Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къархьалакъ/Мэртэзей

Къэбэрдей къуажэ. Къуажэр Къаракъуи (Къундэтей) къыхэкlыу нобэрей тlысыпlэм къэкlуа Къущхьа Къанщау иухуауэ зы къуажэщ. И гъусэу Жылэхьыжхэ Бейкьулхэ, Бырсхэ и гъусэу. Иужькlэ лъэпкъ куэд къыдэтlысхьэжащ. Къущхьа Къанщау 1817 гъэм хэкум къыщалъхуащ. И бын Умар, Мухьамэд, Мусарэ ипхъу тыркум щалъхуа Нефсэт и гъусэу тыркум къэкlуащ. 1871-1872 гъэм хуэзауэ лъэпкъиплl хъууэ мы къуажэр яухуащ.

Мэртазыкъуэ Елбыздыкъуэ Карс Селим жыхуаlэ щlыпlэм къэтlысащ. Урыс Османлы зауэм (1877) хэтащ зауэм Елбыздыкъуэ ищхьар джатэкlэ дыркъуэ къытралъхьащ. Иужькlэ Елбыздыкъуэ Шэгэм Алирэ Хъуран Хьажсэтрэ зыщlигъури Узняйлэм къетlысэхащ. Къущхьа Къанщаурэ Елбыздыкъуэрэ хэкуми щызэныбжъэгъути Къархьалакь къригъэблэгъащ. Къуажэм пцlэри Мэртэзейу фlащащ.

Зыгъэзэж Хьакъирэ ищхьагъусэ Гулпемпе
Былгъурокъуэ Шэукэтрэ Къущхьа Догьанрэ

Къуажэм и тlысыпlэм дытепсэлъыхьын духьмэ, Кайсери къалэм 135 км., Азей районым 45 км. пэжыжэщ. Азей районым епха къуажэхэм нэхъ пыlудза къуажэщ. Ящlыр Къаракъуи (Къундэтей) Жамботейижъ, Марашлы къуажэхэмкlэ къэувыхьащ. Аткlэри гурун районым епха тырку къуажэ Гунешли къуажэр щыlэщ. Къуажэм щы lэрылъэдыдэу зыщlыпlэщ. Зиярет Тепесикlэ зэджэ щlыпlэр щlымахуэм уэлбанэ уаей лъэщ къыщыхъуращ.

Ди лъэпкъым теухуауэ и гъащlэм лэжъыгъэшхуэ къырихьалlэуэ, лъэпкъым щхьакlэ куэд зинэуг щlэкlа Къущхьа Догъан

Былгъурокъуэ Шэукэт теухуэу зы анекдот; къэзыlуэтэжыр Къущхьа Догъанщ; «Абхазиям Курзиным пэщlэувэу щызауэм щыгъуэ ахъшэ зэхуэтхьэсыну къуажэхэр къэткlухьырт. Гъэр 1992-т сыщымыуэмэ. Былгъурокъуэ Шэукэт жиlэр аращ зыхэт гупымкlэ зигъазэри; «сэ си гэбын щхьа сы гъэтlылъауэ ахъшэ сиlэр къывызотыр напэ зиlэм игум Адыгагъэ зыхэлъ зэ псоми мы Абазэхэм дэlэпыкъун хуейщ» щы жиlэм зэр Къэрхьалакъу зыкъытщlагъэкъуау щтащ» «тхьам и хьэдрыхэр нэху ищl.

Къуажэр къуажэшхуэуэ щыткъым цlыху куэдыр я бын ирагъэджэн я унафэу лэжьапlэ ялъыхуэн я унафэу къуажэр ябгынащ. Къалэшхуэхэм дэсхэщ. Еджа куэд яlэщ. бизинисым теухуауэ щlэныгъэшхуэ зиlэ куэди яlэщ. Къалэшхуэхэм тыншу щопсэухэр ауэ иджы къуажэм лъапсэ, унэ щрагъэщlу гъэмахуэм къуажэм дэсу щlымахуэми къалэшхуэхэм къекlуэлlэжри куэдщ.

Мэртазэ Махьмуд

Къуажэдэсхэр 10 унагъуэщ щlымахуэм къыдэнэжыр, ахэми lащ я пыщlа аращ. Щlы я куэдщ. Хъупlэ я куэдщи щlыми lащ ирагъэшхын хьа, гуэдз хасэр.

Къуажэм зи цlэ ираlу цlэрыlуэу, псоми яцlыху цlыху куэд дэсащ, Къэдбжын духьмэ; Мэртазэ Джэудэт, Саид, Къущхьа Азми, Алаудин, Догъан, Былгъурокъуэ Шэукэт, Кемал, Керсан Къанен, Ахъсырэ Яшар, Хъуран Хьасан, Ислам, Бырс Камил, Сокъур Рэшад, Агей Ануар, Мэртокъуэ Рахьми, Къущхь Казим, Балкъар Фуад, Афонэ Исмаил, Зыгъэзэж Беджад, Хьакъи, Къанокъуэ Абдулахь, Ферхьат, Бахъсаныкъуэ Мухьарби, Ахъсырэ Мухьудин, Хьуран Хьаж Исмел.

Мэртазэ Джэвдэт
Мэртазэ Мэхьмэт Саит
Агуей Сэбахадин
Зыгъэзэж Хьакъи
Агуей Себахадинрэ иунагъуэмрэ
Къущхьа Алаудин (lудин)

Yazarın Diğer Yazıları

Исмел кыт

Абазэ къуажэ. Ачкаруа. Къуажэр нобэ Къэрэшей-Черкес Республикэм ищӏым щыӏэ Бащылбий щӏыналъэм къикӏу Казанчык къуажэм къэтӏыса Абазэхэм ящыщщ. Иужькӏэ Исмейлыкъуэм игъусэуэ Казанчык къуажэм къыдэкӏри къуэжитӏ хъуэ...

Панлы – Панкуей

Абазэхэ къуажэщ. Унагъуэ зыплӏытхуи Болгарием къикӏауэ гуэч къыщащӏам къэралым къыдигъэтӏысхьауэ унагъуэ щопсэур. Къуажэм и гъунапкъэхэр Сывгын, Тозгун, Эскитеккэ, Меликгази, Кушчулар, Акорен къуажэхэращ. Къуажэр япэрей зэманым 120 унагъуэ...

Бащылбий – Демырбогъа

Абазэ Ачкаруа къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэхэм нобэ Къэрэшей-Черкесым Бащылбий щӏыналъэм къикӏа Абазэхэм яухуа Казанчык къуажэм къыхэкӏыу 1867 гъэхэм мы къуажэр яухуащ. Къуажэр къуажэ цӏыкӏущ....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img