Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Бзэр лъэпкъым и фащэщ

Шэшэн Лацэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Бжыгъэ технологиехэмрэ зэхэщlыкl lэрыщlымкlэ и институтым и магистратурэм щlэс Шэшэн Лацэ зэхигъэуващ адыгэбзэр тыншу яджынымкlэ «Псалъэ» зыфlища сайтыр.

Ар иджыблагъэ абы утыку къыщрихьащ Кавказ Ищхъэрэм и щlэныгъэлl ныбжьыщlэхэм я проектхэр щагъэлъэгъуа XVIII зэхыхьэм. Хъыджэбзым упщlэ зыбжанэкlэ зыхуэдгъэзащ lуэхум елэжьын хуей щlэхъуам, ар къызэригупсысам теухуауэ.


-Мы проектым хуэдэ диlэн зэрыхуейм илъэс зыбжанэ хъуауэ согупсыс – япэ курсым адыгэбзэм и зэхэлъыкlэмрэ ар нэгъуэщlхэм къазэрыщхьэщыкlымрэ дагъэджын щыщlадзам щегъэжьауэ. Ауэ абы щыгъуэм а lуэхум хэсщlыкlыр мащlэти, еплlанэ курсым и кlэм лэжьыгъэм и ужь сихьауэ аращ. Адыгэбзэмрэ лъэпкъ lуэхухэмрэ сыдригъэхьэхащ си адэм: ар хэкури ди лъэпкъри фlыуэ зылъагъущ, адыгэбзэкlэ фlэкlаи къызэпсалъэртэкъым. Къапщтэмэ, аращ си бзэм хузиlэ лъагъуныгъэр къысхэзылъхьар. Апхуэдэуи си гукъэкlыж нэхъыфlхэм ящыщщ щэбэт къэс папэ и гъусэу дытlысурэ, «Адыгэ псалъэ» газетым къытехуэ псалъэзэблэдзыр тщlыжу зэрыщытар.

 

-Сайтыр дауэ зэхэт, сыт нэхъыбэу зытещlыхьар, Лацэ?

-Ар зэхэгъэувэныр иджыри и кlэм нэсыпакъым. Абдеж адыгэбзэ зымыщlэхэм е мащlэ дыдэу фlэкlа къэзымыгъэсэбэпыфхэм зыщыщагъэгъуэзэфынущ къэпсэлъыкlэми тхыкlэми. Упщlэхэр, дерсхэр джэгукlэ жыпхъэм иту щытынущ, апхуэдэ lэмалкlэ цlыхум нэхъ щlэхыу бзэр къызэрищтэр, нэхъыбэ игу ириубыдэфу зэрыщытыр къэлъытауэ. Сэ мызэ-мытlэу щыхьэт сытехъуащ бзэр джынымкlэ мыпхуэдэ лэжьыгъэ гуэрхэр (гугъу демыхьу езыр-езыру зэрагъэщlэфын хуэдэу) цlыхум зэрамыгъуэтым къыхэкlыу, анэдэлъхубзэр lэщlыб яфlэхъужу. А lуэхум уримыгузавэу хъунукъым икlи сыщогугъ «Псалъэ» проектыр абы и хэкlыпlэхэм ящыщ зы хъуну.

 

-Псалъэхэр къыхэхынымкlэ, упщlэхэр зэхэгъэувэнымкlэ зыгуэрхэм уечэнджэщрэ?

-Шэч хэмылъу. Мы lуэхум ехьэлlауэ сыт и лъэныкъуэкlи чэнджэщэгъуу сиlэщ КъБКъУ-м адыгэбзэмкlэ и кафедрэм и егъэджакlуэ Къардэн Мусэдин. Абы дерсхэр зэрызэхагъэувэм теухуауэ сыхьэт 60-м нэс къызэщlиубыдэу езым игъэхьэзырахэр къызитауэ сыхоплъэ, икъукlэ фlыщlэшхуэ хузощl. Мыдрейуэ программэм и теплъэ хъунумрэ сабийхэр егъэджэнымкlэ щыlэ жыпхъэхэмрэ сэ къызох литературэ зэхуэмыдэхэм, интернетым.

 

-Щlэныгъэлl ныбжьыщlэхэм я проектхэр иджыблагъэ щагъэлъэгъуа XVIII зэхыхьэм КъБР-м и Парламентым и депутатхэм уи лэжьыгъэм гулъытэ щыхуащlащ.

-Пэжщ. Абыхэм си lуэхур къызэрысдаlыгъыр къыхагъэщащ, гу зылъыстапхъэхэри къызжаlащ. Псом хуэмыдэу егъэджэныгъэм и lэмалхэм нэхъ куууэ зыщызгъэгъуэзэну депутатхэм чэнджэщ къызатащ. Шэч хэмылъу, абы и ужь ситынущ.

 

-Гъэлъэгъуэныгъэм «Социальнэ проект нэхъыфl» и lыхьэм текlуэныгъэр къыщыпхуагъэфэщащ. Адэкlэ дауэ lуэхум зебгъэужьыну? Сытхэр уи мурад?

-Сайтым адыгэбзэр зэрыщаджыну тхыгъэхэм къищынэмыщlа, адыгэ псалъалъи къыщыбгъуэту сщlыну си мурадщ. Псалъэхэмрэ псалъэухахэмрэ макъкlэ зэрыlуми абдеж ущедэlуэфу щlыным иджыпсту иужь сихьащ. Дерсхэм я бжыгъэр зыхуэдизынур пыухыкlауэ схужыlэнукъым, зэман-зэманкlэрэ щlэхэр хэдгъэхьэу, щlыдгъуу тщlынущ. Адэкlэ лэжьыгъэм и дизайныр нэхъ щlэщыгъуэу икlи тыншу зэхэгъэувэным сегупсысынущ, нэгъуэщl къалэн куэди зыхузогъэувыж. Ахэр псори хьэзыр хъумэ, абы итыр инджылызыбзэкlи зэдзэкlауэ сщlыну си гугъэщ. Нэгъуэщlу жыпlэмэ, мурадхэр куэд мэхъу.

 

-Упсэу, Лацэ! Тхьэм ухущlигъэхьэ.

 

(Адыгэ Псалъэ)

Yazarın Diğer Yazıları

Тхыдэмрэ хьэпшыпымрэ зэрызэпыщlар

Сыт хуэдэ лъэпкъми иlащ зэман гугъухэр, шынагъуэхэр. Ауэ абыхэм пхрыкlыфам дунейм увыпlэ щхьэхуэ щигъуэтащ. Ди лъэпкъым ихъумащ и Адыгэ Хабзэр, Адыгэбзэр, Адыгагъэр икlи дэтхэнэ...

Бзурэ пэт и абгъуэр къелъыхъуэж

Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэр ди лъэпкъэгъухэм тIууащIэу къазэрытехьэлъам шэч хэлътэкъым - едэпщанэу Iэпхъуэшапхъуэхэм хэхуэн хуейт?! «ГУГЪУЩ, дауи, уи пщIэнтIэпскIэ унэ-лъапсэр зэфIэбгъэувауэ «иджы сыпсэунщ» щыжыпIэ дыдэм...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img