Ситхыгъэ кlахьыщтэп, макlэу, купкlэу гъэпсыгъэмэ икъущт…
Илъэс тlокl ыпэкlэ сэ нэlуасэ сыфэхъугъагъ, ащ нахьыпlуакlэ сятэ…
Къалэу Кырклаэли, хьакlукlэ агъэплъырэ унэм сышlукlагъагъ, тыгъуасэ тиунэ икlыжьыгъэм фэдэу нэхъоеу, иныбжь емылъытыгъэу атэжъ пlашъэу ишlулъэгъу баигъ…
Ащ ыуж щэн щэфапlэхэу Капалычарщ, Калпакчыхэр…
Игущыlэхэм ядэlухэу, ахэгъощахьыхэрэ, о сыд фэдэ еджапlа къэуухыгъэр, аlоти еупчlыщтыгъэх…
Цурэй Али иджэуапыщтыгъ; Сэ Ататюркым къыухыгъэ еджапlэр ары къэсыухыгъэр…
Къэлэмыр, тхылъыпlэр икlэсагъэх, тlитlуй ти урам къуапэхэр зэгъунэгъугъэх…
Факултетым сыкlозэ тызэlукlагъ, иапэрэ тхылъэу къыдэкlыгъэр тхылъ тедзапlэм къаlихыжьынэу кlощтыгъэ…
Мы Бабыали (Станбул, тхакlохэм цlыф гъэсагъэхэм я хьалэ ыцlагъэр – М.Щ.) бгым удэкlоеныр псынкlэп олъэгъуа, ыlогъагъ…
Тарихыр ыкlи Обшествор зыфиlорэ журналым къыхиутыгъэу, Ермэлхэр Хьай зэрэзэджэжьыхэрэр зыфиlорэ итхыгъэ сурэт тесхи ежь зесэтыжьым, лъэшэу гуапэ щыхъугъагъ…
Танкист Цурэй Али…
Инэрылъэгъугъ, Бэрч ищыlэныгъэгъогу иегъэжьапlагъ ар…
Гурыт еджапlэр къысыухи я бгъонрэ клысассым сычlэхьан фэшl пэрыохъу горэ къысфыкъокlыгъагъ, сыгъыщтыгъ, еджэнэу фаеу гъэу кlэлэцlыкlу апэреу сэлъэгъу, ыlогъагъ…
Илъэс тlокlитlу, такъикъ тlокlытlум фэдэу кlуагъэ…
Мэзитlу горэкlэ узэкlэбэжьым телефоным сытеогъагъ, къыlатыгъэп, нэужым ежь къытеожьыгъ…
Сиузхэр къыхэцэкlых лъэшэу ау, сыкъыплъыхьу сшlоигъуагъ, ыlуагъ…
Къыlом шlоигъэхэр къыlуагъэх, сэри шъори къытфигъахьэу…
Ащ къызэриlуагъэр; Сышъолъэlух, хьунэу щытмэ сышъолъэlу…
Сибзэгъухэм сышъуаджэ, ыlозэ, зэрэдынаеуи фаджэщтыгъ…
Гущыlэхэм абзэкlэ…
Цурэйкъо итхыгъэхэр ахэгъэбылъхьагъэх, къамыщ (кlэпщ) ышъо рашlахьыгъэ тхьапlэхэм…
Бзэр зиемкlэ лъапlэ, ыцlэ зыдэщытымкlэ онтэгъу…
Сикlэлэ дах, ыlозэ гущыlэщтыгъ…
Ымакъэ стхьакlумхэ арыкlырэп, ухъужьыт, бгъэхъужьыщтых есlогъагъ…
Игущыlацэхэмкlэ ащ тэ тегъэхъужьы…
Ятэ чlыгум етlэхэрэм ахэмытыгъэмэ, атетхагъэхэр сыда, къарыкlрэр сыда атетхагъэхэм…
Хрозну гущыlэгъу фэхъух, хьалыгъу, псы, сыд агъотыми…
Кадещ (Кодес-къодэщ – М.Щ.) илъэхьан щыублагъэу яныбджэгъугъ зэпстэури…
Хьалыгъу, щыгъу ыкlи псыр игъысэу…
Адыгабзэм езгъэкIугъэр: МэфшIукъо Щенгюл
Ди гум ихункъым Чурей Алий
Дунейм ехыжащ адыгэгу, адыгэпсэ нэгъэса зиlа беслъэней щlалэ, Тыркум щыпсэуа, хэхэсымрэ хэкурысымрэ lуэху дахэкlэ зэпищlэу зи гъа-щlэр зыхьа Чурей Алий. Ар хуабжьу ягу щlыхьауэ хъыбар къыдагъэщlащ Щlэныгъэхэмкlэ Дунейпсо Адыгэ Академием и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен, ЩlДАА-м щlэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсэу Сэфарбий, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я цlыхубэ тхакlуэ, Лэ-жьыгъэм и Лlыхъужь Мэшбащlэ Исхьэкъ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ЩlДАА-м и вицепрезидент, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэфlыцlэ Мухьэмэд, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъщэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр сымэ, нэгъуэщlхэми.
ТЫРКУМ и Амасье (Amasya) вилайетым хиубыдэ Хьитамие (Hitamiye) (Чэнчыкъуей) жылэм Чурей Алий 1937 гъэм къыщалъхуащ. Анкара дзэ еджапlэ нэхъыщхьэр къыщиухри, дзэ къулыкъум пэрытащ. Ар адыгэу дунейм тетым къызэрацlыхур хьэтхэм я тхыдэр куууэ зэрищlэрт, я бзэр зэриджырт, а бзэм и псалъалъэ зэрызэхилъхьэрт. Абы итхахэм ящыщщ «Адыгэхэмрэ динымрэ», «Адыгэхэмрэ Къуэкlыпlэ гъунэгъумрэ», «Адыгэхэмрэ хьэтхэмрэ», «ХьТ» зи дамыгъэ хьэтт-хьэтит лъэпкъыр и пэжыпlэкlэ зыщыщыр», «Пасэрей адыгэхэм я псалъэ», «Адыгэхэм я пасэрей тхыдэр», нэгъуэщlхэри. Къапщтэмэ, Хьэтхэм, Хьэтхэм ятеухуауэ, философие, тхыдэ мыхьэнэ иlэу Алий къыдигъэкlа тхылъхэм я бжыгъэр 15-м нос. Псори зытеухуэжар дыкъызытекlа лъэпкъращ.
Чурейм и тхыгъэ гъэщlэгъуэнхэр къытехуэрт Тырку Республикэм адыгэхэм къыщыдагъэкl газетхэм, хэкум щытрадзэ «lуащхьэмахуэ» (Налшык), «Зэкъошныгъ» (Мейкъуапэ) журналхэм, «Адыгэ Псалъэ» (КъБР), «Черкес Хэку» (КъШР), «Адыгэ Макъ» (АР) республикэ газетхэм, уеблэмэ Истамбыл щыlэ «Нарт» тхылъ тедзапlэм и редактор нэхъыщхьэуи щытащ.
Дэтщlэркъым Алий хуэдэу адыгэр фlыуэ зылъэгъуа цlыху хамэ къэралхэм щыпсэуауэ. Езым и кlэтlий кlапэ къыпыкlауэ фlыуэ илъагъу ипхъу закъуэр хэкум къигъэкlуэжат, щеджэну, щыпсэуну. Дыжьын и адэр игъэщlэхъуакъым, щlэныгъи зригъэгъуэтри, филологиемкlэ кандидат, доктор диссертацэхэри пхигъэкlащ, унагъуэ ихьащ. Ар нэхъыбэу иужьрей зэманым зэлэжьар адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм я макъамэ lуэрыlуатэрщ. Алий езыр зыхуеджар дзэ lуэхут, танкистт, ауэ пасэу а къулыкъум къыхэкlыжри, адыгэ lуэху фlэкlа зэримыхуэу иужьрей илъэс 40-м лъэпкъым хуэлэжьащ.
Пщlэ иlэу, и псалъэр ялъытэу, и щlэныгъэр къахуэщхьэпэу щагъэлъапlэрт ар хэкум. Ди ныбжьэгъур Щlэныгъэхэм-кlэ Дунейпсо Адыгэ академием япэщlыкlэ пщlэ зиlэ академикыу, итlанэ член-корреспонденту хагъэхьащ, иужьым ЩlДАА-м и академик хъуащ.
Куэд хуищlащ Алий адыгэ лъэпкъым. Къыщалъхуа къэра-лым абы щилэжьар пщалъэ гуэркlи къыпхуэлъытэнукъым, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, дэнэ щыlами, япэ иригъэщыр фlыуэ илъагъу и лъэпкъырт. Иужьрей илъэсхэм и узыншагъэр нэхъ зэкlэлъымыкlуэ хъуат. Ауэ абы щхьэкlэ къэмынэу, зэпимыгъэууэ и лэжьыгъэм иужь итт.
Дэ зэи тщыгъупщэнукъым Чурей Алий хэкум хуищlар. Ахърэт нэху Тхьэм кърит! Апхуэдэлl адыгэм къыхэкlыхукlэ, лъэпкъыр псэууэ аращи, Алыхьым иджыри къыдит ди къуэшым хуэдэ цlыху щэджащэхэр.
(Адыгэ Псалъэ 2023 гъэм Мазаем и 18, щэбэт)
«Черкес хэку» газетым и лэжьакlуэхэми, и щlэджыкlакlуэхэми гущlыхьэ ин тщыхъуащ икlи дыхуощыгъуэ абхъаз литературэмкlэ кафедрэм и доцент, филологие щlэныгъэхэм я кандидат Чурей Дыжьын и адэ Алий дунейм зэрехыжам папщlэ.
Чурей Алий — адыгэ дунейм щыцlэрыlуэ, зэчий ин зыбгъэдэлъа щlэныгъэлl щэджащэщ. Абы и адэжьхэр Беслъэней пщыгъуэм къыхэкlащ. Езыми игъащlэкlи щыгъупщакъым и лъабжьэр Кавказым къызэрыщежьэр, и гъащlэ псоми адэжь щlыналъэм гукlи псэкlи къыхуеlащ. Лъэкlыныгъэ зэригъуэту, Кавказым къэкlуауэ щытащ, езым и арэзыныгъэ хэлъу ипхъу Дыжьыни Хэкум щыпсэуну къигъэзэжащ.
Чурей Алий lэщlагъэ lэпщlэлъапщlагъ ин зыбгъэдэлъа, зауэ къулыкъум пыщlа цlыхушхуэт. И ныбжьыр илъэс 15-м иту Тыркум и зауэ академием щlыхьэри, а къэралым и Узэда Къарухэм пенсэм кlуэху хэтащ.
Щlэныгъэм кууэ зыщритам, и ныбжьыр илъэс 50-м итт. Итlани, а лъэныкъуэмкlэ ехъулlэныгъэфlхэр щигъуэтауэ щытащ.
Зауэлlым хэлъын хуей псэ къару быдэр зыхэлъа Алий а хьэл-щэныр хуабжьу сэбэп къыхуэхъуащ щlэныгъэм щелэжьахэм. Апхуэдэ и гуащlэшхуэм къыпэкlуащ хетхэмрэ хьэтхэмрэ я тхыдэм триухуа монографиер, «Хатти-хетт и черкешенка» фlэщыгъэцlэр иlэу. А щlэныгъэ лэжьыгъэ щэджащэр Истамбыл къалэм 2012 гъэм къыщыдэкlащ.
Чурей Алий цlыху нэхут, псэ къабзэт. Абы фlыщэу илъагъут Кавказыр, псэкlэ пыщlэныгъэшхуэ къыхуиlэт Беслъэнейм.
Нобэ адыгэм и тхыдэжь щlыналъэм щыпсэухэм, «Черкес хэку» газетым и щlэджыкlакlуэхэм, адыгэ щlэныгъэрылажьэхэм тщыгъупщэнукъым апхуэдэ лъэпкъылl къызэрытхэкlар. Чурей Алий и фэеплъ нэхур игъащlэкlи дигу илъынущ.
(Черкес Хэку 2023 гъэ, мазаем и 23, махуэку)
Гъуэгу махуэ ЧУРЭЙ…
Али ЧУРЭЙ и цlэр ипэдыдэу щызэхэсхам университетым сыщеджэрт. Адыгэмрэ Хатти-Хитит цивилизацэмрэ быдэу зэрызэпхам и гугъу ищlырт. Хатти-Хититыбзэмкэ ипэдыдэу зэрадзэкlэ «НЫНДА-ан еззатэни уатэррэ экъутэнний» псалъэр пхэнджу тэрмэш ящlау жиlэрт. «Мы псалъэр тэрэзу зыпкърыхыным папщlэ Адыгъэбзэм и кодхэм еплъын хуейщ» жиlэу тригъэчыныхьт.
Дзэм пэнсу къыхэкlыжа щхьэкlэ и гур активистт. И паспортым иыт и унэцlэр Али КЭСКЫН-ыр махкэмэкlэ ихъуэжри ЧУРЭЙ-у ириригъэтхъэжат. Гушыlэрейт. Дэтхэнэ зы lуэху гугъуми зы гушыlэкlэ хэкlыпlэ къыхуигъуэтырт.
Мыувыlэу тхэрт, псалъэрт, чэнджэщырт. Фlыщlэ хуэсщlу, сэр нэхърэ нэхъыжьт lэуэ зэзэмызэ тэлэфонкэ къэпсалъэрт: «lумит си шынэхъыщlэ Уи макъ зыхэсхыну аращ сыщlынэпсалъэр» жиlэурэ иришажьэт псалъэр.
Тlэкlу хадэ-бэзэр уlэху тепсэлъыхьа нэlужь, узыншагъэм дыриуэршэрт. Лъэпкъ lуэхухэмкlэ и гупсысэхэр хабзэ хэлъу жиlэрт.
Сэ пэнс сыхъу нэгъуэщl сымаджэщ сыщылажьэ щlыхум тэлэфонкэ «Уэ lумит, узырежьэжьырэ ди унагъуэ хьэдагъэ илъщ, уи шыпхъу Сумэр схуэгъэудэlужркъым, уэ зэрыпщlэщ, сыт пlыщlэнуми щlэ» зэрыжыпlар нобэми си гум илъщ.
Али си шынэхъыжьыфl,
Лъэпкъым хуэблэжьахэр дыщыгъупщэнукъым. Уи гуэпа гъуэмрэ, Адыгагъэм лъэщу узэрыпылъар, уи жумартэгъар, уи нэгу гуфlэр тхыдэм итхащ.
Уи псэм зегъэгъэпсэху Али.
Уи адэжьхэм я пащхьэм уищхьэр lэтауэ, уи нэгур хужьу ухьэжыну сынохъуэхъу. Ды хьэкъ ныплъысамэ гурэ псэрэкlэ хьэлэл пхудощl.
ТХЬЭМ УИ АХЪРЭТЫР НЭХУ ИЩl, ЖЭНЭТЫР УНАПlЭ ПХУИЩl.
Проф. Др.
Шоджэн Iумит