Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Хэдэ хэхыныгъэм и махуэм дыпэплъэу!

 Мы мазэр хэдэ-хэхыныгъэкIэ щырагъэкIуэкIыу, политик партхэм я лэжыгъэхэр ягъэзащIэу къралыгъуэ нэхъыщхьэ (прэзидент) хэдапкъэу ува цIыхуиплIым я зыр хахыу ягъувыну, аткIэ хасэшхуэм папIщIэ (TBMM) партхэм ягъэлъэгъуа лIыкIуэ хэдапкъэхэр хасэшхуэм ягъэкIуэн папщIэ зыпеуэу толэжьыхьхэ.

Дэ дызыдэс Кайсэри къалэм икIыу лIыкIуэуэ хасэшхуэм лIыкIуэ цIыхуипIщ куэнущ. Хасэшхуэм лIыкIуэ зыгъэкIуэфын партхэм зыми, мы гъэ хэхыгъуэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ зыри лIыкIуэ хэдапкъэу ягъэлъэгъуакъым. Кайсэри къалэми щыпсэу Адыгэ цIыху бжьыгъэуи дыщымащIэкъым.

Дагъэлъагъуэн хуеящ, жаIэу я жагъуэ хъуауэ, языхэз зы партыми дыщимыгъэлъагъуэкIэ; дэри зы партыми щымыщу, и щхьэ хуиту дыгъэлъагъуэнщ жаIэри, хасэхэр зыгуэхьэри ящIа унафэкIэ, ди зы Адыгэ щIалэ Мамхэгъ Мутлу хасэщхуэм лIыкIуэу ягъэкIуэну хэдапкъэу ягъэлъэгъуащ.

Mамхэгъ Мутлу Iузуняйла Анзорей къуажьэм щыщщ. Езым и Iуэху щIапIэм (индустри) и Iуэху ещIэж. Вэн-зэн лэжьыгъэри зырехуэ. Хасэ тхьэмадэу хэхыгъуитIкIэ тетащ. Нобэ хасэ нэхыщхьэм (КАФФЭД) и унафэщхэми ящыщщ.

Хэдэ хэхыныгъэ лэжьыгъэхэм теухуауэ Iузуняйла къуажэхэм псоми кIаущ. ЗакъыригъэцIыхуащ. И гугъэхэм тепсэлъыхьащ. Езыри «лIыкIуэ хэдапкъэ»у и щхьэ хуиту къытэувэн хуей щIэхъуари къахуиIуатэурэ къикIуэхьащ. Къайсэрым епха Яхйалы къалэцIыкIум пыщIа Адыгэ къуажэхэм нэс ди лъэпкъэгъухэм лъэIэсащ.

Ди Адыгэхэм щыщу Политик Партхэм епхауэ зэрыщытыр ищIэу; Нэхъыщхьэ Iэтащхьэр (президент) щыхэфхынум фыхэдей, хэт фыхуеймэ ефт, Ауэ, хасэшхуэм лIыкIуэу сэ сывгъакIуэ зыфIэфI ди лъэпкъэгъухэм «Сэ Iэ къысхуэфIэту сывгъакIуэмэ» лъэпкъыу дызыхуэныкъуэхэр хасэшхуэм къыщытпсэлъыфынщ, дытелэжыхьыфынщ, щыжиIэурэ ягуригъэIуащ.

Къайсэри кIуэцI дэт IуэхущIэхэм я хасэ, щэн-щахуэхэр зэпха хасэ, щIэн, щIэныгъэ, щIэнхабзэ хуэдэ Iуэхъугъэхэм епха хасэу хъуам хуэкIуэу, хасэшхуэм кIуэфын папщIэ къыдэIэпыкуну зэрыщыгугъур, къыхущIадзэну я Iэм хуэгугъэу, и гуапэ зэрыхъунур къахухигъэщIащ.

Хэдэныгъэм зы тхьэмахуэ къыхуэнауэ Къайсэри Къалэм дэт зыхуэсыпIэ пэщышхуэ (салон) Кадир Хьасым минищым (3.000) пэгъунэгъу лъэпкъэгъу къыхуекIуэлIащ.

ДэIэпыкъуэгъу хуэхъуну Адыгэ Нэхышхьэ Хасэ Тхьэмадэ Щоджэн Iумит дей щыщIэдзауэ, Станбыл, Самсун, Кахраманмараш хуэдэ хасэ тхьэмадэхэр, лIыкIуэхэр, Кайсэр щыIэ Адыгэ Хасэ зэгъэкIу гуп (координатор) лIыкIуэхэр, мы зэхуэсыр зыхэзыха ди лъэпкъэгъухэр гурэ псэрэкIэ дэIапыкъуну, гупхъэрыгъэ лъагагъэри къыхэщу дызыхэтащ. ПсалъакIуэхэм къапсэлъхэм Iэгушхуэ макъкIэ зэрыгурыхьыр къыхигъэщу, зэрыдэщIынур нахуэ ищIыу…

Иджы хэхэсу Тыркум щыпсэу Адыгэхэр зэ дызэплъыжынущ. Гуауэр зыдэзыгуэш, гуфIэгъуэр зыдезыIыгъ ди лъэпкъым мы хэдэ хэхыныгъэм игъэлъагъуэну щытыкIэм дигъэлъагъунущ. Дызыкъуэтыфырэ, дызыдэщIыфырэ, хьэмэрэ икъуэхьауэ, хэпхъауэ зы гупщысэкIэ гъащIэр екIуэкIырэ. Дигъэлъагъуу нахуэ къищIынущ.

Мы тхыгъэр хэдэ хэхыныгъэм зы тхьэмахуэ ипэ тхауэ догъэтIылъ. Журналыр къыщыдэкыну махуэхэм хэдэхэхыныгъэр зыфIэкIауэ цIыхухэм хахынур хахауэ утыку къихьа хъунущ.

Дыхэплэжынущ!

И щхьэхуиту лIыкIуэ хэдапкъэу теува ди лъэпкъэгъу Мамхэгъ Мутлу хэтхыфауэ къыщIэкIмэ диригуфIэу, гуфIэгъуэу зыдэдгуэшынущ. Гъуэгу захуэ дызырытетыри хидигъэлъагъуэнущ…

Ауэ, хурикъун «Iэ щIэдзэ»м дынэмысыфмэ; Iэ хущIэзымыдзэфа ди лъэпкъэгъухэр, зэ дызэупщIыжын хуей мэхъу! Сыт дызыхуэныкъуэр, сыт тхуэкIэмыр, сыт дыщызытемыхуэр, сыт дыщIызыдэмыщIыфыр?.. хуэдэ упщIэ куэд хуэбгъув хъууэ, ди лъэпкъ гупщысэ щытыкIэм; цIыхубэ хэплъэжыкIэкIэ (социял Анализ) зэ дызыхэплъэжын хуей хъунущ.

Иджы нэужь дызыхыхьэну хэдэ-хэхыныгъэм теувэну «ЛIыкуIуэ Хэдапкъэ»хэми я гур иудауэ, зы гурыщхъуэкIэ щIадзэнущ!..

Гуауэри, гуфIэгъуэри зэпыщыту зыгъэлъагъуэ мы тхыгъэм; дыщеджэкIэ дызыщIиуIэфэу, дыригуфэу, дыригушхуэу хэдэ-хэхэыныгъэмкIэ дызыхуейхэр къыдэхъулIэну зы хъуэхъукIэ…

Yazarın Diğer Yazıları

Лъэпкъым щхьэпэу, хуэлэжьахэр!

И лъэпкъым щхьэпэжауэ цlыху куэд лъэпкъхэм ягъэлъэгъуэж. Дэри абы хуэдэу, лъэпкъым хуищlа лlыгъэхэр, дэщlыгъуауэ фlыгъэхэр зылэжьа, зыгъэзэщlа цlыху куэд диlэщ. Хъулъхугъэуи, бзылъхугъэуи. Я цlэхэр...

Шхыныгъуэ къызыхэкІ ІуэхугъуитІ! Iэщ зехуэн, вэн-сэн!

 Мы дыгъэлъэгъуа IуэхъугъуитIым щIамыдзэ кIыщIэ; цIыху зыфамыщ ипэ, хьэ лъэхъэнэм щыгъуэ, аддэ, ижъ ижъыжъым щIыналъэм и хуэбагъэм епхауэ апхъуэурэ, зекIуэурэ псэуащ. Жэщым и...

Уэ цlыху! Зыпцlыхужырэ?

Уэ, зы псэущхьэу цIыху! Уэ сыт щIэпцIыхур. Уэр фIэкIа зы цIыху къыхэкIакъэ зэмылIэужу псэу мыбы хуэдиз псэущхьэхэм. Сыт адырей псэущхьэхэм фазырыщхьэщыкIыр? Нэхъ леуэ сыт фхэлъыр? Сыт фхузыфIэкIыр? -Дэ...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img