Адыгэм и гъащlэр Хэкужьым епхащ

0
249

Сыт хуэдэ лъэпкъри къикlуа тхыдэ гъуэгуанэм щриплъэжкlэ, и гумрэ и псэмрэ нэхъ дыхьа, е нэхъ игу къеуа, зэман ипэкlэ иlа псэукlэм зезыгъэхъуэжа напэкlуэцlхэр къыхелъагъук1ыж. Апхуэдэщ адыгэ лъэпкъымкlэ илъэс къэс хэдгъэунэхукl накъыгъэм и 21-р, ди гупсысэхэм къыхэна лъэхъэнэ къииныр.

Гузэвэгъуэ нэхъ ин дыдэу дунейм тет лъэпкъгъэкlуэд зауэ залымыр Урыс пащтыхьыгъуэм адыгэ лъэпкъым кърищlылlат. Абы щыгъуэ хэкуми, хамэ щ1ыналъэми щыкlуэдащ ди лъэпкъэгъухэр, нэхъыбэр я щlыгу ирахури, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм икъухьа щыхъуащ.

Зи къэрал щхьэхуитыныгъэр зыфlэкlуэду адэжь лъахэм къина, зи лъахэ зрагъэбгына цlыху минищэ бжыгъэхэр зэхуэдэу гузэвэгъуэ хэхуащ ик1и хуит щыхъужыну зэманым щlэхъуэпсу дунейм ехыжащ.

Зауэ залымыр къезыгъэжьахэри, абы хэтахэри щы1эжкъым. Щымыlэжхэм зэхащ1ыхьахэмк1э нобэ дунейм тет цlыхухэм жэуап яхьыркъым. Къемэт махуэм хэти хуэфащэр Алыхьым зэхигъэкlынщ. Сыт и лъэныкъуэкlи дызыщыгугъри, ди дзыхь зытелъри а Зыращ.

Дэ къыдгурыlуэн хуейщ нобэ дызыпэщ1эувэн зэрыщымы1эри, адыгэ лъэпкъым ифl зыхэлъ lуэхухэр псапэу зэфlихыну, ныкъусаныгъэхэр тхузэригъэзэхуэжу ди пащхьэ къизылъхьэн зэрыщымы1эри. Тхьэшхуэр дэlэпыкъуэгъуу, ди lэпщитlымкlэ длэжьыфынуращ къытхуэнэжыр.

Илъэсипщ1 бжыгъэхэр блэкlами, а зэманым ди щхьэ кърикlуар ди гъащlэми, ди щlэжми хэбдзынуи хэпхынуи плъэмыкlыу, щыщ хъуащ. А напэкlуэцl гузэвэгъуэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм къыхэна къудейкъым. Аращ нобэ ди псэукlэр зэлъытари, ипэк1э дык1уэтэнымк1э къару тхуэхъури.

Нобэ хуэдэ щыгъуэ махуэм ди гупсысэхэр зытеухуар ди лъэпкъым ишэча лъэпкъгъэкlуэд зауэм сыт хуэдэ дерс къыхэтхын, сыт хуэдэ лъэныкъуэкlэ къару зэдгъэгъуэтыжын, дауэ зыдужьыжын жыхуиlэхэращ. Ар ди лъэпкъымкlэ мыхьэнэшхуэ зи1э lуэхущ.

Ди зэфlэкlыр зэпхауэ щытын хуейр Кавказми хамэ къэралхэми къыщалъхуа адыгэхэр нобэрей дунейм зыкъыкlэрамыгъэхуу, зыдрагъэкlуу псэунырщ. Псэукlэ ирехъу, гъэсэныгъэ, щэнхабзэ, спорт – сыт и лъэныкъуэкlи пэрыт, щапхъэ къыттрах дызэрыхъуным дыщlэхъуэпсын хуейщ.

Уадыгэмэ, япэ дыдэу уиlэ пщэрылъыр уи лъэпкъ ухуэлэжьэныр, уи щlыгужь уисыжыныр, уи анэдэлъхубзэр пхъумэныр, диныр бгъэлъэпlэныр, адыгагъэм утемыкlыу, илъэс мин бжыгъэ лъандэрэ лъэпкъым къыдек1уэк1 хабзэхэр зыми хыумыгъэутэныр аращ. Аращ адыгэ lуэхур зытеухуауэ щытын хуейр.

Защытхъумэн хуейщ лъэпкъ гупсысэ зимыlэу, lуэху пыухыкlаи зымыщlэфу гуитlщхьитlу дунейм тетхэм. Апхуэдэхэр лъэпкъым гъуази паши хуэхъуркъым.

Лъэпкъыр Хэкужьым щызэхуэсыжым lуэхур псом япэ игъэщыпхъэщ. Къэгъэзэжыным пэув дэтхэнэми, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ищlми, адыгэ лъэпкъым игу фlы хуимылъу къыдолъытэ. Апхуэдэхэр гурэ псэкlэ зыхуэлажьэр адыгэ лъэпкъым и щlыгужь lэщlэгъэкlынырщ, игъащlэк1и зыкъимыlэтыжынырщ, хамэ къэралхэм, ямылъэпкъэгъухэм яхэкlуэдэжынырщ. Дэркlэ ар нахуэщ.

Адыгэ нэсым и гъащlэр зэпхауэ щытыпхъэр Хэкужьырщ. Абы къыхэкlыу, Алыхьым долъэlу ди адыгэ ныпыр ди щхьэщыгу иту, Хэкужьым дыщызэришэлlэжауэ тлъагъужыну!

 

Сэхъут Аскэр,

жылагъуэ лэжьак1уэ, Краснодар къалэ.

Адыгэ Псалъэ

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz