Бзэр яIурыплъхьэныр гугъу дыдэщ

0
223

Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэхэм ящыщщ. ИкIи, псалъэ дыгъэлу щымыту, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм ар ябгъэдэлъхьэным, ягъэджыным зи гуащIэ езыхьэлIэхэм я лэжьыгъэр уасэншэщ.

Анэдэлъхубзэр къалэм дэс сабийхэм языгъэджхэм я пщэ къыдэхуэ жэуаплыгъэр зыхищIэу зи IэнатIэм пэрытхэм ящыщщ Черкесск къалэм дэт зи №13 гимназием адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ щезыгъаджэ Дагуэхэ Муминат.

Ар лъэпкъкIэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщщ. Къэрэшей-Черкес къэрал университетыр къиуха нэужь, республикэм и къалащхьэм дэт еджапIэм илъэс 25-м щIигъуауэ щрегъаджэ. Черкесск къалэм дэт еджапIэхэм адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэхэм я методическэ зэгухьэныгъэм илъэси 4 хъуауэ и унафэщIщ.

Адыгэбзэр къалэ еджапIэхэм зэрыщаджымрэ, бзэм ехьэлIауэ зыпэщIэхуэ лъэпощхьэпохэмрэ яхьэлIауэ упщIэ зыбжанэкIэ егъэджакIуэм зыхуэдгъэзащ.

-Муминат, япэрауэ, егъэджакIуэ IэщIагъэ мытыншыр дауэ къыхэпха хъуа?

-Мы гъэм илъэс 25-рэ ирикъуащ адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ езгъэджэну еджапIэм сызэрыIухьэрэ. ЕгъэджакIуэу улэжьэныр хьэлъэщ. Нэхъ хьэлъэжщ бзэр, псом хуэмыдэу, лъэпкъыбзэр къалэдэс сабийхэм ябгъэджыныр. Арами, зы махуи сыхущIегъуэжакъым а IэщIагъэр къызэрыхэсхам. Ар зи фIыщIэр урысыбзэмкIэ си егъэджакIуэу щыта, фIыщэу слъагъу Хьэщпакъ Любэщ. ЕгъэджакIуэ сыхъунымкIэ зэи къызиубыдылIэу къызжимыIами, а IэщIагъэм абы сыхуиунэтIауэ плъытэ хъунущ. ЕджапIэр къызэрызухрэ илъэс 30-м щIигъужами, «Любовь Халиловнэ»-щ сызэреджэр. НэмыщIуи седжэфынукъым щапхъэгъэлъагъуэ схуэхъуа си егъэджакIуэфIым.

-АтIэ, къалэм дэс сабийхэр адыгэбзэмкIэ ебгъэджэныр, дауи, Iуэху хьэлъэу къысщохъу… КъыдэкIуэтей ди щIэблэм лъэпкъыбзэр зэраIэщIэхур хьэкъ?

-Къалэм дэс сабийхэр гугъу дыдэщ анэдэлъхубзэм хуебгъэджэну, ахэр бзэм щIэбгъэхъуэпсыну. Адыгэбзэ закъуэракъым а гузэвэгъуэм хэтыр. НэгъуэщI лъэпкъхэми я Iуэхур аращ зыIутыр. Сыту жыпIэмэ, къалэм дэс сабийхэр я унагъуэхэм деж нэхъыбэу зэрыщызэпсалъэр урысыбзэщ.

Адыгэбзэр игъэшэрыуэу, ирипсалъэу къакIуэ сабийхэр гъэ къэскIи нэхъри нэхъ мащIэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, мы гъэм япэ классым адыгэ сабийуэ си дерсыр зыджыну къэкIуа нэрыбгэ 16-м ящыщу 2 къудейращ сыкъызыгурыIуэр, урысыбзэкIэ зэзмыдзэкIыу, зэпкърызымыхыу, IэпэкIэ сымыгъэлъагъуэу жысIэр зэхэзыщIыкIыр! Ар хуабжьу дызыгъэгузавэ Iуэхущ.

 

-АтIэ, сыт хуэдэ бгъэдыхьэкIэ апхуэдэ сабийхэм къахуэвгъуэтыфыр?

-Адыгэбзэр зыджыну къэкIуа сабийр бзэм дебгъэхьэхын, и гур и лъэпкъыбзэм къыхуэбгъэушыфын хуейщ. Абы ехьэлIауэ егъэджакIуэм жэуаплыгъэ къызэрымыкIуэ бгъэдэлъщ. Iэмал имыIэу дерсхэр гъэщIэгъуэну зэхэгъэувауэ щытын хуейщ. ДжэгукIэ Iэмалхэр хуабжьу щхьопэ сабийм и къэухьым зиубгъуным, бзэр зыхищIэным, фIэгъэщIэгъуэныным. Я лъэпкъыбзэр — адыгэбзэр зэрыбзэ шэрыуэр, зэрыдахэр ядгъэлъагъун папщIэ, дерсхэм куэду къыщыдогъэсэбэп псалъэжьхэр, хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, къуажыхьхэр. Апхуэдэ Iэмал зэхуэмыдэхэр къыхомыгъэхьэу сабийр бзэм пхудегъэхьэхкъым.

Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъри зэредгъэфIэкIуэным, ар иджырей мардэхэм изагъэу къызэрызэдгъэпэщыным догугъу. ЩIэ гуэр къыхэтлъхьэу еджакIуэхэм дежкIэ щIэщыгъуэ зэрытщIынум дыпылъщ.

 

-ГурыIуэгъуэщи, бзэри хабзэри къыздыщежьэр унагъуэращ. Адэ-анэхэм абы и лъэныкъуэкIэ дауэ фадэлажьэрэ?

-Сэ къызэрыслъытэмкIэ, дэтхэнэ адэ-анэми и пщэрылъщ сабийм и анэдэлъхубзэр иригъэщIэну, абы папщIэ хузэфIэкI ищIэну. ЦIыкIу щIыкIэ бзэр къэзыщтам ар иужькIэ IэщIыб ищIынукъым. ИкIи нэхъыжьхэм я къалэнщ сабийм и анэдэлъхубзэр хэутэн иримыщIу къигъэтэджыныр, иритхэфу, ирипсэлъэфу балигъ гъащIэм хигъэхьэныр.

Адыгэбзэм сыщрилажьэу щыщыткIэ, сримыгузавэу хъукъым я бынхэм анэдэлъхубзэр ямыджмэ къэзыщтэ адэ-анэхэр къазэрыхэкIым. Адрей дерсхэм зэран хуэхъуну щхьэусыгъуэ ящIри, анэдэлъхубзэ дерсыр IэщIыб зыщI куэд къахокI. Жагъуэ зэрыхъущи, къалэдэсхэм къанэмыщIауи, адыгэ къуажэхэм щыщ унагъуэхэми апхуэдэ хьэдыгъуэдахэ щащIэу зэхыбох. Абдежми дыщрехьэлIэ урысыбзэкIэ фIэкIа здызэмыпсалъэ унагъуэхэм.

АтIэ, абы къыхэкIкIэ, дызыдэлэжьэн хуейуэ къытхудэхуэр сабий закъуэхэракъым. Ди анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтынымкIэ, балигъми сабийми абы хуащI гулъытэм хэгъэхъуэнымкIэ ди лэжьыгъэр узыфIэмыкIыжыну куущ.

 

-АдыгэбзэмкIэ езыгъаджэхэм я методическэ зэгухьэныгъэм уриунафэщIу ущыткIэрэ, фи лэжьыгъэм и гугъу къытхуэпщIмэ ди гуапэт…

-Къалэм адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ щезыгъаджэ егъэджакIуэ 19 ди методическэ зэгухьэныгъэм хэтщ. ДызэщIыгъуу методическэ программэхэр, пособэхэр къызэрыдгъэсэбэпыным, егъэджэныгъэ планым дызэрыбгъэдэтыным, IэмалыщIэхэр къызэрыхэдгъыхьэнымкIэ дызэдогуашэ зэпыт. АдыгэбзэмкIэ екIуэкI муниципальнэ, хэгъуэгу зэпеуэхэм сыт щыгъуи дыхэтщ. УвыпIэфIхэр ди сабийхэм абдежым къыщахь.

 

-Методическэ пособэу, егъэджэныгъэ программэу къэвгъэсэбэпым фIагъыу, ныкъусаныгъэу сыт дэфлъагъур егъэджакIуэхэм?

-ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм здыхагъахъуэ институтым (РИПКРО) егъэджэныгъэ программэхэмрэ методическэ пособэхэмрэкIэ зыкъытщIагъакъуэ. Абдежым щылажьэ Къантемыр Баблюстэ адыгэбзэкIэ езыгъаджэхэр щIыгъуу тхылъхэр, пособэхэр къыдагъэкI. Ахэр зэхэгъэувэнымкIэ Баблюстэ дэлэжьащ ди къалэ еджапIэхэм адыгэбзэмкIэ щезыгъаджэ егъэджакIуэхэри. Иужьрей зэманым хэлэжьыхьыжу бзэмкIи литературэмкIи къыдагъэкIа тхылъхэм арэзы дытохъуэ. Методическэ пособэ къыдэкIахэр зыIэрыдгъэхьауэ къыдогъэсэбэп, фIыщIэ яхудощI абыхэм елэжьахэм. Иджы дыдэ дыпоплъэ щIэуэ ягъэхьэзыра методическэ пособэхэм. КъинэмыщIауэ, Баблюстэ тхузэхигъэува егъэджэныгъэ планымкIи зэгъэуIуауэ долажьэ.

 

-Иджырей технологие пэрытхэр, инновацэ Iэмалхэр фи лэжьыгъэм къыщывгъэсэбэпрэ?

-Ди лэжьыгъэм деж зэрытхузэфIэкIкIэ яужь дитщ егъэджэныгъэ мардэщIэхэм къытхуагъэув къалэнхэр дгъэзэщIэну. Сабийм и гупсысэм зэрызиужьым, зэманым дэхъуу зэрыкIуатэм хуэдэу, дэри зыдэтщIын къытхудохуэ. Абы къыхэкIыу анэдэлъхубзэр щедгъэджкIи къэдмыгъэсэбэп хъукъым иновационнэ Iэмалхэр. Адрей дерсхэм хуэдэ къабзэу технологиехэр, джэгукIэхэр къыщыдогъэсэбэп ди лэжьыгъэм. Гупу еджакIуэ цIыкIухэр щызэдэбгъэлажьэкIэ болъагъу нэхъыфIу къазэрыгурыIуэр. Апхуэдэм деж сабийхэм яхуэмыIуэтэжу, дерсыр яфIэщIэщыгъуэу йокIуэкI.

 

-Адыгэбзэр хъумэным, зи гугъу пщIа ныкъусаныгъэхэр гъэмэщIэным папщIэ сыт щIапхъэу плъытэр?

-ИпэкIэ зэрыжысIауэ, унагъуэхэм дадэлэжьэн хуейщ. Адэ-анэхэр сабийхэми яхуэдэу я анэдэлъхубзэм дедгъэхьэхыжын хуейщ. Къыхэтшэн хуейщ ахэр классщIыб лэжьыгъэхэм, едгъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм. Мыбдежращ нэхъыбэу ди бзэр, ди хабзэхэр утыку къыщитхьэфыр.

Ди блэкIамрэ ди къэкIуэнумрэ, дунейм ехыжамрэ дунейм къытехъуэнухэмрэ зэкIэрызышхэнур бзэращ. Ди бзэр — ди псэщ. Зы лъэпкъ псэ Iумыту, бзэр Iурымылъыжу псэуфынукъым. Дэтхэнэ егъэджакIуэм дежкIи нэхъыщхьэр ди лъэпкъ щIэблэм бзэр хъумэным пкъырылъ гупсысэ нэхъыщхьэр зыхадгъэубыдэныр, зыхадгъэщIэнращ. ДэркIэ насыпышхуэщ бзэр зыIурылъу лъэпкъым и къэкIуэнум хэбакъуэ щIэблэр куэду къытщIэтаджэмэ.

 

-Тхьэм уигъэпсэу, Муминат. Пэжщ, балигъи сабии дызэщIыгъумэ, тхузэфIэмыкIын щыIэкъыми, лъэпкъыр зэкъуэувэу, бзэр хъумэным и гупэр хуигъэзэну дэри къыхудоджэ.

 

Епсэлъар

Хьэтай Мадинэщ

(Черкес Хэку)

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz