Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

«Ди лъахэжь дысэрисыжыр – насып мыухыжщ»

Гусокъуэ Раджаб

Щамым щыпсэуа, нобэ зи адэ лъахэр псэупІэ зыхуэхъужа, зи хъуэпсапІэрэ гугъапІэрэ къызэхъулІауэ Хьэбэз къуажэм унагъуэкІэ щыпсэу Гъусокъуэ Рэджаб и нэгум иболъагъуэ и гуфІэгъуэри, и насыпри.

Езы лІым и гугъу тщІыну едгъажьэмэ, къытегъэзэж хъунщи, ди щІэджыкІакІуэри тезэшэнщ, сыту жыпІэмэ мызэ-мытІэу ди гуапэу дытетхыхьащ и къекІуэкІыкІам, мыбыкІэ къызэригъэзэжа хъуам. Арауэ щыхъукІэ, и нобэм, и хэкужь зэрызригъэгъуэтыжрэ илъэси 8 щрикъум и гупсысэхэр зыхуэкІуам, и бынунагъуэм и Іуэхухэр зыІутым дыщыгъуазэмэ ди гуапэу, ди псалъэмакъыр нэхъыщхьэу аращ зыхуэдунэтIар.

-Рэджаб, фыкъызэрытхыхьэжрэ илъэс бжыгъэ хъужащи, фыкъыщыкІуэжа япэ махуэмрэ фи нобэмрэ сыт хуэдэ еплъыкІэ хувиІэ?

-Сэ, си щхьэгъусэр, си анэр, си къуитІыр жэуэ 2015 гъэм адэжь хэкумкІэ къэдгъэзэжауэ, нобэ Хьэбэз къуажэм дыщопсэу. Абы къинэмыщІауэ, Швециемрэ Щамымрэ – си къуитІ, Иорданым сипхъу бынунагъуэу щопсэу. АбыхэмкІи дигухэр пІейтейми, ди лъахэжь дысэрисыжым къыдит гукъыдэжыр зыми игъэуфэгъуфынукъым. Ауэ, апхуэдэу лъэпощхьэпоуншэрэ гугъуехьыншэу къыщІэддзауэ жысІэмэ, фэрыщІыгъэ хъунущ.

ДыкъыщыкІуэжам лъэныкъуищым нэхъ гугъу дыдехьащ: лэжьапІэкІэ, псэупІэкІэ, дэфтэр ІуэхухэмкІэ. НобэкІэ а лъэныкъуэхэр нэхъ зэкІэлъыкІуэ, нэхъ зэгъэзэхуа хъуащи, къэзыгъэзэж, Іэпхъуэ цІыхухэр гугъусыгъушхуэ хагъэтыжкъым.

ЛэжьапІэ зэрыдмыгъуэтым и гущІыІужу, урысыбзэр зэрызмыщІэр хуабжьу зэран къысхуохъу нобэр къыздэсым. Си ІэщІагъэкІи, си зэфІэкІкІи сщІэфыну псоми сыхыхьэфкъым бзэм и ягъэкІэ. Арами, сыщыскъым, солажьэ.

-ЦІыхухъум щІыпІэщІэм нэхъ зригъэзыф щхьэкІэ, бзылъхугъэмкІэ ар тІуащІэу хьэлъэщ. Уи щхьэгъусэ Хьитам дауэ къыщыхъуа къэкІуэжыныр?

-Щамым дызэрыщыпсэуар зэгуэрми дигу къэмыкІыжыну апхуэдэу Іеякъым. ХьэкъыпІэкІэ, къулейуэ дыпсэуащ, псэупІэкІи, мылъкукІи, лэжьапІэкІи дызэхурикъуу. Щхьэгъусэм и Іуэхухэри Іейтэкъым, институтым щригъаджэу, къыщалъытэу яхэтащ. ДыІэпхъуэн Іуэхур къыщыкъуэкІам, нэгъуэщІ къэралхэми дыкІуэну лъэкІыныгъэ щыІащ, ауэ гъащІэу къытхуэнам ди хэкужь псэупІэ тщІыжыным и гупсысэр зэдэтщтэри, ди Іуэху мыпхуэдэу тлъэгъуащ.

Сэ си щыпэкъакІуэтэкъым мыбыкІэ, ауэ Хьитам дежкІэ япэти, псори щІэщыгъуэт, щыгужьеигъуи къыхэхуэу. Арами, икІуэтакъым, дыщІегъуэжакъым. Апхуэдэу ди Іуэху зэтеувэным щхьэпащ, псом япэу, мыбдеж ди лъэпкъэгъухэм зыкъызэрытщІагъэкъуам ди гур къиІэтащ, дагъэгушхуащ.

Пэж дыдэу жысІэнщи, дызыбгъэдыхьауэ, зыгуэркІэ дызэлъэІуауэ «хьэуэ» къыджезыІа къахэкІакъым. Ину «берычэт бесын» яжыдоІэ псоми. Зэгуэрми сщыгъупщэнкъым Лъыс Розэ и унэ дыщІигъэтІысхьэу, илъэситІ енкІэ дызэрыщыпсэуар, Аргун Олег деж ипэхуным сызэрыщылэжьар, Хьэбэз деж унэ щаухуэу, абы унагъуэ бжыгъэ псэупІэкІэ дызэрыщетІысэхар… Дэтхэнэра жыпІэнур, псори фІыщІэ псалъэкІэ къыхэзгъэщыну сыхуопабгъэ.

НобэкІэ си щхьэ сыхуолажьэ. Щхьэгъусэр лажьэкъым, сымаджэ диІэхэщи, абыхэм япыщІащ.

-Рэджаб, балигъым и ныбжьыр хэкІуэтэхун нэхъ хэкупсэ-лъэпкъыпсэ мэхъу. Ауэ ар щІэблэщІэм хэппщэфын хуей лъэныкъуэщ. Уэ адэ хуэдэу арэзы утехъуэрэ, жыпІэфыну уи быным, мис мы ди пащхьэ нэмысыфІэу ит фи щІалэм адыгэгу, адыгэпсэ къыхуэбгъэушыжыфауэ?

-Быным къыщытхъу хабзэкъым, ауэ а жыпІам шэч къытесхьэкъым икІи сыкъиущхьэкІуну жысІэкъым. Зыдеджэхэми, и ныбжьхэми, и ныбжьэгъухэми дэгъуэу яхэзэгъащ, адыгэбзэр егъэІэрыхуэ, хабзэ-бзыпхъэ ещІэ.

-Дауэми, Рэджаб, Щамымрэ мыбдежрэ дин, зэхэтыкІэ хабзэхэр зэхуэмыдэщ. Ар дин зехьэкІэми, зыхуэпэкІэми, зэхущытыкІэхэми яхьэлІащ. УзыгъэІэнкун гуэри щыІэщ, тхьэм ирещІи.

-ЗыхуэпэкІэм ехьэлІауэ жыпІэмэ, Щамымрэ мыбдежрэ зыуи зэкІуалІэкъым, ауэ сэ абы Іэнкун сищІкъым. Щхьэж езым и хабзэ, и зыхуэпэкІэ иІэжщ, зыщыпсэу жылагъуэм елъытауэ дунейм тетщ. Нэхъыщхьэр цІыхур цІыхуу къэнэжынращ.

Дин зехьэкІэм и гугъу пщІымэ, узытеІэзэщІыхьын хуей куэд щыІэщ. Нэмэзи сощІ икІи язогъэщІ, сцІыхумкІэ сэри садогуашэ. Псом нэхърэ нэхъ Іэнкун сызыщІыр мыбыкІэ цІыхухэм зэкІэлъыкІуэныгъэ яку зэрыдэмылъращ. Моуэ унагъуэм ущІыхьэу шей, кофэ узэдефэу упсалъэу ущысын пхузэфІэкІкъым. УщІамыгъэхьэу аракъым, ущІыхьамэ лейуэ мэгузавэри аращ.

Апхуэдэ къабзэщ Іуэхушхуэ лъэпкъым къыщаІэткІи, лей куэдым хохьэ, ерыскъыр Іисраф ящІ. Абыи гугъу ирегъэхь зэкІэлъыкІуэхэр, арами щагъэткъым, жагъуэ зэрыхъущи.

-Ерыскъым дыщытепсэлъыхьакІэ, тфІэгъэщІэгъуэнщ, Рэджаб, унэгуащэм и нэхъыбэу фхуиупщэфI шхыныгъуэхэр?

-Адыгэ шхынхэм есащ икІи еупщэфI. Ауэ и нэхъыбапІэм, ЩамымкІэ щызэрахьэу зэсахэращ иупщэфІыр, ахэр нэхъ зэхуэмыдэу икІи нэхъ щІэщыгъуэу къелъытэри. А псори жыдмыІэу, фынеблагъэу ди псэукІи, ди Іэни флъагъуну ди гуапэ дыдэ хъунут.

-ФІыкІэ, хъеркІэ фи унагъуэ дынихьэ! Фыпсэу, адэжь хэкум фыщытхъэж!

Черкес Хэку

Yazarın Diğer Yazıları

БлэкІам и джэрпэджэж

Іуэхур, псалъэр лъэпкъ тхыдэм, блэкІа гуауэмрэ гуфІэгъуэмрэ щыхуэкІуэкІэ, ахэр къытегъэзэж хъункІэ дымышынэу, щІэх-щІэхыурэ утыку къитхьэурэ цІыхубэр щыдгъэгъуэзэн хуейщ. КъинэмыщІауэ, щІэблэм щІэблэ къыкІэлъокІуэри, дэтхэнэми ицІыхупхъэщ...

Ковид-сымаджэщым и унафэщIым и псалъэ «Къытригъэзэжами-дыпэлъэщынущ»

«Зауэ мыхъумэ, зэрыдунейуэ бэлыхьым хэзыдзэфын къару щыIэ?»- упщIэу зи жэуап дымыгъуэтыныр, иджы гурыIуэгъуэрэ наIуэ тхуэхъуауэ, бэлыхьым дыхэтщ. Илъэсым щIигъуащ коронавирус уз зэрыцIалэр ди къэралми,...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img