Кайнар къуажэр Кайсери къалэм 127 км. Азей районым 25 км пэжыжьэу зы къуажэщ. Къуажэр Адыгейм кхъухькlэ къикlащ къуажэм ипэ дыдэ къэтlысахэр Къуэчlасэхэрэ Бзаджэхэрэщ. 1862 накъыгъэ мазэм Къочlасэ Хьаджы Османрэ, Хьаджы Шабанрэ Бзаджэхэ ящыщу я цlэхэр схузэумыгъэщlауэ лlитl я гъусэу, щlыр къаплъыхри, я гу щрихьым мы къуажэпlэм къагъэтlысащ. Къуажэр хьэблитlу зэрыщlыкlащ, Бзаджэхэрэ Къочlасэхэрэ еуа. Къуажэр Аушэркlэ зэджэ тыркухэр щыпсэуауэ щlыпlэщ. Абы папщlэ зэзэмызэ Аушэрхэмрэ Адыгэхэмрэ щызэзэуаи къэхъуащ. Ауэ Аушэрхэр иужькlэ дэкlыжащ. Къуажэр Узняйлэм я нэхъ къуажэшхуэу аращ. Нахьиеу иужькlэ Беледиеу (Мер) щтащ. Нобэкlэ Мерыр трахыжауэ хьэблэ статус иlэу аращ. Пасэрей зэманым укlуэмэ кафиплl, Мер, тарым креди коопаратиф, маркетиплl, клиникэ, оил статион, еджапlэ япэрейрэ курытымрэ зыхэту еджапlэрэ, шэ зэхуэхьэсу фэбрика иlауэ тlысыпlэшхуэу щытащ. Ауэ гъащlэм зэрихъуэжу экономиеми зэрихъуэкlыныр амалыншэ ищlащ, цlыху цlыкlур къалэшхуэхэм lэпхъуэжын щыхъум мы къуажэшхуэми къылъысар екlэкlуэнпращ. Нобэкlэ цlыху 350 хуэдиз щопсэур. Къуажэдэсхэр къалэшхуэхэм щылажьэ щыпсэу я сабийхэр зыхуей хуагъэзэн ирагъэджэн папщlэ къуажэр ябгынащ.
Пасэрей зэманым вагъуэм хуэду Узняйлэм къахэлыдыкlыу щта къуажэри зэтехуу щlидзащи Кайнарри зэрыхъуар аращ. Къуажэр 1859 гъэхэм Адыгей республикам къикlащ илъэсищ хуэдиз Сивас къалэм Тыркумэнхэр зыдэс щlыпlэхэм яхэсащ ауэ иужькlэ нобэ зыщыпсэу щlыналъэм къэтlысахэщ. Къыщытlысари 1862 гъэращ. Къуажэр къуажэшхуэ дыдэу къэтlысти къуажэцlэкlэ я хузтемгъэхуэу Адыгэ цlэ къамыщтэу Тыркубзэкlэ Кайнар цlэр я цlэу къэнащ. Адыгэбзэкlэ цlэ яlэркъым. Къуажэр зэрыкъуажэшхуэм хуэдэу хабзэ зэрахьэу адрей Къэбэрдей, Абазэ къуажэхэм фlы дыдэу ягурыlуэу жылэ lуэху хъумэ къалъыс lэмэ ягъэзащlэу фэ къыраплъу пщlэ къыхуащlу псэуныгъэ дахэ яlэу псэуахэщ. Къуажэм щlышхуи яlыгъщ, Узняйлэм нэхъ щlышхуэ зыубыда къуажэхэм ящыщщ. Ящlыр щlыфlщ, псы щlэгъэхьа я куэдщ, Заманты псы жэрыр ящlымкlэ йохыр. Псы щlэгъэхьэ щlы зэрыlэм щхьэкlэ жэгундэ, хьэ, гуэдз, кlэртlоф куэду ясэ абы йолэжьхэр. Абы къыщынэмыщlэм lащ куэд зэрахуэ мэл, Былым якудэщ. Псэуныгъэ дахэ яlэщ. Къалэхэм дэсхэми еджагъэшхуэкlэ хуэщlащ профессор 4 яlэщ къуажэм къыдэкlэу университет щылажьэхэу, гъэмахуэм цlыху куэд къалэхэм къикlыжурэ къуажэм къокlуэжри ящl толэжьыхьыр. Щlымахуэми зыдыщыпсэу къалэхэм ягъэзэжыр.
Къуажэм лlы цlэрыlуэу ягъэlуауэ зэры узняйлэм пщlэ зыхуащl лlы куэд щыпсэуащ. Къэдбжын духьмэ; Джыназ Мэжид, Сэфэр, Ауни, Исмэт, Нурэддин, Хьайредин, Нэгуэр Шэмсэдин, Атила, Къуэчlасэ Шэрафедин, Темджан Алаудин, Джандар Нэжмэддин, Бзаджэ Ирфан, Дуран Гази, Бзаджэ Нэджати.