Журналист лэжьыгъэр нэхъ гугъухэм ящыщщ, ауэ зэ узэщIиубыдамэ, уиутIыпщыжкъым. Мы псалъэхэм купщIэу щIэлъыр щынэрылъагъущ нобэ зи гугъу фхуэтщIыну КУШПЭХЭ Маринэ Мухьэдин и пхъум и гуащIэдэкI лэжьыгъэм уриплъэмэ. Мы бзылъхугъэ гуакIуэм, нэмысыфIэм и гъащIэ псор республикэм и телевиденэм и редакцэм щрихьэкIащ, и щIалэгъуэм къыхиха IэщIагъэм зыкIи темызэшауэ, ноби а лэжьыгъэм пэрытщ.
Кушпэхэ Маринэ Черкесск къалэм дэт еджапIэ-интернатым, иужькIэ педучилищэм щеджащ. АдэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым. Абдеж урысыбзэмрэ литературэмкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. Мы ищхьэ еджапIэм магистратурэр къыщиухыжащ.
Маринэ 1993 гъэм лэжьэн щыщIидзащ «Карачаево-Черкесия» телевиденэм икIи илъэс 30 мэхъури, республикэ журналистикэм и гуащIэ хилъхьэу, фIыуэ илъагъу IэщIагъэм пэрытщ. Режиссерым и ассистенту къыщIидзэри, режиссеру, корреспонденту, хъыбарегъащIэхэр урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи иригъэкIуэкIыу, художественно-музыкальнэ редакцэм и редактору, хъыбарегъащIэ программэхэмкIэ унафэщIым и къуэдзэу, нэтынхэр адыгэбзэкIэ зыгъэхьэзыр къудамэм и журналисту лэжьащ. 2022 гъэм къыщыщIэдзауэ лъэпкъыбзэхэмкIэ нэтынхэм я редактор нэхъыщхьэщ.
КъинэмыщIауэ, Маринэ илъэс зэхуэмыдэхэм «НТР» телекомпанэм и журналисту лэжьащ. Москва къалэм и КъухьэпIэ округым и хъыбарегъащIэ программэм и редактору щытащ. «Мастерство ведения эфира» программэмкIэ и щIэныгъэм хигъэхъуащ.
Телевиденэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ, абы игъэхьэзыращ я зэхэлъыкIэкIэ, я жыпхъэкIэ зэмыщхь нэтын купщIафIэхэр. Ахэр телевизореплъхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, абыхэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Лъапсэ» зыфIища проектышхуэр. Абы ипкъ иту, Беслъэней къуажэмрэ Али-Бэрдыкъуэмрэ я тхыдэм, я къежьапIэ хъуам, нобэ я псэукIэм теухуауэ программитI игъэхьэзыращ. Ахэр къуажэдэсхэм хуабжьу ягу ирихьащ, фIыщIэ псалъэкIи куэд къыпэджэжащ.
«Дети с берегов Невы» нэтыныр УФ-м и журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт бзылъхугъэм и Iэпэ къыщIэкIа программэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыщ. Ар теухуащ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ беслъэнейдэсхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэмрэ гуеигъэмрэ — Ленинград блокадэм къраша сабий тхьэмыщкIэхэр къуажэдэсхэм зрашалIэу, езыхэм я быным хуэдэу, зэрапIыжам. Жылэм дэс цIыху гупцIанэхэр мыхъуамэ, ажалым зэрихьыну щытар, ятелъа хьэзабыр нэтыным деж къыщаIуэтэж гуауэр зи нэгум щIэкIа блокадникхэм.
Мы фильмыр 2003 гъэм Санкт-Петербург щызэхаша Урысейпсо фестивалым и лауреат хъуащ.
КъинэмыщIауэ, Маринэ игъэхьэзыра нэтынхэм щыщу гулъытэ къыхуащIащ усакIуэшхуэ Гъуэщокъуэ Хъусин илъэси 100 щрикъум ехъулIэу игъэхьэзыра, «Народу я отдал заветную песнь…» теплъэгъуэр. Ар 2013 гъэм Уфа къалэм щекIуэкIа, «Голос Евразии» Урысейпсо фестивалым и финалым хэхуащ.
Маринэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, абы фIэфIт ди нэхъыжьхэм япсэлъэну, абыхэм ятеухуауэ очеркхэр игъэхьэзырыну. Апхуэдэу, цIыхум и пщIэр зыIэт, ар лъэныкъуэ куэдкIэ къозы-гъэцIыху, и гурыгъу-гурыщIэхэм ущызыгъэгъуазэ нэтынхэр Маринэ ятриухуащ республикэм и лэжьакIуэфI куэдым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, журналист нэсым ди хэгъуэгум щыпсэухэм яригъэцIыхуащ пщIэ, щIыхь хуащIыну зыхуэфащэ нэхъыжьыфIхэр.
«Дыгъэ щыгъэ» сабий нэтыным и мыхьэнэр-щэ?! Мыр Маринэ къигупсыса проект гъуэзэджэщ. Абы ипкъ иту сабий нэтын гъэ-щIэгъуэнхэр игъэхьэзыращ журналистым. Бзылъхугъэ гуакIуэм и Iу щабэм, бзэ дахэм сыт хуэдэу сабийхэр дишэхрэт! Езыми зыкъы-зэриумысыжащи, сабийхэм ядэлэжьэну фIыуэ илъагъут икIи и Iэпэ къыщIэкI сабий нэтынхэр цIыкIухэми инхэми ягу дыхьэу хьэлэмэтыщэу къехъулIэт. Мы проектым илъэсищым зэрынэхьэскIэ елэжьати, лъэпкъыр зыхуэныкъуэ, сабийхэм я гъэсэныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэр къыщиIэтащ. Апхуэдэщ проектым ипкъ иту игъэхьэзыра, «Страна детства» зыфIища нэтыныр. Ар 2022 гъэм Дагъыстан хэгъуэгум щекIуэкIа «Голос Евразии» Урысейпсо фестивалым щытекIуащ.
—– Нэгъабэ Мэхъачкъалэ едгъэхьа программитхум щыщу, «Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ ятеухуа нэтын нэхъыфI» номинацэмкIэ текIуэныгъэр къихьащ «Страна детства» нэтыным. Ар зытезухуар Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыпсэу Хутэ Аслъэн и жэрдэмкIэ сабийхэм яхуищIа джэгупIэ утыку хьэлэмэтращ. Абдеж Аслъэн къуажэдэс цIыкIухэр лъэпкъым къадекIуэкIыу щыта сабий джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуегъасэ, IуэрыIуатэм щегъэгъуазэ, псынщIэрыпсалъэхэр жаIэфу, усэ къеджэфу щегъасэ.
Сабийр – ди гъащIэм хэт, уасэ зимыIэ насыпышхуэщ. А цIыкIухэм ятеухуа нэтынхэр сыт щыгъуи гуапэ, хьэрэмыгъэншэ мэхъу. Сабий нэтынхэр щызгъэхьэзыркIэ, фильмыр дахэ зыщIын теплъэгъуэ закъуэракъым гулъытэ зыхуэсщIыр, гъэсэныгъэ Iуэхугъуэр абыхэм къазэрыхэщыным мыхьэнэшхуэ изот. Аращ «Страна детства» программэри екIу зыщIар. Теплъэгъуэр псы Iуфэм, дунейм и дахагъэр къэзыгъэлъагъуэ щIыпIэ хьэлэмэтым щытетхами, абы нэхъыбэу къыхэщар, нэIурыт хъуар сабийхэм я хьэл-щэныр къэзытIэщI лъэпкъ джэгукIэхэращ, сабийм и гъэсэныгъэм хуэгъэзауэ абыхэм мыхьэнэуэ яIэращ. Абыхэм сабийхэм гукъыдэж кърат къарууфIэу, IэкIуэлъакIуэу, бэшэчу къэтэджыну, шыIэныгъэ зыхагъэлъыну, сыт щыгъуи текIуэныгъэм хущIэкъуну. Мы джэгукIэхэм лIыщIыгъуэ тхыдэ яIэщ. Ахэр ди нобэм хъума хъуащ. Хутэ Аслъэн хуэдэ гумызагъэхэм, лъэпкъыпсэхэм я фIыщIэкIэ. Аращ си нэтыным лъабжьэ хуэсщIар.
Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ мыпхуэдэ зэпеуэхэр куэдрэ къызэрызэрамыгъэпэщыр. Абы къыхэкIыу, къытхуагъэфэща текIуэныгъэм мыхьэ-нэшхуэ иIэщ, — къыддогуашэ ди лэжьэгъур.
Хэгъуэгу журналистикэм хуищIа хэлъхьэныгъэм, илъэс куэд щIауэ псэ хьэлэлкIэ зэрылажьэм папщIэ, Кушпэхэ Маринэ къыхуагъэфэщащ «Къэрэшей-Черкесым щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр.
— Илъэс бжыгъэкIэ фIыуэ слъагъу IэщIагъэм гурэ псэкIэ сызэрыпэрытам къысхуихьащ иджырей цIэ лъапIэр. Лъэпкъ журналистикэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, абы зи гуащIэ хэзылъхьа ди нэхъыжьхэм я Iуэхум къыпысщэу аращ сэри, си гуапэщ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм хэлъхьэныгъэ гуэр хуэсщIыфамэ. Хуабжьу сахуэарэзыщ мы IэщIагъэм сыхэзэгъэнымкIэ, лъэ быдэкIэ сыувынымкIэ сэбэп къысхуэхъуа егъэджакIуэхэмрэ сызыдэлэжьа журналист нэхъыжьхэмрэ, — жеIэ Маринэ.
Маринэ унагъуэ дахэ иIэщ. Зэщхьэгъусэхэм хъыджэбз дыгъэ-щыгъэ цIыкIуитI зэдапI. Бзылъхугъэ щыпкъэр, цIыху Iущыр, лэжьакIуэ гумызагъэр, ныбжьэгъу пэжыр, анэ гумащIэр и гурылъыфI псоми IэкIэ теIэбэну, узыншагъэрэ гукъыдэжрэ щымыщIэну дохъуэхъу!
Черкес Хэку