Малакъ къуажэр (Хьэтыкъуей къуажэ) 1859 гъэм къухъкъэ Хы фlыцlэм (Черно Море) къызыпхырыкlыу Тыркум къэкъуауэ зы къуажэщ. Къуажэр Кайсери къалэм 145 Азей районым 45 км. пэжыжьэщ. Къуажэр Хынзыркlэ зэджэ бгым и дыгъэпlэмкlэ щысщ. Къуажэр Бесерек, Кавак, Жамырзей къуажэхэм щlыкlэ япылъщ. Абы къинэмыщl Туркмэн къуажэ Ортакой, Кучук Тузхьисар, Ени Кой къуажэхэри щlыкlэ къэпэгъунэугъущ. Къуажэр Узняйлэ къуажэхэм я нэхъ къуажэшхуэщ. Къуажэм Абазэ, Абзах, Къэбэрдеи, Шапсыгъ лъэпкъ куэди щопсэур ауэ къуажэр Хьэтыкъуейыпщ Керканыкъуэхэм ягъусэу къызэрыкlуам щхьэкlэ Хьэтыкъуей къуажэу ялъытащ. Икlий апхуэдэщ. Малакъ къуажэм щыпсэуа унагъуэхэр.
Къуажэр 1859 гъэм кхъухькъэ хэкум къикъа нэужьым Сарыlогълан районым епха Кузугуден къуажэм къэтlысри зилъэс нэхърэ нэхъыбэ абы дэсахэщ. Итlанэ къытрагъэзэжри нобэ щыпсэу псэуалъэм къэтlысахэщ.
Къуажэр Хьэтыкъуейыпщ Джангирайыкъуэ Мемет, Камихьан, Талъустан пщыхэмрэ, Педискъо Лъэкъуэлlэш Хъусейн я пащэу хэкум къыдахуа гупым ягъусэу къэкlуа гупращ. къуажэр Емыскъуэ Хьэж Али икъуэ Хъусейн ефэндым иухуащ. Османлы архивым къэгъэлъэгъуар аращ.
Емысхэ ягъусэу къуажэм япэдыдэ къэтlыса лъэпкъхэр Мэркъазэ, Дэбракъ, Тхьаркъуахъуэ, Джыназыр, Еутых, Кlуащ, Сутхьакъум, Хьадэгъалlэ лъэпкъхэращ.
Къуажэм щыпсэу лъэпкъхэм lансыкъуэхэ Къэбэрдеищ, Ягъанхэ Абазэ лъэпкъщ. Еутыххэ иужькlэ къуажэм дэкlыжащ, Басчыгъэхэи къуажэм дэкlыжащ.
Къуажэр зыухуа Емысхэ къуажэм щыпсэужкъым.
Нэгъуей Хэчифтлъик къуажэм дэсу Балкъохэри Туркмэным щыпсэуа иужькlэ къуажэм къэтlысыжахэщ.
Мэркъазэхэ иужькlэ Каваккlэ зэджэ къуажэм lэпхъуэжахэщ. Къуажэр япэми зэрыжытlам хуэдэу иукъкlэ къуажэшхуэщ, щlышхуэ яlэщ. Япэрей зэманым къуажэм маркеткlэ зэджэ щапlэ плlы дэту, къахьауэ жыхуаlэ зэхэсыпlэу плlы яlэт, еджапlэ яlэт, ауэ иужьрей зэманым къуажэр ябгынэу дэкl куэдыщэ щыхъум зыри къэмынэу ягъэбыдэжащ.
Нобэ къуажэм 50 хуэдиз унагъуэщ къыдэнэжар. Цlыхухэр къалэшхуэхэм я Бын щырагъэджэн я щlакхъуэ къыщалэжьын я щхьэусыгъуэу дэкlахэщ. Куэдыр еджахэщ емыджахэри стройкам телэжьыхьу къалэшхуэхэм щопсэухэр. Гъэмахуэм къуажэм хэтыр ищl телэжьыхьыну хэтыр зыщагъэпсэхуну къокlуэлlэжхэр. Бжьыхьа къыщынэсам псори зыбгырокlыжри къалэшхуэхэм мэlэпхъуэжхэр. Къуажэдэсхэр lащ пыщlахэщ мэл былым lуэху зрахуэр и нэхъыбэри ящl толэжьыхьыжыр. Нэхъыбэу ясэр хьэ, гуэдзщ.
Къуажэм ибгъумкlэ гъуэгушхуэ Блокlыр Шаркышла районымкlэ кlуэ гъуэгщ Шаркышлэр 45 км. пэжыжьэщ, а гъуэгур Азей районымкlэй макlуэр. Азей районым и 45 км пэжыжьэщ.
Таблицэ № 1. Малакъ Къуажэ узыщрихьэлӏэ унагъуэцӏэхэр
Адыгэбзэкӏэ | Латинкӏэ | Тыркубзэкӏэ |
Абыдэ | Abıde | Biӏkay |
Ансыкъуэ | Ansıkua | Keçe |
Балкъо | Balko | Baӏ |
Баскыгъ | Baskığ | Memiş |
Батхь | Bath | Boran |
Бахьрикъуэ | Bahrikua | Aydemir |
Бащыл | Başıl | Başıӏ |
Брам | Bram | Bayram |
Волгъей | Volğey | Biӏkay |
Гиджу | Gidju | Batur |
Гуггув | Gugguv | Ediz |
Джыназыр | Cınazır | Cengiz |
Довкъо | Dovko | Gören |
Дэбракъ | Debrak | Kantekin/Paksoy/Noyan/Taştan |
Дэгумкъо | Degumko | Aytekin |
Едидж | Yedic | Ödek |
Емыс | Yemıs | Kıӏıç |
Еутых | Yeutıh | Cankıӏıç (щыпсэужкьым) |
Жэвуджкъо | Jevıdjıko | |
Жэкӏежий | Jekeyji | Akpınar |
Катсув | Katsuv | Çoban |
Кхьейыркъо | Keyirko | Akpınar |
Къуаш | Kuaş | Demir |
Кӏарид | Karid | Tekin |
Лайкъо | Layiko | Şahin |
Лӏыӏужъу | Lıuju | Tekin |
Маайыс | Maais | Biӏge, Biӏgiç |
Маггэжий | Maggejey | Beӏӏi |
Макъхэ | Makha | Taş |
Молэжымкъо | Molejımko | Ceyӏan |
Мухьамэдыкъуэ | Muhamedıkua | Cansu |
Мэзэкъул | Mezekul | Baykaӏ |
Мэркъазэ | Merkaze | Kaya |
Нэгъуей | Neğuey | Çeӏebi/Tok |
Пщыкъан | Pşıkan | Barış |
Пщыппу | Pşıppu | Çaӏışkan |
Татув | Tatuv | Sezgin |
Титоукъо | Titoyuko | Candan/Büӏbüӏ |
Тукьхьо | Tukho | Ergün |
Тхьазгэсэукъо | Thazğaseyuko | Tazekuş |
Тхьаркъуахъуэ | Tharıkuahua | Demircan |
Хьабал | Habal | Cebe |
Хьабух | Habuh | Can |
Хьадэгъалӏэ | Hadeğale | Açaӏ |
Хьаношкъуэ | Hanoşhko | Belen |
Хьажрэт | Hajret | Demirbağ |
Хьажымкъо | Hajımko | |
Хьарев | Harev | |
Хьасанкъуэ | Hasankua | Aydın |
Хьигъса | Hiğsa | Yıldırım (Makhe) |
Хэгъачӏ | Hağaç | Baydemir |
Чӏахьымкъуэ | Çahımkua | Şahin |
Шагъур | Şağur | Soyuğur |
Шаужыкьо | Şaujıko | Şen |
Шутхьакум | Şuthakum | Coşkun |
Шушакъ | Şuşak | Göksoy |
Ягъан | Yağan | Yağan (Абазэ лъэпкъу хэхэсу къыдэхьащ) |
Таблицэ № 2. Малакъ Къуажэ щыпсэуа цӏыхухэм я бжыгъэр гъэкӏэ зыщхьэщыхауэ
Гъэхэр | Цӏыхухъу | Цӏыхубз | Псори | Литературэхэр |
1935 | – | – | 524 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1935 S.272 |
1940 | 261 | 279 | 540 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1940 S.384 |
1965 | 379 | 392 | 771 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1965 |
1970 | 330 | 395 | 725 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1970 |
1975 | 335 | 351 | 686 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1975 |
1980 | 320 | 411 | 731 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1980 |
1985 | 339 | 395 | 734 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1985 |
1990 | 244 | 314 | 558 | Geneӏ Nüfus Sayımı 1990 |
2000 | 160 | 178 | 338 | Geneӏ Nüfus Sayımı 2000 |
2007 | – | – | 236 | https://www.drdatastats.com/turkiye-mahalle-ve-koy-nufuslari/
07.07.2023 tarihinde erişildi. |
2008 | – | – | 217 | |
2009 | – | – | 211 | |
2010 | – | – | 179 | |
2011 | – | – | 169 | |
2012 | – | – | 135 | |
2013 | – | – | 139 | https://www.nufusune.com/181295-kayseri-pinarbasi-malakkoy-mahallesi-nufusu
07.07.2023 tarihinde erişildi. |
2014 | – | – | 138 | |
2015 | – | – | 134 | |
2016 | – | – | 135 | |
2017 | – | – | 135 | |
2018 | – | – | 189 | |
2019 | – | – | 179 | |
2020 | – | – | 150 | |
2021 | – | – | 137 | |
2022 | 76 | 59 | 135 |