Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Щамырзэхэ хэкур зэрабгынар

Зы цlыху закъуи дунейм тету къыщlэкlынкъым и Хэкур, къэзылъхуа адэ-анэр, къыдалъхуахэр фlыуэ имылъагъуу. Сэри сыапхуэдэщ. Ди унагъуэр ди анэшхуэри къыдбгъэдэсу допсэури, абы нэхърэ нэхъ насып щыlэу сэ сщlэркъым. 

Си нанэр Хьэпцlей къуажэм щапlыжащ. Я анэр дунейм ехыжу зеиншэу къэна зэшыпхъу цlыкlуитlыр Мэлгъэбэг къришыжри ипlащ я адэм и шыпхъу Артин Кlушэ. Езыр унагъуэ зэримыгъэпэщу быныншэу зыкъигъэнат и дэлъхум ипхъу цlыкlуитlыр зыхуей хуигъазэу ипlын папщlэ. Кlушэ дэ дызэреджэр нанэшхуэщ.Фlы дыдэу долъагъу икlи дыщыцlыкlум абы и деж дыкъимыкlыу дыщыlэу щытащ.  

Илъэс зытхух ипэкlэ, сэ пэщlэдзэ классым сыщеджэу, нанэшхуэ и деж сыкlуауэ сыщыlэт. Нартыху lухыжыгъуэти, нартыху къэтщыпыну губгъуэм гукlэ дыздишат нанэшхуэ и гъунэгъу Хьэжмурат, Щамырзэхэ Артагърэ Лизэрэ (тlури дунейм ехыжащ, я хьэдрыхэ фlы тхьэм ищl) я къуэ закъуэм.Бжьыхьэ пэтми, махуэр икъукlэ хуабэт, дахэт. Дыгъэр жьэражьэу къепст, губгъуэр дахэ дыдэт. Хьэсэбгъум екlуэкlыу lут жыг зэхуэмыдэхэм я тхьэмпэхэр зэмыфэгъут: хэт иджыри удзыфэ дыдэт, хэт плъыжьыфэт, хэти гъуэжь-морафэт. Губгъуэм япэ дыдэу здаша сэ псори сфlэхьэлэмэту, сфlэдахэу, сыдихьэхыу зэпысплъыхьырт. Бзу цlыкlу зэрызехьэхэм я макъ жьгъырухэм узыlэпашэрт. Удзхэм хэс цlыр-цlырхэм я макъхэр къэlурт. Нанэшхуэрэ Хьэжмуратрэ, зэдэуэршэрурэ, нартыху къащыпырт. Сэри зэрысхузэфlэкlкlэ садэlэпыкъурт. А тlум жаlэми си тхьэкlумэр тегъэхуауэ седаlуэрт. Алъандэрэ абыхэм жаlыжа хъыбарым иныкъуэр сщыгъупщэжат, ауэ Хьэжмурат и шыпхъу Казетэ (адыгэбзэмкlэ си егъэджакlуэщ, си нанэрэ абырэ зы классым щlэсу зэдеджащ) сеупщlыурэ жезгъэlэжащ Щамырзэхэ я тхыдэм щыщ lыхьэшхуэ. Ар теухуащ Истамбылакlуэм, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щыщу нэхъ шынагъуэ дыдэу щыта напэкlуэцlхэм-лъэпкъгъэ-кlуэдым. 

-Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ зэманыфl дэкlами, си лъэпкъым ар нобэми мыухыж гуауэу, мыкlыж уlэгъэу и гум, и псэм телъщ,-къригъэжьащ Казетэ и хъыбарыр. Икъукlэ насыпыншагъэшхуэ къытхуихьащи… Адыгэ лъэпкъ уардэм щlапlэщlэкlуадэр, лъэпкъгъэкlуэдыр къытхуигъэкlуащи… Дунеишхуэм щикъухьащ адыгэ лъэпкъыр, мин бжыгъэкlэрэ тенджызым щlилъэфащ, псы lуфэм шхын щхьэкlэ lулlыхьащ. Абы щыгъуэщ зи гугъу пхуэсщlыну lуэхугъуэр къыщыхъуари. 

Щамырзэхэ зэхэзехуэн ямыщl щlыкlэ езыхэр ежьэрэ Тыркум lэпхъуэм нэхъ тэмэму къалъытащ, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ урысхэм зэрахьэ лейм, хьэкlэкхъуэкlагъэм и хъыбар куэд зэхахат. Тlум щыгъуэми хуиту зэрамыгъэпсэуныр къагурыlуат. Хэкур щабгынэм щыгъуи тенджыз lуфэмкlэ мыкlуэу, щlы гъуэгу защlэкlэ lэпхъуэмэ нэхъ тэмэму ялъытащ. Тенджызымкlэ ягъазэмэ, урыс сэлэтхэм lущlэнкlэ хъунут. 

Щамырзэхэ уэркъ лъэпкът, мылъкушхуэ яlэт. Я мылъкур гухэм илъу, я lэщхэр здахуу, я унэlутхэр я гъусэу ежьэри, Грузиемкlэ кlуахэщ, военнэ-грузинскэ гъуэгумкlэ. Ар гъуэгу гугъут икlи шынагъуэт. Къандурхэрэ Щамырзэхэрэ зэгурыlуэри зэгъусэу ежьахэт. 

Щамырзэхэ зэкъуэшиплlрэ зы шыпхъурэ хъурт: Хьэжбий, Темырбий, Бахъсит, (еплlанэ къуэшым и цlэр яlэщlэгъупщыкlыжащ нэхъыщlэхэм), я шыпхъу закъуэ Гъурабжь. Зэкъуэшхэр я шыпхъум зэреджэр Нат. Щежьэну махуэр къэсу гухэм итlысхьа нэужь, Хьэжбий и щхьэгъусэр гъуэгыу къафlикlыжащ, и адэ-анэр къигъанэу зыщlыпlи мыкlуэфыну иукъуэдийри. Апхуэдэу щыхъум, Хьэжбийри и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ я гъусэу къэнащ, сыт ищlэнт. 

А зэманым зэкъуэшиплlри зы пщlантlэм дэсу псэухэрт. Быдэу губзыгъэу, унагъуэм ис псоми фlыуэ ялъагъуу зы хьэ яlэти, хэкур зыбгынэхэм здырашэжьат. Грузиемрэ Тыркумрэ я гъунапкъэм нэсауэ, хьэр яфlэкlуэдащ. Дауэ мылъыхъуами, ягъуэтыжакъым… Хьэр зэрафlэкlуэдар щхьэжэ ящыхъуауэ, Щамырзэхэ адэкlэ гъуэгу теувэжащ. 

Мис а Тырку гъунапкъэм нэс зэгъусэу кlуами, мыбдежым Щамырзэхэ Тыркум къыщызэтеувыlащ, Къандурхэ Иорданиемкlэ ягъэзащ. Тыркуми псэукlэ хъарзынэ щызэрагъэпэщыфащ Щамырзэхэ. 

Зэшхэр зэрежьэрэ мазэм щlигъуауэ, зы махуэ гуэрым я хьэр пщlантlэм къыдэхьэжащ. Уигу мыузу уемыплъыфыну апхуэдэт абы и теплъэр: уэдыкъуат, фэджэладжэт, и лъэгухэм, къупщхьэр къаплъэу, гъуэгуанэм щlихауэ лъыр къапыжт…Щалъхуа, щlапlа щlапlэр нэхъ къыхихри, къигъэзэжауэ арат хьэ губзыгъэм… Махуэ бжыгъэкlэ щылъащ ар, мышхэжыфу, лъэрымыхьу… Хьэм зэрыунагъуэу псори кlэрыщlат, шхэи ефи яlэжтэкъым, ягъэхъужыну, ягъэпсэуну лъэкl къагъанэртэкъым. Ауэ lэмал лъэпкъ хуамыгъуэту яфlэлlащ. Хьэм и псэр хэкlауэ къыщищlэм, Хьэжбий абы тепыхьат, зэрыжаlэжымкlэ. И гъащlэм и кlуэцlкlэ зэикl, сыт хуэдэ гуауэ lумыуэми, зи нэпс ямылъэгъуа адыгэлlым хьэр игъеижырт, «хьэр нэхъ губзыгъэу къыщlэкlащ»-жиlэурэ. Хьэм и гъусэу игъеижырт къыдалъхуа и къуэшхэр, и щыпхъу закъуэр… 

Хэкур зыбгынэу Тыркур псэупlэ зыщlа Щамырзэхэ дапщэри къэкlуэжурэ къэплъащ Хьэжбий и деж. Я шыпхъу закъуэ На лlы иратын хуей щыхъуами, къэкlуэжри яхуэхьэщlат, Хьэжбии хъыджэбз яшэнум хуэфэщэн мылъку иритат. Зэфlэмыкlуэду зэкlэлъыкlуэу, къэкlуэжын мурадри ящlауэ щытащ зэкъуэшхэм. Ауэ революцэ нэужьым гъунапкъэхэр ягъэбыдэри, апхуэдэ хуитыныгъэ яlэжакъым. Абдежым щызэпычащ лъэпкъым щыщу икlахэмрэ къэнахэмрэ зэпызыщlэ кlапсэр… 

Хьэжбий къуиплl иlащ: Хьэтlитl, Шикъмырзэ, Берэ, Жэмбот. Мы зэкъуэшиплlым къытепщlыкlахэр аращ Щамырзэу хэкужьым къинар. Сэ си адэшхуэ Щихъмырзэ Хьэжбий и къуэ Шикъмырзэ (l939 гъэм дунейм ехыжащ) и къуэт. Хьэжбий и мывэ сыныр Хьэпцlей къуажэкхъэм дэтщ, лъэпкъ дамыгъэр тетыжу. Мывэ дыдэм къыхэщlыкlа сыным апхуэдиз зэманым и кlуэцlкlэ зыри къыщыщlакъым. Сыным дыкlуэурэ дыкlэлъоплъ, lэ дыдолъэ. Си щlалитlми зэрыцlыкlу лъандэрэ а сыныр яцlыху. Революцэр текlуа нэужь, Щамырзэ Шикъмырзэ и мылъкур, lэщхэр властыщlэм иритри, хуиту псэуащ. Шикъмырзэ губзыгъэти, и унагъуэр мылъку щхьэкlэ зэхэзехуэн яригъэщlакъым. 

Си адэшхуэ Щихъ l878 гъэм къалъхуащ, l978 гъэм дунейм ехыжащ. Илъэс плlыщlрэ тlурэ хъууэт абы къыщишар. Щlалищрэ пхъуитlрэ зэдапlащ си дадэрэ нанэрэ. Зэгурыlуэу, зэдэlуэжу, псалъэмакъыншэу зэдэпсэуахэщ Щихърэ Мерэтхъанрэ. Псэуакlуэу, лэжьакlуэшхуэу, цlыху фlыуэ ялъагъуу, сабыру, зэрыкъуажэу пщlэшхуэ къыхуащlу дунейм тетахэщ си анэшхуэмрэ адэшхуэмрэ. Щапхъэ зытрах цlыхут тlури. Дахуэарэзыщ, я ахърэт дахэу тхьэм къыщlигъэкl. Ауэ си адэшхуэм и гъащlэ кlыхьым и кlуэцlкlэ зэикl хъущгъуэгъуэ зымыгъуэтын узыфэщхуэу ефыкlащ и lыхьлыхэр хамэ къэрал зэрыщыlэр, зэримыгъуэтыжынур, зэримылъагъужынур… И бынхэми, абыхэм я быныж дэри а уз дыдэр тпкъырытщ, тхуэмыгъэхъужу, псэхупlэ къыдимыту… Къыдгуроlуэ дадэ и псэм щыщlэу щытар. 

Сыту тхьэмыщкlэт си адыгэ лъэпкъыр! Лажьэ ямыlэу, еншэу псэухэр апхуэдиз балыхь кlэ зимыlэм хадзат! Сыт хуэдиз унагъуэ зэтрикъута а зауэ емынэм! Фlыуэ зэрылъагъу, зэlыхьлы цlыху мин дапщэ зэпэlэщlэ ищlа, зэфlигъкlуэда! 

Мы хъыбарыр япэу зэрызэхэсхрэ, сэ куэдым срегъэгупсыс. Си жагъуэ мэхъу апхуэдизу къэралышхуэу щыта си лъэпкъыр дунейм псом текъухьа зэрыхъуар. Икlи си гур согъэфl зэгуэр адыгэу дуней псом тетыр зэуlу дыхъужыну сыгугъэурэ. Абы щlэмыхъуэпс зы адыги мы дунеишхуэм зэрытемытыр хьэкъыу си фlэщ мэхъу! Тхьэм къыдигъэхъулlэ! 

  

Тхыгъэр зейр: Лlэужь Ланэ, Болэтей дэт купыт еджапIэ. 

ЕгъэджакIуэр: Щамырзэ Казетэ Артагъ и пхъур. 

Yazarın Diğer Yazıları

Avni Lifij’in fotoğrafları 100 yıl sonra sanatseverlerle buluştu

1851.gallery, ünlü sanatçı Avni Lifij’in platin-paladyum baskı tekniğiyle üretilmiş fotoğraflarından oluşan "Affedersiniz ama sanat bir kodak fotoğrafı değildir. Ressam Avni Lifij’in Yeniden Hayat Bulan...

Boston Üniversitesi’nde bir Çerkes masalı

Karaçay-Çerkesli yönetmen, oyun yazarı, kukla sanatçısı ve sahne tasarımcısı Şaukh Evgeny İbragimov 11-16 Kasım tarihleri arasında Boston Üniversitesi’nde gösteri ve atölye çalışmaları yaptı. Üniversite...

Dijital kitap: ‘Dilin Yolu’

Tüm dünyada gündemin öncelikli sıralarına yerleşen eğitimde dijitalleşme çabaları sadece Çerkes cumhuriyetlerindeki eğitim kurumlarında değil Çerkes diasporasında da yürütülüyor. Çetav Merwan, Mışe Hun Su’ad, Ğuç’el’...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img