунейпсо чемпионатым зэрыщытекlуам къыхэкlыу адыгэ щlалэм къыхуагъэфэщащ дунейпсо класс зиlэ спортым и мастер цlэ лъапlэр. Адэкlэ ди лъэпкъэгъум зыхуигъэхьэзырынущ Дунейпсо Кубокыр къэхьыным ехьэлlа зэхьэхьэзэхуэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Физическэ щэнхабзэмрэ спортымкlэ и факультетыр къэзыуха Щхьэщэмыщl Рэмазан иджыри ехъулlэныгъэ куэдкlэ дыщогугъ.