Мазаем 21-м, Дунейпсо Анэдэлъхубзэ Махуэм Адыгэбзэрэ АбазэбзэкIэ гущэкъу уэрэдхэр зэрыт «Нанэ и гущэкъу уэрэдхэр» зи цIэ альбомыр «Калан Мюзык» этикеткIэ дижитал (бжыгъэрылъанэ) плэтформхэм къыщыдэкIэщ.
И альбомымрэ и лэжьыгъэхэмрэ щхьэкIэ дигу къэкIыу хуам папщIэ деупщIащ Мэрем Гуокхъэн Шэн, «Хэхэс – Адыгэ Пшыналъэхэр 3» зи цIэ альбомыр и гъэхьэзырынымрэ нэгъуэщI и лъэжыгъэр IэщIыб ишыу ди упщIэхэм пэдзыж къызэрирытыжьам папщIэ фIыщIэ худощIыр.
-ФызмыцIыхухэм папщIэ тIэкIу зыкъыдэвгъэцIыхуфынкъэ? Сыт щыгъуэ фи музыкэ гъуэгуанэр (адыгэ музыкэм, музыкэр дуней псори зыщыгъуазэ пэтми) къыщыщIидзар, дауэ зиужьа?
-Къайсэр, Узун-Яйла Инарыкъуейм (Узунпынар) сыкъыщыхъуащ сэ. Къэбэрдэй Мэрем унэгъум сыщыщщ. Си анэщ лъэныкъуэри Ащкъэрыуэ (Абазэ) Джэтгэрхэщ. Ди унэгъуэцIэм и пэжыр Мэремщ, ауэ ипэм цIэ лъэй зыфIащын хабзэти, си дадэ и ныбжьэгъухэр алыгъэ акценткIэ «хьэж» къыпэгъэувети апхудэу къеджэхэт. Интернат дунэйм зиубгъу икIи социал хъыбарыщIэ платформэхэр ди гъащIэм къыхэхьэу зэрыщидзэу «Хьэжмэрем» цIэр зесхьэу щIэздзэщ. А лъандэрэ и нэхъыбэм сэри си унагъуэри «Хьэжмэрем»ущ зэрацIыхур.
Университетым нэс си сабиигъуэр Къайсэр къалэм щызгъэкIуащ, курыт еджапIэри аращ къыщызухар. Университетым сэзджан папщIэ Инджылызым сыщыIэщ. Саутгемптон Солент Университетым «бизнес менеджмент» къудамэр къыщызухащ. Анкара къалъэм компьютер тхыгъэмрэ технологием теухуэу лъэжьа зы компание диIэу мы ухухэм дытолэжьыхь.
СызэрыцIыкIу лъандэрэ макъамэхэр сфIэфIу щытащ. ЗэрысщIэжрэ 45, 60 икIи 90 ху магнитофон кассетэхэр сфIэгъэщIэгъуэну зэхуэсхьэсу щытащ. Иорданием, Сирием, Узун-Яйлам, Хэкум къикIауэ, и нэхъыбэр адыгэ джэгухэм е заущэхэм, зэхуэсхэм, уэршэрхэм щытрагъэщэха кассетэхэр къысIэрыхьэт. А лъэхъэнэм радиокIэ музыкэм едэIуэным нэмыщI зэфIэкIыпIэ закъуэр кассэт зыгъэджэгут. Сыт хуэдэми унэхэм нэхъыбэмрэ, машинэ псоми кассэт зыгъэджэгу щыбгъуэтт. Унэ зыбжанэм кассэт гъуитI иIэу икIи и IэщIагъэхэр нэхъыбэу кассэт джэгуакIуэхэм у щыхузеи хурт. Мы кассэт джэгуакIуэхэм игъуэ лъэныкъуэмкIэ копие зытесхыну кассэтыр, кассэт къабзэри адреймкIэ ислъхьэти копиехэр тесхти мыхэр си цIыхугъэхэм ястт. Зэзэмызэ кассэт къабзэ къэгъуэтыныр гугъу хъути, абы къыхэкIыу къыхэщIыкIа Тырку Хьэлъкъ е арабэскъ музыкэ зытет кассэтхэм копиехэр тырезгъэтхэт. Абы и ужькIэ щытыкIэ гушыIэ къэхъурт. КъэпсэлъапIэ кассэтыр плIыщIрэ тхурэ хъуауэ, ауэ сыт щыгъуи сигу пыкIыу унэм щIэлъ кассэт закъуэр, Ибрахим Татлысес и кассэту и кIыхьагъри хыщI хууэ. Псалъэм щхьэкIэ жыпIэмэ, къэпсэлъапIэ лъэныкъуэр плIыщIрэ тхурэ, адрей лъэныкъуэр хыщI хууэуа, къэна пщыкIутхур нэщIыуэ къанэрт. Адыгэ пшыналъэр зытет копие кассэтым ущIэдэIуакIэ зэуэ Ибрахим Татлысес и уэрэдым ухуэкIуэжырт.
Сэ курыт еджапIэм и иужьрей классым сыщеджащ, аккордеон щыджэу щысщIам. Си зы цIыхугъэм деж, кIуэд лъандэрэ сигу ирих «Хохнер Студент» аккордеон плъыжьыр къыщысщэхури, хуэм хуэмрэ зэзгъэщауи щIэздзэщ. 2006 е 2007 гъэм си ныбжьэгъу зыбжанэрэ сэрэ «УэрэдакIуэ» зыфIэтщIа компакт-дискъыр махуищым и кIуэцIым къыщIэдгъэкIащ. Абы и ужькIэ къыщIидзащ ди музыкэр Iэмал зэриIэкIэ IэщIагъэ нэхъыбэкIэ тхыным и Iуэхур.
Си ныбжьэгъухэр си гъусэу къэдублэу щыта «Хэxэc – Адыгэ Пшыналъэхэр» зи цIэ лъэжыгъэр зэмыакъылэгъуныгъэм къыхэкIыу си закъуэ и кIэм нэзгъэсыжащ. 2010 гъэм къыдэкIа альбомым дыщелъэж лъэхъэнэм «Радикал Газет»ым и журналист Айча Орер, Хьэсан Салтыкырэ сэрэ дызригъэцIыхуащ. Хьэсан Салтык, адыгэ альбом къыдигъэкIыну и Iуэху зэрихуауэ гу зэрылъыстэу сызытелэжьыхь альбомыр сыгъэпсынщIэри 2010 гъэм Налшык къалэм щызухэщ. А махуэм къыщыщIэдзауэ си лэжьыгъэхэр «Калан Мюзык»ым щызогъэзащIэ. «Хэxэc – Адыгэ Пшыналъэхэр 2» альбомым сэ 2011 гъэм Налшык къалэм щыстхыуи езгъэжьащ, ар 2014 гъэм «Калан Мюзык»ым Истамбыл къалэм дэт и музыкэ студием щыдухьыри цIыхухэм я пащIхэм къитлъхьэщ.
-Мазаем 21-м, Дунейпсо Анэдэлъхубзэ Махуэ хуэдэ махуэ мыхьэнэшхуэм «Нанэ и гущэкъу уэрэдхэр» зи цIэ альбомыр «Калан Мюзык» этикеткIэ утыку кIифIлъхьэщ.
«Хэхэс» альбомхэм иуж гущэкъу уэрэдхэм хуэду гугъу икIи зэхьуэкъэ зы Iухум фытелэжьыхьын сыт щыгъуэ, дауэ зэрыщывдзэр? Мы альбомым зыхуэвгъэхьэзырын и щхьэусыгъуэхэмрэ абы къикъуэ лъэхъэнэр тIэкIу къыджефIэну пIэрэ?
-ИлъэситI хуэдиз ипэкIэ, си зы ныбжьэгъу, си цIыхугъэхэм я сабийр щагъэжейкIэ французыбзэкIи инджылызыбзэкIи гущэкъу уэрэдхэм зэрыщIагъэдэIум гу лъыстащ. БзитIри зий зэрамыщIэм къыхэкIыу сайупщIащ; сыт щыхьэ мыпхуэдэу щIэфщIыр жысIэри, абыхэм жэуапу; «а бзитIым сабийм и тхьэкIумэр есэнщ, къыдэкIуэтеймэ нэхъ тыншу бзитIри зэригъэщIэнщ» къызжаIащ. Мыбы адыгэбзэ егъэщIэным хилъхьэну фIыгъэм а пщыхьэщхьэм сегупсысащ.
ИужькIэ, сэ сыцIыху егъэджакIуэ е сабий гъэхъунымкIэ IэщIагъэ зиIэ цIыхухэм я дэсщIэ уэршэрхэм иужьым къэсщIащ, сабиигъуэм зэхиха зэдаIуэ псалъэхэр куэдрэ и гум къэкIыжу зэрыщытыр.
Сэ сыт щыгъуи нану цIыкIухэм фIыуэ сагурыIуэу щIытащ. Сэ сабий симыIэ пэтми, сэ сабий мащэ си къуэщIым щызгъуэудэуIэкIым, мащэрэ щызгъэжьэякIым, мащэрэ и лъэбхьэр зэсхьуэкъэкIым, цIыкIу гъуер мащэрэ зыгъэудэуIэкIым. Сабийхэм я мотор IэщIагъэхэр зэригъэхъуным щыгъуэу сэ къызгурыIуащ цIыкIухэм, псом хуэмыдэу зэпсалъэ IэмэпсымэхэмкIэ абыхэм хуиту сазырыгурыуэм гу лъыстащ. Сабийм, хьэ лъакъуипIлъу къипщыхьу щидзэху е езыр-езыру нану хьэпшыпхэм ириджэгуф хуху е унэрыIыгъэ псэущхьэхэм ядэджэгу щидзэху къикъу зэманыр абы къыщхьэпэн зы лъэжыгъэкIэ егъэкъукъыныр дэгъуэ зырыхунум и унэфэр къэсщтащ. Сэ а Iуэхугъуэхэм епхауэ IэщIагъэрэ, зэфIэкъэныгъэрэ сиIэкъым. Ауэ а цIыкIухэр нэгъуэщI бзэкIэ гущэкъу уэрэд едаIуэмэ, сыт я анэдэлъхубзэкIэ адыгэбзэкIэ гущэкъу уэрэд щIэмыдэуныр жысIэу согупсыс.
А гупсысэр проекту зыгъэпсу альбому къыдэзгъэкIыну гъуэгу сыщытехьэм щыгъуэ Налшык къалъэм щыпсэу Шыбзыхъуэ Астемыр и архивхэм хэплъыхьу игъуэт гущэкъу уэрэд материалъхэр къысхуыригъэхын папщIэ селъэуэщ. Абыи, икIи бжыгъэрылъанэу икIи тхылъу къысщхьэпэн материаль куэд къысIэригъэхьэщ.
Шыбзыхъуэм къысхуригъэхьа макъхэм я нэхъыбэр 1960-1970 гъэхэм КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжауэ щытащ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, Зырамыку ди лъэхъэнэм къынэса уэрэдыж, гъыбзэ тхыгъэхэм и нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм и архивист, тхыгъэ къэзыгъэлъагъуэу, зыхузыхьэс нэхъыщхьэщ.
Ди гъащIэм, ди щэнхабзэм къалэдэс хабзэхэри сымащIэ лъэхъэнэм Зырамыку, къуажэхэр къызэхикIухьурэ, зыхуэзэ цIыхухэм яупщIурэ, сабий уэрэдхэр, гущэкъу уэрэдхэр жызыIэхэр лъыхуэм къигъуэтурэ а махуэхэм щыIэ технологиехэр къигъэсэбэпурэ зэхуихьэсыжауэ щытащ. Тхыгъэ макъхэм псоми мелодие иIэтэкъыми, нэхъыщхьэращи, тхыгъэр зэрытха макъым и фIагъыр щIагъуэтэкъым, къабзэтэкъым, тхыгъэр макъхэр зэхэтхыну гугъу дехът.
Мы лъэхъэнэм псалъэхэр нэхь захуэу утукъу къитлъхьэнымкIэ си ныбжьэгъу Гъут Эрдогъан Боз икъукъэ къызэдэIэпукъэщ. Дэ, тхыгъэ макъхэм куэдрэ къытедгъазэурэ дедэIуэжурэ, макъхэр къэдубыдурэ, уэрэдхэр къиттхыкIащ, ди тхыгъэхэр захуэ зэрыхъуэр дифIэщ хуIа нэужь тедзэн лъэхъэнэм дыхуэкъущ.
Мы ди лъэжъыгъэхэр зы лъэныкъуэкIэ щэдгъэкъуэкым, зы лъэныкъуэкlэи алъбомым и теплъэм папщIэ Налшык бзэмрэ щэнхабзэмрэ телъэжьых и нахыбэу Бжыгъэрылъанэм щылъажьэ «Джэрэз» гупым, и IэдакъэщIэкIхэр сигу йрих щIэныгъэшхуэ зиIэ сурэтыщ ХьэхъупащIэ Астемыр сэпсэлъащ. Ди нобэм сурэтхэмрэ теплъэхэмрэ и нэхъыбэр Бжыгъэрылъанэ утыкум щIэщI. Астемыр, и IэдакъэщIэкIымрэ технологи зэфIэкIхэмрэ зэщIыгъу зыгъэщIэрыуэ, щIэныгъэшхуэ зиIэ сурэтыщI, и цIэр къакуэ лъэхъэным къуэдырэ зыхэтхыну си фIэщ мэхъу.
Тхыгъэ макъ псори икIи mix-mastering лэжьыгъэхэри зэфIэкIа нэужь утыку къихьэ хуэр сигу иримыхыу Анкара къалъэм щыпсэу си ныбжьэгъу Хъуажь Метин деж сыкуэщ. Метин тхьэмахуищ хуэдизкIэ mix-mastering Iухум телэжьыхьыжа нэужь дыухуэ макъ тхыгъэхэмрэ дыгъэхьэзыра теплъэхэмрэ «Калан Мюзык»ым естащ.
Iуэхур альбомыр къыдэгъэкIыным къыщынэсым, ипэкIэ зэфIэдгъэкIыуэ сызэгупсыс министерствэ документхэмрэ нэгъущ хуитыныгъэ Iухуххэмрэ гугъуехьу ди пащIхэ къралъхэжащ. А лъэхъэнэм дыкъэсыху сэ, Iэпэ зытеддзэ документхэр щэрыщэу дыгъэхьэзырыжу икIи иджыри къэс щIэттхыкIа тхылъым, адыгэбзэкIэ тха псори тырку тэрмэшымкIэ латин хьэрфхэмкIэ зэрызэддзэкIыжын зэрыхуэр къызжаIэщ. Абдежым гугъуехьышхуэ диIэщ.
ИкIи альбомыр къыщIыдэдгъэкI гупсысэхэм икIи ипэкIэ дызэрызгурыIуэ Iуэхугъуэхэм темытыж щыхум сэри яхуэзмыдэу сукъуэдиящ. ИкIэм мы альбомыр Мазаем 21-м, Дунейпсо Анэдэлъхубзэ Махуэм къыщIэдмыгъэкIыфIмэ «Калан Мюзык» этикеткIэ къыдезмыгъэкIу сэ си цIэкIэ си социал мэдия хесэпхэм къыщыдэзгъэкIынущ жысIэри я жэсащ. ИкIэм – икIэжым ипэкIэ хъуну хэкIыпIэ иIэкъым жыхуаIэхэр хуари сымыщэIу псори сызэрихуэу зэфэкIри альбомыр Мазаем 21-м дунейм къытехьэщ.
-КъызэрызгурыIуамкIэ Абазэбзэу тIу инструментальнэу тIум нэмыщI къэна гущэкъу уэрэдхэм псэури адыгэбзэщ. Къэхутэныгъэхэмрэ зэхуэхьэсынымрэ дэнэ къзэдикIэр, дауэ зэрыхъуэр? ИкъукIэ Iуэху гугъуу къыщIэкIынщ, тIэкIу зэрыхъуэм утепсэлъыхьыфIын? Адыгэбзэм нэмыщI нэгъуэщIыбзэхэм (абазэбзэ, шэшэныбзэ, асэтиныбзэ) «Шиш Нани» хъудэу зэщхьу гущэкъу уэрэдхэр щыIэу пэрэ, фIыщэрэ?
-КъуэкIыпIэ къухьэпIэ адыгэбзэмкIэ макъ тхылъымрэ тхылъ теддзэмрэ икъукIэ дикуэдщ, ауэ абхъазыбзэкIи гущэкъу уэрэд сыщIыну сыхуейт.
Сэ абхъазу цIыху куэд соцIыху. Ауэ щэнхабзэм елэжьхэм я нэхъыбэр ды зэныбжьэгъуу, икIи социал мэдиям щысцIыхуахэщ. Япэ щIыкIэ, си ныбжьэгъухэм, си цIыхухэм икIи социал мэдиям щысцIыхуахэм мы IуэхухэмкIэ зыгуэркIэ къысщIыхьэпэфынхъэ жысIэри саиупщэщ. Пэжу жыIэн хуэмэ тIэкIуи сакIэрымыкIыу, сымыувыIэу ягу къэзгъэкIыжурэ зыгъэтынщахэкIым. Ауэ сыт сымыщIэми, зыри къызэхъулIакъым.
Апхуэдэ зэрыху аргуэру Налшык къалъэм щыпсэу Шыбзыхъуэ Астемыр Абхъазым щыпсэу и ныбжьэгъухэм лъыхъуэщ. Абы и ныбжьэгъухэм институтам кIуэуэ гущэкъу уэрэд макьрэ тхылIырэ къэлIыхуэну къэгъэгугъащ. Дэ абы зы мазэ хуэдизкIэ дыпэплъащ. Ауэ и кIэм «Шыш Нани» зи цIэ гущэкъу уэрэдыр абазэбзэкIэ щIэжаIа зы видом и линкыр къытхурагъэхьа къудейщ. Сэ тIэкIу си жьэгъуэ хуат, тIэкIу сы губжьат, ауэ нэхъыбэуи ерыщ сыхъуат. Кымза Сэлда мы пычыгъуэр къритхыкIыжыну ди зы нэхъыжь къигъуэтащ. Псалъэхэр зэрыжъиануми къапсэлъыкIэкIэ къыдыIэпыкъуэхэщ, езыми хъарзынэу игъэзэщIащ.
Адрей, «Арба Арба Синарба» зи цIэ гущэкъу уэрэдыр Хьэжкъасым Тулин, «Селимийэ Абхаз Щэнхабзэ Хасэ»м гуп хъухэу уэршэр зыдашым сэ гущэкъу уэрэдхэм сызэрылъыхъуэр цIыхухэм я жриIати, абдежым къыщыдгъуэта хуащ. Ди нэхъыжь Садзпха Сабахат абазэбзэкIэ зы гущэкъу уэрэд ищIэу, абыкIэ къыддэIэпыкъуфIыну щыжиIащ. Езыр (Садзпха Сабахат) IэпэпшынэкIэ цIыхубэ зэIущIэхэм Iэджэрэ музыкэ къигъэлъагъуэрт, абы и фIыгъэкIэ макъ тхыныр тыншу икIи, псынщIэу екIуэкIащ.
Инструментал пшыналъэхэм и мелодихэм псори Мэрем Бэртан и гуащIэм къыхэкIащ.
Пшыналъэхэм и мелодихэр абы утыку кърилъхьэщ, сэ тIэуку хэслъхьэ е хэзгъэкIыу мащIэ дыдэу сытэлIэжьыхьа къудэщ. Сэ нэхъыбэу инструментал мелоди хэтыну сыхуейт, ауэ Iухум и гугъу ехьхэм къыхэкIкIэ си мотивацияр тIэкIу дэхухат. Псалъэм папщIэ, сабийм итхьэкъумэ гъэсэным папщIэ дэ гущэкъу уэрэд нэхъ зыхэтхьэхэм щыщ мелодие плIы-тху демоуэ макъу ттхащ, ахэр тхыгъэм и лъэхъэнэ дыдэ хъун хуэдэу дытхыну дынэсыфIакым.
-Гущэкъу уэрэдхэр дзапэ уэрэду жьаIэуэ щытащ, и псалъэхэр къэвгъуэтынкIэ зэгуэр гугъуехь фыхъуауэ пIэрэт?
-Дэ адыгэбзэкIэ гущэкъу уэрэд тхыгъэхэм ды лъэIэсынкIэ гугъу дехьэкIым, ауэ абазэбзэкIэ гущэкъу уэрэд псалъэхэр гугъу дехьэуэ щытащ. Астемыррэ абы и Iыхьлыхэмрэ фIыщIэ яхудощI, адыгэбзэкIэ тха гущэкъу уэрэдхэм и псалъэхэр къытIэрыхьэнымкIэ куэду къыддэIэпыкъуахэщ. Астемыр зэрыжыIэжымкIэ, Думэныщ Iэулэдини матэриал къыщIэлIыхъуэм дэIэпыкъуэгъу къэхуэхуащ. ИпэкIэ зэрыжысIам хуэдэу, адыгэбзэкIэ макъ тхауэ къытIэрыхьэ материалъхэм едауэу тхыжыным икъукIэ гугъу дыдехьащ, сыт щыхьэ жыпIэмэ, щызэхуэхьэса лъэхъэнэм щыIэ технологием къыхэкIыу, куэд щIауэ зэхэтха тхыгъэхэмрэ зэхэтхъуа макъхэмрэ къутауэ зэрыщытырт.
-Альбомым, мащэщ жыдмыIэфын хуэдиз (17) гущэкъу уэрэд къуд итщ. Мы Iухым фелэжьыну гъуэгу фыщытехьэ махуэм щыщIэдзэу, едэIуэнухэм я Iэрыхьэху блэкъэ зэман кIыхьым псоми зэхъуэкIауэ хуныгъэхэр къэхууи къыщIэкIынщ. Фэ нэхъ фигу ирихьэр, нэхъ гугъу фэзгъэхьа гущэкъу уэрэдыр дэтхэнэрIэт и гугъу къытхуэфI щыфIын?
-Пэж дыдэу жыIэн хуэмэ, а гущэкъу уэрэд псори сэ зэхуэдэу къысщохъу. АбазэбзэкIэ макъу дытха гущэкъу уэрэдитIым икъуа лъэхъэнэм икIи дызыхэта гугъу ехьхэм нэужь икIэм зэрынэдгъэсыфам сигъэгушхуэ къудейщ.
-Альбом вокалхэри икъукIэ дэгъуэщ, абыхэми я гугъу тIэкIу фщIыфIыну пIэрэ?
-Куэд щIауэ сыцIыху, фIыуэ адыгэбзэ зэрыпсалъэр сыщэ, си нэхъыжь Хьэжкъасым Тулин; зехьуэкIэу, щабэуа, цIыхур зыгъэтынш цIыхубз макъ солIыхуи щыжьысэм ди нэхъыжь Къуэший Мехьтап мыхъуныпэрэ жиIащ. ИпэкIэ ди нэхъыжь Къущхьэ Догъан и хорым дэжу гупым хэтауэ щытат Къуэший Мехьтапи и макъымрэ бзэ зэфIэкIыныгъэмрэ икъукIэ дэгъуэщ. Абырэ сэрэ (Къуэший Мехьтап) «Хэхэс – Адыгэ Пшыналъэхэр 3» альбомми дыщыздэлэжьэнущ.
КъуэкIыпIэ адыгэбзэм и гъусэу къухьэпIэ адыгэбзэри фIыуэ зыщэ цIыхубз макъ солъыхъуэ щыжьысэм Гъут Эрдогъан Боз, ди нэхъыжь Нажэ (Нач) Беррин и гугъу къысхуищащ. И макъым и щабагъымрэ и дахэгъамрэ къыхэкIкIэ видэо сыт хуэдэ зыгуэрхэм макъ щIэгъэувэн IухукIэ къыхэгъэзыхьхэми я хуимыдэу щытащ. Дэ ди проектыр гущэкъу уэрэду зэрыщытым папщIэ, ди нэхъыжь Нажэ Беррин Iуху хъарзынэ утыку къызэритлъхьэнур и фIэщ щыщащ. МахуитIкIэ студием макъхэр щытредгъэщэри ди Iухур псынщIэу зэфIэдгъэкIащ. Ди нэхъыжь Нажэ Беррин, жиIэ гущэкъу уэрэдхэм я зы ныкъуэр, и макъым и щабагъымрэ и дахэгъамрэ къыхэкIкIэ, лIабжэии пшынэ макъии щIэмыту макъ къэбзэкIэ тхыныр зэфIэдгъэкIауи щытащ.
-Сэ япэ щIыкIэ альбомым сыщIэдэIуам япэ гущэкъу уэрэдибгъур цIыхубзхэм щыжаIэу щыщIэдэIуэм, «гущэкъу уэрэдхэр и нэхъыбэу жызыIэр анэхэрщ» гупсысэм къыхэкIкIэ зии сыгъэщэгъуэкIым. ЕпщIанэ гущэкъу уэрэдыр (Мэжей мэжей) щызэхэсхым сэ япэ щIыкIэ сфIэгъэщIэгъуэн хуащ, итIанэ икъукIэ сигу ирихьащ. Cэ абы «гущэкъу уэрэдхэр жызыIэр анэхэрщ» жыхуэIэ хабзэхэр зэзыхъуэкI щытыкIэу сегупсысащ. Фэ мы Iуэхум зии фегупсысу фытепсэлъыхьхэ?
-Сэ къысIэрыхьэ лэжьыгъэхэм зым лIыжь макъ сыщIэдэущ. Сэ жысIэ гущэкъу уэрэдым къызэриублэр, сэ зэрыжысIам худэуэ «Ло ло ло ло»кIэ къыщидзэу зэIущэм щыжаIэу арат. «Ло» нэужьым зыри къыкIэлъыкъутэкIым. Iуэхур къыщыIухым си щхьэкIэ шэчыншэу сыщыIати, пэжыр жыпIэнумэ, а къежьапIэ тхыгъэм зыкъом хахуагъэ къысхуищIащ.
Ди щэнхабзэм, псом хуэмыдэу адэ – дадэ унагъуэ нэхъыжьхэм я сабийр е я къуэрылъху – пхъурылъхур жылэр здэщытым епсалъэ еуэрщэру фIуэ ялъагъуу, едэхащIэу я дэтэкъым емыкъу ябжт. Сэ сыт щыгъуи си гугъати абы къэкIуэнур ди кIуэцIым и гурыщIэхэм хигъэщIу къуадрэ сегупсысащ. Адыгэ щIалэ цIыкIур зы гурыIуэгъуэ гуэрхэр фIэкIауэ лIы зейуэ сэбийр пIыным къыхэкIкIэ, ныбжьыщIэ щыху лъэхъэнэм а ныкъуэ къэнахэр къыщощIыж. Пэж дыдэу, сэ ар си щхьэкIэ сыпсоуэщ, си хъуреягъым цIыху куэд зэрыщыпсэуам щыслъэгъуащ.
Аргуэру узыхъумэу къэслъытэ мы щытыкIэм къыхэкIкIэ, цIыхубз гущэкъу уэрэд жызыIэхэм нэхъыбэу зжэрэIэр щалэ цIыкIухэращ. Сэ къысIэрыхьэ лэжьыгъэхэм и нэхъыбэр апхуэдэт. Дэ ды ЗауэлIщ, дэ ды «урокщ»…
Сытми хъыджэбз цIыкIухэм папщIэ яусу жаIэ гущэкъу уэрэдхэр мащIэ дыдэу зэрыщытIым икIи зи гугъу сыщIэ щхьэусыгъуэхэм къыхэкIкIэ, студием сыщылажьэу сэр сэру зы унафэ къэсщтащ. Сэ жысIа гущэкъу уэрэдыр «Мэжей мэжей»кIэ кIыщэзыдзэ Iыхьэр си сабиигъуэ лъандэрэ си гум илъ зы пшыналъэщ, ауэ сигу къэкIыжу сигу къинэжар а тIэкIурт. Абы и псалъэхэм щыщ Iыхьэми Узун-Яйла зыцIыхункIэ гурыщхъуэ зыхуэсщ анэшыпхъухэмрэ шыпхъу нахыжхэмрэ сеупщIащ, ауэ абы къыхуэгъуэтыфа жэуап къыхуэхъуакъым. ИкIэм-икIэжым, зы сыхьэт пIалъэкIэ студием сыщIэтIысхьэри езыр-езыру, Къуэший Мехьтап сыгъусэу, сэ сытхыжьэщ. Псалъэхэр хуиту гурыIуэн хуейт, зэхэщIыкIыгъуафIэ хъун хуети, абы къыхэкIыу пщащэм жриIэну псалъэ гурыхь зыбжанэ хэслъхьэри мыпхуэдэу утыку къихьэщ. Ди жылэм мыпхуэдэ зы Iуху хуэныкъуэуэ щытти, сэри абы сытеIэбэ хуэдэу, социал мэдиям нэхъыбэу щызэрапэсари, ягу ирихьэри гущэкъу уэрэду «Мэжей мэжей»щ. Абы къыхуэгъэлъагъуэ зэпэсыр, сэ си дэжэкIи сфIэгъэщIэгъуэн хуащ.
-Гущэкъу уэрэд альбомыр пэж дыдэу лэжьыгъэшхуэщ, ауэ дыщэупщэнщ, иджыри гущэкъу уэрэдхэм къыкIэлъыкIуэну пэрэ?
-Сэ къысIэрыхьэ гущэкъу уэрэдхэм сы тепсэлъыхьмэ зы 120 хуэдиз мэхъу. Абыхэм щыщ Iыхьэшхуэр щхьэхуэуи къыпкърахыу, унагъуэхэм е цIыхухэм я теухуауэ щытщ, мыхар хэтхыуи щытмэ мы бжыгъэм и ныкъуэр зэхъуэкъэуэ гущэкъу уэрэду къысфIощI. Ахэр ди япэкIэ къэкIуэну лъэхъэнэм ахъшэкIэ, щхьэкIэ, къарукIэ срикъухь утыку къислъхьэну си мурадщ.
ЗэзыдзэкIар Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан Йылмазщ.