Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Гум Къинахэр

Уэ уигъалIэр мы Iуэхут; сэ сигъапсчэмэ!..

Къимышэурэ фIыурэ дэса щIалэм, и кIэм и кIэжым къишэн щыхъум, унагъуэми лъэпкъми, гъунэгъу псэуми нысашэм зыхуагъэхьэзыру щIадзэ. Нысашэр щащIынур, мэкъу мэш Iуэхухэр зыфIагъэкIа иужьти, сэмэн (хьэуазэ) щIэшэжынуми къэсахэт. Къызыхуашэну щIалэмрэ иунэкъуэщымрэ сэмэныр ирадзэуэ, къазышэнур тхьэусыхэурэ;

«Уэлэй мы сэмэн сабэм сигъэлIэн сфощIым!» щыжиIэм, унэкъуэщми (ныбжькIэ фIыуэ нэхъыжьт) зыфIимыгъэщIыуэ:

«ТхьэгуIэ, уэ уигъалIэр мыIуэхут; сэ сигъэпсчэнущи Iуэхур арас!» жиIэщ жи.

 

КъэзыIуэтэжар: Къэрэшэй (Къып) МуIэенщ, Узын-яйлэ Астэмырей щыщщ. Илъ.76 мэхъу.

Yazarın Diğer Yazıları

Бейм ейс!

Зыщӏыпӏэкӏэ мэл ихууэ кӏуэт жи, Быбий мыгъуэри, зыгуэр къырихьэлӏэри, «Мы мэлыр хэт зер?» жиӏэс жи. «Бейм ейс!» жиӏэс жи. «Тэнэ пхурэ?» жиӏэти; «Сыздэгъэзапкӏэ соху!» жиӏэс жи. «Сыту пхэнджыурэ укъызэпсалъэрэ?»...

Лӏо къыщӏэвгъэфар!

Ӏэскэрт, албайыуэ. Ди гъунэгъум яблагъэти, къакӏуэт. Нэщхъеягъуэм къэкӏуэу гупым; -Лӏо мыр зэрылъыкӏауэ жыхуаӏэр! жиӏэс жи. -Къэфащэри лӏэу жаӏэ Камилбей! Сытми гупым тӏэку яхуэгузавэри; -Нытӏэ мыр мыхуэдизу, лӏо къыщӏэвгъэфар, зыгуэудыху!...

Гум Къинахэр

Цӏэ япӏытӏыр! Къуажэм къыдэхьэри, хэтыр ӏэхъуэу, хэтыр шыкӏа хъуэу, хэтыр мэлыхъуэу къырихьэлӏас! Я цӏэхэм еупӏщӏыурэ; «Казымбей, Мыхьэрбей, Нурбей!» щыжаӏэм, -Фи бей защӏэу хъуар фыӏэхъуэ щынахъуэс....

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img