Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Узым псэри дегъэхъуж

Зэман къэси езым и лІыхъужь иІэжщ жиІащ пасэрейм. «ЛІыхъужь» цІэр мы жыІэгъуэм деж зыхуэгъэзар цІыхухъу закъуэкъым, атІэ зи щхьэ, унагъуэ Іуэхум и мызакъуэу, лэжьыгъэ, лъэпкъ, къэрал Іуэху зыгъэкІуатэ бзылъхугъэхэми яхуэфащэщ. 

Пэжщ, дохутырхэм я гугъу пщІымэ, фэрыщІыгъэншэу псалъэ гуапэу жыпІэн егъэлеяуэ бгъуэтынущ. Сыту жыпІэмэ, абыхэм я ІэщІагъэмрэ я гуащІэм и кууа-гъымрэ гу щылъыттэр, сымаджэ дыхъуу абыхэм я нэІэм дыщІэхуа иужьщ. Мис абдежым ахэращ къытхуэнэр, Алыхьым иужь дызыщыгугъыну Іумэту. 

ХУТЭ Альбинэ Хьэбэз район сымаджэщым и неврологие къудамэм и унафэщІщ. Езыр хьэгъундыкъуейдэс (Али-Бэрдыкъуэ) ЛІымаху Эдуард ипхъущ. 2006 гъэм Ставрополь дэт медицинэ академиер къиухащ, «Лечебное дело» ІэщІагъэр иІэу. Иужьым илъэсиплІкІэ и ІэщІагъэ ІэпщІэлъапщІагъым хигъэхъуащ, «Реф-лексотерапия» зи фІэщыгъэцІэу Пензэ къалэм деж дохутырхэр езыгъаджэ федеральнэ купсэри хэту. 

Ди тхыгъэм дежи езым и ехъулІэныгъэхэм дытепсэлъыхьым и мызакъуэу, узыншагъэм ехьэлІа зэпсэлъэныгъэ дэтщІмэ нэхъ тэрэзу къэтлъытащ. Сыту жыпІэмэ, узу хъуар къезыхужьэ псантхуэхэм (нервхэм) я хьэкъ езыгъэгъуэтыр нобэ Альбинэ хуэдэ дохутыр Іэзэхэращ.


-Альбинэ, ищхьэ еджа-пІэр къызэрыбухрэ Хьэбэз сымаджэщым ущылажьэ-рэ? 

-Хьэуэ. 2008 гъэм орди-натурэ нэужьым Черкесск къалэм и поликлиникэм сыщылэжьащ илъэскІэ, иу-жьым Абазэ районым и по-ликлиникэми сыщылажьэу лэжьыгъитІыр зэдэсхьащ. 2012 гъэм «Земский док-тор» программэмкІэ Хьэ-бэз район сымаджэщым сыкъыІухьэри, абы лъандэрэ сыщолажьэ. 

  

-Пэжщ, уз псынщІэ щыІэкъым. Ауэ нобэрей зэман хьэлъэм цІыхухэм нэхъ къатегуплІэри, я узхэр нэхъ къезыхужьэ-ри псантхуэращ. Сыт хуэдэ лъэныкъуэ нобэрей неврологием нэхъ гугъусыгъуу къилъытэр, зэлэжьыр? 

-Социальнэ и лъэныкъуэкІэ нэхъ хьэлъэу нобэ неврологиер зыпэщІэтыр цереброваскулярнэ узхэ-ращ, щхьэм-бгым ехьэлІа-хэращ, эпилепсиеращ, нэ-гъуэщІхэри. НобэкІэ ахэр цІыхухэм нэхъ къатохьэ-лъэ, ахэр цІыхухэм зэращ-хьэщытхыным ди къудамэ-ри иужь итщ.  

Жагъуэ зэрыхъущи, иужь-рей зэманым куэд хъуащ ДТП-зэжьэхэуэхэм и ужь цІыхухэм къалъинэ псантхуэ узхэр. Дэ а псоми зэрытхузэфІэкІкІэ доІэзэ узын-шагъэм хуэгъэза къудамэм и жыпхъэхэм япкъ иткІэ. 

  

-Неврологием ехьэ-лІа узхэр кІуэ пэтми щІалэгъуалэм, сабийхэм нэхъ ета хъууэ жаІэ. Ар пэж? Сыт ар къызыхэкІыр? 

– Пэжщ. Псантхуэм ехьэ-лІа уз къызэуалІэхэр нэхъ «щІалэ» мэхъу, ар къызы-хэкІри нэгъэсауэ сыт щы-гъуи тхуэубзыхукъым. Ауэ, тегъэчынауи жытІэфынущ, щІалэгъуалэм, сабийхэм я псантхуэм ехьэлІа узхэр «къэзыгъэушым» яхэтщ тэ-рэзу зэрымышхэр, я Іэпкъ-лъэпкъыр щІагъуэ зэрызэрамыгъэкІыр, я щхьэ куцІым зыгъэпсэхугъуэмрэ зэтегъэ-псыхьауэ зэрыщымытыр, я щхьэ куцІым, псантхуэхэм зэрыхуейм хуэдэу зэрызрамыгъэгъэпсэхур.  

Апхуэдэ къабзэу, куэд елъытащ бзылъхугъэр сабий щыпэплъэм деж зэры-зыхуэсакъыжым. Абы къы-щежьэ уз къуэпсхэр иужьым сабийм и гъащІэ псом къы-дэгъуэгурыкІуэнкІэ мэхъу.  

  

-Нобэ ди зэпсэлъэны-гъэм еджэхэр я псантхуэ-хэм хуэсакъын папщІэ сыт хуэдэ чэнджэщ яптыфынур? 

-Шэч хэмылъу, узыр бгъэхъуж нэхърэ ар къомыуэлІэным упежьэмэ нэхъыфІщ. ИкІи ар яхузэфІэ-кІынущ зыхуэсакъыжыну хущІэкъухэм. Узхэм езым я теплъэ, цІыхум зэрыхуэ-кІуэ лъагъуэхэр яІэжщ. Пса-лъэм папщІэ, цІыхухъухэм нэхъ куэдрэ инсульт къоуа-лІэ. Апхуэдэ уз зыщхьэщыкІа зиІахэр зыхуэсакъыжын хуейщ, сыту жыпІэмэ езы-хэм къахуэкІуэнкІэ шынагъуэщ. ИтІанэ, уздэпсэум куэд елъытащ: ди къэра-лым и нэхъ ипщэ хэгъуэгу-хэм щыпсэухэм ишемическэ узхэр нэхъ къахуэлъэу щытщ, нэхъ ищхъэрэ хэгъуэгухэм – геморрагическэ инсультхэр. 

Ауэ, а псоми емылъытауэ, езы цІыхур зыхуэсакъыжмэ, зыщхьэщихыфыну лъэ-ныкъуэхэри щыІэщ. Псом хуэмыдэу ар елъытащ тутыным, фадэм, шхэкІэ зэтемыгъэпсыхьам, и Іэпкъ-лъэпкъыр зэрызэригъэкІым, стресс щытыкІэхэм зэрызащихъумэм. Лъэсу фызе-кІуэ, псым фес, е къэвжыхь фхузэфІэкІмэ – мыхэр псант-хуэхэм хуабжьу сэбэп хуохъу, фи имуннитетыр быдэ ещІ. 

  

-Неврологие къудамэм некІуалІэхэм и нэ-хъыбэм я узхэр щхьэращ къыздежьэр. Абы сыт щхьэ-усыгъуэ хуэхъур? 

-«Цефалгия» жаІэ – аращ щхьэ узхэр къызэщІэзыубыдэ фІэщыгъэцІэр. Гъэ-щІэгъуэныр аракъэ, езы щхьэ куцІ зэхэлъым узын кІа- пэ иІэкъым – и хъуреягъым иІэ щхьэ къупщхьэм, пщэм къекІуэкІхэращ узыр, ахэращ къызыхэкІыр езы щхьэузри. Апхуэдэ узыр щхьэм къыщымыхъуауэ, ауэ абы «еуэжауэ» щытын-кІи мэхъу. Дауэ мыхъуами, щхьэузыр мызэ-мытІэу къы-плъинэу щІидзэмэ, дохуты-рым деж укІуэн хуейщ, сыту жыпІэмэ, ар узыфэ куэдым и нэщэнэщ. 

  

-ЗэрыхъумкІэ, псантхуэ узхэр къомыуэлІэным уи Іэпкълъэпкъыр нэхъ жьыуэ хуэбгъэхьэзырын щІэбдзэмэ нэхъыфІщ? 

-Ар узу хъуам яхьэ-лІащ, ауэ неврологием псом хуэмыдэу тохуэ. Сыту жыпІэмэ, сыт хуэдэ узыр къоуалІэми, пщхьэщыкІми, уи псантхуэхэм нэмыІэсу хъу-къым. Абы папщІэ, уи Іэпкъ-лъэпкъыр узыншэу щытын папщІэ, е нэхъ псынщІэу зиужьыжыным папщІэ нэхъ узыкІэлъыплъыжын хуейщ. Иджырей зэманым ар цІыхухэм нэгъэсауэ къа-гурыІуэкъым, ауэ иужьым ткІийуэ «къакІэщІоуэж». Щы-хуейм, щыхущІыхьэм деж зэІэзэжын щІадзэмэ, псори зэтрагъэпсыхьыжыфын къа-щохъу. Ауэ, неврологием ехьэлІа узхэр ІэщІыб пщІыху, е зэбгъэтІылъэкІыху, а зэманым къриубыдэу, цІыхум и псантхуэ къудамэр зэрызэхэлъ нейронхэр мэщыр, мэкІуэдыр. 

  

-ЦІыхухэм хуабжьу сэбэп яхуэхъуауэ, хуабжьу ухуэІэзэу зэхыдох «иглоукалывание» Іэзэгъуэр. Куэдрэ къэбгъэсэбэпрэ а Іэмалыр уи лэжьыгъэм? 

-Ар рефлексотерапием и Іэмал щхьэпэщ. Къыз-дежьар къуэкІыпІэ лъэныкъуэ медицинэ хабзэхэращ, ауэ куэд щІауэ къэрал медицинэ къудамэхэм къагъэсэбэп, сыту жыпІэмэ сэ-бэп хуабжьу мэхъури. Абы куэд хужыпІэфынущ, ауэ нэхъ къызэрыкІуэу жыс-Іэнщи, цІыхуфэм къыще-жьэ ІэпапІэ цІыкІухэмкІэ «уноІэсыф» неврологием и уз куэдым, уеблэмэ цІыхум и кІуэцІфэцІым. 

Илъэс 12 хъуауэ си лэ-жьыгъэм къыщызогъэсэбэп мы Іэмалыр икІи уз куэдым ехьэлІауэ сэбэп зэры-хъур наІуэу солъагъу. Ар къызэрызгъэсэбэп хъунум илъэс бжыгъэкІэ сыхуеджащ, тхылъ щхьэхуи сиІэщ… 

  

-Тхьэм уигъэпсэу, Альбинэ. КупщІэ хэлъу укъыдэпсэлъащ. Узыте-псэлъыхьа Іуэхугъуэхэм-рэ къэпхьа чэнджэщхэм-рэ цІыхухэм сэбэп зэрахуэхъунум шэч къытетхьэкъым. Тхьэм адэкІи уригъэфІакІуэ! 

Дохутыр ІэпщІэлъапщІэм дедгъэкІуэкІа зэпсэлъэны-гъэр дыухыну дыхуейт мик-робиолог, тхакІуэ Поль де Крюи и псалъэхэмкІэ: «Ме-дицинэр зэрызэхэтыр – цІыхум хуиІэ фІылъагъуныгъэращ, армырамэ ар зыри иІыскъым». 

Черкес Хэку

Yazarın Diğer Yazıları

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img