Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къуэтхьалей

Къуажэр 1864 гъэхэм Къэбэрдей къикlа Къуэтхьалэхэ яухуащ. Къуэтхьалэхэ щlалэ къэмышэу щlалитlрэ хъыджэбзитlрэ хъууэ щыпсэуащ. Ар щхьэкlэ щlалэм зыр щокъурэ щыlэуэ къыщаукlащ. Адреи щlалэри и къуэш къэзукlам ялъ игъэжэн и мураду «си къуэш къэзукlахэр къэзгъуэту ялъ сымгъажэу сыкъыдэхьэжынукъым» жиlэр кlэлъыдэкlащ ар щхьакlэ ари къаукlау жаlэр. Я шыпхъуитlри дэмкlуэжу къыдэнэжащ. Къуэтхьалэхэ хэкlуэдэжащ. Къуэтхьалэхэ ягъусэу къуажэр зыухуа лъэпкъхэр Пщынокъуэхэ, Къазокъуэхэ, Архагъэхэ, Дыщэкlхэ. 

Къуажэр кlэщlыпэкlэкlэ жыпlэн ухъмэ 1864 гьэм тэмэму тхузэмгъэщlами я къэтlысыкlэр арау жаlэр. Къуажэр «Быгъурбащ»кlэ зэджэ къуажэхэм ящыщщ. Азей районым 12 км, Къайсэри къалэм 106 км пэжыжьэу зы къуэлагэм дэсу удзыпцlэу псыщlэгъахьэу къуажэдэххащэщ. 

Къуажэм ипэдыдэ унэгъуэ зыщыплl къэтlысами иужъкlэ хэхэсу къахэхьажу унэгъуэкуэд къахэтlысхьэжащ. Къуажэм иужъкlэ адыгэ хьал щэн къащтэжауэ благъэ къахуэхъуау «карслы»хэ жаlэу зылъэпкъи щопсэур. 

Къуажэм нобэ гъэмахуэм 50 унагъуэ хуэдиз щопсэур ар щхьакlэ щlымахуэм 20 унагъуэщ щыпсэур. Псори гъэмахуэм ямэш кlэтроф гэрш къыхаха нэужъкlэ къалэшхуэхэм мэlэпхъуэжыр. Узняйлэ щыпсэу къуэжэдэсухъуам ящхьа кърикlуар мы къуажэми ящхьа кърикlуащ, зэпсори бын ирагъэджэн lуэух щылэжъэн яунафэу къалэшхуэхэм lэпхъуахэщ. Къуажэдэсу нэхь зи ныбжъ хэкlуэтахэращ къуажэм дэсхэр. Щlалэгъуалэхэр къалэшхуэхэм щопсэур. Гъэмахуэм мэзэ зы тlу къуажэм досри я лэжъын къырахьэлlа нэужъым къалэхэм мэlэпхьуэжыр. Къуажэдэсым lащ япыщlащ абы къейнэмыщlам кlэтlроф, жъэгунтlэ, хьэ, гуэдз хащlэр. Къуажэр мэзкъуажэщ. Удзыпцlэ дахэщ. Сытхуэдэ жыг и яlэщ. 

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img