Мэзкуу къалэмрэ абы дэт Политехникэмк1э институтымрэ я жэрдэмк1э «Медиастарт» зыф1аща, журналист ныбжьыщ1эхэм я зэхьэзэхуэ ек1уэк1ащ иджыблагъэ. Щауэжь Тыргъэтауэ а зэпеуэм папщ1э игъэхьэзыра «Вагъуэ ужьыхыжым и нэху» лэжьыгъэр к1эух зэхьэзэхуэм нэса 700-м пхык1ри, ехъул1эныгъэр къыхуагъэфэщащ. Ар теухуат убыххэм я тхыдэмрэ я щэнхабзэмрэ.
«Сэ Хэку ц1ык1уу къэслъытэр си адэжь убыххэм тхыдэк1э я1ыгъа щ1ыналъэрщ, – дыкъыщоджэ Тыргъэтауэ и лэжьыгъэм. – Ахэр хунэсакъым уэрэдхэр зыхузэхалъхьэ, фильмхэр щытрах, тхыгъэ удэзыхьэххэр къыщагъэщ1 къалэ щ1эращ1эхэр яухуэну. А лъэпкъым къыдек1уэк1а псэуныгъэм и нэщэнэхэм ящыщуи зыри дунейм къытенэжакъым. Тек1уэныгъэр зы1эрыхьа цивилизацэщ1эр къиуващ абыхэм я лъапсэжьым и гущ1ы1у. Сэ къысхуэнэращи, нобэ зыри зэрымыпсэлъэж пасэрей бзэм и макъхэм сыщ1одэ1у, нэм 1эщ1эк1 къафэхэм я лант1агъыр зыхэсщ1эну сыхэтщ, хуэмурэ ужьыхыж вагъуэм и нэхум си нэм къызэриубыдк1э сык1элъоплъ».
«Хэкур зыф1эк1уэдым псори ф1ок1уэд», – а абхъаз псалъэжьыр зи лэжьыгъэм псалъащхьэ хуэзыщ1а пщащэм и Хэкужьым лъагъуныгъэу хуи1эр нэхъ гуащ1эж ещ1 езыр Мэзкуу зэрыщыпсэум. Убыххэм я гъусэу, Тыргъэтауэ къеда1уэхэм къагуригъэ1уащ адыгэхэр зищ1ысыр, зэрыщымыгугъауи, къэпщытак1уэхэм хъыджэбзым и лэжьыгъэм хуэфэщэн увып1э иратащ, куэд арэзы къэзымыщ1 тхыдэм и кууп1эм зэрыхэ1эбам хуэдэу. Дыкъевгъаджэт Тыргъэтауэ жюрим и пащхьэ щигъэ1уа псалъэхэм:
«Адыгэхэр Кавказ Ищхъэрэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъыр зэрызэджэж лъэпкъыц1эщ, дунейм ар къызэрыщац1ыхур «шэрджэс» ф1эщыгъэмк1эщ. Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ Тэрч псыежэхым щегъэжьауэ хы Ф1ыц1э 1уфэм 1ут Азов деж нэс, Абхъазым щегъэжьауэ Темэн нэс зыщаубгъуауэ щытащ абыхэм я Хэкум. Зызэман Кавказ Ищхъэрэм нэхъ ин дыдэу иса лъэпкъым щыщу нобэ и лъапсэжьым исыжыр проценти 10 къудейрщ. Илъэси 100-м щ1игъук1э ек1уэк1а Урыс-Кавказ зауэм иужьк1э, адыгэ-шэрджэсхэр Уэсмэн империем ирахуауэ щытащ. Ар къыщыхъуар XIX л1эщ1ыгъуэм и ет1уанэ 1ыхьэрщ. Нобэ адыгэхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, хы Ф1ыц1эм и 1уфэм. Лъэпкъым и нэхъыбэр Тыркум, Израилым, Мысырым, Щамым, Иорданием щопсэу».
Сурэтхэр, картэхэр, убых тхыдэжьым нэху трезыгъадзэ фэеплъхэр дыщ1игъуащ Тыргъэтауэ и лэжьыгъэм. Пщащэм и гугъу имыщ1у къэнакъым иужьрейуэ убыхыбзэм ирипсэлъа Есэнч Тэуфикъи. «И бзэм иужьрейуэ ирипсэлъа убых» псалъащхьэм щэту, Тыргъэтауэ етх: «Есэнч Тэуфикъ Тыркум и къухьэп1э ищхъэрэм щы1э Маньяс къалэм 1904 гъэм дунейм къыщытехьат, Зейшуэ лъэпкъым щыщт. Ататюрк Мустэфа Кемал и зэманым унагъуэм Есэнч ф1ащауэ щытащ. Ит1ани, Тэуфикъ хузэф1эк1ащ убыхыбзэм теухуауэ дуней псом щ1эныгъэ гъэщ1эгъуэн ялъигъэ1эсыну. Зи акъылыр зэгущ, куэд зыщ1эж Есэнч убыхыбзэр яригъэц1ыхуа къудейкъым. Ат1э лъэпкъым и 1уэры1уатэми, зэрахьэу щыта хабзэхэми я гугъу ищ1ыжащ».
Апхуэдэ щ1эблэ щыди1эк1э дыщ1эгузэвэн щы1экъым, – жа1э хабзэщ нэхъыжьхэм ныбжьыщ1э зэчииф1э щалъагъук1э. Езым тхыдэм зэрыхищ1ык1ым нэмыщ1, и лъэпкъыр хамэм къаригъэц1ыхуфын хуэдэу щ1эныгъэрэ нэмысрэ зыхурикъуа пщащэм къэк1уэну дахэ зэри1энум шэч къытетхьэркъым, и ехъул1эныгъэхэр нэхъыбэж хъуну дохъуэхъу.
Адыгэ Псалъэ