Дунейм lэщlагъэ куэд щыlэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри щхьэпэщ, гъэщlэгъуэнщ, цlыхухэр зыхуейщ. Арщхьэкlэ щыlэщ lэщlагъэ, псом нэхърэ нэхъ ягъэлъапlэу, ягъэнэхъыщхьэу, lэщlагъэу щыlэм я анэу ялъытэу. Ар егъэджакlуэ lэщlагъэрщ. Гурэ псэкlэ ар къыхэзыха цlыхурщ егъэджакlуэ нэс хъур, щlэблэм щапхъэфl яхуэхъуу.
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ lэнатlэм илъэс 50-м щlигъуауэ гурэ псэкlэ пэрытщ ди тхыгъэр зытеухуа бзылъхугъэр. Ар Лlыlэщын Людмилэ (Люсэ) Хьэмырзэ и пхъурщ. Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ипщэ (Астемырей) къуажэм щыпсэу адыгэ унагъуэм къыщалъхуащ Людмилэ. Зэрыцlыкlурэ ар къэхъуащ и анэдэлъхубзэр фlыуэ илъагъуу, абы и lэфlагъыр, дахагъыр зыхищlэу. Езым зэрыжиlэмкlэ, абыкlэ фlыщlэшхуэ ябгъэдэлъщ ар къызыхэкlа унагъуэм и нэхъыжьыфlхэм, курыт школым щезыгъэджахэм.
Адыгэбзэм апхуэдэ гурылъхэр хуиlэу, абыкlэ бгъэдэлъ зэфlэкlхэм адэкlи хигъэхъуэным хущlэкъуу курыт школыр къиухащ Людмилэ. Япэщlыкlэ ар щеджащ Налшык дэт педучилищэм (иджы колледжым). Ар ехъулlэныгъэкlэ къиухащ, пэщlэдзэ классхэм я егъэджакlуэ lэщlагъэр зригъэгъуэтауэ. Иужькlэ и щlэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкlэ, адыгэбзэмрэ литературэмкlэ и къудамэм.
Егъэджакlуэм япэ лъэбакъуэхэр щичащ Арыкъ, Акъбащ Ипщэ къуажэхэм щыlэ курыт школхэм. Адэкlэ щылэжьащ Налшык дэт курыт школ №8-м, Кэнжэ жылэм и курыт еджапlэ №20-м. Зыпэрыт лэжьыгъэм хуэжыджэр, зи lэщlагъэр гурэ псэкlэ зылъагъу Лlыlэщыным егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм ехъулlэныгъэфlхэр щызыlэригъэхьащ зэман кlэщlым къриубыдэу. Абы и дерсхэр купщlафlэт, сабийхэм дапщэщи яфlэщlэщыгъуэт, анэдэлъхубзэм щlэблэр дригъэхьэхыным хущlэкъуу lэмал зэмылlэужьыгъуэхэр къыщигъэсэбэпырт. Лэжьыгъэфlым и хъерым куэдрэ зыпигъэплъакъым Людмилэ. Егъэджакlуэм и гъэсэнхэр щlэх-щlэхыурэ хэтт къалэ, республикэ зэпеуэхэм, увыпlэфlхэр зыlэрагъэхьэу. Абыхэм я текlуэныгъэхэм зи лъэр нэхъри жан ищl унэтlакlуэм и пщlэри нэхъ лъагэ щыхъурт зыщылажьэ гупым, иригъаджэхэм, абыхэм я адэ-анэхэм я деж. Куэд дэмыкlыу абы дзыхь къыхуащlащ школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщl къалэныр. А лэжьыгъэри къызыхуэтыншэу илъэс зыбжанэкlэ ирихьэкlащ егъэджакlуэ пашэм. Абы и нэlэм щlэту еджапlэм щекlуэкlырт анэдэлъхубзэмкlэ мазэ лэжьыгъэхэр, къыщызэрагъэпэщырт дерс зэlухахэр, классщlыб зэlущlэхэр.
Зи лэжьыгъэмкlэ категорие лъагэ зиlэ, зэфlэкlышхуэ зыбгъэдэлъ бзылъхугъэр l995 гъэм методисту ирагъэблэгъащ Налшык администрацэм егъэджэныгъэмкlэ и департаментым. Мы зэманым Людмилэ lуэхущlапlэм и лэжьакlуэ пашэхэм ящыщщ. Егъэджакlуэ lэкlуэлъакlуэм, унэтlакlуэ lэзэм и пщэ илъщ къалэ школхэм анэдэлъхубзэхэмкlэ щекlуэкl лэжьыгъэ псори игъэтэрэзыну, лэжьыгъэм зэран къыхуэхъу лъэпощхьэпохэр игъэтэмэмыну, чэнджэщ хуэныкъуэхэм защlигъэкъуэну.
– Къытщlэхъуэ щlэблэм анэдэлъхубзэр яlурылъу, ар гъащlэм къыщагъэсэбэпу, абы и lэфlагъыр зыхащlэу къэгъэтэджыныр лъэпкъым щыщ дэтхэнэ балигъми ди пащхьэ къит къалэн инхэм ящыщщ, – жеlэ Людмилэ. – Абыкlэ жэуапышхуэ дохь адыгэбзэр школхэм щезыгъэджхэм. Ди анэбзэр хъума, ефlэкlуа хъун, ар сабийм фlыуэ едгъэлъагъун папщlэ, къэдгъэсэбэпын хуейщ lэмал зэмылlэужьыгъуэхэр, анэдэлъхубзэм худиlэ щытыкlэмкlэ, хуэтщl гулъытэмрэ пщlэмкlэ дэ езыр щапхъэ дахуэхъун хуейщ ныбжьыщlэхэм. Апхуэдэ жэуаплыныгъэ ин зыхищlэу пэрытщ Лlыlэщыныр и lэнатlэм, ехъулlэныгъэхэр щызыlэригъэхьэу, къыдэлажьэхэм, егъэджакlуэ ныбжьыщlэхэм абыкlэ ядэгуашэу. Лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакlуэ lэкlуэлъакlуэм, зи къалэнхэм творческэу бгъэдыхьэ егъэджакlуэм къыхуащl пщlэмрэ нэмысымрэ я лъабжьэри къыхужаlэ фlыщlэ псалъэхэм я тегъэщlапlэри аращ.
– Лlыlэщын Людмилэ зи лэжьыгъэм фlыуэ хэзыщlыкl цlыхущ. Анэдэлъхубзэмкlэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр курыт школым зэрыщегъэкlуэкlыпхъэм и щапхъэу езым и lуэху зехьэкlэр щыту, ар фlы куэдым я жэрдэмщlакlуэщ. Ар и зэхэублакlуэщ анэдэлъхубзэр хъумэным хуэгъэпсауэ ди школхэм щекlуэкl зэlущlэ хьэлэмэтхэм, зэпеуэ гъэщlэгъуэнхэм, пшыхь хьэлэмэтхэм, – жаlэ адыгэбзэр къалащхьэм щезыгъэджхэм. – Ди унэтlакlуэ икlи ди чэнджэщэгъуфl Людмилэ и лэжьыгъэм хьэлэлу зэрыбгъэдэтым къыдэкlуэу, икlи цlыху гуапэщ, нэмысрэ лъэпкъ гъэсэныгъэ дахэрэ зыхэлъ бзылъхугъэщ, унэгуащэ lэкlуэлъакlуэщ, анэ гумащlэщ. Апхуэдэ цlыху зэпlэзэрытым и мурадхэр къехъулlэу дунейм тетыну ди гуапэщ.
lэнатlэм щиlэ фlыщlэхэм папщlэ Лlыlэщын Людмилэ къратащ КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щlэныгъэмкlэ и министерствэм, къалэ департаментым, РАН-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкlэ и Къэбэрдей-Балъкъэр институтым, «Интернет-егъэджэныгъэ» федерацэм и щlыналъэ къудамэм къабгъэдэкl щlыхь тхылъхэр. 2008 гъэм Людмилэ щытекlуащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа «Егъэджэныгъэ» проектым ипкъ иткlэ екlуэкlа къэралпсо зэпеуэм икlи «Егъэджакlуэ нэхъыфl» цlэ лъапlэм щlыгъуу ахъшэ саугъэти къыхуагъэфэщащ.
Гъащlэм и лъэныкъуэ куэдымкlэ щапхъэу къалъытэ адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэ Лlыlэщын Людмилэ и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ. Зыпэрыт lэнатlэм ехъулlэныгъэщlэхэр щызыlэригъэхьэну, и мурадыфlхэр къехъулlэну, насыпу къилъытэ псомкlи Тхьэр къыхуэупсэну ди гуапэщ.
(Адыгэ Псалъэ)