ХьэгъуэлIыгъуэм

0
389

Гъэмахуэ мазэт. Мы гъэр и гуащIэгъуэу къыщIэкIынти, тхьэмахуэ зыбжанэ хъуауэ мафIэ лыгъейуэ жьэражьэ дыгъэм и къухьэгъуэ хъуа пэтми, къидз пщтырагъым, шэджагъуэм иIыгъам, зэрыкIэрыхуаишхуэ щымыIэу иджыри укъисырт, пщыхьэщхьэри уэмти, щIыIэтыIагъэ мащIэ дыдэ зыщIэт акъужьыр зэзэмызэххэ къыкъуэу мыхъумэ, гум жьы дригъэхуу урибэуэну Iэмал къыуимытыну хущIэкъум хуэдэт. Дызытет гъуэгури апхуэдизкIэ дыгъэм къигъэтIэтIащи, уи япэкIэ уплъэмэ, фIыцIагъэ къызэрыщIыхьам, ткIуаткIуэр къызэрыпхивам асфальтыр тралъхьагъащIэу нэм къыпфIегъэщI, моуэ тIэкIу ущIэплъыIуэми, гъуэзрэ бахъэрэ пхузэхэмыгъэкIыу, уи щхьэри мащIэу игъэуназэрэ, хужыпIэну зыгуэр къыщхьэщех. Куэд щIауэ уэшхым хуэзэшауэ абы щIэлъэIу нэхъей, жыгыжьхэри гъуэгубгъум къыIутщ, я тхьэмпэхэри сабафэщи, щхъуантIагъэ ящIэлъыр къызыпхыщ къудейуэ фагъуэщ. 

«Гъуэгум пкIэлъей къедзыт», – жиIэгъат, жи, гъуэгуанэ жыжьэ теува пасэрейм. А псом сазэрыкIэлъыплъарагъэнт, гъуэгуанэм и жыжьагъыр зыхэзмыщIэурэ, къалэм дынэсри дыдыхьащ. ХьэгъуэлIыгъуэр здекIуэкIыну унэр зытетыр арати, Идар Темрыкъуэпщым и цIэр зезыхьэ уэрамымкIэ дэддзыхри едгъэзыхащ. Аргуэрти, гупсысэм сыхыхьэжащ. ТхылъкIэ фIэкIа сыщымыгъуазэ пэтми, абыхэм къизджыкIа хьэл-щэнхэр кIэрызолъхьэри, сцIыхуа нэхъей, мо лIыхъужь щэджащэм и теплъэр си нэгу къыщIызогъэхьэ. Псом хуэдэжкъым Пщышхуэм и уIэгъэхэр зэрыхъужу, дзэшхуэ зэхуишэсу игъащIэкIэ пэжагъкIэ бгъэдэтыну къигъэгугъа пащтыхьым дэIэпыкъуну зэрежьар… 

ХьыI! Нобэ къыспкъэрыхьар сыту пIэрэ? Мыдэ, жыпIэнщ, сыкъызрикIуа гъуэгум япэ сыкъытехьауэ. Хьэмэрэ къалэм зэи сыдэтыжакъэ!? Хьэмэрэ дыгъэр гуащIэу зэи къепсыжакъэ!? СщIэркъым… Е набдзэгубдзаплъэу сыщымыту си хуэмыхуагъкIэ а псор IэщIыб сщIа, хьэмэрэ гу лъызмытэххарэ!? Ауэ махуэр нобэ нэгъуэщI зыгуэрщ… 

Ауэрэ хьэгъуэлIыгъуэр щекIуэкIыну къатитIу зэтет унэ абрагъуэм дыIухьащ. Маршынэм дыкъикIри, сеплъмэ – ихъуреягъкIэ нэхущ, апхуэдизкIэ уэздыгъэ зэмыфэгъухэмкIэ гъэщIэрэщIащи, нэр тепщIыпщIыкIыу зэщIоблэ. ЗанщIэуи сигу къокI: «Ярэби, ди сабиигъуэм къыджаIэжу щыта пасэрей псысэхэм я хъуэпсапIэр ди нэкIэ нобэ тлъагъуу арауэ пIэрэ? Мыр хуэдэкъэ дыгъэм пэлыдрэ нур къызыщхьэщихыу къуршибл щIыбагъ къыдэт, набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ хъыджэбзыр зыщIэс чэщанэм, хьэмэрэ хъаным и уардэ унэу абджыпс защIэу зэщIэпщIыпщIэм?» 

Абы хэту: 

– Фыкъеблагъэ! – жари, дызэрагуапэр я нэгу къищу, дыздэкIуахэр къытпожьэ. 

– ФIыкIэ диблагъэ, гуфIэгъуэ кIыхь Алыхьым фхуищI! – кIыхьыщэ зримыгъэщIу тщIыгъу нэхъыжьри мэхъуахъуэри, драгъэблагъэ. АдэкIэт хъуэхъу щаIэтынури, хабзэр щызэрахьэнури. 

ДыщIыхьащи, сыт – нобэрей щIалэгъуалэм и нэкIэ уеплъмэ, Iуэхур зэрекIуэкIым сытри хэплъхьэн, сытри пыплъхьэн! Псори щIэращIэщ, псори щIыкIафIэщ, зэблагъэ кIэщI пэтми, куэд щIауэ зэрылъэгъуахэкъым, зэхуезэшахэщи, зэщогуфIыкIхэр, ныбжь теухуауэ, гуп-гупурэ зэхэтщ. Макъамэри щэхуу къоуэ, Iэнэзехьэхэри зэблож, «Хэт ищIэрэ, зыгуэр къытщыгъупщамэ…», – жаIэ щIыкIэу, Iэнэм ироплъэ. Джэгур езыгъэкIуэкIыну гупри, адыгэ фащэ хьэзыр IупэхухэмкIэ хуэпауэ, хьэтиякIуэр ящIыгъужу, щыIэщ, цIыхур зэрагъэгушыIэным хуэхьэзыр ажыгъафэхэри къыщытщ, уэрэд жыIакIуэхэри кърагъэблэгъащ. Iэнэращи, адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ гъэнщIащ, абы европей шхыныгъуэхэри къыхыхьэжащи, ерыскъым къекъутэ. Уи бын махуэ къэс къыщимышэкIэ, уи пси уи соми уеблэж хъурэт! 

ХьэщIэхэр къыщысым, щхьэж и ныбжь къызэрезэгъыу, пэшхэм щIашащ – цIыхухъу нэхъыжьхэр щхьэхуэу, цIыхубз нэхъыжьыIуэхэри щхьэхуэу. ЩIалэгъуалэращи, пэIущIэ пэшышхуэм щIэпхъауэ щIэзу щIэт Iэнэ хъуреишхуэхэм зыIудгуэшащ. Сыт, хьэгъуэлIыгъуэм щIидзащи, батэкъутэр ягъэш: шхынхэр зэблах, макъамэр ин ящI, уэрэдхэр жаIэ, ажэгъафэр мэгушыIэ. Сыт нэгъуэщI узыхуейр – а псор нэгузыужьыгъуэкъэ!? МыбыкIэ мыарэзы къыхэкIын хуей? Хьэуэ, хуейкъым! Ауэ… 

Тэлай дэкIри нэхъыжьхэр зыщIэс пэшым щхьэгъэрытыр къыщIэкIри хьэгъуэлIыгъуэр езыгъэкIуэкIхэм ябгъэдыхьащ, щэхуу зыгуэр яжриIэри, мыдрейхэми макъамэр ирашэхащ: 

– Сыту пIэрэ къэхъуар? – жиIэу ди Iэнэм щыщ зыгуэр щыщIэупщIэм… 

– Нэхъыжь Iэнэм хабзэ щызэрахьэ, зыгуэркIэ зэгуримыгъаIуэмэ, щIэлъэIуа хъунщ, тIэкIу ирашэхыну, – жэуап иритыжащ нэгъуэщI зыгуэрми. 

– ИгъащIэми аращ, – къыхелъхьэ ещанэми и псалъэ, – нэхъыщIэм я Iуэху зехьэкIэр нэхъыжьым игу нэсыщэкъым. 

– Апхуэдиз хэлъкъым абы, хабзэр мыпхуэдэм щыхуэкIуэм, нэхъыжьхэм я пэшымрэ щIалэгъуалэм еймрэ зэпэщхьэхуэу ящIам зэфIэкIат, – сытми ежьащ псалъэмакъыр. 

Абы хэту, хьэтиякIуэм хъыбар къигъэIуащ, джэгум зэрыщIидзэмкIэ. ЩIалэгъуалэр зэщIотаджэ, утыкур къаувыхь, къафэ псынщIэр къоуэ, я лъакъуэхэр нэр темыпыIэу зэбладзу къытохьэри къофэ, хъыджэбзхэри къыдаш, къагъафэ. Адыгэ пшыналъэхэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ «гъэщIэрэщIа» хъуащи, щIалэгъуалэм и гукъыдэжым нэхъри абы зригъэIэту гу лъыботэ, Iэгуауэ макъым нэхъри щIагъэхуабжьэ. Зы пщащэ цIыкIу, илъэс пщыкIух-пщыкIубл и ныбжьыну утыку къолъадэри и Iэ лъэныкъуэр еIэт, ар щилъагъукIэ, къафэу тет хъыджэбзыр токIыжри, мыдрейр абы и пIэ йоувэ. «Мыр дауэ, – согупсысэр сэ, – апхуэдэр хабзэ? Дэнэ кIуэжа шэщIауэ пшынэм кърагъэкIыу щыта къафэмрэ зи напIэр ехьэхарэ зэпIэзэрыту абы къыдэфэу щыта пщащэ уардэхэмрэ?» Апхуэдэхэри джэгум хыболъагъуэ, ауэ мыдрейри уи жагъуэ мыхъуу къанэркъым. 

Джэгур зэфIэкIыу дытIысыжа нэужь, дыплъэмэ, жыжьэу щауэ щIалэмрэ и адэмрэ зыгуэрым тепсэлъыхьу щытти, абы къыпкърыкIри хабзэ зехьэным теухуа псалъэмакъыр ди Iэнэм къыщыхъеижащ: 

– Уа, щауэишыжыр зэфIэкIа? – жиIэри аргуэру зыгуэр щIэупщIащ. 

– ХьэщIэхэр кIуэжмэ, ари ирагъэкIуэкIыну жаIащ, – жытIэри а псалъэмакъри абыкIэ духащ. 

ЗэрыжаIауэ, хьэгъуэлIыгъуэр щауэишыжымкIэ яухри, щхьэж и занщIэу дыкъызыбгрыкIыжащ. ДыкъыздэкIуэжым, псори арэзы зэрыхъуар къыхэщу псалъэ зыбжанэ къэIури, мо езэша гупыр щым хъужащ. Зэманри хэкIуэтат, дунейри щIыIэтыIэ хъуати, гум егуэпэкIырт. Сэри, Iэнэм щекIуэкIа псалъэмакъыр сигу илъти, гупсысэм сыхишэжащ. 

Иджы си гупсысэхэр нэхъ жыжьэу Iэпхъуат. Си щхьэр абы щIынэсари сщIэртэкъым, ауэ сигу къэкIыжат IэмалыншагъэкIэ зыщалъхуа Хэкур зыбгынэн хуей хъуа, зы напIэ дэхьеигъуэм хабзи-бзыпхъи, лъэпкъи-къупщхьи – псори зыфIэкIуэда Золакъ Зауркъан. Дапщэрэ седжа «ЖылакIэм», ауэ иджы си гугъэщ мы лIыжьым и псэм телъа хьэзабым и куууагъымрэ и хьэлъагъымрэ къыщызгурыIуэр. Егупсысыт: «АдэкIэ апхуэдэу хъунукъым», – жаIэрэ уи сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ узэса псэукIэр зы напIэзыпIэ зыхыуагъанэу. Мэз псэущхьэр сыт хуэдизри унэм щыIыгъ, бутIыпщамэ, зэкIуэлIэжынур мэзырщ, аращ абы и псэм хэлъри.  

Си нэгу къыщIохьэ и хэкуэгъу щIалэ и хьэщIэу къыщищIам, ар зэрыхуа щытыкIэр, и гум, и псэм щыщIар. Зэманыр къикIуэтыжа хуэдэщи, и Хэку щисыжым, и щIалэгъуэм къыхэхутэжащ. И анэ-адэр, и Iыхьлы-благъэхэр дунейм псэууэ тету и фIэщ хъужыпащи, абыхэм йопсалъэ. ХьэщIэ къэкIуамэ, гуфIэгъуэ къэхъуамэ, ахэр зэрекIуэкIыу щытахэр и щхьэм къызэрихьащи, езыр Iуэхум хэмыту и пщIыхьэпIэ къыхэхуэркъыми, хьэщIэхэр зыгъэхьэщIэнухэр Iэнэм тIысыну къыхуриджэу я цIэхэр жеIэри пщIантIэм къежыхьри дэтщ. Илъагъум хуэдэщ, хьэщIэм папщIэ бжэн зэраукIари, лэгъупыIэмпIэ зэрызэфIадзэри, выщIэр зэрызэIахри, мырамысапхъэр къызэрыкъуалъэри. АрщхьэкIэ дэнэт… А псор зэманым ирихьэжьэри хикъухьыжат. А гукъэкIыжхэр къыщызэщIэрыуэжари къум плъыфэ зытеуэ тырку пщIантIэрт. 

Ярэби, апхуэдэр уи акъыл урихуу къыптехьэлъэныр пэж? Абы зы шэчи къытумыхьэми хъунущ, ауэ «Хуэмыза лIыфIщ», – жыхуаIэращи, зымыгъэунэхуам къыгурымыIуэнри хэлъщ. Арагъэнщ къытфIэмыIуэху щIыкIэурэ, хабзэм и фIыпIэхэр IэщIыб щIэхъури. Хэт ар къытпэзубыдри, хьэмэрэ хэт ар зэран зыхуэхъур? Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу шууей хъыжьэхэм фэр зыпаубыдрэ абы щхьэкIэ щызэныкъуэкъуу, мастэпылъэ ящIрэ нэщанэ щызэдеуэу, шым зэрытесу бгъэныщхьэ унэ лъахъшэ цIыкIухэм щыщIыхьэу щыта лъэхъэнэм къызэримыгъэзэжынур. Ауэ си нэ къокI зэ закъуэ, нэхъ мыхъуми, зэ закъуэ блэкIам сахукъуэплъыну! АрщхьэкIэ апхуэдэр къызэрымыхъунур къызгуроIуэжри, си пIэ сотIысхьэж. Сэ цIыхум и зыужьыныгъэм сырибийкъым, щIалэгъуалэм захызобжэжри, сэри арагъэнщ си гупсысэкIэр, ауэ тхуэхъумэнур сыт щIэдмыхъумэнур? Яхъумакъэ, зэрыпсэурэ илъэс щитхум нэблагъэ дэкIыжами, Темрыкъуэ пщы лъапIэм и цIэр! Месыр, ди къалащхьэм и уэрам нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым ар зэрехьэ. Къилэжьакъэ? Дауи, къилэжьащ! ЛIыхъужьыгъэм ар и щапхъэкъэ! Аркъудей!? Лъэпкъ зэныбжьэгъуныгъэр быдэн папщIэ илэжьар-щэ! Ди къэралышхуэр къэгъэщIыным хилъхьа гуащIэр-щэ! !эджэ мэхъур ар. Апхуэдэ лIы щэджащэ дапщэм лъэпкъыр иригушхуэрэ! АтIэ, аращ… А хабзэ дахэри абыхэм я фэеплъщи, зы маскъал хуэдизми хуэсакъыпхъэщ. Ухуэсакъмэ, пхуэхъумэнущ, хущIэкъун хуей къудейуэ арщ. Ноби гугъу си гугъэкъым къэпшагъащIэу уи адэм утемыхьэу махуэ зытIущ зыхуэбгъэшэчыну, хьэмэрэ Iэмалыншэу къыщIэкIынкъым, ухъыджэбз цIыкIуу укъытелъадэу укъэфэну… 

Куэбжэ Iух макъыр си тхьэкIумэм къиIуащ. Дыкъэсыжат. Мы пщыхьэщхьэм куэдым си гупсысэхэр жат, сызэгупсыса псори тхылъымпIэм техуэнуи сигу къэкIатэкъым. Ауэ, сегупсысыжащи, техуэнущ, нэхъыбэжи техуэнущ. Абы и фэр Iувщ. Ар къызэрежьэрэ сыт хуэдиз тратха? Техуакъэ! Абы илъэгъуам хуэдиз – ар гуфIэгъуэу щрети, е гузавэгъуэ ирехъуи – зыгъэвауэ зыгуэри щыIэу фIэщ хъугъуейщ. 

  

Быхъурэ Камилэ, 

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм и еджакIуэ. 

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz