«Нэращ цlыху lэпкълъэпкъым и пкъынэ нэхъ къабзэ дыдэр. Цlыхум и дахагъэмрэ гуакlуагъэмрэ къызытещыр аращ. «Нэм япэ псэр ихуэ», – жеlэ адыгэ псалъэжьми, нэхэм ямылъагъужу кlыфlыгъэм къыхэнэныр дэтхэнэм и дежкlи зэрышынагъуэр щlигъэбыдэу. Апхуэдэ гузэвэгъуэм ар къебгъэлу дэlэпыкъуэгъу ухуэхъуфыныр насыпышхуэщ. И lэпэр яlыгъыу сымаджэщым къаша, операцэ ящlу зи нэхэр къэплъэжа цlыхум и гуфlэгъуэр плъагъуныр куэд и уасэщ», – жеlэ КъБАССР-м щlыхь зиlэ и дохутыр, медицинэ щlэныгъэхэмкlэ кандидат, офтальмолог Афlэунэ Анатолэ.
Афlэунэр нэм щеlэзэ къудамэм и унафэщlу щыщытам, абы мыхьэнэшухэ зиlэ къалэн куэд зэфlигъэкlащ. Апхуэдэу ар университетми медколледжми япыщlат, студентхэм лэжьыгъэм и пlалъэм Анатолэ и деж зыщыхагъэгъуазэрт, район сымаджэщхэм нэм щеlэзэ я къудамэхэм я лэжьыгъэр зыхуэдэр зригъащlэрт, сыт и лъэныкъуэкlи абыхэм чэнджэщэгъуи дэlэпыкъуэгъуи яхуэхъурт. Тхьэмахуэм зэ поликлиникэм сымаджэхэм щахуэзэу илъэс 37-кlэ дагъуэншэу лэжьащ.
Афlэунэр къызэгъэпэщакlуэ гъуэзэджэу зэрыщытыр наlуэ къищlырт зи унафэщl къудамэр сыт и лъэныкъуэкlи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыным и гуащlэшхуэ зэрыхилъхьар. Абы илэжь дэтхэнэ зы lуэхугъуэри зыхуэунэтlар сымаджэхэри и лэжьакlуэхэри нэхъ зэригъэтыншынырт икlи абы и лъэныкъуэкlэ хузэфlэкl къигъэнакъым. Анатолэ сытым дежи хущlэкъурт унэтlыныгъэм щlэуэ къыхыхьэ псоми зэрызыщигъэгъуэзэным, ахэр лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпу lэнатlэр зэрызэтриухуэным. Апхуэдэу 1985 гъэм Республикэ клиникэ сымаджэщым, Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу, нэм нэджыдж lэрыщl хагъэувэу операцэхэр ящlын щрагъэжьащ.
Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэ зэрыпэрытым, унафэщl къалэн гугъури и пщэм зэрыдэлъым къыдэкlуэу Афlэунэ Анатолэ нэ узыфэхэм теухуа щlэныгъэ лэжьыгъэ купщlафlэу 26-рэ къыдигъэкlащ, абы игъэхьэзыращ Урысейм и къалэ куэдми къищынэмыщlауэ, хамэ къэралхэми щылажьэ офтальмологыу 40-м щlигъу.
Анатолэ нэ дохутырхэм я Союзпсо, Урысейпсо зэlущlэшхуэхэм мызэ-мытlэу хэтащ, ар «Щlэныгъэ» зэгухьэныгъэм и лектору, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымрэ курортхэмкlэ и министерствэм и нэ дохутыр нэхъыщхьэу илъэс куэдкlэ лэжьащ. Мы псори щыхьэт тохъуэ Анатолэ щlэныгъэ куурэ зэфlэкl лъагэрэ зэрыбгъэдэлъым, лэжьакlуэ емызэшу зэрыщытым. Абы и цlэр фlыкlэ щыlуащ ди республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщl щlыпlэхэми.
Офтальмолог цlэрыlуэ Фёдоров Святослав мызэ-мытlэу ди республикэм щыlащ, дохутырхэр лэжьэкlэщlэм хигъэгъуазэу лекцэхэм къахуеджэу, операцэхэр иригъэкlуэкlкlэрэ мастер-классхэр иту. Апхуэдэхэм и деж абы зригъэлъагъуэрт Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеlэзэ и къудамэм щекlуэкl лэжьыгъэр икlи сытым дежи жиlэрт ар зэрефlакlуэр, дохутырхэм я ехъулlэныгъэхэм щыгуфlыкlырт, къыхигъэщырт зыпэрыт lуэхум фlыуэ хэзыщlыкl унафэщlым, Афlэунэ Анатолэ, и нэlэ щlэт гупым адэкlи зэфlэкl лъагэхэр зэраlэнур.
«Мыхьэнэшхуэ иlэщ нэм игъуэта ныкъусаныгъэр и чэзум къэпхутэным, дэтхэнэ узыфэми хуэдэу, хэтlасэмэ, сэбэп ухуэхъужыфынукъыми, – жеlэ Афlэунэм. – Набгъэ хъуам lэмал имыlэу илъэс къэс и нэхэм я щытыкlэр къригъэпщытэн хуейщ. Сабийхэр школым щlэтlысхьэн ипэ и нэхэм егъэплъыпхъэщ. Псалъэм папщlэ, глаукомэр, узыфэ бдзаджэщ, узыр зэхыумыщlэу, хуэм-хуэмурэ уи нэхэм зэрилъагъум кlэречри, нэф уохъу. Аращи, цlыхум и ныбжьыр илъэс 40-м фlэкlамэ, нэхъ мыхъуми илъэситlым зэ нэ дохутырым и деж кlуэн хуейщ, мис а узыфэр и къежьапlэм къэхута хъун папщlэ. Нэхэм къалэнышхуэ ягъэзащlэ. Абыхэм я узыншагъэм куэдкlэ елъытащ дунейм и дахагъыр, жыпlэнурамэ, гъащlэм и lэфlагъыр нэсу зэрызыхэпщlэнур».
Пщlэ, lулыдж зиlэ цlыхущ Афlэунэ Анатолэ. Апхуэдэ лъытэныгъэр абы къыхуихьащ гъащlэм цlыхугъэр щигъэнэхъапэу, зыпэрыхьэ lуэхум lэзагъэ къыщигъэлъагъуэу, и зэфlэкlыр жылагъуэм хуигъэлажьэу къызэрекlуэкlам.
Афlэунэм унагъуэ хъарзынэ иухуащ, псэукlэ дахэ иlэщ. И щхьэгъусэ Нало Зоерэ (и ахърэт нэху Тхьэм ищl) езымрэ бынищ зэдапlащ. Я хъыджэбз нэхъыжь Мадинэрэ я щlалэ Маратрэ я адэм и lэщlагъэр къыхахыжауэ, абы и лъэужьым ирокlуэ – нэ дохутыру мэлажьэ. Марат, медицинэ щlэныгъэхэмкlэ кандидатщ, и адэм и пlэ иувауэ, 2006 гъэ лъандэрэ нэм щеlэзэ къудамэм и унафэщlщ. Япхъу етlуанэ Маринэ экономист lэщlагъэр къыхихащ. Афlэунэхэ я щlэблэм я нэхъыжьхэм я щапхъэр я гъуазэу езыхэм я лъагъуэр гъащlэм щыхашыж.