Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжым хыхьэ, декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цIыхубэ IэщIагъэхэмрэкIэ къудамэм и унафэщI ЛЭПЫГЪУ (Къул) Эммэ Владимир и пхъум жэпуэгъуэм (октябрым) и 2-м и юбилейр игъэлъэпIэнущ. Хуумыгъэфэщэну, бзылъхугъэ дахащэр илъэс 70 ирокъу!
Эммэ и гъащlэр гъуазджэ дунейм зэрырипхамкlэ дыщыщlэупщlэм, «ар си натlэм итхауэ дунейм сыкъытехъуагъэнщ» къыджиlащ.
— Сызэрысабий лъандэрэ гъуазджэр, щэнхабзэр си псэм къищтэт. Сыщlэхъуэпст балеринэ, пианисткэ, актрисэ сыхъуну. Сызэрегупщысымкlэ, ар си лъым хэтыххэт. Сыту жыпlэмэ, си анэми, си анэшхуэми я lэпэхэм ямыщl щыlэтэкъым. Си анэр дэт, хидыкlт, цызэрыхъэ ищlт. Дэри, си шыпхъумрэ сэрэ, а lэщlагъэхэм щыгъуазэ дахуищlт.
Ауэ, узэрыхъунур уи натlэми къитхауэ дунейм укъытехьэу къыщlэкlынщ. Тхьэм къыпхилъхьэ зэчийри къыхэлъытапхъэщ. Ар щlыжысlэр, си шыпхъур зэрыцlыкlурэ зыщlэхъуэпсыр медицинэрати, аращ здиунэтlари, зэрылажьэри, – дыщегъэгъуазэ Эммэ.
Лъэпкъкlэ Псэукlэ-Дахэ къуажэм щыщщ ди псэлъэгъу бзылъхугъэ дахэр. Ауэ къыздэхъуари, здыщыпсэури Черкесск къалэ дежщ. И адэр щэнхабзэмкlэ къудамэм и унафэщlу лэжьащ. Абы къыхэкlыу, пщащэ цlыкlур спектаклхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм кlуэрейт, лъэпкъхэм я гъуазджэм и дунейм хэту къэтэджт.
Иужьым Эммэ и адэр «Ленин нур» (иджы «Черкес хэку») газетми зэдзэкlакlуэу щылэжьащ, типографием и унафэщlу щытащ. Адэр щlэхъуэпст и пхъур пианисткэ хъунуи, музыкальнэ еджапlэм иритауэ щытащ. Илъэсиблкlэ Эммэ абдеж зыщигъэсащ. Ауэ фlылъагъуныгъэ ин а макъамэ lэмэпсымэм хуищlакъым.
Къыкlэлъыкlуэу, пщащэр медучилищэм щlыхьэри, ар къиухащ.
— Си шыпхъу нэхъыжьыр дохутыру еджэти, сэри медицинэм сыдихьэх сыхъуащ. Тlэкlуи срилэжьащ си lэщlагъэм. Ауэ си псэр зыхуэпабгъэр нэгъуэщlт. Апхуэдэу, художественнэ еджапlэм сыщlэтlысхьа хъуащ. Илъэс 17-м ситт апщыгъуэм. Зыми жезмыlэу, пщыхьэщхьэкlэ здагъэхьэзыр дерсхэм секlуалlэурэ, Карачаевск къалэм дэт пединститутым сыкlуэри, абы и художественнэ – графическэ къудамэм сыщlыхьащ. Апщыгъуэращ си адэ-анэм художественнэ – графическэ къудамэм сыщlыхьауэ, си мурадхэр щажесlар. Сыхущlегъуэжакъым апхуэдэу си гъащlэр зэрызунэтlам, – къыпещэ Эммэ.
Жыпlэнурамэ, Эммэ и анэр и гъащlэ псом библиотекару лэжьащ. Апхуэдэу, еджэныр къызэринэкlа нэужь, lэщlагъэрылажьэ ныбжьыщlэм Черкесск къалэм дэт интернатым и гуащlэдэкl лэжьыгъэр щрегъажьэ. Илъэситкlэ абдеж щылэжьа нэужь, Эммэ ирагъэблагъащ къалэм дэт 34-нэ училищэм. Абдеж Эммэ сурэтыщl-оформителу щылажьэу, къыдеджа щlалэм ирехьэлlэри, абы къыжреlэ Даур Аслъэн и цlэр зезыхьэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкlэ колледжым Эммэ и lэщlагъэмкlэ егъэджакlуэ зэрыхуэныкъуэр. Бзылъхугъэр абы lуохьэри, зэ щхьэкlэ пlалъэкlэ лэжьапlитlри зэдехь. Иужьым колледжым щигъэзащlэ лэжьыгъэм дехьэхри, абы зретыж. Нэхъыщхьэращи, колледжым щымыlауэ декоративно-прикладной гъуазджэмрэ цlыхубэ lэщlагъэхэмрэкlэ къудамэщlэ къызэlухынымкlэ гукъэкl ещl. И гупщысэмкlэ унафэщlми, щэнхабзэмкlэ Министерствэми ядогуашэ.
Эммэ апхуэдэ и гукъэкlым щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къыхигъэщыр ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекlуэкlа цlыхубэ lэщlагъэхэр яlэпыхуж зэрыхъуарат, апхуэдэ щlэныгъэ зыбгъэдэлъу къэнар зэрызыххэти, а lэщlагъэхэм я щэхухэр куэдыжынкlэ шынагъуэшхуэ хилъагъуэт.
А псори псэкlэ зыхэзыщlа, гумыдзакъэу бгъэдыхьа Эммэ хэкlыпlэ къилъыхъуащ. Икlи, мурадыфlыр яфlэкъабылу, бзылъхугъэр хуит ящlащ абы и lуэху зэрихуэну, щlэгъэкъуэни къыхуэхъуахэщ.
— ДПИ къудамэщlэр зэрылэжьэн дэфтэрхэр, материалхэр зэхуэхьэсын щlэздзащ. Дагъыстаным дэт еджапlэм сыкlуэри, жэщитl-махуитlкlэ я планхэм тестхыкlыу сызэрыщысар фlы дыдэу сощlэж. Япэм ксерокс зиlэ щlагъуэ щыlэтэкъыми, къудамэм лэжьыгъэр иригъэжьэн папщlэ дызыхуэныкъуэ псори къистхыкlт, зыгуэрхэри сигу изубыдэт. Жыlэпхъэщи, Махачкъалэ деж гуапэу срагъэгъэблэгъат, сызыхуеинухэри тыншу сагъэгъэлъэгъуауэ щытащ. Абы щхьэкlэ гуапэу ахэр сигу илъыжщ икlи фlыщlэшхуэ яхузощl.
Дагъыстаным къинэмыщlауэ, нэгъуэщl хэгъуэгухэми сыщыlат. Ауэ псоми уафlэгуапэкъым, псори къыбдэгуэшэну хьэзыркъым… – жеlэ бзылъхугъэ гумызагъэм.
Къудамэщlэр къызэlуаха щхьэкlэ, абдеж щезыгъэджэн щыlэтэкъым. Ахэри зэрызыххэурэ Лэпыгъум къришэлlащ, lуэху гъэщlэгъуэным къыхишащ. Иужьым а япэу ирагъэджахэм ящыщ куэд егъэджакlуэу къудамэм къыщынэжащ.
Нобэ къудамэм зыхурагъаджэ lэщlагъэу хъуам Эммэ япэ щlыкlэ езым зыхуигъэсащ, иужьым и щlэныгъэмкlэ егъэджакlуэ хъунухэм ядэгуэшэжащ.
Игу къызэригъэкlыжымкlэ, и къэгъэщlыным хуабжьу гугъу зыдехьа къудамэр 1992 гъэм къызэlуахауэ щытащ. Нобэ ар илъэс 31 хъуауэ мэлажьэ икlи а пlалъэ псом къриубыдэу къудамэм и унафэщlыр ди псэлъэгъу бзылъхугъэ гуапэращ.
Къудамэм и студентхэм илъэсиплlым къриубыдэу lэщlагъэ 12 ирагъэгъуэт: дыщэидэр, уагъэ, дэнлъэкl, арджэнхэр, нэгъуэщl хьэпшыпхэр къэгъэщlыныр, упщlэ щlыныр, абы щыгъынхэр, унэр зэрагъэдахэ хьэпшыпхэр къыхэхыныр, художествэ и лъэныкъуэкlэ фэм, пхъэм, гъущlым елэжьыныр, керамикэр, нэгъуэщlхэри. Апхуэдэ еджапlэ, нобэкlэ, Урысейпсом щибгъуэтэнукъым.
Егъэджакlуэ, унафэщl, къызэгъэпэщакlуэ lэзэм пlалъэ-пlалъэкlэрэ ирагъэджахэм я лэжьыгъэхэмкlэ зэхэгъэува гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрагъэпэщ. Ахэр, Къэрэшей-Черкесым щимызакъуэу, Урысей псоми, хамэ къэралхэми щагъэлъагъуэ. Апхуэдэу, мы къудамэм и студентхэм я lэдакъэщlэкlхэмкlэ зэхэгъэува гъэлъэгъуэныгъэр Францием, Австрием утыку щрахьащ. Апщыгъуэм ди хэгъуэгум и лlыщхьэри а форумым хэтати, студентхэм языхэз Къул Данэ и lэрыщl керамикэ вазэр Париж и музейм тыгъэ яхуищlауэ щытащ.
Къыхэгъэщыпхъэщи, а гъэлъэгъуэныгъэхэр студентхэм я lэрыкlхэмкlэ зэхэгъэувауэ фlэщ щlыгъуейщ, сыту жыпlэмэ, лэжьыгъэхэр узыфlэмыкlыжыну lэзагъ ин хэлъу щlащ. Мы къудамэм щеджэ, къэзыуха ныбжьыщlэхэр Дунейпсо творческэ зэхьэзэхуэхэм зэкъым зэрыщытекlуар.
Къинэмыщlауэ, егъэджакlуэм профориентационнэ мастер-классхэр къызэрегъэпэщ, ирегъэкlуэкl зэпыт. Эммэ бгъэдэлъ щlэныгъэмкlэ хэти дэгуэшэну хьэзырщ.
— Мы къудамэр си сабийуэ жыпlэ хъунущ, къэзгъэхъуащ, зедгъэужьащ. Щlэдгъэкlа, едгъэджа сабий псори соцlыхуж, куэдым зэпыщlэныгъэ ядызоlыгъ. Дызопсалъэ, дызэролъагъу, — и гуапэу къыхегъэщ егъэджакlуэм.
Жыlэпхъэщи, нобэкlэ мы къудамэр къэзухахэр цlыху 300-м щlегъу. Абыхэм дэтхэнэми Эммэ ныбжьэгъуи, унэтlакlуи яхуэхъуащ, ноби ящхьэщытщ, ятеубгъуащ. Гъуазджэр нэхъри куууэ зыхащlыным, ябгъэдэлъ зэчийр къызэlухыным хуабжьу ящхьэпащ. Ныбжьыщlэхэм ящыщ куэд ищхьэ еджапlэхэм щlыхьэжащ колледж нэужьым, нэгъуэщlхэри художественнэ еджапlэхэм, е рекламнэ агентствэхэм ящтащ. Арами, Эммэ зэрыжиlэмкlэ, зи lэпэм дыщэ къыпыщхэр здыщагъасэхэм я къудамэр къэзуха дэтхэнэми и зэчийм, ирагъэгъуэта щlэныгъэм хуэфэщэн лэжьапlэ игъуэткъым.
— Хуабжьу сигу къоуэ ди нэlэм щlэта цlыху зэчиифlэхэм яхуэфащэ лэжьапlэ lэнатlэ зэрамыгъуэтыр. Дэтхэнэри налъкъутым хуэдэщ. Си гур мэуз абыхэм ябгъэдэлъ зэчийр къыздагъэсэбэпын ямыгъуэту, ямыlэщlагъэ лэжьыгъэхэм зратын къащыхуэдэхуэкlэ. Ар дызыгъэгузавэ щытыкlэщ. Икlи, абы къыхэкlыу, а щытыкlэр щэнхабзэмкlэ министру къытехьэхэм язоlуэтылlэ. Иджы тет Агырбэ Зураб ди lуэхур зытетым щызогъэгъуазэ зэпыт, сызэхещlыкl. Къызэрыддэlэпыкъуфыну хэкlыпlэ къелъыхъуэ.
Сызэреплъымкlэ, ди республикэм туризмэм хуабжьу зеужь, зеубгъу. Ауэ щыхъукlэ, сувенирхэр икъукlэ фlыуэ здащl лъэщапlэ (мастерской) цlыкlу тыкуэни хэтыжу къытхузэрагъэпэщатэмэ, едгъэджахэми лэжьапlэ ягъуэтынут, хэгъуэгуми и щlыхьыр фlыкlэ къэзыгъэлъагъуэ lуэху зэфlихынут. Апхуэдэ лъэщапlэ-тыкуэн зэрыщыlэр яцlыхумэ, ди республикэм щыпсэухэри, хьэщlэхэри абы екlуэлlэнущ. Гъэщlэгъуэн зэращыхъунум шэч къытесхьэкъым.
Едгъэджахэм, дипломыр lэрылъхьэ зыхуэзыщlыфахэм дэтхэнэми и зэфlэкlыр лъэщщ, абыхэм дыкъызэрамыгъэукlытэнур сощlэ, — жеlэ Лэпыгъу Эммэ и «сабийхэм» еджапlэр къаухами, я къэкlуэнумкlэ зэрахуэгузавэр, зэращlэгупсысыр зыхэпщlэу.
ДПИ къудамэм къинэмыщlауэ, Лэпыгъум лъэпкъымкlэ, тхыдэмкlэ мыхьэнэшхуэ зиlэ зы lуэхугъуэ дахэ зэрихьащ – Москва къалэм «Декоративно-прикладное искусство Карачаево-Черкесии» тхылъыр 2021 гъэм къыщыдагъэкlащ.
Абы щызэхуэхьэсащ илъэс 30-м къриубыдэу Къэрэшей-Черкесым щыпсэу лъэпкъхэм я lэпщlэлъапщlагъэм теухуауэ Эммэ зригъэгъуэта щlэныгъэр. Абы ихуащ иллюстрацэ, фотографие, графическэ схемэ 200-м нэхърэ нэхъыбэ.
Теорие материалыр графическэ схемэхэмкlэ къэгъэлъэгъуащ, тхыдэ и лъэныкъуэкlэ зэпкърыхащ, лэжьыгъэр зэрыпщlын лъэбакъуэ къэс къэхьащ, сурэтхэр колледжым и студентхэми я лэжьыгъэхэм къыхэхащ. Жагъу хъур тхылъыр экземпляри 181-рэ фlэкl мыхъу къызэрыдэкlаращ. Зэрымащlэм къыхэкlыуи, ар нэхъри уасэншэ мэхъу.
Бзылъхугъэр и унагъуэкlи ехъулlащ. И щхьэгъусэмрэ (илъэситl хъуащ дунейм зэрехыжрэ) езымрэ пщащитl зэдапlащ — Динэрэ Данэрэ. Нэхъыжьым медицинэм зритащ, нэхъыщlэр анэм и лъагъуэм ирикlуащ. Ари колледжым дерс зэхуэмыдэхэмкlэ егъэджакlуэу щолажьэ. Пщащэр колледжым щеджащ, иужьым Санкт-Петербург дежи дизайнымкlэ институтыр къиухыжащ.
Ди тхыгъэр зытедухуа бзылъхугъэ къызэрымыкlуэр щlылъэм щхьэусыгъуэ, къалэн хэха иlэу Тхьэм къигъакlуэхэм ящыщу плъытэфынущ. Абы лъэкlамрэ, къызэригъэпэща лэжьыгъэ мыкlуэщlымрэ къыщlехъулlэри аращ.
Лэпыгъум игуэщl лэжьыгъэшхуэм и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ щlалэгъуалэ зэчиифlэхэр къыхэщыпыкlынымкlэ, гъэсэнымкlэ, цlыхубэ lэщlагъэхэр хъумэнымкlэ, гъуазджэм фlыуэ хэзыщlыкl lэщlагъэрылажьэхэр гъэхьэзырынымкlэ.
Ди щlалэгъуалэр цlыхубэ lэщlагъэхэм я дунейм хэухуэна зэрыхъум гугъапlэ къыдет Кавказым щыпсэу лъэпкъыжьхэм я щэнхабзэр мыкlуэдынымкlэ, къэщlэрэщlэжынымкlэ, щlэблэхэм зэlэпахынымкlэ.
Черкес Хэку