Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Мы гъэр имыкlыжу, ди гум къыринахэр!

Тыркум къыщыдэкІ ди бзэр щызетхьэф газет закъуэ «Жьынэпс газет»ым, упщІищ къытхуишият. 

2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну? (ГъэкІэщІауэ)  

2023 гъэм, даурэ фыпэплъэрэ?  

Адыгэхэм и къэкІуэным папщІэ, сыт фи нэгу къыщІэхьэр? 

Мы упщІэхэм; уи ныбжьым, узыхуэныкъуэм, узыпэплъэм, уи гурылъхэм, уи лэжьыгъэм епхауэ щхьэхуэ-щхьэхуэу пэкІужхэр кІэщІэптхэфынущ.  

Сэ си лэжьыгъэр зытэухуар, Юнэском къызэрыхигъэщымкІэ кІуэдыжыным хуэкІуэ бзэхэм ящыщыу ебж ди бзэр. ГурыІуэгъуэ хъуауэ, ди бзэм гъащІэ игъуэтын папщІэ ди Іэ, ди лъэ, ди бзэм къызэрихькІэ дыхущІокъу, доІуатэ, ди лъэпкъэгъухэм зытетыр зыхедгъэщІыкІыну, ягурыдгъэІуэну. ДалъэІэсын папщІэ щІэныгъэм фІыгъэу къытхуихьа дуней цІыхур зэрихъэу зезыпх «бэджыхъ»у слъытэ «интернет» щхьэпІэ тхохъу. Мы гъуэгумкІэ, ди лъэпкъэгъухэм дылъэІэсын къудеикъым зетхуэр, дызылъэІэсым дыгурыІуэн, дызыгурыІуэн хуейщ. Нэхъыбэуэ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щІыпІэ щІыналъэхэм щыІэхэм зырахьэ бзэр, зыхэпсэуэхьым и бзэращ. Псоми зырахьэ а щІыпэбзэмкІэ дагурыІуэфыныр гугъщ. Дэ дызыщыпсэу щыпІэм (Тыркум) и бзэр зетхьэмэ адырей ди лъэпкъэгъухэм ягурыІуэнукъым. Псори дызэрызыгурыІуэфыну бзэр, ди бзэ Адыгэбзэращ.  

Жыбгъэм къарабэр щІылъэм зэрытырипхъэм хуэдэу, щІыналъэм тепхъа ди лъэпкъэгъухэр, къызыдика и щІыпІэм (хэку) нобэкІэ щызыхуэмысыжыфми, зы гупщысэ нэзым, зы нып щІагъым щызыхуэсу, щызэрыгъуэту, зыдаІыгъуу псэун хуейщ. УзыдэзыІыгъынури псоми дизыхуэдэ «бзэ»ращ.  

Мис сэри сызэлъэжьыр бзэращ. Бзэм и ныбжьыр, и къежьапІэр, и зыхэлъыкІэр, езы бзэм «тхыдэ»р зэрыхэлъыжыр. Ди лъэпкъэгъухэм тхылъу яхуэтшиящ. Дунейм щІыпІэ куэдым хуэдэу, Хэкуми нэсащ. Гурыхь щытхъуи къыхуащІащ. Мы тхылъыр зэрытха хъуа ди бзэм, ХэкумкІэ щыІэ ди бзэм елэжхэми зыпэгъунэгъу дищІауэ дызыришэлІащ. ДызыригъэцІыхуащ.  

Мы гъэм, 2022’м, ди бзэгъуу «тхыдэтх», «къэхутакІуэ», «тхакІуэ», «бзэ егъэджакІуэ», «бзэ щІэныгъэ», «гъуазджэ», «журналист», «Хасэ тхьэмадэ» хуэдэу щІэныгъэлажьэхэм си гупщысэр ядэсгуэшыну ХэкумкІэ сыщыІащ.  

Кабэрдейм сыщыкІуам, сызэрыщыІэр зыхэзыхахэр къакІуэри къыслъыгъуэзащ, хэтыр сэ къэзыгъуэтыри сахуэкІуащ. Ахэм ящыщщ, тхыдэтх Іэзэ Унэж Кащиф, (тхылъ бжыгъэ куэд зиІэ.) КІыхьыу дызэбгъэдэсащ.  

Сокъур Валера къэхутакІуэщ. Елэжьыу зыхуихьэса тхылъхэр щІилъхьэну, зытетищу унэ хуригъэщІащ. ДырихьэщІащ.  

Ди тхакІуэ ныбжьыщІэ, Іэзэу итха тхылъхэм яужьырер «Хьэтхэр»ащ. КъакІуэри «къэблагъэ» къыджьиІэу, я унэми дезыгъэблэгъар, ди зы цІыху гуапэ Къаныкъуэ-Фырэ Анфисэ’щ. 

И къуэрилъхур щІалэ дыдэу дунеим ехыжауэ, дыхуэгуІэну «гуауэдэх» дызыхуэкІуар 64.000 псалъэ зырыт псалъалъэр зытха ди егъэджакІуэ-тхакІуэ Іэзэ ХьэцІыкІу Рая’щ.  

Зы еплъыкІэ щхьэхуэ, езым хухэхауэ зылэжьыгъэ зезыхьэ, сыныщІ, сурэтыщІ Іэзэу ди гъуазджэлъэжь Цырым Руслан и пэщым дыщигъэхьэщІащ.  

Налшик радиом и нэхъыщхьэ Журналист Къудей Лида макъ техыпІэм (студио) дыригъэблэгъауэ езым нэгъабэ хуезыгъэхьа тхылъым кІыхьыу дытепсэлъыхьыу макъкІэ игъэІуащ.  

Бзэм телэжьых «Джэрэз» щІалэ гупыр зытезыухуа «нэтын» зэгъэпэщыным хуэІэзэ Журналист Шыбзыхъуэ Астемыр, гуп нэхъыжь ди ныбжэгъу Думаныщ Аулэдин Джэрэзым дыщагъэхьэщІащ.  

Адыгэ Хасэ тхьэмадэхэр, ди щІалъэ гуапэхэр, Бешто Аслъан тхыдэкІэ ехьэжьа, НэмыцІэ-Урыс зауэр щекІуэкІа, тегъэса сынхэм щыщІэдзауэ а губгъуэ агъуэблагъуэр сигъэлъагъуу махуитІкэ дызэгъусащ.  

Табыщ Мурат сызыдыщыІа унагъуэм накІуэу, бзэ зехьэкІэм хуэІзэу, дызэкъуэжэгъуу Зейкъуэ къуажэм къыщыщІэддзэу уэршэр ІэфІым дыхэтащ.  

Бабыгуеи дэс ди къуэш «ефэнды» Токъмакъ Ауес, и щхьэгъусэ (Шэт) Марина, си тхылъыми щІыуэпсыми, фІэщхъуныгъэми ІэфІыу дытэсэлъыхыу дызыхэсащ.  

Мыхэм псоми дэщІыгъуауэ Налщик Тэнащхэ, Зейкъуэ Токмакхэ я быным хуэдэу, фыщІэ яхуэсщІыу сыщыІащ. Мы гъэм сэркІэ гум къина зы гуапэ Іэфыгъэу сэ соІутэж. Мы теплъэ фэеплъхэр (сурэтхэр) си дэІэпыкъуэгъуу.  

Ауэ сэ сыкъыщалхуа Тыркум пандемим къелыу, абы къыІэпщІэкІа цІыхубэр, щэн-щэхуэным егъэлеяуэ дэкІа уасэ (инфляациям) псэуныгъэкІэ гугъу ирегъэхь. Украйна-Урыс зауэр, а зауэм хашэ, мащІэу къэна ди лъэпкъэгъухэри зэрыхэкІуадэри ди жагъуэ мэхъу.  

Къеблагъэну 2023 гъэм зауэншэу, мамыру, узыншэу, гуфІэгъуэр цІыхугъэм къыхуихьыну дыщыгугъуу дыпоплъэ.  

Дунейм щхьэхуэ щыпІэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми, «бэджыхъу» слъытэ мы щІэныгъэ ІэщІагъэ «интернет»кІэ зыригъэлъагъуу, зэрыгъуэтыжу, зэрыцІыхужу, я гугъэхэр зыфэувэжауэ, я гурылъхэр ІэфІыу зыхуаІуатэу, щІыпІэ щхьэхуэхэм щыпсэуми я нэри, я гури къызыдикІа щІыпІэу «Хэку»мкІэ гъэзауэ зы псэуныгъэ къытхуихьыну дыпоплъэ…  

ЩІэныгъэр ди гъуэгу гъэлагъуэу… 

Yazarın Diğer Yazıları

Бжыгъэхэр, бэуэ жэуэ къыдобж (!)

Мы псалъащхьэми зэригъэлъагъум хуэдэу, «бэ» псалъэми куэдыгъэр, «жэ» псалъэми псынщIагъэр егъэлъагъуэ. Куэдыр, жэкIэ зыкIэлъыкIуэн, зыкIэлъыгъэкIуэн къикIыу. Бжын, бжыкIэ, бжыгъэ псалъэхэми хэтыжыу хыдолъагъуэ. Бэуэ зежэ...

Си гур хэкумкlэ къэнауэ…

Илъэсит ипэ Хэкум сыщыlауэ, синэ къыхукlт, сыкуащэрэт, слъэгъуащэрэт жызигъэlэт си гум. «Ди бзэ Ди псэ» гуп сызыхэтым и унафэщ Дыгужьокъуэ Мухьэмэд Хьэмид Жорданым и...

Лъэпкъым щхьэпэу, хуэлэжьахэр!

И лъэпкъым щхьэпэжауэ цlыху куэд лъэпкъхэм ягъэлъэгъуэж. Дэри абы хуэдэу, лъэпкъым хуищlа лlыгъэхэр, дэщlыгъуауэ фlыгъэхэр зылэжьа, зыгъэзэщlа цlыху куэд диlэщ. Хъулъхугъэуи, бзылъхугъэуи. Я цlэхэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img