Гупищ зращIыкIри, хы Iуфэм Iутурэ, дзэр гъатхэпэм и 5-м (1864 гъэм) Лазарев фортым нэсащ. Абдеж щыщIадзэн хуейт убыххэм ебгъэрыкIуэн.
Убых тхьэмадэхэм щыщу абы щыгъуэ нэхъ пщIэ зиIэр Бэрзэджхэ Джырандыкъуэ, Бабыкъу, Алим-Джэрий, Хьэпакъ Елбэз, Дзэпщ-Бэрэкъей Исмэхьил сымэт. ЦIыху къулейт ахэр, Бэрэкъей Тыркум благъэ щикуэдт, убыххэр европей къэралхэм щигъэгугъ зэпытт. Джырандыкъуэ хьэжыр дзэпщ цIэрыIуэт, абазэхэхэм, убыххэм, шапсыгъхэм я дзэхэм пашэ яхуэхьурейуэ щытат.
А махуэ дыдэм генерал Гейман убыххэм яхуитхащ: «Фэ фIыуэ фощIэ абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэщэр ягъэтIылъауэ Тыркум зэрыIэпхъуэр; ди IэмыщIэ зыкъизылъхьахэм Лабэрэ Псыжь Iуфэрэ щIы щадот. Фи закъуэщ къэнар, убыххэ. Фхудимурадым фыхуеймэ, мыращ фпэдубыдыр: гъэр фщIа урысхэр икIэщIыпIэкIэ къыдэфтыжынщ; Тыркум Iэпхъуэн зи щIасэхэр, пIалъэ къыхэвмыгъэкIыу, бгым фыкъикIынщи, Шахэ, Убрданэ, Сочэ псыхэр хым щыхэхуэм деж фыщызэхуэсынщ, абдежым тырку кхъухьхэр къекIуэлIэнущи, фи гъуэгур занщIэщ. Ди IэмыщIэ зыкъизылъхьэхэр Псыжь дгъэIэпхъуэнущ. ЦIыху губзыгъэ къызэрыфхэтыр сощIэ, зывмыгъэунэхъуж, абазэхэхэм къащыщIаращ фэри къыфпэплъэр. Фэращ абазэхэхэр, къызэщIэвгъаплъэурэ, зыгъэунэхъуар. ФыкъыдэмыдаIуэмэ, фыкъэдувыхьынурэ, бгым фыкъитхунущ, фи пщылIхэр къыфтетхынурэ, Азов тенджызым и Iуфэм фыIудгуэнущ».
Абы игъэшынагъэнущ убыххэр. ЕтIуанэ махуэм убых тхьэмадэхэр къэкIуащ генералым деж, ахэр цIыху пщыкIутI хъурт, Бэрзэдж Елбэз я пашэу; Бабыкъу хьэжыри ящIыгъут абыхэм. Гейман хъыбар къызэрырагъэщIамкIэ, затын щхьэкIэтэкъым ахэр къыщIежьар, урыс дзэпщым епсэлъэн папщIэт.
– СлIо, убыххэ? – япежьащ Гейман абыхэм. – Щхьэ фыкъэкIуа? Дэнэ щыIэ Iэджэ щIауэ фызыпэплъэ европейхэр? Къыфхуашакъэ топрэ топышэрэ? Фи дзейхэм утыкум фыкърана?
– Ди щхьэм фIэкI, нэгъуэщIым дыщыгугъ зэрымыхъунур ди фIэщ хъуащ, – жаIащ убых тхьэмадэхэм. – Утыкум дыкъранар пэжщ, я щIыб къытхуагъэзэжащ псоми. Ауэ дэ дылъэпкъщ иджыри, ди щхьэ дыхуитщ, дывэпсэлъэн щхьэкIэщ дыкъыщIэкIуар, дызыщIэлъэIур вжетIэнщ.
– Фэра къыдэпсэлъэнур? Убыххэра? Фыкъыдэзауи, дефхужьэж. Фэ фылъэщщ, ар фхузэфIэкIынущ.
– ТхузэфIэкIыжынукъым. Ди щхьэр хэтлъхьэху, дывэзэуэфынущ – дыкъикIуэтынукъым. Удын фэддзыфынущ, ауэ дэри дыхэкIуэдэнущ. А псом дыхэмытын щхьэкIэ, дызэвгъэпсалъи, дызэгурывгъаIуэ. Мазищ пIалъэщ дызыщIэлъэIур: Тыркум дыIэпхъуэнущ псори. Сымаджэ, уIэгъэ диIэщ, нэхъыбэр бгым исщ, хым пэжыжьэщ. Ди мылъкури икъухьащ. ПIалъэ къыдэфти, апщIондэху ди хэкум фынимыхьэ.
– Шапсыгъхэм къывжаIауэ фощIэ фэ къыфщIэлъыр, -жиIащ генералым. – Гъуэгу фытехьэнумэ, хущIыхьэгъуэ фиIащ. Фэр щхьэкIэ дышынэркъым дэ, къыдэфщIэфыни щыIэжкъым: абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ нэхърэ нэхъ гугъу дывдехынукъым. ГущIэгъу фхуэтщIынкIэ, дыфщысхьынкIэ фыкъытщымыгугъ… АфIэкIа сывэпсэлъэн мурад сиIэкъым. Фпэзубыдыр ныфхуэстхакIэщ, си псалъэм фемыувалIэмэ, дзэр несшэжьэнурэ фи хэкум сынихьэнущ.
– Ар къыдгуроIуэ дэ. Абазэхэхэмрэ шапсыгъхэмрэ текIуам дызэрыпэмылъэщынур дощIэ, итIани гущIэгъу къытхуэфщIынкIэ дыфщогугъ, – жиIащ Елбэз.
– Фи щхьэр къэвмыгъэпцIэж абыкIэ! – яхуэгубжьащ генералыр убых тхьэмадэхэм. – Сэ фызоцIыху фэ, фызэщэри сощIэ. Хы Iуфэм фыщызэхуэсынумэ, гъуэгур фоцIыху. ЗымыцIыху къыфхэтмэ, шапсыгъхэмрэ абазэхэхэмрэ иреупщI. АфIэкIа фхудэсчыхынукъым.
Ар жери, генералым лъэныкъуэ зригъэзыжащ. Убых тхьэмадэхэм къагурыIуащ я лъэпкъым и унафэм кIэ зэригъуэтар.
Убых тхьэмадэхэр шэсри ежьэжащ. Бабыкъум зиIэжьащ, и закъуэу генералым епсэлъэн мурад иIэти. Абы Гейман зэрыжриIамкIэ, убыххэр еувэлIэнут генералым и унафэм, езым зыщIиIэжьар дзэпщым елъэIун щхьэкIэт: и Iэщыр бгым щхьэдихухыу къэзакъхэм ярищэн мурад иIэт, урысхэм хуит ящIмэ; Тыркум Iэпхъуэн щхьэкIэ, бгым къикIын хуейти, Шахэ псыхъуэр гъуэгу хуэхъунутэкъым. «Шахэ псыхъуэр гъуэгуакъуэщ, – жриIащ абы урыс генералым.
– Чесмай псыр къыщыхэхуэм деж ар уэр мэхъури, бгым укъыщехкIэ ублэкIыну гугъу дыдэщ». Бабыкъу Алим-Джэрий къажриIар урысыдзэм къащхьэпащ иужьым: архъуанэ щыкуэд Шахэ псыхъуэ дыхьакъым, нэгъуэщI гъуэгукIэ ихьащ бгыщхьэм…
Дзэр гъатхэпэм и 10-м гъуэгу техьащ, ТIуапсэ псыхъуэкIэ драгъэзейри. Уэшхышхуэм хиубыдэри, махуибгъукIэ гувауэщ бгым ис убыххэм гъунэгъу щахуэхъуар. Псэзуапэ деж къащыпэтIысащ убыххэр, урысыдзэр зэтрагъэувыIэн мурад ящIри. Зы къуажэ ирихьэлIати, генерал Гейман и унафэкIэ, ар зэтракъутащ. Убыххэм абдеж зыри щахузэфIэкIакъым: зэуапIэр къагъанэри и ныкъуэм хы IуфэмкIэ яунэтIащ, и ныкъуэр бгым ихьэжащ.
Чыхъукъуэ нэсауэ, убых тхьэмадэ Хьэпакъ Елбуз генерал Гейман хъыбар къригъэщIащ: дэ лажьэ диIэкъым, къэхъуамкIэ думыгъэкъуаншэ, дызэрызэгурыIуауэ, хы Iуфэм декIуэлIэн мурад диIэщ. «Псалъэ зэIытхащи, фи псалъэм фемыпцIыжмэ, зэран дыфхуэхъунукъым», – жэуап иритыжащ генерал Гейман убых тхьэмадэм.
Гъатхэпэм и 19-м дзэм Головинскэ фортыр иубыдащ, Шахэ лъэмыж тралъхьэри зэпрыкIащ. Уэрданэ жылагъуэхэр зэтрагъэсхьащ; ягъэсащ Дзэпщ Бэрэкъей и жы лэри. Хьэжы Джырандыкъуэ генералым къыхуиIуэхуащ: «Хуит сыкъэпщIмэ, сынэкIуэнут, сынопсэлъэнущи».
– Узэрыслъагъур си гуапэщ, хьэжы. Куэд щIауэ си нэ къокI узэзгъэцIыхуну – пежьащ генералыр убых дзэпщым, ар къэса нэужь.
– Сэ си нэ къыхуикIыркъым абы, – жиIащ хьэжым.
– УкъысIущIэн мурад зэрыпщIар зэхэсхащ, – къыпидзыжащ генералым. – Фыпагэщ убыххэр. Иджы мис: сэ япэ сыкъищащ.
– Уэ пхуэдэ хьэщIэм дыщыгуфIыкIыркъым дэ, – жиIащ хьэжым.
– АтIэ сыт къызжепIэн иджы? Щхьэ укъэкIуа? – щIэупщIащ Гейман.
– Ди хэкур дыбгынэнурэ Тыркум дыIэпхъуэнущ. Ди хьэпшыпыр гъуэгум хуэдгъэхьэзырын хуейщ. Ди Iэщри тщэн хуейщ, – жиIащ хьэжым.
– Хым дзэ къызэпрыкIынкIэ фогугъэ, къывдэIэпыкъун щхьэкIэ. Iэщыр фщэмэ, дзэм евгъэшхынур сыт? – дыхьэшхащ генералыр.
– Дэнэ къикIа дзэ? – и нэщхъыр зэхилъхьащ убых тхьэмадэм.
Убыххэм Iэщэр зэрагъэтIылъыр, урыс дзэпщхэм я унафэм псори зэреувалIэр жиIащ хьэжым. КъыфIэмылIыкIрэ зримыгъэдэIуэфрэ щыIакъым абы зэгуэр, иджы Гейман и пащхьэ итт, гъуэгум зыхуагъэхьэзырын щхьэкIэ, махуэ заул пIалъэ щхьэкIэ лъаIуэу.
Гъатхэпэм и 26-м генерал Гейман деж къэкIуащ джихетхэм я лIыкIуэхэр. КъыщIэкIуамкIэ щеупщIым, джихетхэм я тхьэмадэ Геч Рашид къыжриIащ:
– Дэ дылъэпкъ щхьэхуитщ, игъащIэм зыми дезэуакъым, зым и IэмыщIи дилъакъым. Иджы долъагъу ди гъунэгъу лъэпкъхэм урысхэм я IэмыщIэ зэрызралъхьэр. Дэри зыдолъхьэ урыс пащтыхьым и IэмыщIэ, ди хэкури абы ейуэ долъытэ. ДыкъыщIэкIуар мыращ: унафэ къытхуэщI, уи унафэм деувэлIэнущ. Хэкум дыкъибнэмэ, ар нэхъ къэтщтэнущ, абы дыщыгуфIыкIынущ; хэкум фикI къыджепIэрэ – ди гъунэгъу лъэпкъхэм гъусэ захуэтщIынурэ Тыркум дыIэпхъуэнущ.
«Абы и унафэр сэракъым зыщIынур, – жэуап къритащ генералым джихет тхьэмадэм.
– Ди дзэпщхэращ унафэ къыфхуэзыщIынур. Абыхэм жаIэнур зэхэсхмэ, хъыбар фэзгъэщIэжынщ».
Гъатхэпэм и 30-м хы Iуфэм къыIухьащ граф Евдокимовыр зэрыс кхъухьыр. Абы къажриIащ пщышхуэр (пащтыхьым и къуэшыр) къызэрыкIуэр. Урыс императорым и IэмыщIэ зизылъхьа лъэпкъхэм я тхьэмадэхэр хы Iуфэм щызэхуашэсащ – шапсыгъ, гъуайе, убых, джихет тхьэмадэхэр: Заурбэч, Бабыкъу Алим-Джэрий, Елбуз, Геч Рашид сымэ, шу гъусэхэр ящIыгъуу.
Мэлыжьыхь мазэм и 2-м пщышхуэр – урыс пащтыхьым и къуэш Михаил (1862 гъэм ар Кавказ армэм и дзэпщ нэхъыщхьэ хъуауэ щытащ) кхъухьым къикIащ. Дзэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, пщышхуэр шэрджэс тхьэмадэхэм яIущIащ, ахэр псори щыхьэт техъуащ урыс пащтыхьым и IэмыщIэ зэрызралъхьэм, абы и унафэм зэреувалIэм. ЗыщIэлъэIур зы закъуэщ: Тыркум Iэпхъуэнущи, хуит ирещI. Пщышхуэм мазэ пIалъэ къаритащ – гъуэгум зыхуагъэхьэзырын щхьэкIэ; гъуэгупщIэ зимыIэм къазэрыдэIэпыкъунури къажриIащ. ПIалъэм щIезыгъэгъу къахэкIмэ, къахуидэнукъым, зауэр зэхиублэжынущ. Тхьэмадэхэр арэзы хъуащ абыкIэ…
Кавказ зауэм кIэ игъуэтауэ плъытэ хъунут абдежым. Бгым къинаIамэ, IэщэкIэ кърахуащ, дзэр ираутIыпщри. Псом я ужькIэ кIэ зратар Къуэбыдэ къыдэна убыххэрщ. Къуэбыдэ деж щызэрихьэлIэжащ бгырысхэм лъэныкъуиплIкIэ къыщебгъэрыкIуа дзэ фIыцIэр.
Эсадзе Семен.
(«Покорение Западного Кавказа и окончание Кавказской войны». Тхылъым щыщ пычыгъуэ. 1914 гъэ)
Адыгэ Псалъэ