Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Мухьэмэд-дадэ

Лыхь Людэ

«ТIыкъ-тIыкъ, тIыкъ-тIыкъ тIыкъ-тIыкъ…» Къытригъэзэжу сыт мы макъыр зищIысыр? А-а-а, къэсщIэжащ. Сэ сыщыпсэу еплIанэ къатым нэс дэкIея дей жыгыр зы жыгыуIу цIыкIу гуэрым къигъэунэхуауэ махуэ къэс мэтIыркъэ. Е хьэпIацIэ IэфI цIыкIухэр къилъыхъуэрэ? Е щIымахуэм щыпсэун унэ Iэхуитлъэхуит къриуIукIрэ? Нэмэзми щхьэ мызагъэрэ?! Нобэ зэрытхьэмахуэр, сэ сыжеину сызэрыхуейр ищIэркъэ?!..  

А делэ мыгъуэ, псэущхьэхэм тхьэмахуэ яIэ… 

Ахэр зэзгъэзахуэурэ си нэр къызэтызохри…. къызощIэж… еплIанэ къатми сытескъым, атIэ къуажэм сыщыIэщ! Мамэшухэ (аращ сэ си нанэм сызэреджэр) и гъуэлъыпIэ щабэм сыхэлъщ. Мамэшхуэ, дауи, куэд щIащ къызэрытэджрэ. Жэмри къишри дихуакIэщ. А сэ фIыуэ слъагъу щIакхъуэ цIыкIум хуэди игъэжьа хъунщ… Сэ си нэр зэтызопIэжри жей IэфIым зыхезгъэлъэфэжыну яужь сохьэр, арщхьэкIэ мащIэу IугъэзэщIыкIа щхьэгъубжэм къыдиху салъкъын щIыIэтыIэм си жейр, IэкIэ трахам ещхьу, сIэпех. «ТIыкъ-тIыкъ» макъри абы къыхыхьэжащи, ужеижыфын? 

Сыкъотэджри занщIэу пIэр сощIыж. Мамэшхуэ сытым хуэдэу и жагъуэ пIэ Iумыхыр къэбгъанэу ущежьэжым деж. «Хуэмыху нэщэнэщ» жи. 

Щоджэн Самирэ

«ШейтIанхэр къыздэмышхэн щхьэкIэ», си напэм псы щIызокIэри жьэрымэ IэфIыр къыздрих пщэфIапIэмкIэ сокIуэр. «Ар сыту жьыуэ укъэтэджа, си нэху», – гуапэу къыспожьэ мамэшхуэ. Сэ абы IэплIэ изошэкI:  

-Сыту фIыщэ, мамэшхуэ, уи деж ущыIэну! Зэи сыкIуэжынтэкъым! Уи щIакхъуэ цIыкIумрэ шэпIапIумрэ махуэ къэс сшхыуэ сыщыIэнт! 

-Атlэ щыIэ, хэт ущызымыгъэIэр, – погуфIыкI нанэ. 

-Нанэ, нышэдибэ «тIыкъ-тIыкъ» макъым сыкъигъэушащ. Мес, иджыри зэхызох… ЖыгыуIу ар? 

-ЖыгыуIум иригъэщI макъым ещхь-тIэ ар? ЖыгыуIур жыгым йоуIу, мыр зэрыгъущI макъыр зэхэпхыркъэ? Мухьэмэд-дадэ шэмэдж иуIу хъунщ, жыг лъабжьэр пиупщIыну. 

Дыгъуэпшыхь къыпщIэупщIащ ар езыр: «КIэ баринэр къэкIуэжа?- жиIэри. Ушхэмэ, уекIуэкIынщ.  

Сэ си гуапэ дыдэ хъуащ дадэ къызэрысщIэупщIар. Дыгъуэпшыхь жэщыIуэ хъуат, армыхъум абы деж лъагъунлъагъу сымыкIуэу сэ зэи къэзгъанэркъым. 

СыщыщIэкIым нанэ жиIащ: 

-КъэувыIэ. ЩIакхъуэ хуабэрэ шху тIэкIурэ хуэхь. ТхьэмыщкIэм къелIэлIэни иIэкъым. 

Мухьэмэд-дадэхэрэ дэрэ зы бжыхь ди зэхуакуу аращ. СызэрыцIыкIурэ абы апхуэдизкIэ си гур кIэрыпщIауэ сыкъэхъуати, ар си адэшхуэу си гугъащ зыкъомрэ. ИтIанэ къэсщIащ – ар си адэшхуэтэкъым, хэбгъэзыхьым, ди Iыхьлытэкъым. Ауэ хьэблэм сабийуэ дэсым ар сэр хуэдэу фIыуэ ялъагъурт, езыми фIы дыдэу дыкъилъагъурт. КIэщIу жыпIэм, псоми ди дадэт. 

Дадэ и хадэм уихьари жэнэтым укъыщыхутари зыщ. МыIэрысей, пхъэгулъей, кхъужьей, зей…, зи цIэ сымыщIэ жыг, гъурц гуэрхэр – куэд итщ мыбы, дадэ и IэкIэ хисауэ, елIалIэу къигъэкIауэ. Хадэкум хуэзэу псыIэрышэ къабзэ дыдэ кIуэцIрож. Абы и Iущащэ макъымрэ бзухэм я уэрэд макъымрэ псэр егъэгуфIэ. Жыг лъабжьэр удзыпцIэ лъагэщ. Мамэшхуэ зэрыжиIамкIэ, мазэ кIуам дадэ гукъыдэмыжурэ екIуэкIащ. Армырамэ, апхуэдэу зэщIигъакIэ и хьэлтэкъым абы и хадэр. 

Жыг хадэм сыщихьам, дадэ шэмэджыр иуIуу щысти, сыбгъэдыхьэпэху, сызэхихакъым. Сыкъыщилъагъум, зыкъиIэтри къыспежьащ: «О-о-о, хъыджэбз нагъуэ кIэ баринэр къытхуэкIуаи!» Сэ сыщыцIыкIум апхуэдэу къызэджэрт дадэ. Иджыри, хъыджэбзышхуэ сыхъуами, къызэрызэджэр аращ. Ауэ сэ си жагъуэ сщIыркъым. 

-Дауэ ущыт, дадэ, ухъужа? 

-Дыгъуасэ сызэрыщытам нэхърэ сынэхъыкIэщ, ауэ пщэдей зызэрыхъунум нэхърэ сынэхъыфIщ! 

ТIури додыхььэшх. 

-Мыр мамэшхуэ къызигъэхьащ, – соший схьахэр. 

– Iэлоуэхь, Жанхужь дапщэщи и Iэгу и Iэнэщ. 

Ар жиIэурэ дадэ естахэр лъэныкъуэкIэ егъэтIылъ. 

-КхъыIэ занщIэу шхы, дадэ, умыгъэупщIыIужу пшхыну лъэIуащ мамэшхуэ! 

Ар жызоIэри щIакхъуэ хуабэр зыкIуэцIылъ хъыданыр зэкIуэцIызох.  

-НтIэ абы щыгъуэм уэри къыздэпшхынщ, армырамэ, сшхынукъым, – жеIэри дадэ мыIэрысэ джабэплъхэр Iэнэ лъакъуищым къысхутрелъхьэ, езыми щIакхъуэ хуабэр зэпещIыкIыр. Сэри, нетIэ сымышха хуэдэ, сфIэфI дыдэу абы сыдошхэр. 

СфIэфIщ сэ дадэ ехьэлIа псори. И зыхуэпэкIэ дыдэ нэгъунэ сфIэхьэлэмэту зызогъэзахуэр. Мис и гъуэншэджыр пасэрейхэр джэлэфей жыхуаIэм хуэдэщ, и шхужьым деж быхъурэ и лъэнкIапIэхэм деж зэв щыхъужуу. Пасэрей джанэ хужь Iэщхьэ кIыхь щыгъщ, и бгъэгур щIыIунэ-щIыIущхьэу зэрыдзауэ. УпщIэ пыIэ хужь-гъуабжафэ щхьэрыгъщ, и IупщIакIэхэр зэманым кхъуакIэ бэлацэ ищIауэ. А псори Мухьэмэд и нэкIу угъурлым йокIупс. Джанэри упщIэ пыIэри дадэ и анэ ШырцIыкIу хуищIауэ щытауэ жеIэж. Щыгъ псори жьы хъуа щхьэкIэ, къабзэ дыдэщ. Унагъуэм цIыхубз имысу умыщIэну, ар дапщэщи апхуэдэщ… 

ЦIыхум щыхыхьэкIэ, зигъэщIэращIэми, унэм щыдэскIэ, мыпхуэдэу хуэпамэ, нэхъ къещтэр. 

Мис накъыгъэм и 9 махуэшхуэр къэсащи, кIэстум зэпыт щхъуафэр щитIэгъэнущ, хъурыфэ пыIэр зыщхьэритIэгъэнущи, бжьыфIэ хъужу, илъэс бгъущIым нэсауэ зыми къыхуамыгъэфащэу, уэрам кIыхьым ирикIуэнурэ клуб пщIантIэшхуэм дыхьэнущ. 

…Шэмэдж зэпэщар къещтэри дадэ хадэкумкIэ макIуэ, абдеж къыщрегъажьэри аргъынэ къехь. «Жьгъух…., жьгъух…. жьгъух….», – мэукIурий удз цIынэр. Зэуэ хадэм мэуэ щызекIуэм текIуэжу удзыщIэмэ дахэ къэIуащи, убауэ пэтми зыбгъэнщIыркъым. Сэ дадэ соплъ. МащIэу и плIэр ухуами, зауэм уIэгъэ щыхъуа и Iэ ижьыр фIыуэ къэмышми, хъуэпсэгъуэщ лэжьыгъэм ар зэрыхуэIэрыхуэм укIэлъыплъыну. 

АргъынитI къихьа нэужь, дадэ жыг жьауэм деж къотIысыж. 

-КIуэт, кIэ баринэ, псы щIыIэ тIэкIу къэхьи, шху къэнам хэскIэнщ. 

Псыр къэсхьу къыщызгъэзэжам, абы и натIэ къэпщIэнтIар IэгукIэ ирилъэщIэкIырт. 

Псыр шхум хикIэри фIыуэ иудащ, итIанэ къысхуишиящ. 

-Хьэуэ, дадэ, сэ апхуэдэ сефэркъым, – си щхьэр згъэкIэрэхъуащ сэ. 

-Уемыфэми ущоуэкIэ къэхь къурIэн. Шхупсым хуэдэу псыхуэлIэ изыгъэкI щыIэ, – жеIэр дадэ. – Абы чыржын и гъусэжмэ – ауэ сытми ерыскъы! 

ТIэкIу щысмэ фIэфIу гу лъыстащи, хуэм дыдэу жызоIэр: 

-Дадэ, уIэгъэ узэрыхъуар къызжепIэжыну сыкъэбгъэгугъат.  

Сэ сощIэр абы зауэм тепсэлъыхьыну зэрижагъуэ дыдэр. Ауэ мыбы и пэкIэ сыкъыщыкIуэжам хъуныр жезгъэIащи, хьэуэ къыхимыгъэкIыжыну сыщогугъ. 

Ар зыкъомрэ щэхуу щысащ, зыри жимыIэу. Сэри тэмакъкIыхьу абы зыкъызэкъуихыу щыпсэлъэнум сожьэр.  

ЗигъэпсэхухукIи Iуэхуншэу щысыну и гум имыдэу, абы и сэ жан цIыкIур къыкъуехри дзэл къудамэ цIынэ гъумыщIэр хуэмурэ еупс. 

-Дэнэ нэст бжесIэжар мыбы и пэкIэ? – къысхущIоплъыр ар упщIэ пыIэм. «Эшелоныжьым дыкърашри фоч зырызи къытIэщIалъхьащ. Пщэдей хуэдэм зауэм дыIухьэнут…» – жыпIат. 

-НтIэ… арати… сыт, сэ сыщIалэт, илъэс пщыкIуий сыхъуу арат. Зауэр зищIысыр сщIэрэт? ИгъащIэм зэ, сыщIалэ цIыкIуу, си адэм фочкIэ сигъэуат, щакIуэ сыздишауэ. Арат зауэми Iэщэми хэсщIыкIыр. Мо нэху зэрыщу, а кинохэм зэрыхэтым ещхьу, «уракIэ» бийр етхужьэу и гъуэмбым итхуэжыну фIэкIа си гугъэтэкъым. 

Жэщыр щIыIэт. Шинелыжь тIэкIур ттеубгъуауэ, дыкIэкуакуэу нэху дгъэщащ. 

«ЛIыхъужьу зауэм сыхэтащ», – жысIэу бжесIэжыну, зэуапIэ сихуакъым сэ, кIэ баринэ. 

Нэхумыщу нэмыцэхэр топышэкIэ къауэу щIадзащ. Кхъухьлъатэхэр къытщхьэщыхьащ. Жыхьэнэмэ жыхуаIэр щыIэххэмэ, мис а махуэр дэркIэ жыхьэнэмэт. Кхъухьлъатэхэм я гъуагъуэ макъымрэ топышэ къауэхэм я макъымрэ фIэкI зэхэпхыртэкъым. Уафэмрэ щIылъэмрэ зэхипщэжат – дапхуэдэу нэгъуэщIу къызэрыбгурызгъэIуэнур а махуэр…. 

Мыбдеж дадэ и макъыр кIэзызащ, и нэхэми нэпс къытелъэдауэ къысфIэщIащ.  

КъызэрыгумэщIар къызимыгъащIэу, абы и щхьэр ирихьэхри хуабжьу трикъузэурэ башыпэр пиупсыкIащ. 

-…ЗыкъыщысщIэжам, ЕсэнтIыгу госпиталым сыщIэлът. Си гъуса урыс щIалэм сыхуэзэжат – Андрей. Абы зэрыжиIэжымкIэ, уIэгъэ хьэлъэ сыхъуауэ, зызмыщIэжу зэуапIэ губгъуэм журт щIалэ сыкърихыжат. Нобэми а щIалэм и цIэр сщIэркъым, ауэ зэрыжуртыр сощIэри, дунейм журту тетым пщIэ яхузощI. Госпиталым сынашэса нэужь, операцэ хьэлъэ сащIат. Си Iэ ижьыр IэфракIэм деж зэпыудати, ар памыхыу ерагъыу кърагъэлащ, ауэ нобэр къыздэсым Iушэу кIыжауэ, си жьэм нэмысу апхуэдэщ. 

(Сэ сщIэрт дадэ фочышэ, осколкэ куэд къызэрытехуар. Абы и гум пэгъунэгъу дыдэу хэлъ осколкэр къыхахыжыххатэкъым, и гум жьэхэуэнкIэ шынэхэри. Ар здыхэлъыр сыт щыгъуи къеузырт, псом хуэмыдэу дунейр щыуэлбанэм деж. Ауэ дадэ ахэм щхьэкIэ тхьэусыхэу зыми зэхихакъым). 

-АтIэ абы и ужькIэ фронтым бгъэзэжатэкъэ, дадэ? 

-Хьэуэ… Iэджэ нэхърэ нэхъыфIт згъэзэжу зызэуэну, си къуэш яукIахэм ялъ сщIэжыну… Комиссэм идакъым. 

НтIэ, госпиталым сыздыщIэлъым, зы махуэ гуэрым зэрыхьзэрий къэхъуащ. Псори зэхэзожэ, къэхъуар къыдгурыIуэркъым. ИтIанэ къыджаIащ: «Нэмыцэр къэблэгъащ, госпиталыр мэIэпхъуэ». Ауэ ягъэIэпхъуэр нэхъ хьэлъэ дыдэхэрат. Сэр хуэдэ тIэкIу зекIуэф, зи щхьэ къезыхьэкIыжыфхэр ди унэ дыкIуэжыну унафэ къытхуащIащ. 

Сыт сщIэнт? ЩIакхъуэ тыкъыр къызатар си гъуэмылэу, зы башыжьи си щIэгъэкъуэну, си закъуэпцIийуэ гъуэгу сыкъытехьащ, ЕсэнтIыгу сыкъикIыу Къармэхьэблэ сыкъэкIуэжыну. Зауэм и пэкIэ, сыщIалэ цIыкIуу, си анэм и гъусэу лъэсу Нартсанэ джабэ защIэкIэ дыкIуэу щытащ: си анэм пхъэхь зэщIэщIар и дамэм телърэ нартыху гъэлъэлъа пэгунитIыр абы фIэдзауэ, сэри нартыху къэп ныкъуэр си плIэм илъу. Нартсанэ бэзэрым ахэр щытщэрти ерыскъы гуэрхэр къэтщэхурт е дыхъуажэрт. Ауэ абы щыгъуэ сыузыншэт… Иджы, си лъакъуэри узу, си IэфракIэ зэхэщэщар шхауэ, си блэгъукIэ уIэгъэм е екIуарэ къызэзауэу нэхъ гъуэгу кIыхьыж къуакIэбгыкIэу зэпысчын хуейт… Жэщищ-махуищкIэ сыкъэкIуащ. Зы махуэкIэ сыкъэкIуа нэужь, си сабииигъуэм сыщызекIуа щIыпIэхэр къэсцIыхужри си гур тIэкIуи нэхъ къызэрыгъуэтыжат. Ауэ си уIэгъэхэр къызэзауэрт… Сыгъуэлъу сыжеякъым а жэщищ-махуищым, мывэшхуэ къысхуэзэм зыкIэрызгъащIэурэ тIэкIу сыщхьэукъуа мыхъум: сыгъуэлъмэ, сыкъэмытэджыжыфынкIэ сышынэрт, апхуэдизкIэ къарууншэ сыхъуати. 

Ещанэ махуэм Чыщбалъкъ къуажэм хуэзэу бгым сыкъыщхьэщыхьащ. Жыжьэу уплъэм, лIы гуэрхэр мэкъу еуэу къыщыслъагъум, си анэ къилъхуа си къуэш сыхуэзэжауэ фIэкIа къысщыхъуакъым… «Е-е-е-е-й! Е-е-е-е-е-е-й!» – жысIэурэ си макъ къарууншэмкIэ сыджащ, си Iэр сщIащ. Ахэм сызэхахри къысхуэжэу щыслъагъум, си лъэр щIэхупащ… 

Си анэшхуэр-тIэ балъкъэртэкъэ, Чыщбалъкъ щыщу. ЛIыхэм сыкъэзыцIыху къахэкIащ. Гум сыкърагъэгъуалъхьэри Къармэхьэблэ сыкъашэжащ. 

Гъуэгум сытету зыкъэсщIэжащи – гууэщIу мэкъум сыхэлъу гъуэгу быркъуэшыркъуэм дрокIуэ. Уафэр къащхъуэщи зы пшэ цIыкIу телъкъым. ДэнэкIэ уплъэми – дибг, ди къуажэ, ди уэрам… Сызэгупсысыр зыт: сыту IэфIыIуэ гъащIэр, сыту IэфIыIуэ ущалъхуа уи лъахэр, сыту фIы уи унэжь уи псэр къэпхьэсыжыну! 

Сэ си нэпсхэм къызэпижыхьат дадэ и хъыбарым сыздедаIуэм. Си нэкIэ слъэгъуам хуэдэу, сригъусам ещхьу, си нэгу къыщIыхьат абы ишэча гугъуехь-бэлыхьыр. 

-Уи анэр Iэджэуи гуфIа хъунт укъыщилъэгъуам? – сеупщIащ сэ. 

-Си анэм ЕсэнтIыгу госпиталым сызэрыщIэлъыр ищIэрт. Гум силъу сыщыIуашэжым, дунейм теткъым и гугъа, сылIауэ сыкъашэжауэ фIэкIа. Гумрэ щIалэ мыцIыхухэмрэ щилъагъум, къэмэхат, жаIэ. СылIа пэлъытэт, Алыхьым и ужькIэ си анэ ШырцIыкIурэ Рэмэзанрэ – ди къуажэм удз хущхъуэкIэ Iэзэу дэсащ зы лIыжь – я фIыгъэщ нобэм сыкъызэрысар… 

Мухьэмэд-дадэрэ сэрэ куэдрэ щыму дыщысащ. Сэ, зы лъэныкъуэкIэ, си гуапэт абы и гур къысхузэIуихыу и гъащIэ гъуэгуанэм щыщ Iыхьэ къызэрысхуиIуэтэжар. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, мо жьы хъуар гукъэкIыж хьэлъэхэм езгъэукIащ жысIэрти си щхьэ сыхуэшхыдэжырт. 

-Дадэ, махуэ дапщэкIэ упэтыну иджы мы къомыр пыбупщIын щхьэкIэ? Зыгуэрым ахъшэ ептрэ пебгъэупщIым нэхъыфIтэкъэ? – жысIащ сэ. ЩIыжысIаи дунейм теттэкъым – ди псалъэмакъ хьэлъэр нэгъуэщI щIыпIэкIэ сшэну сыхуейуэ арат. 

-Ар щхьэ зыгуэрым пезгъэупщIын хуей?! – ифIэщыпэу жиIащ дадэ. – Сэ итIанэ сщIэжынур сыт? Алыхьым и шыкуркIэ сылIакъым, сыпсэущ, си Iуэху Iыхьэ сощIэж.  

УлIауэ дунейм утет хъунукъым. ПхузэфIэкIыху, уи Iуэху Iыхьэ пщIэжу упсэун хуейщ… 

Ар жиIэри Мухьэмэд-дадэ зыкъиIэтащ, иджыри аргъынэ зытIунщ къихьыну. 

-Узыншэу ущыт, дадэ, сэ иджыри сыкъэкIуэнщ, – жысIэри сэри сыкъежьэжащ. 

-НасыпыфIэ ухъу, дахэ, къакIуэ уэ, къакIуэ… 

Сэ сыкъыздэкIуэжым, си жьыбагъымкIэ щызэхэсхырт: «Жьгъух…., жьгъух…. жьгъух….» 

СигукIэ жысIащ: «Тхьэм уигъэузыншэ, дадэ! Тхьэм уигъэузыншэ…» 

  

Тхыгъэр зейр: Щоджэн Самирэ Алим ипхъу, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ Къармэхьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ . 

ЕгъэджакIуэр: Лыхь Людэ Хьэжысмел ипхъу. 

Yazarın Diğer Yazıları

Avni Lifij’in fotoğrafları 100 yıl sonra sanatseverlerle buluştu

1851.gallery, ünlü sanatçı Avni Lifij’in platin-paladyum baskı tekniğiyle üretilmiş fotoğraflarından oluşan "Affedersiniz ama sanat bir kodak fotoğrafı değildir. Ressam Avni Lifij’in Yeniden Hayat Bulan...

Boston Üniversitesi’nde bir Çerkes masalı

Karaçay-Çerkesli yönetmen, oyun yazarı, kukla sanatçısı ve sahne tasarımcısı Şaukh Evgeny İbragimov 11-16 Kasım tarihleri arasında Boston Üniversitesi’nde gösteri ve atölye çalışmaları yaptı. Üniversite...

Dijital kitap: ‘Dilin Yolu’

Tüm dünyada gündemin öncelikli sıralarına yerleşen eğitimde dijitalleşme çabaları sadece Çerkes cumhuriyetlerindeki eğitim kurumlarında değil Çerkes diasporasında da yürütülüyor. Çetav Merwan, Mışe Hun Su’ad, Ğuç’el’...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img