Нобэ дызытепсэлъыхьыну мы махуэр, махуэ хьэлъэщ. Щыгъуэ махуэщ. Щыгъуэ щIэж махуэщ. Лъэпкъ гъэкIуэдым и зы махуэщ. Илъэсищэм фIэкIыу икIуа (1763-1864) Урыс-Адыгэ зауэм и къэух махуэу Накъыгъэм 21-м хуэзэ махуэщ.
Зауэшхуэм, и хэку, и шыналъэ щрагъэбгынэу гъуэгу техьауэ, щIы гъуэгум, хы гъуэгум (хы фIыцIэ) хэкIуэдэным и щIэдзапIэу, лъэпкъ хэкIуадэу, лъапсэрыхым и махуэщ.
ИстамбылакIуэу, хуауса гъыбзэми къызэрыхэщу;
Зэман пшагъуэм щIихъума гуауэщ, нобэ фигум къэдгъэкIыжынур!
Уо уо уо ри ра,
Истамбылым дашэ мыгъуэри дэ.
ТырыжаIыхьа гу узым и зы пычыгъуэу:
Сэ а махуэм кхъухь тедзапIэм,
сыкъыIукIри сыкъежъащ.
Къуэ ещанэм сыкъэсауэ
Зы шу закъуэ къысхуэзащ.
ЖакIэм нэпсыр къыщыпыткIум
Сэлам тыгъуэр ирохьэлIэ,
Сыкъогубжыри «лIы и хьэлкъым»
ЖысIэу щIалэм сыхохъущIэ.
Зы лъэбакъуэщ уэ уи нэпсыр
Плъагъужыным къыпхуэнэжыр
ЖиIэщ шуми си лъэужьыр
И гъуэгуанэу щIэпхуэжащ.
Сэ къызочыр а лъэбакъуэр
БгъуэнщIагъ гуэрэм срохьэлIэ
ЛIауэ щылъыр щIегъу щэныкъуэм
ЛIэуэ щылъыр абы хыубжэм
Зы щытху хъуну къыщIэкIынщ.
Зи джанэбгъэр фыщIа анэм
И нэр къаплъэу псэр щинащ
Зи псэм еджэ и сабийри
Зэса бгъафэм щIэгъуэлъхьащ.
Насыпыншэу къалхуа цIыкIур
Щхэну хуейщи хокIиикI
Зи псэ пытхэм ар зэхахри
Плъагъуу я гур къоузыкI.
ТIэкIу щэIужыри Iэуа дыгъэм
И нэ цIыкIухэр хилъэфащ.
Сэри щIакIуэр зэнэзэкъуэм
Хьэдэтепхъуэ яхуэсщIащ.
Шум жыIауэ сэ си нэпсыр,
ЩIакIуэм телъыу слъагъужащ…
Мис мыбы хуэдэу къежьэу, псэупIэ къыхуэмынауэ и хэку зыбгъына ди лъапсэр кхъухькIэ, кхъуафэжьейкIэ къызытехьа хы ФIыцIэм, псыншэу, шхын щIэлIэу, къыхуэмынэжа и къарум къеуалIэ сымаджагъэри къыщыхэхьэм гъуэгу къызыдытехьам хэлIыкIыурэ кызыкIуцIырыкIащ Хы ФIыцIэм. Мы дырыщым псоуIуэ къэсахэм япэ, хыбэр бэн зыхуэхъуахэм я хьэдэхэр къеуалIэу, къридзылIэт толъкъунхэм. Хы нэзыми, а тафэми…
Бдзэжейхэм Iус хуэхъуа Iэпкълъэпкъым къащIэна къупщхьэхэр… щхьэ къупщхьэм къытена щхьэцхэр бзухэм, езыхэм гъуэ зыхащIыну зыщIакъуэу… Зылъэгъуахэм зыкъомым, мы гу уз гъуэгуанэ гуауэр яхужыIэжакъым…
ЖыIэжыгъуейщ, Iуэтэжыгъуейщ, тхыжыгъуейщ.
Илэс дапщэкIэ хым къыхэкIа бдзэжьей имыщхагъэн, ди хьэдэхэр Iус зыхуэхъуа псэущхьэхэщ, хужаIэу…
Мы гуауэм и 160 гъэр догъащIэ. Дахуощыгъуэ Накъыгъэм 21 махуэм хуэзэу, «щыгъуэ щIэж махуэ» хужытIэу, лъэпкъ гуауэу.
Уанэгур зи пIэщхьагъыу псэуа си лъэпкъ, Шыщхьэмыгъазэу шу закъуэу къанэу псэуа си лъэпкъ, Къащхьэншэу щIым щыщ хъууэ хэкIуэдэжа си лъэпкъу, си лъапсэ:
Утщыгъупщакъым!
Утщыгъупщэнукъым!
Уащыдгъэгъупщэнукъым!
Ауэ, иджы нэужь Адыгэу къызытена си лъэпкъэгъухэ:
Мы гуауэм къелыу къыпщIэна щIэблэм, къыщIэхъуа уи бынхэм уэ пIурылъа «Адыгэ бзэр» яIурымылъыжмэ,
Игъуэр, дэгъуэр, фIыгъуэр зыхэлъу зепхьа зэкIуж, бзэм дэщIыгъу «Адыгэ Хабзэр»и зэрамыхьэжмэ, узыхэпсэуэхьым и бзэмкIэ «ди адэшхуэхэр Адыгэт» жаIэнум нэмысу, сыт къыплъысми гъэзащIэ.
Сэ ди бзэр хъумэным хуегъэзэкIауэ, ди бзэр зызохьэ, зырахьэным сыхущIокъу. Хабзэри зы псэукIэм и бзэщ. Зэгъусэу зызохьэ. Адыгэ ныпым къикIыр сощIэ, ар согъэлъапIэ. ДыкъызыхэкIар, ди лъэпкъыр, ди блэкIар зыщызыгъэгъупщэкъым. Абы къыхэкIыу Накъыгъэм 21 махуэм сыхьэтыр 12.00 щыхуэкIуэм, дэнэ сыщыIэми, ящыдгъэгъупщэнукъым! ЖысIэу, «щыгъуэ щIэж» махуэу зы (1) дакъэкъакIэ сызыфIэту, ди щIылъэм и ныкъуэр гуэхуащ къизыгъэк Iэ сэмэгур хуэIэтауэ, щхьэщIэ яхузощI.
Хы фIыцIэр ужь мыхъужми, Ди щIэблэ къэкIуэнум щапхъэ хуэхъунщ.