Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

«Нокlуэж Камил нокlуэж!»

Хъыджэбз дахэ зихьэщlэ унагъуэм, мыувыlэуэ хьэщlэ лъагъуэ къахуэкlуэт. А пщыхьэщхьэми, адрыщl щlалэхэм янэхъыжь гупыр, хъыджэбз хьэщlэм уэршэракlуэ къыхуэкlуахэт. Уэршэрым зэlэпишэурэ, жэшыр фlыуэ хэкlуэтами, щlалэхэм ежьэжын гугъу ящlтэкъым.

Хъыджэбз хьэщlэм бэгъэдагъэс гъунэгъу хъыджэбзым (Нуртан) я дэми (Камил) къуажэ щlалэхэр, фlэлъыкlыуэ апхуэдэт. Унагъуэм (Хьэщlэр зэр) я адэшыпхъужьыри (Джыуи) мыбы фlыуэ щыгъуазэт. Джыуир, нырикlукl- къырикlукlыуэ хьэщlэщыбжэм lутыуэ, щlалэ гъуалэ уэршэрыр нэхъри къыщызэщlэплъэм щlыбым щlэкlщ хьэщlэщ щхьэгъубжэм къыщlэувэщ аби, емыжьэжхэм захиригъэхыуэ;

«Нокlуэж Камил нокlуэж!» жиlэщ. Хъыджэбз уэршэр зыщlхэм, ‘Нокlуэж’ыр щызыхахым, хьэщlэр ягу къыщlитхъми, тэджыжащ жи.

Тэджыжа гупыр, лъэмыжь цlыкlум икlыжыуэ, Камилыри мыдрыщlым къикlыжыуэ, шокъу жиlэуэ щызэхуэзэм щlалэхэм,

«Дыбгъэунэхъуащ Джыуи! Нокlуэж Джыуи! Нокlуэж, Камил!» жаlэс жи.

 

Къэзыlуэтэжар: Къалмыкъ Зухьэлщ. Узын Яйлэ, Хьэпэщlей щыщщ. Илъ.69 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Кӏэтроф хэлъхьакӏэ

Бгъурбащ ӏэслэнхьэблэхэр, Бэзэрсу нысэ къашэну кӏуати, нысашэр дахэу къагъэхьэщӏэс, псори зыфӏэкӏс, тхьэмадэхэри зыхуэарэзыу, янысэри хьэзыру къежьэжынупэт; Бэзэрсухэм: -Яу Бгъурбащхэр фыкъэкӏуауэ фокӏуэж! Дэ ды ӏузуняйлэс. Дэ...

Накlуэр дэвмыгъэхьэмэ…

Кlыщхэ Севым Жыгкlыхьхэ ядэкlуэсати, Абэзэ Мурат дей яхьыжас. Абэзэ Мурат и ныситlри, Шэрэфиес*. Севыми кlуэри, щы! Хьэкуцырэ къыхуагъэкlуат; «фикlуэдар мыбы щыlэс!» жари. Хьэкуцырэ щыхыдас: -Кlуэр дагъэхьэ кlуэр...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img