Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Ерэнщхьар/Ореншехьир/Къундэтей

Узняйлэ Къэбэрдеи къуажэщ. Къуажэр 1859-ым хэкур ябгынэу къэкIуа къуажэхэм ящыщщ. Къуажэр ипэ дыдэ Къаракъуи къуажэм къэтIыса нэужь къуажэм къыхэкIри нобэрей я тIысыпIэм ищхьэкIэ Заманты псыр къыщыщIэкI Шэрэфие (Астемыреи) къуажэм пэгъунэгъу зыщIыпIэ къэтIысащ. Ар щхьэкIэ куэд иримыкIуэу нобэ здыщыс щIыпIэм къэIэпхъуэжахэщ. Шыгэбэхъуеи, Астемыреи-ХьатукъщыкъуеицIукI къуажэхэмкIэ ящI зыпылъуращ.

Къуажэр Азеи районым 60 Кайсери къалэм 160 км пэжыжьэщ. Къуажэр къуэжэшхуэу щтащ, нахьиеуэуэ нахьие мудур яIэу, жандэрма къаракъол яIэу щтащ. ИужькIэ тыркум я къэрал зэтетыкIэр щызэрахъуэкIым хьэблэм къырагъэхыжащ.

Нобэ Адыгэ кхъуей плъыжь щащIу фабрике цIыкIу дэтщ шэ зэщIикъуэу, зыухуари «Бирлешик Кафкас» хасэращ.

Къуажэм Блэж заманты псым тращIыхьауэ «Бдзэжьей щагъэбагъуэу» зы фабрикэ щыIэщ.

Къуажэм пасэрей зэманым еджэпIа щыIэу щтащ ауэ къуажэдэсыр къалэшхуэхэм щыIэпхъуэжым еджапIэри ягъэбыдэжащ. Нобэ къуажэм дэсхэр мэщIэ дыдэ хъуащ зэпсори къалэшхуэхэм дэсщ ауэ гъэмахуэхэм къокIуэжхэри ящI толэжьыхьхэр. Бжъыхьа щыхъуами докIыжхэр.

Къуажэм лIы цIэрыIуэ куэд дэсахэщ я цIэ ираIуу.

Думэн Мырзэ, Къасым, Нури, Зеки, Аслан.

ДыщэкI; Адил, Осмэн.

Абэзэхэ Умар.

КIуэкIуэхэ Сэлахьаддин, Тейфикъ, Хьамди, Хьалис.

Шыгэбахъуэ; Рахьми, Гази, Алим.

Цыгъум; Казим, Хьаж Кемал.

Нэгъуей; Казим.

Хьэтхьэлэ; Мемет, Махьир.

МэшылI; Алим.

Хьэфыш; Мухьадин.

Хьэкиф; Ихьсан, Ниязи.

ЖьакIэ; Муаммэр, Хьаж Емруллахь.

Къундет; Дуран.

Алътыдокъуэ; Хьасан, Тахьир.

Хьэшыр; Джелал.

Сигу къэкIыжу сыхуэтхахэращ.

Yazarın Diğer Yazıları

Инлиорен / Хэусай

Хьатукъуай къуажэ. Хэусхэр зы лъэпкъыцIэщ, Къуажэм хэусу дэс лъэпкъхэр; Хьагъошкъо, Гуэтыжъкъо, Тывкъо, Балкъо. IутIыжъуи лъэпкъиплI дэсщ: Асчэрыкъо, Нэгъожкъо, Гъуаланкъо, Пшырыкъо (Джэтгъэжъ). Къуажэр Хьатукъуай къуажэщ, къуажэр хэкум Кубан...

Хьэтlохъущокъуейцlыкlу/ Учпынар/Къуажэ Ныкъуэ

Къуажэр 1860 гъэм хэкур зыбгынэу къикIа ХьэтIохъущокъуэ Мусабийрэ икъуэ Хьасанрэ Алъэсчыр, Агуей, Мэкэр, Думэн, Мэкъуауэ, Шыд, Абрэдж, Жантемир, Къанэмэтхэ я гъусэу уэ я ухуащ....

Беязкуей/Саджаягъы/Къунаж Хьэблэ

Къуажэр Кайсери къалэм 143, Азей районым 54 км пэжыжьэу зы Къэбэрдей къуажэщ. Къуажэр 1859 гъэм хэкур я бгынэу къэкIуа Къундэтей къуажэм 1867 гъэхэм къахэкIыу къэтIыса...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img