Накъыгъэм и тlощlрэ зы махуэр – ар Урыс – Зауэжьым и кlэух махуэщ – Тыркум и Адыгэ – Чэркэс хасэ федерацэхэм, щыгъуэ махуэм теухуауэ lуэхухэм елэжьэщ. Адэкlей, щыпlэ куэдым дэт Адыгэ Хасэхэм, щхьэхуэ щхьэхуэу я къалэ щрагъэкlуэкlыну гуауэ дэх дауэдапщэхэм яужь итхэщ. КАФФЭД-ым, Еврупэ Парламентым, «Чэркэс лъэпкъ гъэкlуэдымрэ и хэку егъэбгынэнымрэ» зицlэ щlэн зэхуэс (панел) щригъэкlуэкlынущ Икlи мы lуэхумкlэ, Дунейпсо утыкум ихьа хъунущ. Коджаели Къалэм и Пашэ-унафэщl Гупым, я гуащlэдэкlрэ, Абхъаз Хасэ Федерацэхэми (АБХЪАЗФЕД-ым) и дэlэпыкъукlэ, lуэхуфlхэр мэзащlэ. Япэрауэ Кавкас Гуауэ щlэж Махуэ lуэхущlафэхэр егъэкlуэкlын, етlуанэу, культурэм епха дауэдапщэхэр щlэкуэкlыну щlыпlэр цlыхухэм ягъэлъагъун, ягъэцlыхун. Мы lуэхухэр щызэщlэнур; Кефкен псыlуфэращ. (Хэку егъэбгынэм и сембол щlыналъэщ.) ЧЕРКЕСФЕД-ым, накъыгъэм и тlощlрэ зы махуэм сыхьэтыр 21.00дэж, Урыс хэгъэгу лlыкlуэм и лэжьапlэм нэхъ и гъунэгъу, Истиклал Уэрамым тет Одакуле зицlэ бизнес центрым и щlыбагъыр зэхуэсыпlэу хихащ. «Гущхьэм Телъым и Макъ-Накъыгъэм и 21» документальнэ фильмым, япэ егъэлъагъуныгъэри Накъыгъэм и 20-рэщ.
КАФФЭД-ыр, Лъэпкъ гъэкlуэдым, (Геноцид) Европэ Парламентым щытепсэлъыхьынущ
Кавкас Хасэхэм я федерацэ (КАФФЭД), Европэ Парламентым Ешиллэр Greens/EFA Хуитыныгъэ Зыгуэхьэныгъэ Гупым и хьэщlэу, Накъыгъэм и 22-м Буруксел «Щыгъуэ щlэж махуэ» щригъэкlуэкlынущ. Программэр, щlэнзэхуэскlэ щlидзэнущ. Щlэнзэхуэсыр, зытепсэлъыхьынур зыпкърихынур; «Чэркэс Лъэпкъ гъэкlуэдыр икlи Хэкур Ягъэбгынэныр нобэрэй щыlэкlэм и Политикэм Зэрыхэлажьэр!» Мыlуэхум, зы сыхэтрэ ныкъуэрэ хуэдэ хухахащ. Щlэнзэхуэсым зыгуэщlа хэзылъхьа Сергей Лагодинск (Европэ Парламентым и лlыкlуэ икlи Европэ зыгуэхьэныгъэм Тыркум къыхуегъэзэкlа Комицэм Делегация Тхьэмадэ) пэмыщl щlэн зэхуэсым къыщыпсэлъэнущ; Чэркэс Культурэ Сентырым и Директор Зейнел Абидин Бэслэней, журналист-тхакlуэ Фэхим Таштекин, КАФФЭД-ым и тхьэмадэ Шоджэн lумит, и къуэдзэ Ясэмин Орал. Щlэнзэхуэсым Европэ щыlэ хасэхэр, хьэрычэтыщlэхэр, академик хэр къыра гъэблэгъэнущ. Щlэнзэхуэсым и екlуэкlыкlэ хабзэм теухуауэ Жьынэпсым и упщlэхэм къыпэджэжа тхьэмадэ къуэдзэ Ясэмин, щlэнзэхуэсым и егъэблэгъар, тэмэм дыдэу, Накъыгъэм и 8-м, къыщlэтхыкlауэ ягъэбыдэщ. Абы иужь зэlущlэм зыри къыщlыхьэ хъунукъым.
КАФФЭД-ым, Тыркум щызыхишэну щыгъуэ щlэж махуэ гъэлъапlэм и дауэдапщэхэр, махуитlкlэ, Анкара щригъэкlуэкlынущ! Анкара Чэркэс Хасэхэм и дэlэпыкъукlэ зэхаша хъуну япэрей махуэ гъэлъапlэр, академическэм тету екlуэкlэщ. Щекlуэкlэlэ Щlапlэм и цlэр Тесиш Конферанс Салон. «Чэркэсхэр Зыхуэкlуэ Лlэщlыгъуэр: Дуней еплъыкlэ, гъащlэ зэхэщlыкl, политическэ lуэхухэм дбгъэдэхьэкlэ; икlи ди lыхьэ къызэрыхэтхыфын!» Мыхэр зи лъабжьэ щlэнзэхуэсыр сыхьэтыр 13.00-м щlидзэщ. Адэкlэ, Накъыгъэм и тlощlрэ зы махуэм Аныт Паркым жылагъуэ зэхыхьэ щащlэщ. Анкара Чэркэс Хасэхэм пэмыщl, КАФФЭД-ым къыпыщlа Хасэхэми, щыгъуэ махуэм теухуауэ, зыхыхьэ, махуэ гъэлъапlэ ирагъэкlуэкlэщ.
Фэеплъ Сыным и япэ егъэлъагъуныгъэр Бабалы щэкlуэкlынущ!
Коджаели Къалэм и Пашэ-унэфэщl Гупым (ахъшэм иlуэкlэ)рэ, Къалэ университетым, и доцент Джейхун Конаковорэ и лектор Огъуз Полатlелрэ текнике lэзагъэкlэ елэжьурэ утыку кърагъэхьа, Фэеплъ Сыныр, мы мазэм яухащ. Метрйи зилэягъ, тоннитху зи хьэлъагъ фэеплъыр, Накъыгъэм 21-м ягъэлъэгъуэнущ. Сыныр метритl зилэягъ платформэм тетынущ. Щыпlэу иубыдыр, 200 квадратные тетры. Фэеплъ Сыным япэрей егъэлъагъуныгъэм Федэрацэхэр, абы къэпха Хасэхэр хэтынущ.
Нартым и Мафlэр Кефкен Щызэщlагъанэ!
Коджаели Къалэм и Пашэ-унэфэщl Гупым гуащlэдэкlрэ, Абхаз Хасэ Федэрацэхэми (АБХЪАЗФЕД-ым) и дэlэпыкъукlэ lуэхуитl утыку къохьэ. Япэрауэ Кавказ Гуауэщlэж Махуэ Гъэлъапlэ lуэхущlафэхэр егъэкlуэкlын, етlуанэу, иджы нэужь, культурэм епха дауэдапщэхэр щlэкуэкlыну щlыпlэм, хьэщlэхэр къэгъэблэгъэн зэхуэс щащынур, ягъэцlыхун. Зи гугъу тщlы lуэхущlафэхэр Накъыгъэм и тlощlрэ зы махуэм сыхьэтыр 16.00-м, Коджаели Къалэм къэпха Кандыра округым къэпхыжа Караlагъач дэт кхъэпlам щыщlидзэнущ. Бабалы Щlыпlэр (культурэм епха дауэдапщэхэр щlэкуэкlыну) цlыхухэм зырагъэлъэгъуа иужькlэ сыхьэтыр 19.00м, егъэлъагъуныгъэхэм щlадзэнущ. Зауэжьым хэкlуэда лlыхъужьхэм папщlэ, хым гъагъэ хадзэнущ. Нарт Мафlэр зыщlагъэнэнущ.
Чэркэсхэр Урыс Хэгъэгу Лlыкlуэм И лэжьапlэм дэж щызэхуэсу я щыгъуэм тепсэлъыхьыну хуитхэкъым!
Илъэситху нэхърэ нэхъыбэ хъуащи, Чэркэсхэр, Урыс Консулым и бжэlупэм, я щыгъуэ махуэм тепсэлъыхьу; цlыхубэм гу лърагъэтэну хуитхэкъым. Илъэс зыбжанэ ипэ, Галатасарай Лисэм и гупэм щызыхуэсыурэ Урыс Консулым екlуалlэурэ, газетхэм я гу уз хуэlуэтауэ щытами, иджы абыкlэ хуитхэкъым. Мыбы и щхьэусыгъуэу, Къалэ унафэщlым жиlэращ: «Цlыхубэр имгъэгумэщlын, икlи гузагъэу игъэпсэун, я дзыхьыр, щыгугъур, и хъумэн папщlэ!» ЧЕРКЕСФЕД-ым илъэс зыбжанэ хъуауэ Урыс хэгъэгу лlыкlуэм и хэщlапlэм нэхъ и гъунэгъу, Одакуле зицlэ бизнес центрым и щlыбагъыр зэхуэсыпlэу хихащ. Икlыкl мыбдеж, газетхэм щахуеlуатэ, Накъыгъэм и тlощlрэ зы махуэм къикlыр. (Мыхьэнэр) Чэркэсхэм а махуэр зэрызыхащlэр. ЧЕРКЕСФЕД-ым, мыгъэми а щlыпlэдыдэм тету зэрызекlуэнур, социальнэ мэдиякlэ игъэlуащ.
Хэку гъабинэр документальный фильм…
Фильмым ищlакlуэр, Фатихь Екимщ. «Гущхьэм Телъым и Макъ: Накъыгъэм и 21-Документальный фильмым» ияпэ гъэлъагъуэр, Накъыгъэм и 20-м Щэбэт махуэм, Илдыз Текник Университетым сыхьэтыр 19.00-м ягъэлъэгъуэщ. Фильмым текникекlэ иченджэщакlуэхэр, Профессор Мэхьмэт Хьэджысалихьогълурэ Доктор Емир Фатихь Акбулутщ. Режиссерыр, Айбуке Пэхьливанщ. Фильмыр нэхъ зытеухуар, Урыс-Кавкас Зауэжьыр, абы къыдэкlуэуи Истамбылакlуэращ. И Хэку ирахуа цlыхубэм ягъащlэр зэрызытекъутар. Хамэ щlыпlэм, зыфlэувэжыфу псэун щlадзэжыну яужь итхэм, языхуэдэу яlа щlапlэхэр, (Гуауэдэх дауэдапщэхэм зыдэщыlэ Хасэ, псыlуфэ, къалэ н. къ.) псэуалъэхэр ягум къызэринэрэ ягукъэкlыжым зэрыхэт щlыкlэр, щиlыгъ увыпlэр. Гущхьэм Телъымрэ хабзэмрэ; Хы фlыцlэжьым Чэркэсхэм ягъащlэм щиубыд щlыпlэр, гъыбзэхэм, шыпсэхэм, музыкам, lэщlагъэ лlэужьыгъуэхэм; мыпсори цlыхубэм языдэlыгъыкlэ, языдэугуэшыкlэ икlи ахэр цlыхубэм ягущхьэм нагъыщэ лlужьыгуэ аджэуи зэрытелъ. Мы зигугъу тщlа псори зыпкъырахынущ; зэмфэгъу бгъэдэхьэкlэкlэрэ. Документальный фильмым къыщыпсэлъэнущ, академикхэр, журналист-тхакlуэ, художник, нэгъуэщl лъэпкъхэм яхасэ лэжьакlуэхэр, хьэрэчэтыщlэхэр.
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар: КъарэцIыкIу Илкай