Иджыблагъэ хьэбэздэс Жумай Анзор: «ХьэщІэ сиІэщ, фыхуэзамэ си гуапэт, фэри ффэгъэщІэгъуэныну къысщохъу…»,-жери редакцэм къэпсэлъащ. Езыр зэрылъэпкъыгум, ныбжьэгъухэр дэнэ къуапи зэрыщиІэм дыщыгъуазэкІэрэ, иджырей ди зэІущІэри купщІэншэ зэрымыхъунум шэч къытедмыхьэу, кІэщІрэ псынщІэу гъуэгу дытехьащ.
Адыгэ фащэр екІупсу зыщыгъ Жумай Анзоррэ къэрал нагъыщэ зэхуэмыдэхэр къызыхэлыдыкІ кІэстум фІыцІабзэм сыкъ жэуэ зи Іэпкълъэпкъыр ит урысылІымрэ Хьэбэз къуажэку уэрамым къыздрикІуэм гулъытэ куэд къахьэхуагъэххэт. Ауэ, Анзор и къуажэгъухэм къацІыхуми, щІыгъу урысылІым зыри хацІыхукІтэкъым: хэт ар, сыт къыщІэкІуар? Ауэ, ІуэхущІафэ къызэрымыкІуэхэм дихьэх Анзор щІыгъури къызэрымыкІуэ цІыхуу зэрыщытыр хьэкът.
-Марыхъу къуажэм сыкъыщыхъуащ. Къардэныдж сыщыпсэуащ. Иджы си псэупІэр Саратов областым хыхьэ Энгельс къалэращ, абы сыкъикІащ. Илъэс къэс сытемыпыІэжу сыпоплъэ си Іыхьлыхэр здэпсэу, си анэр здэпсэуа, дэнэ сыщымыІами зыми пэзмыщІ си хэку, си Кавказ гъэмахуэ хъууэ сыкъыщыкІуэным, – жи урыс лІым…
Абы и псалъэм къыпещэ Анзор.
-Мыр Колосов Александрщ. ЛъэпкъкІэ урысщ. Дяку илъэс куэд зэныбжьэгъугъэ дэлъщ. Гъэсэныгъэ нэс зыхэлъ, зыкъыщыхъуж хьэл-щэныр зи хамэ, лъэпкъ-зэхэгъэж зымыщІ, ерыскъыкІэ, хьэщІэкІэ къызэрымыкІуэу цІыху жумартщ си ныбжьэгъужьыр.
ДызэзыгъэцІыхуар езыри сэри дызыдихьэх «коллекционированэ» Іуэхуращ. Александр нэхъыбэу гулъытэ зыхуищІыр авиацэм ехьэлІаращ. Аращ ди зэныбжьэгъугъэр къыздежьари.
Авиамоделированэм щыдихьэхаи, щІыдихьэхаи Колосовым ицІыхукъым, ауэ фІы дыдэу ецІыхуж а кружокыр.
-Пионерхэм я Унэ Зеленчук станицэм дэтт. Абдеж авиамоделированэмкІэ кружок щылажьэти, Къардэныдж станицэм сикІыурэ лъакъуэрыгъажэкІэ Зеленчук махуэ къэс сыкІуэт, дерсхэм сыщІэст, зэхьэзэхуэхэм сыхэтт, уэгум, кхъухьлъатэхэм, авиацэм ехьэлІауэ сыт хуэдэ щІэщыгъуэ слъагъуми зэхэсхми нэхъуеиншэу зыхэзубыдэт, – игу къегъэкІыж Колосовым.
Курыт еджапІэм щеджа илъэсхэм къриубыдэу щІалэ цІыкІум и нэр къызыхуикІым хуищІа хьэщыкъыр нэхъри къеблащ. Курыт еджапІэр къызэриухыу, Ставрополь авиаучилищэм щІыхьэну еунэтІ. ТІэунейрэ щІыхьэну пылъащ, къехъулІакъым. Ауэ и натІэм къритхам ирихьэлІэну къыхуиухагъэнти, дзэм къулыкъу ищІэну щыдашми, зыхэхуар кхъухьлъатэхэм, ракетэхэм я гъэлъэтапІэ, тІысыпІэ Байконур къулыкъу зыщІэхэращ. Абдеж щыІэу, комнадирым рапорт хуетхри, Алма-Ата макІуэ. Абдеж медкомиссэр тыншу зыпэщІегъэкІри, Тамбов къалэм дэт лётнэ училищэм, «бомбардировочнэ» авиацэм хохуэ.
-«Истребительскэ» авиацэрат сызыхуеяр, ауэ ещанэ зепщытыгъуэкІэ си насып къихьам хэдэхэплъэ хуэсщІыжыну сыхуейтэкъым, – игу къегъэкІыж Колосовым.
1981 гъэм Александр училищэм щеджэну макІуэ икІи «лётчик дальней авиации, лётчик-инженер» ІэщІагъэр иІэу къеухри, Энгельс къалэм лэжьапІэ яунэтІ.
Колосов Александр авиаІуэхут Хьэбэз курыт еджапІэм къезышэлІар. АтІэ, мы еджапІэм Адышэс Азэмэт и нэІэм щІэту щолажьэ авиамоделированэмкІэ кружок гъэщІэгъуэн. Абы кІуэ щІалэ цІыкІухэм яфІэгъэщІэгъуэн дыдэу Колосовым и дерсым щIэдэІуащ, ІэрыщІ кхъухьлъатэ цІыкІухэр ягъэ-лъэтащ. Армырами, уэгур я плъапІэрэ хъуэпсапІэти, я гухэлъхэр нэхъри зэщІэрыуащ.
Хьэбэз еджакІуэ щІалэ цІыкІухэр зыхуэхъуапсэ мамыр гуащІэр, иужьрей хьэргъэшыргъэхэр зэрипхрэ къэпщытэжыныгъэ хуищІу, куэд зи нэгум щІэкІа, уафэмрэ щІылъэмрэ зэзыпха кхъухьлъатэзехуэм жеІэ:
-ФІыщІэ хуэфащэщ щІалэ цІыкІухэр Іуэху узыншэм хуэзыунэтІ, авиацэм теухуа щІэныгъэ языт Адышэс Азэмэт. Абырэ сэрэ дызэрызэхъуэжэн, дызэрызэчэнджэщын куэд зэдэдгъуэтынущ. Тхьэм игъэпсэу дызэзышэлІа Жумай Анзор.
КъинэмыщІауэ, дэтхэнэ щІалэ цІыкІури щІохъуэпс летчик хъуну. Хэт ищІэрэ, Азэмэт и дерсхэр, и унэтІыныгъэр щІэдзапІэ яхуэхъуу, дяпэкІэ зи цІэхэр зэхэтхын кхъухьлъатэзехуэ цІэрыІуэхэр адыгэ лъэпкъым къахэкІынкІэ мэхъу абыхэм.