Сэ си дежкIэ Накъыгъэм и 21 махуэр, тхыдэм ит цIыхугъэм ищхьэ кърикIуа дыщымыгъупщэж гуауэмрэ, лъэхъэнэ хьэлъэмрэ, мызахуагъэмрэ къэзыгъэлъэгъуа, Шэрджэс хэку гъэбгынэнымрэ, лъэпкъ гъэкIуэдынымрэ и щыгъуэ-щэж махуэщ. Мы тхыдэм, мелуаным нэблагъэ цIыхум я хэкур ирагъэбгынэу, минищэ бжыгъэкIэ цIыхур зауэм щыхэкIуэда лъэхъэнэр дигу къегъэкIыж. Тырку хэхэсым илъэс Iэджэ лъандэрэ Накъыгъэм и 21 махуэм лэжьыгъэрэ, щыгъуэ зэхуэсрэ щIрагъэкIуэкI. Гупсысэ зэтемыхуэр куэд дыдэу щекIуэкI щыгъуэ зэхуэсхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ ди жылагъуэм куэд щIауэ зэныкъуэкъуауэ щытщ. КъэкIуэну щIэблэм ялъэдгъэIэс щэнхабзэ щытыкIэм щыщу нэхъыбэ Iыхьэр, си дежкIэ, шэч хэмылъу, хэку гъэбгынэнымрэ, лъэпкъ гъэкIуэдынымрэ и тхыдэрIэщ. Дыщыпсэу жылагъуэм щыпIэ щыдгуэтар мы лъэхэнэм къыщедзэ. Хэку гъэбгынэнымрэ, лъэпкъ гъэкIуэдынымрэ и тхыдэмрэ къызэщIиубыдэмрэ «дэ»у дыкъэнэфын папщIэ дыщэн икIи гупсысэ диIэн хуэIуэ согупсыс.
ЩIалэгъуалэхэм, мы махуэм и мыхьэнэмрэ и лъапIагъэмрэ зыгурагъэIуэн папщIэ блэкIар зрагъащIэу ягу къакIыжын щыхьэкIэ, игъуэ къырагъахуэу, лIэужьыбэ Iуэхугъуэхэм хэхьэ хэкIыурэ, лIэужьыбэ платформэхэм я макъыр щагъэунщ. АрщхьэкIэ мы лэжьыгъэхэр ирикъун хьэмрэ иримыкъуныр, я Iуэху еплъыкIэкIэ зэщхьэщыкIынкIи хъунущ. Языныкъуэ щIалэгъуалэр, апхуэдэ щыгъуэ зэхуэс Iуэхугъуэхэр, нэхъ цIыху куэд къызэщIэубыдэфIу, икIи нэхъыбэIуэ гу лъытэныгъэ къигъэщIэн хуэуэ щегупсысым, адрей гупыр хуэарэзыуи щытынкIэ хунущ.
ЩIалэгъуалэхэм «Я псалъэмкIэ» Накъыгъэм и 21-р
ЩIалэгъуалэхэм, мы тхыдэ лъапIэр гу къэгъэкIыжын икIи къэкIуэну щIэблэм зэрылъэгъэIэсыным теухуауэ я Iуэху еплъыкIэр, ди жылагъуэм блэкIа тхьэмыщкIагъэр зэрагурыIуэр икIи къэкIуэну лъэхэнэм дауэ утыку къилъхьэн зэрыхъунум теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъагъуэ къыхилъхьэнщ. Абы щыгъуэкIэ, щIалэгъуалэм я макъыр зыхрагъэхын, мыбы ешх щыгъуэ-щэж зэхуэсхэр гъэкIуэдыным егугъун, блэкIар гу къэгъэкIыжын, щэнхабзэр егъэщэн Iухухэм хэтыныр икъукIэ усэ зимыIэщ.
Мы тхыдэ лъапIэм щIалэгъуалэр зэреплъыр, щыгъуэ зэхуэс Iуэхугъуэхэр ирикъун, мащIэ хьэмрэ кIуэд IупщIэм ику дыдэм щIалэгъуалэм я псалъэкIэ я Iуху еплъыкIэр къаIута. Си ныбжьэгъу щIалэгъуалэм, мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм я еплъыкIэр упщIитIкIэ зэзгъэщэну захуэзгъэзащ:
«1864 гъэ Накъыгъэм и 21 махуэм фэр папщIэ сыт абы къикIыр? Щыгъуэ зэхуэс Iуэхугъуэхэр фэркIэ ирикъун, мащIэ хьэмрэ егъэлеяуэ пIэрэ?»
- Накъыгъэм 21-р адыгэхэм ди дежкIэ дунейм нэхъ махуэ нэщхъейхэм ящыщщ. Абы и щхьэусыгъуэр сыт жыпIэмэ; ар зищIысыр 17-м икIи 19 лIэщIыгъуэм Урысей Пащтыхьым Кавказ лъэпкъхэм ярищIылIа лъэпкъгъэкIуэд проектым къыхокI Илъэс куэдрэ хы псы хуабэхэм лъэIэсын папщIэ Урысхэр Кавказ лъэпкъхэм къатеуащ, ди хэкур дагъэбгынIэщ. Апхуэдэ лъэпкъ гъэкIуэдыр а лъэхъэнэм дунейм зыщIыпIи зэи щыIатэкъым. Абыхэм цIыху мелуанхэр бдзэжьейм ещхьу къухьэхэм ираIубэри хым траутIыпщхьэщ, ди лIахэр хым хадзэжащ. Псалъэм папщIэ щапхъэ едгъэлъагъун хуеимэ, ди нахыжхэм бдзэжьей яшхыртэкъым. Мыр куэдым гушыIэу къащыхуну къыщIэкIынщ, ауэ дэ Кавказ лъэпкъхэм дежкIэ мы лъэхъэнэр икъукIэ лъэпIащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а бдзэжьейхэм, ди лIахэм, ди нэхъыжьхэм ял яшхати, ди лъэпкъым бдзэжьей яшхыртэкъым. Сэ Накъыгъэм 21-м ипэкIэ екъукIэ щыгъуэ зэхуэсхэм сыхэтащ, нэгъабэ жьэрыIуэр сэрат. Хэхэс Кавказ лъэпкъхэм куэдым Кэфкэн щыгъуэ зэхуэс щащIым, дэ, Дюздже щыIэхэм, илъэс зыбжанэ ипIэкIэ Накъыгъэм 21-м щыгъуэ-щIэж махуэр дыгъэлъэпащ. Илъэс къэс цIыхухэр щыгъуэ зэхуэсым нэхъри нэхъыбэ мэхъур. Илъэс къэс Накъыгъэм 21 щыгъуэ-щIэж махуэм Анитпарк утыкум дыщызэхуосыр, фIыцIэкIэ зытхуэпауэ, ди ныпхэр дыIыгъыу Джэдидие мэжджытымкIэ доукIуэ. А псалъэмакъыншэу гум къэкIыжынри ди дежкIэ лъэпIащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Кавказ лъэпкъхэм, Накъыгъэм 21 махуэм, ди хэкухэр дагъэбгынащ, ди лъэпкъыр ягъэкIуэдащ. Сэ си дежкIэ лъапIэ дыдэ хъунт, Тырку хэхэсым щыпсэу Кавказ лъэпкъхэм, зыщыпсэу щыпэхэм Накъыгъэм 21 щыгъуэ-щIэж махуэр щIэгъэлъэпIатэмэ. Сыту жыпIэмэ зэхуэмыдэ щыпэхэм, зэхуэмыдэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэгъусэу ди къарумрэ ди зэкъуэтыныгъэр дыгъэлъэгъуфын папщэ мыр утыку къилъхьэныр ди къалэнщ.
ХьакIэмыз Селим Iукбе Сезгин / Дюздже – ХьакIэмзый
- Накъыгъэм и 21-р, нэхъ пэжу жыIэн хуеимэ адыгэхэм папщIэ, си лъэпкъым щхьэкIэ, Тырку къэралыгъуэм ди щэнхабзэр щызетхьэфу си гугъэщ. Арати, сэ шэчыншэу си гугъэщ абы щхьэкIэ зы практикэ е гъунапкъэншэ щыIэкъым. Iуэхугъуэхэр ирикъурэ жытэмэ, хэт дэ дызэпсалъэу щытын хуейр? Мыбы Тырку къэралыгъуэрэ? Урыс Федерацэрэ? Ди хэкур иджы Урыс Федерацэм и гъунапкъэхэм хэтщ. Пэжщ Тырку къэралыгъуэм зыгуэрхэр щыдощэф, ауэ Урыс Федерацэм ди щэнхабзэр сыт хуэдиз дыхъумэфырэ, пэжыр жыпIэнумэ сэ ар сщIэркъым. ЩIэзмыщIэм и щхьэусыгъуэр Тыркум уикыу Хэкум укъуэнур зэрыгугъум къыхэкIыу аращ. Ахьей, кIуэхэр щыIэщи, ауэ тыншкъым, визэ гугъуех Iуххэм ущыхузаи куэдщ. Сэ сыкIуэфмэ абы нэхърэ нэхъыбэ жысIэфынт, ауэ, и нэхъ мащэм, адыгэхэр щIэх-щIэхыурэ Кавказым кIуэн хуейуэ абы щыпсэун хуейуэ согупсыс.
Хьэмзэныкъо Умер Нарт Iеркан / Болу – Пэдысыехьабл
Накъыгъэм 21-р лъэпкъгъэкIуэдым и щыгъуэ-щIэж махуэщ. Пэж дыдэу жыIэн хуэмэ, Накъыгъэм 21-р дуней псор къыщыгъуазэу, Iыхубэм ящIэн хуей лъэпкъгъэкIуэд махуэщ. ЦIыху мелуаным нэблагъэ щIыхэкIуэда, Кавказ лъэпкъхэм я хэкур щрагъэбгына, цIыху куэд щаукIа, цIыху куэдым я лъахэр щагъэкIуэда щыпэщ. Абы и хъыбарыр дуней псом щыгъэIун хуейщ, Тыркум и мызакъуэу, атIэ дуней псом и къэралыгъуэхэм Накъыгъэм 21 махуэр, и нэхь мащэм, щыгъуэ-щIэж махуэу ядэу, цIыхухэм ягу къэгъэкIыжын папщIэ Iуэхугъуэхэр ирагъэкIуэкIын хуейщ. Илъэс кIуэдрэ Дюздже Iуэхугъуэхэр щедгъэкIуэкIащ. Дэ куэдрэ макъыншэу уэрамым дрикIуащ, ныпхэр дыIэтащ, хы ФIыцIэм мэхъыч хэтлъхьэщ, мыпхуэдэу Iуэху куэд утукъу къитлхаурэ ди макъыр тырку псом щызэхахын папщэ куэдрэ дылъэжащ. СэркIэ Накъыгъэм 21 щыгъуэ-щIэж махуэр нэгъуэщI лъэпкъхэмрэ цыхухэм ягурыдгъэIуэным игугъу ехым дыхэтщ. А лъэхъэнэм теухуауэ щэныгъэ зэрыдмыщIэм къыхэкIыу… Ауэ абы теухуауэ нэхъ зэхэщIыкIыгъуэ дыхъун хуейщ.
Дыо Хюлда Iаджар/ Дюздже – Къазыкъохьабл
Пэжыр жыIэн хуэмэ Накъыгъэм 21 щыгъуэ-щIэж махуэм теухуэу сыщIэр сэ мащIэ дыдэщ. Мо къывжесIэнщ, дэ а махуэр фIыуэ дагъэцIыхуауэ къысфIэщIыркъым. СызэрыцIыкIу лъандэрэ сыт щыгъуи гъэлъэгъуэн иреху нысашэ иреху а Iуэхугъуэхэм сыхэту сыкъэхъуащ. ЦIыхубэм нэхъ ягурыгъэIуэн папщIэ, нэхърэ нэхъ кIуэду Iуэхугъуэхэр егъэкIуэн хуейуэ къысфIощI. Ди нэхъыжьхэм икIи бзэм икIи щIэнхабзэм теухуауэ дэр нэхърэ нэхъыбэ щIэныгъэрэ, гупсысэ нэхъыбэрэ яIэу си гугъэщ, ауэ нобэрей щIэблэм фIыуэ щIэныгъэ яIэу си гугъэкъым.
Немерыкъо Iеланур Дуран / Дюздже – Угъур Къуажэ (Мехди-Бей)
Си щхьэкIэ Iуэхугъуэхэр ирикъуу си гугъэкъыи. Сыт хуэдизу мы Iуэхугъуэхэр ирикъуу егупсыс щыIэми, а Iуэхугъуэхэм хэтыну къекIуалIэ Кавказ лъэпкъхэм щыщ цIыхум и бжыгъэр мащIэ дыдэщ.
Дзыбэ Салих Таймаз / Дюздже – Хьэджы Атыф къуажэ
Накъыгъэм и 21-р сэ си дэжкIэ лъэпкIгъэкъуэд махуэщ. Сэ си гугъэщ ди щэнхабзэм щыщ дэтхэнэри хэтын хуейуэ, а Iуэхур иджыри нэхъри зэщIэгъэкIын хуейуэ согупсыс. Ди щэнхабзэм щымыщ цIыхухэми ар ящIэн хуейщ. Ахэри щыгъуэ зэхуэсым ди гъусэу хэтIыфIынхэщ. Щыгъуэ зэхуэсыр нэхъри нэхъ дыгъэиныфынщ.
Иныхъу Эслем Мелис Ёндже / Дюздже – Цыекъохьабл
Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, апхуэдэ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр цIыхубэм я гу лъытэныгъэр гъэкIуэдын, тегъэчынауэ еплъын хуейуэ аращи, цIыхур щыкIуэд щIыпIэхэм щегъэкIуэкIын хуещ. Абы щыхьэкIэ Таксим утыкум хуэдэ щIыпIэхэм щедгъакIуэкъым нэхъыфIу къысфIощIыр. Сэ си гугъэщ апхуэдэ щIыпIэхэм щызэхэкIыу, цIыху нэхъыбэм илъагъуу, ди макъыр цIыху нэхъ кIуэдым щызэхэхыну.
Дзыбэ Ахмет Таймаз / Дюздже – Хьэджы Атыф къуажэ
1864 гъэм Накъыгъэм и 21 щыгъуэ-щIэж махуэр, дэнэ, даурэ, сыт хуэдэ гугъу ех дыхэту мы щIыналъэхэм дыкъызэрыкIуэр дигу къэзгъэкIыж, ди фэ дэкIIа хэку егъэбгынэнымрэ дызыхуэза лъэпкъгъэкуэдымрэ, дыщызымыгъэгъупщэ икIи ящызмыгъэгъупщэ, дигу къэзгъэкIыж, адыгэхэмрэ Кавказым ис лъэпкъхэмрэ я дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщ.
Хеж Фуркан Акдемир / Эскишехир – Башара къуажэ
Накъыгъэм и 21-р цIыхубэ псомкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэщ. ЛъэпкъгъэкIуэдыр цIыхугъэ хьэкъ лажьэщ. Накъыгъэм и 21 махуэр абыхэм ящыщ, цIыхугъэ хьэкъ лажьэр къыщыхуа зы махуэщ. ЦIыхубэ псоми мыарэзыныгъэ къагъэлъагъуэу, а махуэр лъэпкъгъэкIуэд махуэу ядэн хуейщ.
Хеж Эмирджан Акдемир / Эскишехир – Башара къуажэ
Иджыпсту хэхэс хасэхэм ирагъэкIуэкI щыгъуэ-щIэж зэIущIэ махуэхэр икъукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, мы Iуэхугъуэхэм и гъусэу, а Iуэху гуауэ къэхъуа тхьэмыщкIагъэр цIыху куэдым егъэщIэн, ди макъыр цIыху куэдым зэхегъэхын папщIэ, социал мэдии утыкур икъукIэ фIыуэ дыгъэщэрыIуэн хуещ. Инстаграм иреху, Фейсбук иреху, Твиттер иреху, ЮIутIубэ иреху нэхъыфI дыдэу дэтхэр дыгъэхьэзыру, ди макъыр цIыху псом зэхегъэхын хуейщ.
Нэхущ Нерит Тандогъду / Эскишехир – Оклубал къуажэ
Ди лъэпкъым щыщ дэтхэнэ цIыхуми ди
тхыдэм щыIа узыр гум къигъэкIыжынур,
ди щэнхабзэр зэпымыун папщIэ икъукIэ
мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Дэ ди тхьэусыхэхэр
жылэгъуа псом я деж дыгъэIуэн хуейщ, ди
макъыр дуней псом зэхедгъэхын хуейщ.
Трам Эфе Асил Коркмаз / Эскишехир –
Бельпинар къуажэ
ЗэзыдзэкIар Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан Йылмазщ