Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къып Мэхьмуд и фэеплъу зэхаша «Лъахэеджэ» дунейпсо щIэныгъэ-узэщIакIуэ зэхуэс-зэпеуэр

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ щIыпIэхэм я фIэщыгъэмрэ тхыдэмрэ зэхуэхьэсыжыным теухуауэ Къып Мэхьмуд и фэеплъу зэхаша «Лъахэеджэ» дунейпсо щIэныгъэ-узэщIакIуэ зэхуэс-зэпеуэр.

«Лъахэеджэ» фIэщыгъэ дахэр зрата зэхуэс-зэпеуэм зыхуищIыжа мурадхэм ящыщт адыгэ щэнхабзэм и къэгъэщIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щІалэгъуалэм гу лъаригъэтэну, абы пщIэ хуищIын икIи ихъумэн зэрыхуейр къагуригъэIуэну, лъэпкъым и блэкIам щигъэгъуэзэныр, щIыпIэхэм я фIэщыгъэмрэ я тхыдэмрэ ящIэу къэгъэтэджыныр, ар пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр я фIэщ ищIыну. КъызэгъэпэщакIуэхэр хущIэкъуащ къуажэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIа ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэр зэхуэс-зэпеуэм хэт дэтхэнэ зыми зэхригъэхыну, абы ехьэлIа псалъэмакъым къыхашэну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ жэрдэмщIакIуэхэр хуейт Хэкум и гъунапкъэхэр ныбжьыщIэр къыщыхъуа къуажэм деж къызэрыщымыувыIэр, атIэ абы адыгэбзэкIэ псалъэ дэтхэнэ зыми и жылэр къызэрыхыхьэр зэхригъэщIыкIыну, ари дэтхэнэми я щIыгу кIапэу зэрыщытыр зыхригъэщIэну.

Зэхуэс-зэпеуэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым егъэджакIуэ IэнатIэм пэрытхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ институтым. Абы хэтащ щIыналъэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм я 7 – 11-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр. Абыхэм къахэкIащ къуажитIым, къуажищым я щIыпIэцIэхэр къэзыхутахэри, щалъхуа лъахэм епха фIэщыгъэхэм я зэхуэхьэсыным къыщыувыIахэри. Ауэ дэтхэнэри хьэлэмэт ищIырт, щIыпIэцIэхэр къызэрыкIуэу зэхуадзыс къудей мыхъуу, абыхэм епха IуэрыIуатэхэр зэрызэхуахьэсыжар, нэхъыжьхэм я деж щатхыжа тхыдэжьхэр къызэрырапхэжар, архив е тхыдэ тхыгъэхэр тегъэщIапIэ къызэрыхуащIар, сурэтхэмрэ видеотеплъэгъуэхэмрэ къызэрыгуадзэжар.

Зэхуэсым и гран-прир хуагъэфэщащ Инарыкъуей къуажэм дэт, Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щыщ ДыщэкI Ясминэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Хьэрэдурэ Эммэщ).

Япэ увыпIэр иратащ Джэрмэншык къуажэм дэт курыт еджапIэм щыщ Соблыр Астемыр (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр ГъукIэпщокъуэ Iэсиятщ).

ЕтIуанэ увыпIэр къуажищым къикIа ны-бжьыщIэхэм зэдагуэшащ:

Къармэхьэблэ дэт, Къамбий Мухьэб и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №1-м щыщ Аслъэн Инал (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Бей Маринэщ),

Тамбовскэ къуажэм дэт, Щомахуэ Алексей и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щIэсхэу КIэмпIарэ Альбинэрэ Ныбэжь Аланрэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Щомахуэ Дусэщ),

Инарыкъуей къуажэм дэт, Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щыщ Шыдакъ Дианэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Хьэрэдурэ Эммэщ).

КъэпщытакIуэхэм ещанэ увыпIэр еджакIуэ зыбжанэм иратащ:

Мэртэзей къуажэм дэт, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щыщ Къулатэ Даринэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Уэрзей Джульеттэщ),

Къэсейхьэблэ дэт курыт еджапIэ № 2-м щIэс Нэгъуей Тазрэт (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Нэгъуей ХьэIишэтщ),

Инарыкъуей къуажэм дэт, Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щыщ Шэрий Дисанэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Хьэрэдурэ Эммэщ),

Дыгъужьыкъуей къуажэм дэт, Къардэн зэкъуэшхэу Къубатийрэ Къэбардрэ я цIэхэр зезыхьэ курыт еджапIэм щIэс Къасым Иланэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Урыс-Шэшэн Людэщ),

Тохъутэмыщей къуажэм дэт, Хьэгъэжей Джонсон и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ №2-м щыщ КIэбышэ Алинэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Тхьэгъэпсо Альбинэщ),

Зэрэгъыж къуажэм дэт, IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щыщ Лий Дианэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Къалмыкъ Джульеттэщ),

Къуэжьыкъуей Ипщэ къуажэм дэт, Шэрджэс Хьэсэнбий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм щIэс Уэлджыр Алинэ (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Жылэ Зухращ),

Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м щыщ Къурмэн Темырлан (егъэджакIуэ-унэтIакIуэр Къурмэн Эммэщ).

Yazarın Diğer Yazıları

Ankara Çerkes Derneği, Yaşamkent Sosyal Tesisleri’ni işletmeye devam edecek

Çankaya Belediyesi, 2024’ün kasım ayında Ankara Çerkes Derneği'nin 2015'ten beri kullandığı Çerkes Derneği Yaşamkent Sosyal Tesisleri'ninkira süresini uzatmayarak polis zoruyla tahliye işlemi başlatmıştı. Yaşanan hukuki...

Anadilde Jineps gazetesinin Kasım 2025 sayısı yayımlandı

Değerli Jineps okurları, Abazaca, Adigece (Doğu ve Batı Diyalektleri), Çeçence ve Osetçe sayfalarımızın yer aldığı, dijital olarak yayımladığımız anadilde Jineps gazetesinin Kasım 2025 sayısının yayımlandığını...

‘Yerli Yurtsuz’a Altın Portakal’dan ‘Jüri Özel Ödülü’

Bu yıl 62’ncisi yapılan Türkiye'nin en uzun soluklu film festivali olan Antalya Altın Portakal Film Festivali'nde, yönetmenliğini Rıza Oylum’un yaptığı “Yerli Yurtsuz” belgeseli Jüri...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img