Bağımsızlık Demokrasi Özgürlük Eşitlik Birlik

Къарэмырзэ Алий и къуажэм теухуауэ иджыри зы тхылъ

(Али-Кара-Мирза: черкесская повесть в стихах») Москва, 1832г.

Зи гугъу тщIыну Къэрэмырзэ Алий и къуажэшхуэр (Къэрэмырзейр) Лабэпсым иридэкIуейуэ Ахъмэтыбг и лъабжьэ щIэсащ. Мы къуажэм и кIуэдыкIам теухуауэ (адрей адыгэ къуажэ щэ бжыгъэм еплъытмэ) тхыдэм куэд къыхэнащ. Абы щыгъуэми ар зи IэрыкIыр къуажэм теуа дзэпщхэращи, абы пэжагъ зэрыхэлъыр уи фIэщ мыхъуну Iэмал иIэкъым. Дзэпщхэм зекIуэ кIуэуэ я мурад ягъэзащIэу къыщыкIуэжкIэ, ятхыж я хабзэт гъуэгуанэ къакIуам зыIэрагъэхьахэр, гъэру къаубыдахэр, хэкIуэдахэм я бжыгъэр. КIэщIу жыпIэмэ, хабзэу къызэрекIуэкIыу «отчет» ящIыжт. Мис апхуэдэ отчет мы къуажэм теухуауэ щыIэщи, егъэлеиныгъэ хэмылъу, къэхъуауэ щытар нобэкIэ доцIыху. Ди Iэ нэмысауэ зы тхылъ закъуэ иджыри дунейм тетщи, ар зыIэрыдгъэхьэным ди гугъэр нобэми хэтхыжкъым: а тхылъым итщ псэууэ къызэтена къуажэдэсу гъэр ящIахэм я унагъуэцIэхэр.

АтIэ, ар хьэлэмэтыщэкъэ — езы дзэпщ Вельяминов итхыжа тхылъыр къытIэрыхьэмэ, къуажэм сыт хуэдэ унагъуэцIэ дэсами къэтцIыхуфынут! Тхыдэм къыхэнам нэмыщIу, Къэрэмырзей къуажэм теухуауэ поэми щыIэщ икIи нобэ къытедгъазэу а къуажэшхуэм и хъыбарым дыщытепсэлъыхькIэ, а поэмэр ди тегъэщIапIэщ. Иджыблагъэ ди къэралым и библиотекэ нэхъыщхьэ дыдэм къыщызгъуэтащ лабэдэс Къэрэмырзей къуажэшхуэм и кIуэдыкIам теухуауэ зэхалъхьа поэмэр. Авторым и цIэри нэгъэсауэ тхакъым – «И.Р.» фIэкIа тхылъым иткъым.

«Алий-Кара-Мирза: черкесская повесть в стихах» зи фIэщыгъэцIэ поэмэр напэ 81-рэ хъууэ 1832 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Поэмэм еплъа гуэрым Радожицкэ И. жэуэ IэрытхкIэ зытхам и унагъуэцIэр третхэ. Поэмэр Iыхьэ 12-у зэхэтщ. Авторыр Iыхьэ къэс «песнь»-щ зэреджэр. Фигу къэзгъэкIыжынщи, Къэрэмырзей къуажэр зэрызэтраукIэрэ апщыгъуэм илъэсибл фIэкI текIатэкъым.

АпхуэдизкIэ мы къуажэм иращIа лажьэр хэIущIыIу хъуати, Кавказым къулыкъущIэу щыIэ лIым мы поэмэр итхри и ныбжьэгъу Москва дэсым хуригъэхьат, и цIи, унагъуэцIи темыту. ЗэрыхъуамкIэ, поэмэр илъэси 170-кIэ архивым хэлъащ. Апхуэдиз зэман текIауэ Налшык 2002 гъэм поэмэр щытрадзащ Къамбий Джэфар и редактору, щIэныгъэрылажьэ Губашы Еленэ и тхыгъи щIыгъуу.

Ди щIэджыкIакIуэхэу мы дызытепсэлъыхь къуажэм и хъыбар зымыцIыхухэм кIэщI дыдэу абы нэIуасэ фыхуэтщIынщ. Къэрэмырзэ Алий нэхъ адыгэ пщышхуэхэм ящыщт. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар адыгэпщхэм я пщыж Инал пцIапцIэм и къуэрылъху мэхъу. Мысост пщышхуэ и къуэщ. 1820 гъэхэм хуэзэу къуажэшхуэ дыдэ IэщIэлъу къэбэрдеищIым къикIри (адэкIэ зауэр зэрекIуэкIын IуэхумкIэ пщыхэр зэрызэтемыхуэм къыхэкIыу) Лабэ псыхъуэм къыдэтIысхьауэ щытащ.

Абы и къуажэм унэсын папщIэ беслъэней къуажэ бжыгъэ узэпрыкIын хуейт, уеблэмэ Ахъмэтыбг нэхъ пэгъунэгъуу псэут Къэрэмырзэ Алий и къуажэшхуэр.

Ар зэрыкъуажэ ин дыдэр къигъэлъагъуэу зы щапхъэ къэтхьынщ. Къуажэм зэрымыщIэкIэ теуэну жэщ кIыфIым хэту Лабэ иридэкIуейуэ къетIысэха гупыр (Бекович Черкасскэр я пашэу) пщэдджыжь нэмэзым пшагъуэр щхьэщыкIыу къуажэм щыдэплъэм, зэ щхьэкIэ, къалэ яфIэщIащ, жи. Апхуэдизу убгъуауэ, унэхэри куэду къуэладжэ быдапIэм дэсти. Езы Къэрэмырзэ Алий апхуэдизкIэ лIы хахуэт, и цIэ жыжьэ Iуати, зи щхьэкIэ бжыгъэкIи зэпэщу, лIыгъэшхуэ къакъуэкIыу Къэрэмырзэ зи пашэхэр къазэрыпэщIэтым хуабжьу зэгуигъэпт мыдрей лъэныкъуэри. Дзэпщ Вельяминов Къэрэмырзэр “хуэфащэ IуигъэщIэн” и мураду куэд щIауэ хуэдзэлашхэт.

Арати Псыжьрэ Уарпрэ щызэхэуэм деж щыт Прочнэ Окоп быдапIэм (нобэ станицэщ) дзэшхуэ Вельяминовыр я пашэу къыдэкIщ, Уарп иридэкIуейщ, Чамлыкъыпс зэпаупщIри, беслъэней къуажэхэми япхырыкIри Къэрэмырзей пэмыжыжьэу лагерышхуэу етIысэхащ. (Мы зауэ дыджым теухуауэ яуса гъыбзэм хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр: “Беслъэнейхэм дэ къыдащIар ди ужь къинэхэм ящыремыгъупщэ”.

Абы къикIкъым къуажэ зэрыпхъуакIуэхэм беслъэнейхэри яхэтауэ, атIэ: «Дауэрэ псыхъуищым беслъэней къуажэу дэкIутауэ дэсым къызэпрагъэкIа, Ахъмэтыбг нэгъунэ дзэр къынагъэса? Дэнэ щыIа а махуэм Дохъушокъуэхэ Кърым-Джэрий?»

Пэжщ, иужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, дзэм яхэтащ гъуэгур фIы дыдэу зыцIыху беслъэней щылъхуи. Вельяминов дзэпщри отрядышхуэ я пашэу, къэбэрдеилI Бекович Черкасскэри яхэту, Къэрэмырзэ Алий хуэфащэ IуагъэщIэн я мурадкIэ ежьэри, икIи, къайхъулIащ: жей Iувым хэта къуажэм теуэщ, мафIэ ирадзри, къэхъуар къагурымыIуэу шэм ихьар ихьащ, Лабэпс итхьэлар итхьэлащ, мафIэсым куэд хэкIуэдащ, цIыху куэди гъэр ящIащ. Мис а гъэр ящIахэм я цIэ-унагъуэцIэ иту, езы Вельяминов дыдэ и Iэпэ щIэлъу, тхылъ дунейм тетщи, ар Iэмал имыIэу къэгъуэтын хуейуэ солъытэ. Езы Алий дыди жейбащхъуэу, къэхъуар къыгурымыIуауэ, и унэ бжэщхьэIум къытеувар, Дадымовым триукIыхьащ. Егъэлеиныгъэ хэлъу “иджыри къэмыхъуа телъыджэ лажьэу” къуажэр зэрызэтраукIар дэнэ щIыпIи хэIущIыIу щыхъуащ, уеблэмэ гууз зыкIуэцIылъхэм Урысей пащтыхь дыдэм дежи нагъэсащ. Пащтыхьым ткIийуэ, къэхъуамкIэ зэрымыарэзыр къагуригъаIуэу: “Дэ сабийхэмрэ лIыжь-фызыжь жейхэмрэ дайзауэкъым, ар зыщIами щытхъу хуэфащэкъым” жыхуиIэу Бековичым хуагъэфэща цIэмрэ тыгъэмрэ къритын идатэкъым пщым.

ИпэкIэ зэрыжытIауэ, тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, къуажэр кIуэдыным зы беслъэнеилI и бзэ щIэлъщ. Ар зэрыхъуари мыращ. Жэщыбгым беслъэней уэркъ Дохъушокъуэ Кърым-Джэрий Къэрэмырзэ и унэм екIуалIэри: “Мыращ, фыкъатIысыхьащ, уи цIыхухэр къуажэм дэгъэкI» жриIащ къуажэпщым. АрщхьэкIэ Алий и фIэщ мыхъуауэ къыщищIэм: “Узэрыхуейщ, къэхъужыкъуэIамэ, Iуэхур зытетыр къыбжезыIар Дохъушокъуэхэ Кърым-Джэрийщ” жери, жэщ кIыфIым хыхьэжащ. Къигъэзэжри Вельяминовым жреIэ: “Къуажэм зыри дэсыжкъым, нэщIщ, ущIытеуэни щыIэкъым”, — жери.

“Дохъушокъуэм пцIы еупс, ар лазутчикщ, сэ сыкIуэри сыкъэкIуэжащ, зэрыкъуажэу мэжей, гурыщхъуэ щыIэкъым” жиIэу къэувар нэгъуэщI беслъэнеилI Щоугъур (Шугуров) Мамыкъущ. АдэкIэ къэхъуам фыщыгъуазэщ.

Мы унагъуэцIэр урыскIэ щIэстхым щхьэусыгъуэ иIэщ: ар зэм Шугуров, зэм Шегуров, зэми Шогуров жэуэ къокIуэри, адыгэбзэкIэ и тэрэзыпIэр къысхуэщIэкъым, езы унагъуэцIэри ди хэкум щымыIэжынкIэ мэхъу.

Ауэ «Щогъур» жэуэ гъыбзэм хэтщ. Феплъыт:

«…Зи гъащIэкIэ шагъырыбафэ,

Щогъуру хьэ джафэжьитIым,

Ди адэ и жылэр ятекIуадэт…».

Мамуко Шугуровыр прапорщик цIэр иIэу ди лъахэ дыдэм зауэ гуащIэ щезыгъэкIуэкIа (1820-1840 гъ.гъ.) Вельяминоврэ Зассрэ я гъусэу, я дзэм хэту, хуабжьу жыIэщIэу зэрыщытар пэжщ. НобэкIэ езы Засс дыдэ и Iэрытхыу рапорт сиIэщи, хуабжьу яхуэарэзыуэ, фIыуэ щыIэр яхуигъэфащэу адыгэ лIитIым къытопсэлъыхь: Мамуко Шугуроврэ кIэмыргуейхэм я пашэ Болотоко Шеретлукрэ (ШэрэлIыкъуэ) (ЦГВИЛ, ф. I3454, on 6, д. 185).

Псом нэхърэ нэхъ тхьэмыщкIагъэр аращи, Къэрэмырзей къуажэм и хъыбарым иджыри беслъэнеилI хэтщ, ари Щогъур Алийщ. Дэнэ щытцIыхун, атIэ, ахэр зэунэкъуэщ къудей, зэшитI, хьэмэрэ зэадэзэкъуэ?

Ауэ Алий уэрэдгъуощ, уэрэдусщ, зэрыадыгэ хэкуу дэнэ къуапи щыцIэрыIуэщ, кIэщIу жыпIэмэ, нэгъэсауэ ди Iуэхур къызыгурыIуэ политикщ икIи усакIуэщ. «Щогъуру хьэ джафэжьитI» щыжиIэкIэ гъыбзэм наIуэ мэхъу ЩогъуркIэ урысхэм зэрахэтар. Алий дыдэщ Къэрэмырзей къуажэм и хъыбарыр урысылIым жезыIэжари. Модрейми (Радожицкэм) урысыбзэкIэ поэмэу итхыжащ. АпхуэдизкIэ поэмэр адыгэбзэм пэгъунэгъущ, адыгэ гупсысэ хэлъщ, адыгэжь къыщIэуащи, гъыбзэ макъ къыхэIукI къыпфIощI ущеджэкIэ.

Хуабжьу пэжагъ куэд зыхэлъщ, нэхъыбэжуи гукъутэщ поэмэр. Урыс авторым зэрыжиIэмкIэ, мы хэкум нобэкIэ уэрэдусу (бард жыхуиIэщ) лIитI исщи, зыр «Беслинеевского» рода, уздень Али Шегуров; другой между ногайцами Султан-Керим-Гирей живущий в своем ауле, у Бештовых гор.

Поэмэм пэжагъ хэлъу, тхыдэм екIуу къегъэлъагъуэ зэры-Кавказу зауэм хэту зэрыщытыр. Ауэ адыгэхэр зэрыкуэд дыдэм къыхэкIыу, лIыгъэу якъуэлъым тригъэгушхуэу бийм пэщIэувэн я гугъэщ. Хасэшхуэ зэхуосри топсэлъыхь я хэкур хъума зэрыхъуну щIыкIэм. Абы щыгъуэми, къызэрекIуэкI хабзэу, япэ псалъэр адыгэ пщышхуэ ХьэтIохъущокъуэ Жамболэт щраткIэ, жиIэр мыращ:

«Ди хэкум бийр къихьащ, ар лъэщщ, здэплъэм и лъэр нехус, жэщ вагъуэм хуэдэу куэдщ, бжьэ къэпщIауэ къежьащ; зауэм дыкъыхэкIмэ нэхъыфIт, ди сэшхуэри дзагуэ къащIынщи дэри дыхэкIуэдэнщ; ди бийр лъэщщ; сэри лIыгъэмрэ пэжагъымрэ срителъхьэщ, ауэ давгъэзэгъ, фыкIуи аманати яIэщIэфлъхьэ; ди бзылъхугъэхэмрэ ди сабийхэмрэ я гъы макъыр дэнэкIи къыщоIу, мэзыр я псэупIэщ, уафэр я тепIэнщ, хьэуа къабзэр я шхыныгъуэщ….» жиIэу 1820 гъэхэм пщышхуэр къэува щхьэкIэ, даIуэ щыIэжтэкъым. (Зауэ гуащIэр адэкIэ илъэс тIощIитI нэхъыбэкIэ екIуэкIыжащ, абы ди лъэпкъым къыхуихьа лажьэри, зэрыхэкIуэдари псоми дощIэ.)

Жамболэт жиIам и жэуапу ХьэтIохъущокъуэ Мысостыпщ, Къэрэмырзэ и адэм жиIами гупсысэшхуэ хэлъщ. Абы зэрыжиIэмкIэ «Дэ иджыри тщыгъупщакъым адыгэ къэралыр дэнэ щIыпIи щыцIэрыIуэу зэрыщытар; Тэрчыпс къыщегъэжьауэ Псыжьыпс ирехыу Тенджызым нэс псэу лъэпкъхэм дэ тазыр ятетлъхьэу, абыхэм адыгэхэм пщIэуэ къыхуащIу щытар; ди бзылъхугъэхэм хуэдэ мазэ щIагъым зэрыщымыIэр; абыхэм я дахагъым и хъыбарыр тенджызым адэкIэ зэрыщыIуар, зыр сулътIаным, адрейри урыс пащтыхьым я щхьэгъусэу зэрыщытар. А зэманыр ди насыпыгъуэт! Ауэ а зэманыр блэкIащ, гуауэр ди хэкум къихьащ: зэбиймрэ зэфыгъуэмрэ, укIымрэ бзэгумрэ куэду къытхэт хъуащ. Абы лъандэри ди нурыр ужьыхащ. АтIэ, зыкъэфIэт псоми, фи Iэщэхэр къафщтэ, ди хуитыныгъэр къэдывгъэзэуж. Сэ си щхьэкIэ сиIэр фызот: шищэ, лъхукъуэлIу сиIэр, уэркъыу тIощIрэ пщIырэ, сэри сынокIуэ дзэм япэ ситу, си къуэри ажалым пызогъэув. Си Къари мес, ари зэуэну хьэзырщ!» щыжиIэм, «Дыуигъусэщ!», жари Дохъушокъуэр, Рослъэнбэч пщыр, Шэрэхъухэр, Дударыкъуэр — куэд къэуващ. Аргуэру ХьэтIохъущокъуэ Жамболэт «мамыру дыпсэуныр къыхэдывгъэх» жиIа щхьэкIэ, цIыху зэщIэвам зыри зэхахыжакъым.

Мыращ Лабэ къуажэшхуэр зыIэщIэлъа Къарэ-Мырзэ Алий, ХьэтIохъущокъуэ Мысост и къуэм и лIыхъужь гъуэгуанэм и къежьапIэр. Поэмэм къызэрыхэщыжымкIэ, Лабэ псыхъуэ дэтIысхьа нэужь и ныбжьэгъуфI нэгъуей Едыдж Мансур и шыпхъу Елмэс (Ольмес) Алий щхьэгъусэ къыхуэхъуащ. Ар нэгъуей щылъхут. Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Алий щхьэгъуситI иIащ: Елмэсхъанрэ Хъаний псыгъуэрэ. ТIури къуажэшхуэр щызэрапхъуэ жэщым гъэр ящIри, Елмэсхъан Мансурхэ ирагъэшэжащ, Хъаний псыгъуэ Къэбэрдейм яшэри, Астемыр гуэрым щIасэу иратащ. ИужькIэ езы Бекович-Черкасскэм – Темырболэт Елмырзэ Хъаний псыгъуэ и щхьэгъусэу псэужащ. Къэрэмырзэ Алий и Iыхьлыуэ Ажджэрий Кушыкупщрэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэрэ Алий илъ ящIэжащ Щогъурымрэ Астемыррэ яукIыжри.

Мы Iуэхум теухуауэ «Лабэдэсхэм я гъыбзэ» жыхуиIэр зэтемыхуэу адыгэ лъэпкъ бжыгъэм яIэщи, псом нэхърэ нэхъ кIыхьыр икIи купщIэкIэ гъэнщIауэ щытыр Тамбий Пагуэ къытридзауэ щытаращ. (еплъ икIэкIэ).

Псыжь псыхъуэ дэкIыу Къарэ-Мырзэ сыт щыгъуэ зекIуэ емыжьами, абы и гъусэт адыгэпщ Рослъэнбэч, абазэхэу Къызылбэчхэр, Мудавейхэр (абхъазхэр), адыгэу Мамхэгъхэм, Беслъэнейхэм, Мыхъуэшхэм я пашэхэр. Поэмэм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэсыху хэпхъауэ хэтщ ди унагъуэцIэхэр, псыцIэхэр, бгыцIэхэр, ди шхыныгъуэхэм, Iэщэ-фащэхэм я фIэщыгъэцIэхэр. КIэщIу жыпIэмэ, узыIэпишэу поэмэм уоджэ.

Къуажэм къыщыщIа гуауэр, Къарэ-Мырзэ зэрыхэкIуэдар дэнэкIи зэрызэлъащIысар къигъэлъагъуэу поэмэр зытха Радожицкэм и псалъэхэм фыщIэзгъэдэIуну сыхуейт:

Iуащхьэм (Iуащхьэмахуэщ жыхуиIэр)

и мылыщхьэр игъэсысащ!

ЩыIэжкъым Къарэ-Мырзэ!

Пшагъуэр зи тепIэн

Ахъмэтыбг щэджащэм

и жьакIэр щIосысэ,

И нэпсыр

псыкъелъэу къожэх, мэгъуахъуэ,

гукъеуэм егъэгыз;

Лабэпсыр мывэ

къуршхэм лъы толъкъуну

къыхож, къэкъубеящ,

нэм икIащ, мэтхьэусыхэ!

ЩыIэжкъым Къарэ-Мырзэ!

Уафэри, къуршхэри,

Къуалэбзухэри щIэгуIэр зыщ;

Уеблэмэ, жьышхуэ къыкъуэуащ,

Псыхэр къиуащи

бгы джабэм зраудэкI

ЩыIэжкъым Къарэ-Мырзэ!…

Нэрылъагъуу цIыху цIыкIум къыщымынэу уафи-щIылъи хуонэщхъей Къарэ-Мырзэ и къуажэм и кIуэдыкIам, езыри зэрыхэкIуэдам. Къуажэм дэIэпыкъуну Беслъэнейхэр, Мудавейхэр, Бэрэкъейхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэри къэса щхьэкIэ, зыри щыIэжтэкъым: дэнэкIи мафIэ сахуэрэ хьэдэхэмрэ зэбгрыдзат, Iугъуэмрэ пшагъуэмрэ ящхьэщытт.

Мы къуажэм и лъэужьу сыт дунейм къытена? Япэрауэ, наIуэ дыдэу дзэпщхэм я отчетхэм куэд итщ; 1904 гъэм Тифлис къыщыдэкIауэ тхыгъэ щыIэщ.

Япэ дыдэ Къарэ-Мырзэ и гъыбзэр къыдэзыгъэкIар зи лъэужь мыкIуэдыжын ди хэкуэгъу Тамбий Пагуэщ. АдэкIэ «Карта разоренных аулов» жэуэ сэ архивым къыхэсхауэ щыIэщи, къуажэр здэщысар «Ур. (очище) Карамурзина» жэуэ картэм тетхащ. Нобэрей Хьэбэз къуажэкIэмрэ, абы пэгъунэгъу къуэшхуэмрэ «Къэрмызеикъуэ», «Къэрмырзей хьэблэ» жэуэ я фIэщыгъэцIэщи, дызытепсэлъыхь къуажэм, дауи, ахэр епхащ.

Зэгъэпэщыжын хуейщ а Къэрмырзей хьэблэм япэ щетIысэхахэм я унагъуэцIэхэр. Ахэр лабэдэс къуажэр щагъэсым къелауэ яхуэбгъэфащэ хъунущ. АбыкIэ хьэбэздэс нэхъыжьхэр къыддэIэпыкъуфынут. АдреймкIэ, Вельяминов гъэр ищIахэм я спискэр къытIэрыхьэжмэ, зэуIуу зы тхылъ, поэмэри хэту, къыдэдгъэкIыну дыхуэхьэзырт.

 

Темыр Рае,

филологие щIэныгъэхэм я кандидат,

КъЧР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и Iуэхузехьэ

2007 гъэa

Черкес Хэку

Yazarın Diğer Yazıları

Anadilde Jineps Gazetesi Eylül 2024 Sayısı Yayında

Değerli Jineps okurları, Anavatanda yayımlanan Adige Mak (АДЫГЭ МАКЪ), Adige Psale (АДЫГЭ ПСАЛЪЭ), Çerkes Heku (ЧЕРКЕС ХЭКУ) gazeteleriyle ortak hazırladığımız eylül sayımızı sizlerle paylaşıyoruz. İyi okumalar,

1 Eylül Dünya Barış Günü

1 Eylül, “Dünya Barış Günü” olarak sadece Türkiye ve KKTC’de, Birleşmiş Milletler tarafından ilan edilen “Dünya Barış Günü” ise 21 Eylül’de tüm dünyada kutlanıyor.

Sancılı ve fırtınalı yaşamlar

Dr. Şerafettin Dönmez’in yazdığı, sancılı ve fırtınalı bir hayat hikâyesini anlatan “Denef” kitabı, Papirüs Yayınevi etiketiyle raflarda yerini aldı. Yayınevinin tanıtım yazısından... Benim kimliğimle kim, neden...

Sosyal Medyalarımız

4,890BeğenenlerBeğen
1,353TakipçilerTakip Et
4,000TakipçilerTakip Et

Son Yazılar

- Advertisement -spot_img