2022 гъэм економик кризыр, пандемиям къыкІэлъыкІуа гугъэхьэхэр, зауэ къэхъеяхэр, екологияр зэрызэІыхьар ди нэгу щІэкІащ.
КІэ зимыІэ кризым тхэтауэ жыпІэ хъунущ. Мыбыхэм нэмыщІауэ тыркум къыщекІуэкІ хейнщІагъэхэр, щІэпхъаджагъэхэр, гъащІэм пэрыуэ щытыкІэхэр ди пащхьэм илъащ.
ДыщІэупщІащ 2022 гъэм халъэгъуамрэ, 2023 гъэм теухуа я гурыщІэхэмкІэ. Дохъуэхъу илъэсыщІэм гурылъ – гухэлъхэр къыдэхъулІэнкІэ, бэщІэкІыныгъэ, зэкъуэтыныгъэ къытхуихьынкІэ.
Жьынэпс
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-Зий фІыуэ сигу къэкІыжынукъым. Япэ сигу къигъэкІыжыр, мэзхэр зэрыстесхьар, зырамыгъэунчІыфыжар, къаралыгъуэм и ІэзэщІа Іэягъэхэр, пхэнджагъэхэр, хейнщагъэхэр, игъуэм иримыкІуэу дашхыкІыныр, щІэпхъаджэхэр къ н.
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-2023 гъэм сызэрыпэплъэр, зауэр щемыкІуэкІ, захуагъэ, хей, хейяагъэ щыхекІэ, цІыхухэр узыншэу, гуфІэжу зы щІыналъэ.
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-Си нэгу куэдыщэ къысхущІэгъэхьакъым, щІыналъэм къэрабэ хуэдэу ипхъа ди лъэпкъэгъухэр мыпхуэдэу щыпсэунущ. И лъым хэлъ щІыхьыр, фІылъагъуныгъэр, щэныр, захуагъэр, къабзагъэр зэрыхулъэу.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Джэврие Кок Іышык
Ныбжь: 62
Лэжьыгъэ: ИтхъакІуэ (архитект)
Щыпсэу Къалэр: Истамбыл
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-2022 гъэр, гъащІэ гуфІэгъуэр, псэупІэ щІыналъэ дахэр щекІутэха зы гъэу сигу къэкІыжынущ.
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-«Загъуэбж (заман)ыр куэдым и хущхъуэщ.» псалъэм къыхэкІыу мамырыгъэм, фІы лъагъуэм, щІыхьым хузиІэ фэщхъуныр, къысхуэна си гугъэр дызыхуэкІуэну гъэ щІэ зыдызохь.
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-И пщІыхьэпІэхэр анэдэлъхубзэкІэ илъагъуным нэсауэ, зыкъэзыщІэжа зы лъэпкъыу…
ЦІэ-унагъуэцІэ: Мэхьмэт Токмак
Ныбжь: 55
Лэжьыгъэ: ЗэхэзыбжыкІ-Финанс
Щыпсэу Къалэ: Истамбыл
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-Сэр папщІэ нэ«ху»м и жэрыгъэкІэ блэкІащ» жыпІэ хъунущ. ПсыщІэ дыдэу блэкІащ! Уз цІалэм пыкІэу, игъуэм дыщынэсым дытыншыжащ. Псэкугъэ зыужьынкІэ блэкІа илъэситІым нэхърэ нэхъыфІт. Мыгъэ Жьынэпс Газетым зэрыщыстхым и фІыгъуэ къызэхъулІащ. СыщытхэкІэ къэсхутащ, къэсхутахэмкІэ зэзгъэщІащ. ІэфІ щІэсхащ. Пасэрей зы «щІэн-хабзэ» диІэщ. А щІэн-хабзэр зэзгъащІэу, щысІуэтэжым сыригущхуащ. Хухэхауэ зыгуэрхэр зэгъэщІэн (хоби), щІэуэ университетым и гупхъэрыуэр къызэуэлІауэ еджакІуэ махуэхэм сыгъэзэжащ. КІэщІу жыпІэмэ; зэгъэщІэныгъэ, хэплъакІуэныгъэ, Іуэтэжыгъуэу зы гъэт. Ди лъэпкъым и цІэкІэ, КАФФЭД-ым Накъыгъэм 21 зы хэку икІыж, зы щыгъуэ-щІэж махуэ зэхуэсыр зы гупсысэ дахэт. Дэгъуи хэбгъуэтэнщ ауэ, щыпэ щІэдзэрэ пэт зы лэжьыгъэфІ хъуащ.
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-Мыгъэ зэзгъэщІахэр сыгъэкІуатэу етІэнэгъа теслъхьэурэ, абы «щІэн» дэсщІыгъуу сызыхуэнэрыгъхэм зызужьыурэ зы лъэбакъуэ ІэткІэ сыкІынущ. ЦывцІут цІалэ нэужь дыгъэщІахэр, кІылъыкІуэу щэн-щэхуэн (экъономи) Іуэхугъуэ гугъуехьхэр 2023 гъэм иухыну, къэралыгъуэ 100. зэрыхуэфащэ щІыпІэ тыншыгъэм нэсыным. 2022 гъэм щидза Украйна-Урыс зауэм цІыху нэхъыбэм гуауэ имылъагъуу иухынуу, Хэкум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр тыншу зэ бауэжыну…
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-«Зы бзэм и кІуэдыжыныр, зы лъэпкъым и кІуэдыжынщ. Дунейм си закъуэ зы къуагъым сыкъыдэнащ. Убыхыбзэ къэзыпсэлъыж нэгъуэщІ зыри щыІэжкъым. Си бзэр кІуэдыну сыхуекъым.» ЖиІэу зыхищІа гуауэр къиІуэтэжат. Убыххэм я кІэурэней Тэвфик Эсэнч и зы псалъэгъуам. «Бзэр лъэпкъым и псэщ.» хужаІащ ди адэшхуэхэм. Анэдэлъхубзэр димыІэу къэкІуэным дэгупщысыфынукъым. Япэ кІыщІэ Анэдэлъхубзэр зыфІэувэжмэ нэхъ сфІэфщ. Бзэр димыІэмэ, гупсысэри, гухэлъыри зекІуэнкъым. ЦІыхубэри гугъу ехьынщ. Мыбы къыхэкІыу япэ цІыкІухэр, щІалэхэр итІанэ бзэ зымыщІэ зи ныбжь нэсахэм хуегъэзэкІауэ, хухэха щхьэхуэ лэжьыгъэхэр дгъэбагъуэмэ сфІэфщ. Лъэпкъхэр езы и щІэн-хабзэм, и тхыдэм щІапыкІ. ЩІэн-хабзэр а лъэпкъым къыхэкІа я щІалэ-гъуалэ губзыгъэхэм я пщэм илъу зокІуэ. Хасэ, адрей зэхуэсыпІэхэм хэт ди щІалэхэр, мы Іуэхухэм пэрытмэ сфІэфщ. ЩІэн-хабзэр зыгъэлъэгъуэн зы ТВ диІэныр си нэгу щІэтщ. Лъэпкъым хухэха махуэ лъапІэхэр ТВ-м щыщэгъэлъэгъуэм си гур хохъуэ, къопхъырыпхъ. Хэха псалъакІуэ (парлемент)хэм ди гугъу ящІыу зыхэсхмэ си гуапэщ. Зы жыгым щІы лъабжьэ къуэпсыр сытми, а къуэпсыр гъумэ, а къэплъыри (жылэ) тхыдэм хокІуадэ. Зи тхыдэр зыщІэж лъэпкъыр, а жыг къуэпсым хуэдэу быдэ хъунущ. И щэнхабзэр зыщыгъупщэж, и псэукІэ щІыкІэр, и тхыдэр, и блэкІам хэзмыщІыкІ зы лъэпкъым, зыфІэты зыІыгъ къуэпсхэм щІэгъукІыу щадзэ. Ди тхыдэм дэджэжу, псэ едгъэгъуэтыжу, зыхуэс щІэныгъэ тІысыгъуэхэм щытепсэлъэххэр слъагъуну си нэгум щІэлъщ. И кІэухыу ди шхыныгъуэм телэжьыхь зыри щыІэкъым. Ди шхын, шхыныгъуэр утыку илхьауэ, ди цІэкІэ дуней Іэнэхэм щІыпІэ щигъуэту, щыслъагъумэ сфІэфІщ.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Зэйнэп Шэн Илчин
Ныбжь: 33
Лэжьыгъэ: ИтхъакІуэ-График лисанс еджакІуэ.
Щыпсэу Къалэр: Истамбыл
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-2022 гъэр зы зэблэхъупІэу собжыр. ЗыгуэрхэмкІэ игъуэтын хуэдэу согупсыс. Псалъэм папщІэ пандемием, экономикэ къризэм. Къэгъунэгъуа ІэІэтымрэ политик зэхэтыкІэр зэрыхъунуми дожьэр.
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-ЩІэм, сытым дежи гугъэ гуэрэ пкърылъщ. Мис а гугъэр мыужьыхыжу, зы гуэрхэм зихъуэжыну икІий ар дэ ди мардэкІэ къыддэхъуныр си гурылъщ.
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-ПолитикэмкІэ ефІэкІуэну е я щэнгъуазэм щыгъуазэжхэу зыкъащІэжыну, зэкъуэтыну-зыдэщІыну Шэрджэсхэм сащогугъыр.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Елиф Ергюн
Ныбжь: 40
Лэжьыгъэ: Академик
Щыпсэу къалэр: КоджаІэли
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-Си щхьэкІэ; упрпхъэрыу, зыщІэхъейуэ, хъуэрыщІэхэр бэуэ.
ЦІыхубэкІэ егъэзамэ; гугъэншэу, шэщІауэ…
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-Си щхьэкІэ: узыншагъэ, упсэху. Сытхыжьа гукъинэхэр нэгъэсын.
ЦІыхубэм хуегъэзэкІауэ; фІыгъэ-хъугъэ, гупсэхуныгъэ.
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-Къаралъыгъуэ зэхуаку къэхъу-къащІэхэр, дызыщыпсэу щІыпэ хэдэ-хэх зыпеуэм Шэрджэсхэм фІыгъэ къахуихьын. Хэхэс гупхэм я зэгуэтыныгъэм къару игъуэтын.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Айшэн Дагыстанлы
Ныбжь: 55
Лэжьыгъэ: Зэгъэпэща кІуэ (Дизайнер) / мылажьэж (пенсионер)
Щыпсэу Къалэр: Истамбыл
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-2022-р криз гъэущ сигу къызэрыкІыжынур.
Япэращи тыркур зыхэта экономикэ гуащІэгъуэр (кризыр), къыкІэлъыкІуа Урыс-Украин зауэр, Истиклал уэрамым къыщагъэуа бомбэр… ГуащІэгъуэшхуэт мыхэр.
Дунейпсом къыщыхъуа лэжьыгъэ (Іуэху) гъэувыІэр, лэжьэкІуэбар я ІэнатІэм зэрыІуагъэкІыр, унэ фэтэр уасэр зэрыхагъахъуэр, журналистхэр зэщІакъуэу (лъэхъуэщым) зэрагъэтІысыр, и гупсысэр жызыІэхэм ебэну тазыр зэрытыралъхьэр… Мыхэри ди гуащІэгъуэ (криз) цІыкІухэу пыдгъувэжынщ. Ауэ дауи ирехъу 2022 гъэри къэдгъэщІауэ бжыпхъэщ.
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-Лэжьыгъэр нэхъ мащІэу, сосялнэ зэхэтыкІэр нэхъ гъанщІау, хуиту зы псэуныгъэ. Абы Черкесия лъагъунлъагъу кІуэныр щІызгъуфымэ…
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-Дыхэмшыпсыхьыжу, хэку гъэбгынэ тхэмыту, хуитыныгъэмрэ, къакІуэ гъащІэр ухуэнымрэ теухуа ди гурылъхэр утыку къитлъхьэфынкІэ сохъуапсэр.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Хикмет Адал
Ныбжь: 30
Лэжьыгъэ: Журналист
Щыпсэу къалэр: Истамбыл
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-ЛъапІагъэ, ДЧБ (ДАХ), лъакъуих Іэнэ.
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-ЛъапІагъэр нэхъ мащІэ хъун, КАФФЭД-ыр ДАХ-м къыхэкІыжын.
Демирташ Президент, Эркан Баш Министр Нэхъыщхьэ.
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-Тхьэмадэхэм, тхьэмадэгъэр зэрыхуэфащэм хуэдэу зрахьэн, ди бзэр зезыхьэхэм и бжыгъэр %90 нэсауэ зы къэкІуэныгъэ иІэтэмэ фІы хъунт.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Атакан Сонмэз
Ныбжь: 43
Лэжьыгъэ: Журналист
Щыпсэу къалэр: Истамбыл
-2022 гъэр, даурэ фигу къэвгъэкІыжыну -кІэщІу- псалъэ зыбжанэкІэ?
-ТхьэмыщкІагъэр, хуэныкъуэ цІыху бжыгъэр, дэкъузэныгъэр, цІыхум лей ехыныр хэхъуащ. Япэми хуитыныгъэ ирикъур, зэхуэдэныгъэр мащІэт. Ауэ хабзэм ар ихъумэрт. (езым я гъэува хабзэхэми eбэкъуэжахэщ). ЦІыхухэм гъуазэм, щІэныгъэм лъэІэсыным теухуэу яІэу щыта хуитыныгъэр ІэщІатхъащ. Президент хэхыныгъэм куэду тепсэлъыхьащ цІыхубэр. Іэ Іэтыр, ахэр зэрагъэшынэн башу къэгъэдэлъащ (сытым щыгъуэи апхуэдэт). Парт Іэтащхьихыр зыпэрыс Іэнэм я унафэ къэщтэкІэ дэхьэшхэнри лъэпкъым гукъинэ яхуэхъуну къыщІэкІынщ дезeнформация хабзэщІэмрэ, финанс министрым, дунейм щапхъэу къахуигъэува економи терминологиемрэй (ахэр си бзэм хуэгъэшэрыуэркъым).
-2023 гъэм сыт къыдэкІуэну нэхъ узэрыщыгугъыр?
-Дауи урэхъу ди гурыщІэхэр дымыгъэкІуэду, цІыху псори хъугъуэфІыгъуэхэм зэхуэдэу лъэІэсу, хуитыныгъэр я зэхуэдэу зы дунейщ ди хъуэпсэгъуэр. Сэ си ІэнатІэр «щэбэт анэхэм» я бын фІагъэкІуэдахэм щхьэкІэ ирагъэкІуэкІ бэнэныгъэр ядэІыгъыныращи, абы къыпысщэнущ.
-КъэкІуэну лъэхъэнэм Шэрджэсхэм сыт къахуихьынкІэ угугъэрэ?
-Япэращи ди анэдэлъхубзэр хэмыкІуэдэжын щхьэкІэ еджапІэхэр къызэгъэпэщыпхъэщ. ПщІэшхуэ иІэщ хасэхэм ирагъэкІуэкІ бзэ егъэджэныгъэм, Жьынэпс газетым щэнгъуазэм хуищІ гулъытэм. Ауэ мы лэжьыгъэхэр нэхъ куууэ, щІэныгъэ лъабжьэ иІэу еджапІэхэм щегъэкІуэкІын хуейу къызолъытэр. Бзэм, лъэпкъыр зрегъэубыд, зыкъуегъэувэ. Бзэр дыІэщІэкІым, (мы къэралым дыщыпсэуну согупсысыри) ди къафэхэм нэмыщІ, дунейм ягу дыкъэзыгъэкІыжын щымыІэжу дыхэкІуэдэжынущ.
Парламентом Шэрджэсхэм ди лІыкІуэ гуэрхэр хэтын хуейщ. Пэжщ ХДП-р щыІэщ. Ауэ Іуэхум нэмыщІ лъэныкъуэкІэ зигъэзащи Шэрджэс куэдым къагурыІуэркъым мы партым дэ дызэрыпыщІа щІыкІэр. Аращ жысІэнур. Упсэу мы упщІэхэр къызэрызэпхьэлІам папщІэ! Фи лэжьыгъэр кІуэтэнкІэ сынывохъуэхъу.
ЦІэ-унагъуэцІэ: Икбал Ерен Ярыджы
Ныбжь: 65
Лэжьыгъэ: ЕгъэджакІуэ
Щыпсэу къалэр: Истамбыл