Дыхуейкъым зауэ!

0
237

Зауэ… ЩыIэкъым мы псалъэм нэхърэ нэхъ дыдж. Адыгэ лъэпкъым куэд и нэгу щIэкIащ, гугъуехь Iэджи зэпичащ, Кавказым куэдрэ къращIэкIауэ щытащ лъыгъажэ зауэхэр. Пащтыхьыр хуейт ди жэнэт щIыналъэр иубыдыну. Ауэ илъагъуну хуейтэкъым бгырысхэр, псом хуэмыдэу, адыгэхэр.

И щхьэхуитыныгъэр псом япэ изыгъэщ лъэпкъ пагэр теувэн хуей мэхъу Истамбыл гъуэгум. Абыхэм языныкъуэхэр зэтраукIащ, куэдыщэ хы ФIыцIэм хэкIуэдащ, нэхъыбэжи уз зэрыцIалэ къайуалIэри ихьащ. Къэнэжар хэхэсу хамэ къэрал 50-м щIигъу щокIуэдыж.

Куэд ирагъэшэчащ адыгэ щIыгум, ар нэпскIэ псыхьащ. Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIащ адыгэхэм лъапсэрых къахуэзыхьа Кавказ зауэр. Ар зауэхэм я нэхъ кIыхь дыдэу, нэхъ зэрыпхъуакIуэ дыдэу щытащ. Тхыдэтххэм къызэралъытэмкIэ, зауэм хэкIуэдам нэмыщIу, адэжь хэкур ирагъэбгынащ ди лъэпкъым и процент бгъущIым. Адэжь щIыналъэм къинэжар Iыхьэ пщIанэращ. Адыгэхэр зытекIуэдар я хэкум и хуитыныгъэщ.

Дэ, щIалэгъуалэм зэи зыщыдгъэгъупщэкъым ди лъэпкъыр кIуэдыкIей зэрыхъуар. Ди къалэнщ къарууэ диIэр ди лъэпкъыр егъэфIэкIуэным хуэдунэтIыным. Дэ дефIэкIуэнущ ди хэкур щIэращIэмэ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм дадекIуу дыпсэумэ, мамырыгъэм, ныбжьэгъугъэм дыхуэпсэумэ.

Ирокъу ди лъэпкъым нэщIэбжьэу илъэгъуар. Дыхуейкъым зауэ!

 

Кlэдэкlуей Рэхьмэт,

ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм и «Сэтэней» кружокым хэтщ

Черкес Хэку

CEVAP VER

Lütfen yorumunuzu giriniz!
Lütfen isminizi buraya giriniz