Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Адыгэбзэмкlэ дерсхэр Тыркум щокlуэкl

Адыгэбзэр ди къэралым и хэгъэгу зыбжанэм къэралыбзэу къызэрыщалъытэм нэмыщlкlэ, дунейпсо мыхьэнэ иlэу жыпlэ хъунущ ар нэгъуэщl къэралхэм я курыт школхэмрэ еджапlэ нэхъыщхьэхэмрэ зэрыщрагъэджыр къэплъытэмэ. Псалъэм къыдэкlуэу жыпlэмэ, анэдэлъхубзэр щадж Тыркум и къалитlым – Къайсэррэ Дюзджэрэ. Иджыблагъэ ди газетым тетащ Къайсэр дэт Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкlэ и кафедрэм щылажьэ ди лъахэгъу, педагогикэ щlэныгъэхэм я кандидат, доцент Инчы Иринэ «Адыгэ псалъэм» кърита интервьюр.

Иринэ и гъусэу Эрджиес университетым щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу иджыри зы адыгэ бзылъхугъэ. Ар бзэщlэныгъэхэмкlэ кандидат Къумыкъу Маринэщ. Мыбыхэм ящlэмрэ ялэжьымрэ апхуэдизкlэ мыхьэнэшхуэ иlэщи, махуэ къэс уатепсэлъыхьынуи, уатетхыхьынуи къалэжь. Ирини Марини ди республикэм илъэс куэдкlэ щылэжьащ, егъэджэныгъэ lуэхум иужь иту, иджы а лэжьыгъэр тlукlэ нэхъ гъэбэгъуауэ Тыркум щыхэхэс адыгэхэм я деж щрахьэкl. Си гуапэу фыщызгъэгъуэзэну сыхуейщ Къумыкъу Маринэ и lуэхущlафэхэм.

Маринэ езыр Зеикъуэ къуажэм къыщалъхуащ, курыт еджапIэр абы къыщиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Адыгэбзэмрэ литературэмкlэ и къудамэм щlэтlысхьащ. Ар ехъулlэныгъэхэхэр иlэу къиуха нэужь, аспирантурэм и щlэныгъэр щыхигъэхъуащ. Балэ Иринэ и щlэныгъэ унафэщIу фразеологиемкIэ и кандидат лэжьыгъэр игъэхьэзырри, 2006 гъэм пхигъэкlащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Филологиемкlэ и институтым и заочнэ къудамэм методисту – илъэси l0-кIэ, Адыгэбзэмрэ литературэмкlэ къудамэм егъэджакIуэ нэхьыщхьэу илъэси 4-кIэ щылэжьащ. «Университетым сыщеджэху, егъэджакIуэ сыхъуну мурад лъэпкъ сиlакъым, – игу къегъэкlыж Маринэ. – Журналистикэр сэркIэ нэхъыфIу згъэуват, егъэджакIуэу сылэжьэфыну къысщыхъуртэкъым, lэщlагъэ гугъуу къэслъытэрти. Ауэ етхуанэ курсым сыщlэсу Кэнжэ практикэ сагъакlуэу Балэ Людмилэ сыпэщIэхуа нэужь, си lуэхуеплъыкlэм занщlэу зихъуэжащ. Людмилэ сабийхэм яхуиIэ лъагъуныгъэр, адыгэбзэр еджакIуэхэм яIурилъхьэн папщIэ и псэр, и къарур зэрыхилъхьэр щыслъагъум, ар куэду си псэм хэпщIа хъуат».

Апхуэдэу а lэщlагъэм и лъагъуэм техьа Маринэ иджы езыр щапхъэ зытрах егъэджакlуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщылажьэм абы къигъэлъэгъуащ къыхиха lэщlагъэм зэрыхуэlэзэри, зэрыхуэпэжри, и щlэныгъэмкlэ нэгъуэщlхэм ядэгуэшэну сыт щыгъуи зэрыхьэзырри. Хэкум щрихьэкlа лэжьыгъэр кууми, иджы Тыркум и еджапlэ нэхъыщхьэм щищlэ къалэныр куэдкlэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиlэщ.

-Лъэпкъыбзэр щымыIэжмэ, езы лъэпкъри кIуэдыжа пэлъытэщ. Псом хуэмыдэу хамэ щIыпIэм щыгугъущ уи бзэр щыпхъумэжыныр, – къыддогуашэ Маринэ. – Адыгэ лъэпкъыр нэхъыбэ дыдэу щыпсэу Тырку къэралыгъуэм, зэрытщIэщи, я анэдэлъхубзэр илъэс куэдкlэ щрагъэджакъым, апхуэдэ хуитыныгъэ яIакъым. Абы къыхэкlыу, адыгэбзэр кIуэдыжын гъуэгум хуэмурэ теуват. Ауэ 20l8 гъэм Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ къудамэ къыщызэIуахащ. Мы къудамэр адыгэбзэр къызэтегъэнэнымкIэ гугъапlэ инщ, гурыфIыгъуэшхуэщ, мыр зэрыщыIэр зыхуэбгъадэ мыхъун IуэхуфIщ. Университетым дыкъыщрагъэблэгъа дыдэм еджакIуэ иджыри диIэтэкъым. 20l8 гъэм и пэм лэжьэн щlэддзащ. ЯпэщIыкIэ урысыбзэмкIэ къудамэм дерсхэр щедгъэкlуэкlащ, Эрджиес универсистетым и егъэджэныгъэ ухуэкlэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм зыщыдгъэгъуэзащ.

Маринэ щылажьэ Адыгэбзэмкlэ къудамэр къызэрызэlуахрэ мы гъэм илъэситху ирокъу. Япэ дыдэу абы щIэтIысхьахэм къаухри, дипломхэр иратыжащ (мезун хъуахэщ). Абыхэм ящыщу зыбжанэм курыт еджапIэхэм адыгэбзэмкlэ щрагъаджэ. Аракъэ уи лэжьыгъэм къыпэкlуэн хуей хъерым и нэхъыфlри?! Абы хуабжьу щогуфlыкl икlи ирогушхуэ Маринэ, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, езым хуэдэу lэщlагъэр фlыуэ зылъагъу, анэдэлъхубзэм хуэшэрыуэ, адыгэ лъэпкъым къыхуэсэбэпын цlыху игъэсэфащ илъэситхум къриубыдэу.

«2022-2023 гъэ еджэгъуэм ди къудамэм цlыху 30 къыщIэтIысхьащ. Мыбыхэм яхэтщ адыгэ ныбжьыщlэхэри, Тыркум щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIаи. ЕджакIуэхэм я нэхъыбэм бзэр зэрамыщIэм къыхэкIыу, адыгэбзэр алыфбейм щыщIэдзауэ идогъэдж. Студентхэм урысыбзэ дерсхэри ядот, етlуанэ курсым къыщыщIэдзауэ. Дэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм щlэныгъэ и лъэныкъуэкlэ щlэщыгъуэу хэлъыр, хэкум щекIуэкI методикэм къызэрыщхьэщыкlыр мыращ: япэщIыкIэ, ди еджакIуэхэм кирилл хьэрфхэр адыгэбзэ алыфбеимкIэ зрагъащIэри, итIанэ ар и тегъэщIапIэу урысыбзэ алыфбейри ядж. Еджэныр, псэлъэнымрэ едэIуэнымрэ, тхэныр – мы дерсхэр зэкIэщIэпч хъунукъым. Абы къыхэкlыу, Инчы Иринэрэ сэрэ зэпыщIауэ дызэдолажьэ. Япэ курсым щIэсхэр сэ тхыгъэм хузогъаджэ. ЯдрейхэмкIэ Иринэ ядолажьэ. Бзэр нэхъ тыншу къагурыдгъэIуэн, тхыбзэм еджакIуэхэр гугъу демыхьын папщIэ тлъэкI къэдгъанэркъым», – жеlэ Маринэ.

Хамэ къэралым адыгэбзэр щегъэджын lуэхущlэм пэрыува ди хэкуэгъу егъэджакlуэхэм япэ курсым щlэсхэм адыгэбзэр зэрырагъэдж тхылъ езыхэм ягъэхьэзырыжащ. Абы нэмыщIкIэ, литературэ дерсхэм папщIэ зы тхылъ къыдагъэкIыну я мурадщ. «Литературэр псори зэрытхар адыгэбзэщ, бзэр зымыщIэ еджакIуэхэм щхьэкIэ куэд тыркубзэкIэ зэдзэкIын хуей мэхъури, абыкIэ дэ сэбэп къытхуэхъуащ еплlанэ курсым щIэс ди еджакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм ящыщ Мэлыхъуэ Джихьэт. Джихьэт 2-3-нэ курсым зэрыщедгъаджэ литературэ дерсхэр тыркубзэкIэ тхузэридзэкIащ, ахэр зэхуихьэсыжри, диплом лэжьыгъэ ищlыжащ. Дяпэкlэ, Иринэ, Джихьэт, сэ ди мурадщ методикэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэхэр етпхыжу, зэрырагъаджэ тхыль щхьэхуэу къыдэдгъэкIыну, – жеlэ Маринэ.

Мурад куэд яlэщ Марини, абы къыдэлажьэхэми. Апхуэдэ гугъапlэхэмрэ къарумрэ къахэзылъхьэр, я лъэр жану щlэзыгъэкlыр, дауи, а ирагъэкlуэкl лэжьыгъэм хуэнэхъуеиншэ, дерсхэр зыфlэхьэлэмэт, адыгэбзэр зрагъэщlэну зи нэ къикl я еджакIуэхэрщ. Къумыкъум зэрыжиlэмкlэ, Эрджиес университетым адыгэбзэр яджыну хуейуэ къекlуалlэ щlалэгъуалэм цIыхугъэ, гъэсэныгъэ, пщIэ, нэмыс яхэлъщ. Абы нэхъыбэжым тригъэгушхуэу апхуэдэщ.

«Бзэр тIэщIэкI хъунукъым, ар ди щIэблэм яIурытлъхьэн хуейщ. Адыгэу зызылъытэж дэтхэнэми ищIэну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар и анэм къыIурилъхьа бзэщ, и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщ», – къыхегъэщ Маринэ и псалъэхэм.

Yazarın Diğer Yazıları

Испанием щеджауэ къегъэзэж

Щ1эныгъэхэмк1э Дунейпсо Адыгэ академием иригъэк1уэк1 егъэджэныгъэ программэм ипкъ итк1э, Испанием щы1э хьэрычэтыщ1э-школ лъэрызехьэ къэзыухахэм ящыщщ Гуэщокъуэ Марианнэ.   2019 гъэм Щ1ДАА-мпсапащ1э егъэджэныгъэ программэр щиублам Марианнэ...

Лъэпкъыр зыдэбжьыфlэ махуэ

Мы гъэм илъэс еянэ хъуауэ ягъэлъап1э Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Гъэ къэси ц1ыху нэхъыбэ кърихьэл1эу, 1уэхугъуэ нэхъыбэ къыща1эту, щ1эщыгъуагъ халъхьэу республикэм и щ1ыналъэхэм щрагъэк1уэк1...

ХьэфIыцIэ Мухьэмэд (Сэрия 2)

Лъэпкъым IэщIэкIар зы сщIыжынырщ сызыщIэхъуэпсыр Куэд щIакъым «Черкесская диаспора». Панорма культурной жизни тхылъ дахэр ДАХ-м и нэIэ щIэту къызэрыдэдгъэкIрэ. Абы си тхыгъэ куэд щызэхуэхьэсащ, иужьрей...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img